И Адэжь Хэку зыгъэзэжахэр – 2

0
1304

-Жьынэпс: Хэкум къэбгъэзэжыным сыт щхьэусыгъуэ хуэхъуа? Дэнэ
ущыпсэурэ?

-КIущ Фикрэт: 1992 гъэм университетым сыщеджэну хэкум сыкъэкIуати, згъэзэжакъым, сыкъэнэжыпащ. Налшык сыщопсэу.

-Тыркум сыт хуэдэ лэжьыгъэ щыуиIа? Мыбдеж сытым уелэжьрэ?

-Тыркум еджапIэр къыщызуха къудейуэ хэкум сыкъэкIуэжати, си лэжьыгъэри здежьар мыбдежращ. Си щхьэ сыхуолажьэ, сату
Iуэхум сыхэтщ.

-Хэкум укъыщымыкIуэжым уигу илъамрэ укъэкIуэжа нэужь зэрыхъуамрэ зэщхьэщыкIрэ?-Си гугъамрэ зэрыхъумрэ зэщхьэщыкIами, зэманыр кIуэтэху сэри

сесэурэ, сытыншыжащ. Сытыр дауэ хъуами, си хэку къызэрызгъэзэжам зэи сыхущIегъуэжакъым икIи сыхущIегъуэжынукъым.


-Жьынэпс: Хэкум къыщыбгъэзэжар сыт щыгъуэ? Дэнэ ущыпсэурэ?

-Аскер Хьэяти: 2009 гъэм и япэ мазэхэм хэкум сыкъихьэжащ, Налшык сыщопсэу.

-Тыркум сыт щыблэжьа? Мыбдеж сытым уелэжьрэ?

-Тыркум сыщыпсэуам гъущIым срилажьэт, унэлъащIэ сщIыт. Мыбдежи ардыдэщ си IэщIагъэр.

-Хэкур къэплъыхъуэжыным сыт щхьэусыгъуэ хуэхъуа, дауэ утегушхуа?

-Ди хэкужьым нэмыщI, сэркIэ хэку щыIэкъым. Лъэпкъыу дыпсэуну дыхуеймэ, хэкум дисыжыныращ хэкIыпIэр. Сыщыпсэунури сыщылIэнури си хэку ирехъу жысIэри, мис абы сытригъэгушхуащ.

– Хэкум укъыщымыкIуэжым уи гугъамрэ иджы зэрыхъуамрэ зэщхьэщыкIрэ?

-Ди гъащIэ псом япэ щидгъэщ хэкум хамэу дызэрыщабжыр, тхылъкIэ хэкум и цIыхум дыхабжэным гугъуехь куэд зэрепхар солъагъу.


-Жьынэпс: Хэкум къыщыбгъэзэжар сыт щыгъуэ? Дэнэ ущыпсэурэ?

-Аскер (ГъукIэ) Диджлэ: 2009 гъэм Хэкум къэзгъэзэжауэ Налшык сыщопсэу.
Тыркум дэрбзэру ательем сыщылэжьат. Хэкум сыкъызэрыкIуэжрэ, шхапIэм
сыщолажьэ.

-Хэкур къэплъыхъуэжыным сыт щхьэусыгъуэ хуэхъуар, дауэ утегушхуа?

-Си щхьэгъусэм къигъэзэжыну хуейти, сэри дэсIыгъащ.

-Хэкум укъыщымыкIуэжым уи гугъамрэ иджы зэрыхъуамрэ зэщхьэщыкIрэ?

-Мыбдеж щыIэ гъащIэмрэ дыкъыздикIыжам щ е к I у э к I ы м р э з э щ х ь у
жысIэфынукъым. Дызэмыса куэд долъагъу, ауэ зыдогъэзэгъ. ДыщыщыпсэунукIэ, нэгъуэщIу хъунукъым.


Рэфик Оздэмир: Дуьххьара 6 шо кхечнача хенахь Узуняйлера (юьртара) Сивасе кхелхара тхо. Т1аккха кхийтара со, дуьнено но- хчийна мотт ца буьйце.

Дега хеттача цу,тхо кавказера ара дехна дуй хаийтар. Оцу дуьй- на д1а даймохке сатийсам була
белара сан.

Даймохке 1978 шарахь вахар со, амма дуьйзалехь цхьа син- гаттам нийса дан дезна, туркойн махка юха вахна, 1989 шарахь но- хчийчоь д1а кхелхара со.

Даймахке вахча дукха хан яла- ле СССР юьхара, т1аккха нохчи- чохь шозза т1ом белар. Къизал- лаша а, г1елонаш а гира тхуна. Кхеча махкашкахь х1усам йоцуш хан еккхара оху.

2004 шарахь г1ебартойн мохк шол1а даймохка хилар суна. Нальчикехь кхоолг1 сай х1усам бахам д1а хотиийра ас. Х1инца а Нальчикехь аш ву, сайна оццул халонаш къизаллаш гина делахь а даймохке ц1а варна дохку ваьл- ла вац со.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz