1221

0
615

Ди япэ ищахэр къоплъэкIыр

Накъыгъэм и тIощIрэ зым.

Лъэпкъыгум хуокIуэж щыгъуэдэкIыр

Накъыгъэм и тIощIрэ зым.

КъэкIуэнур блэкIам щыхэттIэнущ

Накъыгъэм и тIощIрэ зым.

Дыпсэурэ дылIарэ жытIэнущ

Накъыгъэм и тIощIрэ зым.

Дитынущ сыныжьхэм я пащхьэ

Накъыгъэм и тIощIрэ зым.

Адэжьхэм яхуэтщIурэ щхьэщэ

Накъыгъэм и тIощIрэ зым.

ЗэбдзэкIмэ а бжыгъэм псэ Iутыр

Зэподжэ-зоджэжыр езым –

Адыгэм и лIакъуэ пщыкIутIым,

Накъыгъэм и тIощIрэ зым.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz