Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Илъэс кlуам

Nalçik Hatokşokho Gazi Adige Dil Derneği Başkanı Tabış Murat’ın derneğin etkinlikleriyle ilgili yazısını paylaşıyoruz. 

Арыххэуи, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм 2015/16 гъэ еджэгъуэри кърихьэлIащ. ЖыпIэ хъунукъым а илъэсыр Адыгэбзэ Хасэм къемыхъулIауэ, зэфIихыну зыхуея Iуэхугъуэхэр зыхуей хуэмызауэ. Хэбгъэзыхьу щытмэ, и лэжьыгъэм нэхъ зригъэубгъуащ, цIыху зришалIэр нэхъыбэ хъуащ. Апхуэдэу щыт пэтми, Хасащхьэм хэтхэм ялъагъу анэдэлъхубзэм хуэфащэ пщIэрэ увыпIэрэ лъэпкъым деж щигъуэтын щхьэкIэ иджыри щIапхъэрэ зэлэжьыпхъэу куэд дыдэ къызэрынэр. Дауи, Адыгэбзэ Хасэм и закъуэкIэ нэгъэса хъунукъым а псор: бзэр лъэпкъым зэдай хъугъуэфIыгъуэщ, ар хъумэным, зегъэужьыным теухуауэ дэтхэнэ зыми хьэкъ щиIэщ зыщыщ лъэпкъыми, къыщIэхъуэну щIэблэми, къэзыгъэщIа Тхьэми я пащхьэ.
Адыгэбзэ Хасэм зыхуигъэувыжа пщэрылъхэм укъыпкърыкIмэ, ныбжьыщIэм дэлэжьэным, абы игу и псэр анэдэлъхубзэм хуэгъэушыным нэхъапэ Iуэхуи дэлъи щымыIэу къелъытэ. Аращ адыгэбзэ егъэджэныгъэм къигъэув пщалъэхэр зы мащIэкIи имыгъэлъахъшэу, гъэсэныгъэ лэжьыгъэми мыхьэнэ иIэу щIытригъэчыныхьыр. Хухах сыхьэт бжыгъэм фIэкIа анэдэлъхубзэр егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм зыщIыпIэ дежи щымыщхьэпэфынкIэ зи фIэщ хъуным нэса еджакIуэ цIыкIухэр а еджапIэм къыдэпшрэ утыку щипшэкIэ, зэрыбгъэпсалъэ, зэрыбгъэгушыIэ, зэрыбгъэджэгу къудейм и закъуэкъым гухэхъуэ къозытыр; адыгэбзэкIэ утыкум къипсэлъыкI ныбжьыщIэм къеплъым, къедаIуэм я деж жиIэр нихьэсын щхьэкIэ и гупсысэр зэригъэтIысым, зэрызэпилъытэм, зэрызэпишачэм, щымыуэн щхьэкIэ и псалъэр шэрыуэу зэрызэригъакIуэм укIэлъыплъыныр зыхуэдэ щыIэкъым. Абы, зы хэмылъыжми, къегъэлъагъуэ а еджакIуэ цIыкIур адыгэбзэкIэ гупсысэну зэреIэр. Пэжщ, адыгэбзэкIэ сабийр шэрыуэу гупсысэрэ абы зыхуейр къыхихрэ Iэрыхуэу къыббгъэдилъхьэныр зы IуэхугъуэкIи, IуэхугъуитIкIи зэфIэкIыну къыпщыхъуныр щхьэгъэпцIэжщ. Утемызашэмэ, узытелэжьэн Iуэху ирокъу. Дауи, гъэсэныгъэр тещIыхьын хуейщ еджапIэм къигъэув къалэнхэми: анэдэлъхубзэ литературэм и щапхъэхэр зыхэлажьэ сыт хуэдэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэри а анэдэлъхубзэр джыным хухах сыхьэт бжыгъэм нэхърэ зы мащIэкIи нэхъ фагъуэкъым, уеблэмэ, адыгэгу-адыгэпсэ къызэщIэгъэушэнымкIэ мынэхъ гуащIафIэу пIэрэ, жыбоIэ.
Аращ Адыгэбзэ Хасэми егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ епха Iуэхугъуэхэр зэхэухуэнауэ иригъэкIуэкIмэ нэхъ къыщIищтэр. ЦIыхум цIыху къыхэщIыкIыным цIыхугъэм имызакъуэу щIэныгъэ щощIэ. Апхуэдэ лэжьыгъэщ илъэс зыбжанэ хъуауэ едгъэкIуэкI “Джэгурэш” зыфIэтща нэгузыжь зэпеуэр, “Адыгэ ныбжьыщIэ театрыр”, “Тхылъаджэ Зэхэсыр”, “Тхыгъэ Зэпеуэр”, нэгъуэщIхэри. Мы къедбжэкIа лэжьыгъэхэр псори зэрытхузэфIэкIкIэ еджапIэм щIэлъ адыгэбзэ дерсхэм я гупкIэм идгъэзэгъэну дыхущIокъу, абы къыщымынэу гупсысэгъэушэ, укъызэщIэзыIэтэ Iуэхугъуэхэри къикIыну догъэпс.
“Джэгурэш” зэпеуэр, пцIы хэмылъу, нэхъ зызыубгъуа, Къэбэрдейм жылэу итым ялъэIэса, щIэупщIэ зыгъуэта нэгузыужь зэпеуэщ. Ипэ джэгугъуэхэр адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмкIэ зэфIэкIыу щытамэ, хэгъэгу статус щигъуэтым, къуажэ хьэрхуэрыр щыщIэхуабжьэм, еджапIэ унафэщIхэри джэгугъуэр зей сабийхэр къэзылъхуахэри, къыдалъхуахэри къекIуалIэ хъуащ, ауэрэ цIыхубэри фIэфIу къытхыхьэ хъуащ. Лэжьыгъэм гуащIэу епхьэлIэр къыпфIэмыIуэхуж мэхъу апхуэдэу къыщыппэджэжым деж.
Бжьыхьэм къызэIутха етIуанэ лигэм и япэ зэIущIэм щызэрихьэлIахэт Къармэхьэблэ къуажэм дэт ещанэ еджапIэм и “Вагъуэбэхэр”(ЕгъэджакIуэхэр Багъ Асиятрэ Гъурыжь Заремэрэщ), Лашынкъей етIуанэ еджапIэм и “Лашынкъей абрэджхэр” (ЕгъэджакIуэхэр Къэмгъуэт Иринэрэ Тхьэзэплъыж Марьятрэщ), Аргудан дэт етIуанэ еджапIэм щыщ “Арщыдан Iэмалшыхэр” (ЕгъэджакIуэр Арахъэ Валентинэщ), Налшыч дэт еплIанэ гимназием и “IэшрыI” гупыр (ЕгъэджакIуэр Мамий Иринэщ).
Япэ зэIущIэм щытекIуащ “Вагъуэбэмрэ” “IэшрыIымрэ”.
ЕтIуанэ зэIущIэм щызэпеуахэщ Дыгулыбгъуей епщIанэ еджапIэм и “Дыгулыбгъуей щIэблэр” (ЕгъэджакIуэр Джэрыджэ Ларисэщ), ХьэтIохъущыкъуей дэт кадет еджапIэм я “Атэлыкъым и къанхэр” (ЕгъэджакIуэхэрщ Щомахуэ Анетэрэ ХъуэкIуэн Фатимэрэщ), Зэикъуэ дэт еплIанэ еджапIэм и “Зэрыджэ плъыжьхэр” (ЕгъэджакIуэр АбытIэ Сэтэнейщ), Шэджэм дэт ещанэ еджапIэм я гуп “Къундэтей гушыIэрейхэр” (ЕгъэджакIуэр Алокъуэ Мариещ).
ЕтIуанэ зэIущIэм бжьыпэр щаубыдащ “Атэлыкъым и къанхэм”.
Ещанэ зэIущIэм хэтахэщ Псыхъурей курыт еджапIэм я “Лэгъупыкъу” гупыр. (ЕгъэджакIуэхэр: Къардэн Фатимэ, Бэян Асият, Дыджэ Мариянэ), Дыгулыбгъуей ебгъуанэ еджапIэм къикIа “Нарт щIэблэ” гупыр (ЕгъэджакIуэхэр: Жамырзэ Лидэ, Хэжь Светланэ, Нэзэр Марьянэ), Совхозное курыт еджапIэрм и “Дыгъэ нэбзий” гупыр (ЕгъэджакIуэр Кърымыкъуэ Раметэщ), Кенжэ дэт етIощIанэ еджапIэм и “Уей-уей” гупыр (ЕгъэджакIуэхэр: МахуэлI Ларисэ, Къэзанш Маринэ). Пашэныгъэр яубыдащ “Нарт щIэблэхэм”.
Джэгугъуищми щытекIуахэр бжьэгъуэ зэфIэхьым щызэхуэзэжри, зэрынэхъыфIыр къэпщытакIуэхэми зэпеуэм еплъхэми я фIэщ ящIащ Налшыч еплIанэ гимназием и “IэшрыI” гупым.
Иужьрей “Джэгурэшым” и Бжэгъуэ зэфIэхьыр щызэхыхьэм къекIуэлIам и бжыгъэм ди фIэщ ищIащ мы джэгур нэхъри Iэтын, узэбакъуэ мыхъун жыпхъэрэ пкъырэ хуэщIын зэрыхуейр. Ар къэлъытауэ ди гугъэщ гъэ еджэгъуэщIэм къызэIутхыну Ещанэ лигэм “Джэгурэшым” и теплъэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр хэтлъхьэну.
“Адыгэ ныбжьыщIэ театр” зыфIэтща зэхьэзэхуэр Адыгэбзэ Хасэм къыщыдэтхыр илъэсым зэщ. Ауэ а зы къызэIухыгъуэми къыбжеIэ театрым ныбжьыщIэм и къэухьым, и зэхэщIыкIым зиужьынымкIэ мыхьэнэ зэриIэр. ГушыIэрэ сэмэркъокIэ зи щIалэгъуэ пасэр зыхь еджакIуэм зэ щхьэкIэ литературэм и зы лIэужьыгъуэу гушыIэр, сэмэркъор, лакъырдыр зыхуэдэр къебгъэцIыхуныр гугъуу щытми, театрым и жанрым теухуауэ джэгуну утыкум къихьэ сабийр а псом пкърышэсэнкIэ, зэхищIыкIынкIэ зэрыхъунум шэч хэлъкъым. ГъащIэр зэрыщыту зэрыдыхьэгъыр, дыхьэшхыпIэрэ гъырыпIэу куэд зэрыхэлъыр, апхуэдэ щытыкIэхэри ящIэкIыну къазэрыпэплъэр я фIэщ зыщIщ театрыр. Ауэ щыхъукIэ, гурыгъу-гурыщIэхэри адыгэбзэкIэ къабзэу, щыщIагъэ хэмылъу, псалъэм и теIунщIапIэм елъытауэ жыпIэр узыгъэдыхьэшхынми, узыгъэнэщхъеинми къыхэщу ухуезыгъасэщ театрыр. Ди сабийм я фIэщ хъуауэ фэ етплъащ литературэ тхыгъэм уеджэрэ утепсэлъыхьыжым имызакъуэу бгъэуврэ уриджэгумэ, зыхэщIэри нэхъыбэ зэрыхъур.
Апхуэдэу, ноябрым и 19-м 2015 гъэм екIуэкIащ зи чэзу “НыбжьыщIэ театрым” и фестивалыр. Я зэфIэкI къагъэлъэгъуащ гупитхум: Урыху курыт еджапIэ №2-м я гъэсэнхэм утыку кърахьащ Дэбагъуэ Мухьэмэд и пьесэ “Анэр нэм хуэдэщ” зыфIищар.
Налшык къалэ дэт тIощIрэ еханэ курыт еджапIэмрэ Кишпек курыт еджапIэмрэ я артист ныбжьыщIэхэм къагъэлъэгъуащ ЩоджэнцIыкIу Алий и поэмэ “Мадинэм” къыхаха пычыгъуэр, Шэджэм къалэ Дэбагъуэ Бэрэсбий и цIэр зэрихьэу дэт езанэ курыт еджапIэм къызэхуэсахэм я пащхьэ къралъхьащ IутIыж Борис и пьесэ “Кхъужьеибэр”. Ислъэмей къуажэм къикIахэм я гъэлъэгъуэныгъэр къыхахат Зэгъэщтокъуэ Людэ и пьесэ “ЩыхупIэм” щыщ Iыхьэу.
Артист щагъэхьэзыр еджапIэ къауха хуэдэт Урыху къикIа ныбжьыщIэхэмрэ Шэджэмым я гупымрэ, апхуэдиз фIэщхъуныгъэ хэлът я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэми.
УщымыгуфIыкIын плъэкIынутэкъым къалэ сабийхэм адыгэбзэр къагъэIурыщIэу, образым ихьарэ къагъэлъагъуэ произведенэм хэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр къеплъхэмрэ къедаIуэхэмрэ я деж нахьэсу утыку зэритам.
Драмкружокым и лэжьыгъэ япэу сценэм къыщызыгъэлъэгъуа Кишпек, Ислъэмей еджакIуэхэр дерс къызыхахын Iуэху хэтащ, зэувэлIа лэжьыгъэм хэлъ щэхухэм нэхъ щыгъуазэ хъуащ.
Мыхьэнэшхуэ зиIэщ фестивалым хэта ныбжьыщIэхэм яку къыдэхъуа ныбжьэгъугъэр, я сэнаущым зиужьынымкIэ зы гупыр адрейм щапхъэ зэрыхуэхъуар.
Театрым и гугъу щытщIкIэ, Адыгэбзэ Хасэм абы и IуэхукIэ мэгъэм къыдэхъулIа нэгъуэщI зы Iуэхугъуи къыхэдгъэщмэ, тфIэигъуэт. Театр Фестивалым къыхэжаныкIа ныбжьыщIэхэр зэи къэмыхъуауэ зэретшэжьэфаращ. Къэбэрдеижьым и IыхьитIыр – ТIуащIэмрэ Хьэжрэтымрэ – еджакIуэ дунейм щытхузэпыщIауэ къытщохъу, дяпэкIэ ди зэкIэлъыкIуэри нэхъ дгъэхуабжьыну дыщогугъ.
“Тхылъаджэ Зэхэсыр” – ар Адыгэбзэ Хасэм мэгъэм япэ дыдэ къыхилъхьа зы Iуэхугъуэщ. ДызэреплъымкIэ, къыддащта, егъэджакIуэхэми, еджакIуэхэми къыддаIыгъа проектщ. Лъэпкъ литературэр зыхущыIэжыр езы лъэпкъращи, щIэблэр абы щыгъэгъуэзэныр, абы къыщыIэта гупсысэхэр щIэблэм бгъэдэлъхьэныр ди пщэрылъщ. ЗэредгъэкIуэкIам тепщIыхьмэ, Тхылъаджэ Зэхэсыр илъэсым тIо зэхэтшэну ди гугъэщ. ЗэхыхьэгъуитI едгъэкIуэкIами цIыхушхуэ къекIуэлIащ, къигъэлъэгъуащ апхуэдэ зэIущIэхэм дызэрыхуэныкъуэр. Зэджа тхыгъэм ехьэлIауэ и Iуэху еплъыкIэр пэрыуэгъу имыIэу къызэриIуатэм еджакIуэр зыIыгъ хабзэ “жыпхъэм” къреш, и гупсысэр иукъуэдийуэ зыгъэпIейтейр жиIэну Iэмал зэриIэм и бзэр ирегъэшэщI, ирегъэузэщI. Тхылъаджэр нэхъ зыхуэгъэпсар къыщыIэта IуэхугъуэхэмкIэ, щыпхрыша гупсысэхэмкIэ лъэпкъым деж къызэрымыкIуэу мыхьэнэшхуэ зиIэ тхыгъэхэращ. Апхуэдэу, Зэхэсыр ириуэршэращ МафIэдз Сэрэбий тхылъитIу зэхэту итха “Мыщэ лъэбжьанэ”, “Гъыбзэ хуэфащэт” романхэмрэ Журт Биберд и “Унагъуэ” романымрэ. Лъэпкъ тхыдэм, унагъуэм илъыпхъэ зэхуэщытыкIэхэм, лъагъуныгъэм, гъащIэм, нэгъуэщI куэдми щытепсэлъыхьыну Iэмал яIэщ ди еджакIуэхэм. КъызэрытфIэщIымкIэ, а Iэмалым зегъэубгъунри Iэмалыншэхэм ящыщщ.
Къыхэдгъэщынщи, Тхылъаджэ зэхэсым и япэ зэхыхьэм сабийуэ 78-рэ, егъэджакIуэу 32-рэ кърихьэлIамэ, етIуанэ зэхыхьэм хэта еджакIуэхэр 180 хъурт, егъэджакIуэхэр – 52. Псом хуэмыдэу сабий нэхъыбэ тхылъым ныбжьэгъу хуэщIынымкIэ Iэзагъ къагъэлъэгъуащ Дзэлыкъуэ куейм я егъэджакIуэхэм: Мэремщауэ Мае, ЦIыпIынэ Лидэ, Псэныкъуэ Iэминэ, Бей Жансурэт, Iэпщэ Залинэ, Сонэ Риммэ, ЛъэнкIэпIашэ ФатIимэ, Вэрокъуэ Асият, Къырмыкъуэ Раметэ, Пыл Ленэ, Махуэ Мэритэ, Тэтрокъуэ Хъадижэт, Къэрдэн ФатIимэт, Умар Iэдэлинэ.
ЕджакIуэ куэд къыхашэфащ Лэсчэн куейм и егъэджакIуэхэу БищIо Мафурэ, Мэрзей Зое, АфIэунэ Тае, Къуэкъуей Ольгэ, Къарэ Жаннэ сымэ.
ФIыщIэрэ щытхъурэ яхуэфащэщ дэтхэнэ зы егъэджакIуэу зи сабий утыку къизыгъыхьами.
“Тхыгъэ Зэпеуэр” – илъэситI лъандэрэ еджакIуэхэр тхыгъэкIэ щызэпедгъауэу зы проектщ. ЦIыкIухэм адыгэ тхыбзэр зэращIэр, гупсысэмрэ псалъэмрэ зэрызэлъагъэIэсыр, я къэухьыр здынэсыр къэзыхутэ зэхьэзэхуэщ мыр. АдыгэбзэкIэ псэлъэкIэ зэгъэпэщам дылъэIэсынукъым тхыбзэм хуэIэижьу ныбжьыщIэхэр къэдмыгъэтэджмэ. Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм ехьэлIа псалъэжь е купщIэ нэс къызыкIуэцIыкIын псалъэхэр я пащхьэ итлъхьэурэ, я щхьэ щыгугъыжу и кIэрэ и пэрэ щызэлъэIэса тхыгъэ яухуэнырщ дызыщыгугъыр. Тхыгъэ нэхъыфIхэр щапхъэ пэлъытэу зы тхылъ щызэхуэтхьэсыжу, дуней псом зэрыщащIым худэу, “Дыщэ тхыгъэхэр”, “Дыжьын тхыгъэхэр” жытIэу е абы и нехьэ-къехуэу дгъэпсыжу къыдэдгъэкIыжыну, дэтхэнэ зы тхыгъэуи абы хыхьэнум ар зи IэдакъэщIэкIми, ар зи гъэсэн егъэджакIуэми я цIэ-унэцIэр хэмыгъуащэу щIыдгъужынуи ди гугъэщ. Тхыгъэ Зэпеуэм и мыхьэнэри инщ абы Къэбэрдейм имызакъуэу Къэбэрдей Хьэжрэтми, Беслъэнейми, Мэздэгуми къикIыу еджакIуэхэр къызэрыхыхьэм тепщIыхьмэ. Уеблэмэ, хамэ лъэпкъхэм щыщ ныбжьыщIэ цIыкIухэри къыхэша хъуащ.
Илъэс кIуам екIуэкIа зэпеуэм пашэныгъэр щызыубыдам я цIэр къитIуэнщи, ахэр мыращ:

9-нэ классхэм:
Япэ увыпIэр хуагъэфэщащ Амирокъуэ Ибрахьим и цIэр зэрихьэу Куэшхьэблэ дэт гимназием щеджэ Жантемыр Даринэ (И егъэджакIуэр Булжат Люсэ Владимир ипхъурщ). ЕтIуанэ увыпIэр къихьащ Хьэгъундыкъуей къуажэм дэт курыт еджапIэм щеджэ АбытIэ Айдар (И егъэджакIуэр Иуан Маринэ ФуIэд ипхъурщ). ЕтIуанэ увыпIэр къихьащ Дыгъужьыкъуей къуажэм дэт курыт еджапIэм щеджэ Къардэн Беллэ (ЕгъэджакIуэр Тату Маринэ Къалэмбий ипхъурщ). Ещанэ увыпIэр къылъысащ ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ къуажэм дэт 4-нэ курыт еджапIэм щеджэ Къуэдзокъуэ Регинэ (ЕгъэджакIуэр АбытIэ Сэтэней Хьэсан ипхъурщ).

10-нэ классхэм:
Япэ увыпIэр къихьащ Болэтей къуажэм дэт курыт еджапIэм щеджэ Балъкъэр Каринэ (ЕгъэджакIуэр Щамырзэ Казетэ Артагъ ипхъурщ). ЕтIуанэ увыпIэр зэдагуэшащ Къамылыкъуэ къуажэм дэт курыт еджапIэм щеджэ Къанкъул Маринэрэ (ЕгъэджакIуэр КIампIу Iэсият СулътIан ипхъурщ) Тохъутэмыщей къуажэм дэт курыт еджапIэм щеджэ КIэбышэ Джульянэрэ (ЕгъэджакIуэр Тхьэзэплъыж Мэрят Мухьэмэд ипхъурщ). Ещанэ увыпIэр къылъысащ Абейкъуажэ дэт курыт еджапIэм щеджэ Джэду Бэллэ (И егъэджакIуэр Хьэгъур Светланэ Астемыр ипхъурщ).

11-нэ классхэм:
Япэ увыпIэр хуагъэфэщащ Къармэхьэблэ дэт ещанэ курыт еджапIэм щеджэ Гугъуэт Оксанэ. (И егъэджакIуэр Гъурыжь Заремэ Шафихь ипхъурщ). ЕтIуанэ увыпIэр къихьащ Дэбагъуэ Барэсбий и цIэр зэрихьэу Шэджэм-Къундетейм дэт езанэ курыт еджапIэм щеджэ Дудар Миланэ (ЕгъэджакIуэр Къэрмэ Мадинэ Адэлбий ипхъурщ). Ещанэ увыпIэр къылъысащ ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ къуажэм дэт еплIанэ курыт еджапIэм щеджэ Шурдым Ланэ (И егъэджакIуэр АбытIэ Сэтэней Хьэсэн ипхъурщ).
Зэрынэрылъагъущи, Адыгэбзэ Хасэм и лэжьыгъэр адыгэбзэр гъэпсэуэлъэным, адыгэбзэм и псэр гъэушэным, адыгэбзэм и лъэр гъэувыным хуэунэтIащ. АбыкIэ дызыщыгугъри щIэблэращи, дэтхэнэ зы мащIэми мыхьэнэ иIэу дыхоплъэ, сыту жыпIэмэ мащIэр псыпэу бгъэувмэ, псыпэ куэдыр зэхолъэдэжри псышхуэу йожэх.
Дауи, ди адыгэ дунейм щыщIэныгъэхэр и мащIэкъым. Адыгэбзэр гъэпсэуэлъэн хуейщ жытIэу щытми, ар зымыщIэ, абы иримыпсэлъэфхэр, хамэщI ис ди лъэпкъэгъухэм ямызакъуэу, хэкурысхэми къытхэтщ. ХудиIэмал щIагъуэ щыIэкъым жытIэу дытIысыж хъунукъым. Бзэр зыIэщIэхуари, зымыщIэу къэтэджари, и щхьэм езымыпэсри ди бынщ – дахэкIэ я гур бзэм хуэдгъэушмэ, езым я деж кIасэ щыхъуауэ къалъытэми, къалъхуам я деж зыгуэр щридгъэкъужыфынщ. Бзэр – лъэпкъыр зэрыщыIэм и нэщэнэщ. ЩIалэгъуалэм хэплъхьэращ кIуэд зимыIэр. Адыгэбзэ Хасэм сыт хуэдиз лэжьыгъэкIэ еджакIуэхэм запимыщIэми, еши щхьэхи ямыщIэу, я нэIи трамыгъэкIыу абы ядэлажьэ зэпытыр егъэджакIуэхэращ.
“Адыгэбзэм и Гупсэхэр” – аращ Адыгэбзэ Хасэр дызэреджэр егъэджакIуэхэм. ЗыкъомкIэ абыхэм елъытащ бзэм и хъумэнри, абы фIылъагъуныгъэ хуаIэу сабийхэр къэгъэтэджынри. ЖыпIэнуращи, нобэрей гъащIэм и зэхэтыкIэм ухэплъэмэ, IэнатIэ гугъущ. “ЕгъэджакIуэхэм я махуэм” ирихьэлIэу илъэс зыбжанэ хъуауэ а фIэщыгъэцIэ дыдэр иIэу адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэм Пшыхь яхудощI. Пшыхьыр зыхуэунэтIар зы закъуэщ – егъэджакIуэхэр гъэлъэпIэнырщ, ирахьэкI лэжьыгъэм пщIэ зэриIэр я фIэщ тщIынырщ, гунэджрэ гукъыдэжрэ яIэу я IэнатIэ пэрытшэжынырщ. Хэхауэ зи цIэ къитIуэ къыхэкIми, зэхэдз имыIэу хъуэхъурэ псалъэ дахэкIэ, эстрадэм и уэрэджыIакIуэ нэхъыфI дыдэхэр къедгъэблагъэурэ уэрэдрэ къафэкIэ зэхэт концерткIэ дэтхэнэми дахуоупсэ. Адыгэбзэ Хасэм хабзэ тхуэхъуауэ дыкъызэрыунэхурэ едгъэкIуэкI мы ГуфIэгъуэ Пшыхьым дяпэкIи зедгъэубгъуну ди гугъэщ.
Адыгэбзэ Хасэм и лэжьыгъэр егъэджакIуэмрэ еджакIуэмрэ ядэлэжьэным имызакъуэу бзэм езым и пщIэр къэIэта зэрыхъуну нэгъуэщI Iэмалхэми лъыхъуэ зэпытщ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, иджырей технологием и Iэмалхэр къэдгъэIэгъуэкIэрэ, адыгэбзэкIэ тхауэ щыIэ литературэр щызэхуэхьэса сайт зэгъэпэщыным зызэретпщытар. Сыт хуэдиз гугъуехь абы емыпхами, япэ лъэбакъуэхэр ча хъуащ, ди гугъэщ мы проектыр кIэщIу дунейм къытедгъэхьэнуи. Проектым и фIагъ нэхъыщхьэр зыхэтлъагъуэр апхуэдиз тхылъыр зэхэугъуеяуэ корпус жыхуэпIэнум хуэдэу сайтым зэрилъынум и закъуэкъым, атIэ epub, fb2, pdf жыпхъэм игъэува хъуа тхылъхэр компьютерым имызакъуэу, телефон, айфон, айпад хуэдэхэмкIи уеджэ хъууэ зэрыщытынуращ.
“Псалъалъэ” зыфIэтща сайтми долэжь. Мыр нэхъ зыхуэунэтIар адыгэбзэм псалъэу хэтыр зы щIыпIэм щызэхуэтхьэсу Iэмал зэриIэкIэ адыгэр нэхъыбэу зэрыпсалъэ бзэхэмкIэ (адыгэбзэм къикIыу тыркубзэм, урысыбзэм, инджылызыбзэм иувэу) зэддзэкIынырщ. Лэжьыгъэр ежьагъэххэщ. Псалъэ бжыгъэр зы щIыпIэ гъэнэхуам щынэскIэ, сайтыр дыутIыпщыну ди гугъэщ.
Дауи, сыт хуэдэ гуращэри къэгъэщIыгъуафIэ щхьэкIэ ешэжьэгъуейщи, щIэгъуэкъуэн, дэIэпыкъуэгъу уимыIэу лъэбакъуэу мащIэщ пхуэчынур. Адыгэбзэ Хасэм щIэгъэкъуэнышхуэ къыхуэхъуащ ЩIэнхабзэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Министерствэр, ЩIэныгъэмкIэ, егъэджэныгъэмрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Министерствэр, Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм дэлэжьэнымкIэ IуэхущIапIэм, курыт еджапIэхэм, нэгъуэщIхэми. Лэжьыгъэм кIуэрабгъу узыншэ игъуэтын щхьэкIэ сыт хуэдэ Iуэхуми, псалъэми, чэнджэщми дэркIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Зи гупэ къытхуэзыгъэза дэтхэнэ зыми тхьэразэ къахухъу!
Гъэ еджэгъуэр къетхьэлIащ. КъетхьэлIащ дызыщыгугъыр куэду, дызыщIэхъуэпсыр нэхъыбэжу. ДыщIохъуэпс едгъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм хамэщI щыпсэу адыгэхэри къыхэувэну, дызэдэлажьэу, дызэлъэIэсу ди зэхуаку зэпыщIэныгъэфIхэр къыдэхъуэну. ДыщIохъуэпс ди иужь щIалэгъуалэ нэхъыбэ къиувэу гупсысэщIэхэр Адыгэбзэ Хасэм и лэжьыгъэм къыхилъхьэну, дыщIохъуэпс адыгэбзэр пропагандэ щIын и IуэхукIэ иджыри къэс дызылъэмыIэса проектхэр утыку къитлъхьэну. Хъуапсэ и псэ кIуэдыркъым, жаIэ. Дэри мыпхуэдиз тщIащ, мыр длэжьащ жытIэу етхьэкIа лэжьыгъэм дыщIрипсэлъэжыр, къытпэщылъ псом уриплъэжмэ, и гъунэ зэритлъа къудейр къэдгъэлъэгъуэн, зыгуэр къэдгъэхъуапсэу зэтшэлIэн, жыдори аращ.
Ауэ, дэ сыт хуэдэ лэжьыгъэ къетхьэжьэми, ар нэхъыбэу зыхуэгъэзари дызыщыгугъри егъэджакIуэхэращ. Адыгэбзэм и къэкIуэнымкIэ нэхъ гууз-лыуз зиIэр, зэфIэкI зыбгъэдэлъыр ахэращи, дызэкъуэувэмэ, мыхьэнэ пыухыкIа зиIэ лэжьыгъэ зэфIэдгъэкIыфынущ. Лъэпкъым ехьэлIауэ ди гум илъыр фIыщи, Тхьэм къыдигъэхъулIэ.

ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ

Адыгэбзэ Хасэ – Налшыч
Tabış Murat

Yazarın Diğer Yazıları

Aidiyet yolculuğu ve ikilemler

Papirüs Yayınevi’nin “2 ağaç arasında...” kitabının yazarı Can Karakaş için düzenlediği tanıtım etkinliği 19 Ekim’de Şamil Eğitim ve Kültür Vakfı’nda gerçekleştirildi. Atalarının kökenini ileri yaşlarında...

Judoda gümüş madalya

19-20 Ekim’de Kosova’da yapılan U23 Balkan Judo Şampiyonası’nda İstanbul Büyükşehir Belediyesi (İBB) adına mücadele eden Çkippa Gökçe Güneş, gümüş madalyanın sahibi oldu. Sakarya Mesudiye Köyü’nden...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img