Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Бзэр кıуэдмэ

«Зи бзэр бзэ мыхъуну жылэ закъуи бгъуэтынкъым, фIэIуэхуу, хуэзэу игъэлажьэмэ», – жиIэгъащ ЩоджэнцIыкIу Алий.
Пэж дыдэу, зи бзэр зыфIэмыIэфIрэ зыфIэмыдахэу мы дунейм зы лъэпкъи тету къыщIэкIынкъым. Анэдэлъхубзэр лъэпкъым игущ, и псэщ, зэрылъэпкъыр зыгъэбелджылы нэщэнэщ. Псоми дощIэ дыгъуасэ къагъэщIа лъэпкъыбзэ зэрыщымыIэр. Апхуэдэщ ди адыгэбзэри. Абы и къежьапIэр апхуэдизкIэ куущ, жыжьэщи, абы теухуауэ къапщытари къахутари чэнжщ.
Урыс педагогикэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Ушинский Константин тэмэму гу зэрылъитэгъащи, «Уи бзэр зэи мыужьыхыж бзийм хуэдэщ». Уи бзэр уи дыгъуасэмрэ уи нобэмрэ зэпызыщIэ лъэмыжщ. Уи нобэр уи пщэдейм хуэзышэ гъуэгуанэщ. А гъуэгуанэр гъэнщIащ, узэщIащ уи лъэпкъым и акъыл нэхумкIэ, и псэ дахагъэмкIэ, хабзэ щхьэпэ къыдекIуэкIхэмкIэ.
АтIэ, дэ, нобэ а бзэр зыIурылъхэм, сыт хэтлъхьэфыну абы зиужьын, къэкIуэну зэманым хэмыкIуэдэжын папщIэ. Бзэр псэун щхьэкIэ нэхъыщхьэр абы урипсэлъэнырщ. Адыгэбзэр жьэгу пащхьэхэм дэлъыным и мызакъуэу, утыкушхуэхэми къыщагъэсэбэпын, жаIэу къэнэжа мыхъуу ирилэжьэн зэрыхуейрщ. ЦIыхум и бзэращ и япэ егъэджакIуэ Iущри, и гъуэгу узэщIакIуэри. Уи анэдэлъхубзэм къыхэпхыфынум хуэдиз акъыл зы егъэджакIуэми къыббгъэдилъхьэфынукъым. Дунейр къызэригъэщIрэ цIыхум и зыузэщIыныгъэр къыщежьэр къыдалъхуа бзэращ – анэм и бзэращ.
Уи бзэр пхъумэныр, ар нэхъ къулей пщIыныр, абы зебгъэузэщIыныр, ухуэIэкIуэлъакIуэу ар дэнэ дежи къыщыбгъэсэбэпыныр уи щхьэ закъуэ Iуэхукъым – уи лъэпкъ, къэрал Iуэхущ.
Лъэпкъым и лъэпкъыгъэр щыфIэкIуэдкIэ, къэралри зы лъэпкъкIэ нэхъ къулейсыз мэхъу. Апхуэдэ къэхъуащ Урыс-Кавказ зауэм и зэранкIэ. Зэман гущIэгъуншэм IэщIэкIуэдащ илъэс мин зыбжанэ зи ныбжь бгырыс лъэпкъ мащIэм щыщ убыххэр.
Хьэкъыу пхыкIауэ дэтхэнэ зы цIыхуми и фIэщ хъун хуейщ бзэр кIуэдыныр гузэвэгъуэшхуэу зэрыщытыр. Аращ, бзэр кIуэдмэ – лъэпкъри мэкIуэд. И бзэр псэухукIэщ лъэпкъри зэрыпсэур, зи бзэр зы1урымылъыж лъэпкъыр езыри щыIэжкъым.
Адрей лъэпкъ мащIэхэми хуэдэу, адыгэхэми къалэнышхуэ къытпэщытщ ди анэдэлъхубзэр тхъумэжыным, убыххэм я бзэм и махуэр къыхуэмыгъэкIуэным теухуауэ. Ауэ щыхъукIэ, хьэкъыр зыщ – нобэ дэ пхытшыну лъагъуэм куэдкIэ елъытащ ди щ1эблэр пщэдей зытеувэну гъуэгур, ди бзэм елъытауэ дэ длэжьырщ абыхэм гъуазэу яIэнур.
АдыгэбзэкIэ жыпIам къызэщIикъуэ псор нэгъуэщIыбзэкIэ нэгъэсауэ зэбдзэкIыныр икъукIэ гугъущ. Шэч зыхэмылъыжращи, – адыгэбзэр дахэщ, лантIэщ, купщIаф1эщ, гугъэпсэхущ. ИкIи ар къарууншэу, гупсысэ инхэр кърипIуэтэным хуэмыщIауэ къызыщыхъу дэтхэнэри щоуэ.
ЩыIэщ адыгэбзэ зымыщIэххэу адыгэу зызыбжыж куэд. Абыхэм зеплъыта нэужьщ адыгэбзэр пщIэныр зэрынасыпышхуэр къыщыбгурыIуэр.
Унагъуэм адыгэбзэр илъмэ, абыкIэ зэпсэлъэныр хабзэ щыхъуамэ, сабийм адыгэбзэ къимыщтэныр, абы и щэхухэр къащIэу я бзэр хуэкъута мыхъункIэ Iэмал иIэкъым. Аращ и «IункIыбзэIухыр» бзэ гуэр зэбгъэщIэным.
«Узэгугъур къогугъуж», – жеIэ адыгэ псалъэжьым, аращ анэдэлъхубзэри – уегугъумэ, урилажьэмэ, тэмэму ухущытмэ, абы зиужьынущ, нэхъри ефIэкIуэнущ, нэхъ къулей, шэрыуэ хъунущ.
Ди зэманым цIыхухэм жа1эу зэхыбох: «Адыгэбзэр къулейсызщ, къарууншэщ, ар бджыуэ зэман щIэбгъэкIуэдын щыIэкъым, ар дэ къытхуэсэбэпынукъым». Анэдэлъхубзэр къэмысэбэпыну, абы и зыужьыныгъэм мыхьэнэ имыIэу къэзылъытэхэр цIыху «къулейуэ» жыпIэфынукъым. Апхуэдэхэр хуэмыхугъэр адыгэбзэм тралъхьэну. Бзэр къулейкъым икIи къулейсызкъым, ар зэщхьэщадзыркъым фIырэ IейкIэ. Зыхуейр псори епхьэлIэмэ, зыужьыныгъэшхуэ зымыгъуэтын бзэи щыIэкъым.
Адыгэбзэр хъумэнымкIэ, абы зегъэужьынымкIэ къалэнышхуэ зи пщэ къыдэхуэхэм ящыщщ ди лъэпкъ щэнхабзэри. Уи бзэм пщIэ зэрыхуэпщIыжыр абыкIэ уи лъэпкъ хабзэхэр, щэнхабзэр зэрызепхьэр зылъагъу щIэблэр хущIэкъунущ уэ къызэрыбдэплъеиным. Апхуэдэу щыщыткIэ, а Iуэхум гулъытэшхуэ щыхуэщIыпхъэщ сабий садхэм, пэщIэдзэ классхэм. МыдэкIэ укъэIэбэжмэ – класс, еджапIэ нэхъыщхьэхэм. ЩIэблэм нэхъыфIу къищтэр жепIэракъым, ебгъэлъагъурщ. И бзэр фIыуэ илъагъуным, ар иджыным гукъыдэж хуиIэн папщIэ, сабийхэми студентхэми я нэгу щIэгъэкIын хуейщ къыдалъхуа бзэм лъэпкъым, къэралым я пащхьэм пщIэ зэрыщиIэр, адрей бзэхэм закъыкIэримыгъэхуу, ар зэрылажьэр. А псор зымыгъэзащIэм и лъэпкъыр зытес къудамэр и IэкIэ пиупщIыжу аращ, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм узыхуишэнур насыпыншагъэщ. Щымыуэнур зи бзэм пщIэ хуэзыщIыжу ар зыIурылъырщ, абы ирилажьэрщ.
ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ

Yazarın Diğer Yazıları

Lazca Dil Günü kutlu olsun – Lazuri Nenaşi Ndğa

Laz Enstitüsü’nün 2021 yılında belirlediği 7 Kasım tarihi, Lazca Dil Günü olarak kutlanmakta. İsmail Avcı Bucaklişi, Laz Enstitüsü’nün internet sitesinde yayımlanan yazısında Lazca Dil...

Kültür mirası aile yadigârları

Şamil Eğitim ve Kültür Vakfı Adiyuf Kadim Çerkes El Sanatları Atölyesi ekibi, 7-27 Ekim tarihleri arasında Anadolu Medeniyetleri Müzesi’nde sıradışı bir sergi gerçekleştirdi. Üretilen...

Kadim Çerkes el sanatları Ankara’da sanatseverlerle buluştu

“Kadim Çerkes El Sanatları ve Günümüz Uygulamaları” sergisi Ankara’da, Anadolu Medeniyetleri Müzesi’nde 7 Ekim’de açıldı. Şamil Eğitim ve Kültür Vakfı bünyesinde çalışmalarını sürdüren Adiyuf...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img