Хэкум И Макъ – Anavatanın Sesi – Haziran 2017

0
1106

Уэрамым узэрыдэтыпхъэр 

Jıgue İnna, geleneksel davranış ve yaşayışlar içinde insanların sokaklarda nasıl yürüdüklerini ve birbirlerine saygısını yazdı.

Адыгэ хабзэм и лъащlэр куущ. Ар нэсу зыщlэ ди нобэрей нэхъыжь-хэми яхэбгъуэтэжыну си фlэщ хъуркъым. Ди гуапэ зэрыхъунщи, ди нобэрей щlалэгъуалэм и нэхъыбэр ирогушхуэ адыгэ лъэпкъым зэрыщы-щым, дядэжьхэм лlыгъэ яхэлъу къызэрыгъуэгурыкlуами щыгъуазэщ. Икlи я щхьэр зэрамыгъэпудыным, япэ итахэм яхуэфащэу дунейм зэры-тетыным хущlэкъу куэд дызэриlэм ущыгуфlыкl хъунущ. Ауэ ди щlэблэм щыщ lэджэм ящlэркъым адыгэ хабзэм къиубыду гъэзэщlапхъэ языныкъуэ lуэхугъуэ къызэрыгуэкlхэр. Псалъэм папщlэ уэрамым цlыхуитlу, цlыхуищу, е нэхъыбэ ухъуу ущыдэтым деж хэт дэтхэнэ лъэны-къуэмкlэ увыпхъэми щыгъуазэхэкъым. Ар lуэху жьгъейуэ къызыфlэщlын щыlэнщ, ауэ лъэпкъым налъэ-налъэу зэхуихьэса хабзэм жьгъей хэлъкъым. Абыкlэ ди щlэблэр бгъуэкъуаншэ хъунукъым, ар зи зэраныр нэхъыжьхэрщ. Зэ еплъыгъуэкlэ мыхьэнэшхуэ зимыlэу къыпфlэщl лъэныкъуэ гуэрхэр къыпфlэмыlуэхумэ, хабзэм къиубыд адрей lуэхугъуэхэми lэхъуэтегъэкlыу убгъэдыхьэнущ.
Атlэ цlыхуитl ухъуу уэрамым удэтмэ, зыщlыпlэ уежьауэ укlуэмэ, хэт ижьрабгъу лъэныкъуэр зыlыгъын хуейр? Нэхъыжьырщ. Цlыхухъурэ бзылъхугъэрэ зэщlыгъумэ, ижь лъэныкъуэр зылъысыр цlыхубзырщ. Уеблэмэ лlыжьрэ и пхъурылъху пщащэ цlыкlурэ зэгъусэу уэрамым къыдыхьами, ижьыр зейр хъыджэбзырщ. Зэ закъуэщ цlыхубзым сэмэгу-рабгъур щратыр. И лlым щигъусэм дежщ. Нэгъуэщlу жыпlэмэ зэщхьэ-гъусэхэр уэрамым щрикlуэкlэ сыт щыгъуи ижь лъэныкъуэр зыlыгъын хуейр лlырщ.
Цlыхухъуищ ухъуу гъуэгу утетмэ щэ? Я кум дэтыпхъэр нэхъы-жьырщ. А щым я нэхъыщlэр мэув яку дэт нэхъыжьым и ижьрабгъумкlэ. Абы и щхьэусыгъуэр фщlэрэ? lуэхутхьэбзэ гуэркlэ нэхъыщlэр lукlын хуей хъумэ, нэхъыжьыр ижьрабгъумкlэ къэнэн щхьэкlэщ. Зы щlалэрэ хъыджэбзитlрэ уэрамым ирикlуэмэ, я кум дэтынур щlалэрщ. Зы пщащэрэ щlалитlрэ хъумэ, хъыджэбзыр я кум дэтыпхъэщ.
Ди хабзэм щыщу мы дызытепсэлъыхьахэр къызэрыгуэкlщ, щlалэгъуалэ куэди щыгъуазэщ мы lуэхугъуэм. Щыгъуазэ щхьэкlэ мащlэ дыдэщ ахэр къызыфlэlуэхуу зы-гъэзащlэр. Псы цlыкlуу къемыжьэр псышхуэ хъуркъым. Аращи, мы зи щхьэфэ диlэбахэр lуэху цlыкlуу къыфщыремыхъу, ахэр нобэ lэпэдэ-гъэлэл фщlымэ, фымыгъэзащlэмэ, фэ къыфщlэхъуэжыну щlэблэм а псор бжэгъукlэ къраудми ящlэхэнукъым. Апхуэдэурэщ хабзэр зэры-кlуэдыжри дыхуэвгъэсакъ.
Жыгуэ Иннэ

***

Адыгэ тхакIуэ щэджащэ IутIыж Борис и гупсысэ кIэщIхэм щыщ

Hatsuk Raya, ünlü yazar Utıj Boris’in dilden edebiyatta, kültürden tarihe uzanan dünyasından notlar sunuyor.

Псалъэ пхъашэхэм дунейр ягъэхыщIэ. Илъэс мин бжыгъэкIэрэ зэхэдудзыIыхьа псалъэ пхъашэжьхэм. Ахэм ящыщ дэтхэнэми кIуэцIысщ цIыхухэр дызыщыужа гуапагъэр, къабзагъэр, пэжагъыр. Дунейр зыгъэсысурэ зыкъутэжыпэнкIэ хъуну псалъэ пхъашэжьхэм дакъезыгъэлыфыну псори… Насып диIэмэ, ахэр къытхуэуткIэпщIынщ, дызэрымыухыпэ щIыкIэ.
Тхьэм и пщIэмрэ и щIыхьымрэ япэ дыдэ зыщрапщытар абы цIэ унейхэр фIащу щIадза нэужьщ… Тхьэм цIэ уней иIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Ар – псэ зыIут псоми зэдайщ. Адыгэми. Урысми. Хьэрыпми. Японми. Махъшэми. Шыми. Хьэми. ХъумпIэцIэджми… А гупсысэр хьэкъ зыщытщIу зы Тхьэм и щIагъ псори дызэрыщIэтыр къабыл тщыхъуху, ди гъащIэр нэщIэбжьэ щыщIэнукъым.
Дунейр зызущэхуа щэху защIэу зэIылъщ. УщызэкIэщIэплъу къэтхута къытфIэщIыж мы дунеижьыр. Дэ дымыщIэр а щэхухэм тщаущэхухэм я закъуэкъым. Дэ, ди насыпщи, ахэр зэрыдмыщIэри тщIэжкъым.
ЩIыхьыр псэлъыхъу куэдыкIей зыхузэпещэ бзылъхугъэ тхьэIухудым ещхьщ: тIури а нэхъ зыхуэмыфащэ дыдэхэм щаIэрыхьэ къохъу.
ТхакIуэ лIам лIы хъарзынэ гуп тепсэлъыхьт. Гуапагъэрэ гулъытэрэ щIэбэгыу дунейм тета, ауэ щимыгъуэтурэ ехыжа тхакIуэм. АпхуэдизкIэ и пщIэр яIэту, и тхыгъэ кIэрыхубжьэрыху нэгъунэ хуэсакъыпэу зэIэпахыурэ тепсэлъыхьхэрти, плъэмыкIыу уи нэпсыр къыпфIекIуэрт: къызэрыщIэкIымкIэ, дэ фIыуэ, фIыщэу дызэролъагъу… дыщызэрымылъагъужым деж.
Адыгэ хабзэм тетым нэхърэ тепсэлъыхьыр куэдкIэ нэхъыбэщ. Дыху пудымэ къызыкIэрих а псалъэ гущIэххэм уащыщIэдэIукIэ, фIы дыдэу плъагъу гуэрым и гущIыIу щIакIуэ ирапхъуэж къыпфIощIри, уогужьей.
Литературэм псори щы-Сосрыкъуэщ, щы-Бэдынокъуэщ, щы-НэсрэнжьакIэщ… КъуийцIыкIу деж къыщыщIэдзауэ.
ЦIыхум апхуэдиз гугъэ къыщритакIэ, ар уахътыншэу къигъэщIын мурадыр Тхьэм иIагъэнущ.
ГурыщIэр щылъэпэрапэм деж къыкIэрыщэщ Iущагъ щыкъуейхэращ Акъылыр зэкъуэпсэукIыр.
Щыри лIащ. Соломони. Наполеони. Ди гъунэгъу лIыжьри… Щыри нэкIи псэкIи къызэIэбэкIыурэ дунейм ехыжащ. Ауэ зыри трахыфакъым. Зыми. Зыри…
УзыщIэдэIукIрэ узыщIэгупсысыкIыжмэ, дунейм цIыхуу тетыр гъэсакIуэ-ущиякIуэ зэтехъуауэ къыпщохъу… Дгъэсэнухэмрэ дущиинухэмрэ къытралъхуэжамэ, псэун щIэддзэнт.
Узэрыадыгэм щхьэкIэ ахъшэ къыуату щытамэ, сыту «хэкулI» куэд къыплъыкъуэкIынут уэ, си лъэпкъ. Я псалъэкIэ уардэрэ адрейхэмкIэ надэу.
Мы цIыхум тхузэрымыгъэгъуэт псор къытхуагуэшамэ, ажалри зэпэдубыдынкIэ хъунут.
Сыту укъабзэ уэ, цIыху! А уи къабзагъэр мыхъуамэ, и дзыхь къуигъэзу, уэ Тхьэр акъылкIэ къыпхуэупсэнтэкъым.
Сыту уфIей уэ, цIыху! А уи фIеягъыр мыхъуамэ, Тхьэм къуита а тыгъэ лъапIэр уэ шейтIаным хуэбгъэлэжьэнтэкъым.
ТхьэмыщкIагъэр зыщхьэщытыр бацэхэплъэу псэухэм я закъуэкъым. Ар щопэкIу тхъэжыгъуэр зиIэ гуэрхэм я жыхафэгуми.
ГъащIэр – хьэдэщIэлъхьэ мыухыжым къыхэгуфIыкI сабийщ.
Лъагъуныгъэр щIалэгъуалэ уэшхым хуэдэщ. ЗыкърикIутыну узыщигъэгугъыурэ, ар пщхьэщокIри йожьэж. КъыхуикIа уи нэр кIэлъыхъуапсэу. Къэбырсея уи гур кIэлъыIэбэу.
Дауэ?
«Сыту фIыт апхуэдэу упсэуну! Сыту хъуэпсэгъуэт!.. Зыгуэрым уемыфыгъуэу. Зыгуэрым уемыбийуэ. Зыгуэр букIыным е яукIауэ плъагъуным ущIэмыхъуэпсу… Ауэ дауэ? Дауэ? Дауэ? КъызэригъэщI лъандэрэ цIыхур апхуэдэу зоупщIыж. Абы хуоджэ. Дыгъэр и уэздыгъэу. Дунейр и тхылъу. Тхьэр и егъэджакIуэу… Ауэ кIуэ пэтми цIыхухэр мэхъу нэхъ зэхъуэ-зэщэ. ХьэкIэкхъуэкIэхэр – нэхъ зэщэ-зэблэкI.
Иджырей адыгэм ди хьэл нэхъ мыхъумыщIэ дыдэхэм ящыщщ егъэлеяуэ зэхъуэпсэкIырей, ди блэкIам и Iэмбатэхэр Iэтэу къызыщыдгъэхъуурэ, а къытщыхъухэм къахэтщIыкIа псысэхэмкIэ зытегъэужыным дыдихьэх зэрыхъуар… Зи абджхэр щхъуэкIэплъыкIэ нэгъуджэкъым иджыпсту ди лъэпкъыр зыхуэныкъуэр. Ди гъащIэм и плIанэпэ дэтхэнэми дыдэзыгъэплъэжыфын нэгъуджэщ. Хъарпшэрым дыкъыхишу IупщIымрэ нахуэмрэ дэзыгъэлъагъун нэгъуджэщ… УкъыщIэуIэбжьынрэ ущIэгужьеину ди гъащIэм куэд зэрыхэлъыр къэтлъагъуным щхьэкIэ. Нэхъри гущIэгъуншэ хъууэрэ къытхуэкIуэ Зэманым и хыуалъэхэр дымыщIэххэу къытщIэуэу дрилъэсыкIынкIэ зэрыхъунум хуэхьэзыру дыщытыным щхьэкIэ.

***

ЩIэжокъуэ Зафэр Дипсэлъэгъухэр: Гум къиIукI макъ

Şejokoue Zafer Sürer ile konuşan Tabış Dinara, şiirden diasporaya uzaman keyifli bir sohbeti aktarıyor bize.
ХамэщI къыщыхъуам и гум къиIукI макъым Iэмал имыIэу гумащIэ уещI. Апхуэдэм и деж абы ущигъагъи, ущигъэуси, ущигъэтхьэусыхи къохъу, кIэщIу жыпIэмэ, щытыкIэ хьэлъэ зэхуэмыдэхэм урегъэувэ. Тырку къэралым щыIэ адыгэ хасэхэм ящыщ зым ди анэдэлъхубзэр щезыгъэдж ЩIэжокъуэ Зафэр и IэдакъэщIэкIхэри аращ. «Гум къыпыткIухэр», «Сэ иджыри сы-ИстамбылакIуэщ» зыфIища и усэ тхылъхэмкIэ хэкурысхэм доцIыху ЩIэжокъуэр. Абы и мызакъуэу Зафер лэжьыгъэ щхьэпэ куэд хуещIэ и лъэпкъым. Абыхэм ящыщщ Хэкур иригъэлъагъуну, бзэр иригъэцIыхуну, гукъыдэж зиIэ щIалэгъуалэ гуп адэжь щIыналъэм къызэришэр. Ар хущIокъу хэхэс щIыналъэм ис ди лъэпкъэгъухэм къызыхэкIар, зыщыщыр, я псэукIэр я нэкIэ ялъагъумэ, адэжь щIыналъэмкIэ я гур къыхуеIэжыну, къэкIуэжыну, щыбэгъуэжыну мэгугъэ Зафэр.
Лъэпкъ Iуэхум иригузавэ, ныбжьыщIэхэр адыгагъэм къыхуигъэушыну хущIэкъу, къызыхэкIа лъэпкъым зи гур сыт щыгъуи хуэмыгъуэ ЩIэжокъуэм зыхуэдгъэзащ, ар нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхуну ди мураду.

-Зафэр, хэкурысхэм укъызэрацIыхур усакIуэущ. Усэныр сыт къызыхэкIыр?
-Си сабиигъуэм къысхуихьауэ къысщохъу усэныр. СыкъызыдэкIа ЩIэжыкъуей къуажэм еджапIэ сыщыщIагъэтIысхьам щыгъуэ тыркубзэр сщIэртэкъым. Сэ схуэдабзэу си гъусэхэми ящIэртэкъым хамэбзэр. Сыщыуэнукъым тыркубзэр баштекъузэкIэ дагъэщIащ, жысIэмэ. Зэныбжьэгъу цIыкIухэр зэзэмызэ адыгэбзэкIэ дызэпсалъэу зэхахмэ, къытхуадэртэкъым. Уи анэдэлъхубзэм урипсэлъэныр къыппаубыдыныр гугъу дыдэт, дызэрысабийуи зыхэтщIэрт ар, ауэ сыт тщIэнт, тыркубзэр пщIэныр зэрыIэмалыншэр псоми къыдгурыIуэрти, зыри жытIэфыртэкъым.
ЕджапIэр къэзухыу университетым сыщыщIэтIысхьэм, къуажэри сыбгынэн хуей хъуащ. Адыгэ защIэу дызэхэсу десауэ, къалэм еджакIуэ дыщагъакIуэм, къысщыхъуащ аргуэру IэмалыншагъэкIэ къуажэри дагъэбгынауэ.
Къуажэм дыкъыдэкIа нэужь, хуэм-хуэмурэ адыгэбзэр тIэщIэхужу, уеблэмэ, тыркубзэкIэ дыгупсысэу хуежьащ. Апхуэдэ щытыкIэм сыщихьам щыгъуэщ лъэпкъ Iуэхум сегупсысу щыщIэздзэжар. Университетым сыщыщIэса илъэсхэм Хасэми сыхэтти, си ныбжьэгъу гупыр си гъусэу адыгэ Iуэхум теухуауэ тыркубзэкIэ театрхэр дгъэувырт. Лъэпкъ Iуэху зезыхуэну гукъыдэж зиIэ щIалэгъуалэри мащIэтэкъым. Адыгэбзэ тхылъхэм деджэрт газеткIэ е нэгъуэщI зыгуэрхэмкIэ щIэтхъумэурэ – нэгъуэщIу къытхуадэнутэкъым. Мис абы щыгъуэщ си гум къиIукI макъыр усэу зэхэслъхьэу сыщыхуежьар. КIуэ пэтми нэхъ зыхэсщIэрт лъэпкъ Iуэхур.

-Фи дзэр мышу лъэпкъ, бзэ Iуэхухэр зефхуэну хуитыныгъэ сыт щыгъуэ щывгъуэтар?
-Нэхъ иужьыIуэкIэ ди бзэкIэ дытхэну, дыпсэлъэну хуитыныгъэ къыщыдатым, I992 гъэм «Маржэ» жыхуиIэ журналыр къыдэдгъэкIыу щIэддзащ. Дэ адыгэбзэкIи тыркубзэкIи къытхуэтхэрт лъэпкъ Iуэхум иригузавэхэр. А зэманым адыгэбзэкIэ тхэуэ мащIэт щыIэр, я нэхъыбапIэм ар яIэщIэхужыпат, къэнар ирипсэлъэф къудейт. Абы къыхэкIыу журналыр зы илъэскIэщ зэрылэжьэфар. Мыбдеж дэри Iуэхум жыджэру дыбгъэдэтакъым. Апхуэдэу щIэхъуам и зы щхьэусыгъуэщ дызыхэс лъэпкъым я зэхэтыкIэм зыдедгъэкIун хуей зэрыхъуари.
ИужькIэ, 2006 гъэм, Тыркум ит хасащхьэхэм хэтхэм Iэмал къахукъуэкIащ адыгэбзэр нэхъ куууэ зрагъэщIэну. Абы щеджа гупыр зыщыщ хасащхьэхэм екIуэлIэжри, бзэр зэзыгъэщIэну гукъыдэж зиIэхэм ядэлажьэу щIадзащ, ноби зэпыуакъым а Iуэху щхьэпэр. Хасащхьэм и гъэсэнхэри зэхуэдэкъыми, абыхэми гупитIу дадолажьэ: адыгэбзэр зыщIэу еджэн-тхэным хуэдгъасэ нэхъыжьхэмрэ бзэр зэзыгъэщIэну гукъыдэж зиIэ ныбжьыщIэхэмрэ. Нобэ сызыдэлажьэ гупым сыщогугъ бзэр екIуу зрагъэщIэжыну.

-Зи гугъу пщIы дерсхэр гувауэ къыпщыхъуркъэ? Адыгэбзэм Тыркум гъащIэ щиIэ?
-Гуват, шэч лъэпкъ хэмылъу. Тыркум щыпсэу лъэпкъ зыбжанэм, псом хуэмыдэу курдхэм, зыкъаIэтащ я бзэр яджыжыну хуейуэ, апхуэдэ щIыкIэкIэ дэри хуитыныгъэ диIэ хъуащ.
НобэкIэ я бзэр яджыжынымкIэ Iэмал ярет къэралым – тхьэмахуэм сыхьэтитI яхухех. ЦIыхуипщI нэхърэ мынэхъ мащIэу щытын хуейщ гупым щIэсхэм я бжыгъэри. Мыбдежи зы Iуэхугъуи къытлъыкъуокI: сабийхэм ядэлэжьэну егъэджакIуэхэри гъэхьэзырын хуейкъэ? Тыркум щыIэкъым апхуэдэ IэщIагъэлIхэр, щрагъаджэ икIи хасэхэм хэтхэм ящыщхэр е езыр-езыру адыгэбзэр зэзыгъэщIэжахэр ирагъэблагъэу аращ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ адыгэбзэр зэбгъэщIэфыну къысщыхъуркъым – ар унагъуэхэм щыIуу, абы ирипсалъэу, адыгэбзэкIэ тха тхылъхэр щIаджыкIыу щытын хуейщ.
Ауэ сызыгъэгушхуэ зы Iуэху щыIэщ: щIалэгъуалэ куэд дахуозэ адыгэбзэр ямыщIэу, ауэ зэрыадыгэм ирипагэу, адыгэгу якIуэцIылъу. Си гугъэщ а ныбжьыщIэхэр адыгэбзэр зэгъэщIэжыным пэлъэщыну.

– Бзэр нобэ зэрыт щытыкIэ гугъур къэплъытэмэ, лъэпкъыр сыт дызэзышэлIэфынур, Зафэр?
– 2008 гъэм Иорданием щекIуэкIащ адыгэхэм я дунейпсо зэIущIэ. Абы зыкърагъэхьэлIат къэрал зэхуэмыдэхэм я хасащхьэхэм, еджагъэшхуэхэм, щIэныгъэлIхэм, нэгъуэщI куэдми. Къызэхуэсахэр псори адыгэт, ауэ дезыгъэблэгъа Иорданием щыщ гупыр къызэрыдэпсэлъар инджылызыбзэкIэт. КърихьэлIахэм хуабжьу ди жагъуэ хъуауэ щытащ зэIущIэр ди бзэкIэ зэремыкIуэкIар. Хэбгъэзыхьмэ, Иорданием адыгэбзэкIэ щрагъаджэ колледж нэгъунэ дэтщ.
ИлъэсипщIкIэ сызэIэбэкIыжынщи, Анкара адыгэбзэ щыщезгъэджу щыщIэздзам щыгъуэ, си дерсым нэхъыбэу къакIуэр Джылахъстэней къуажэм къыдэкIахэрт. Узун-Яйла щыпсэухэм я унагъуэхэм адыгэбзэр нэхъ щызекIуэрти, я сабийхэр къафэхэм хуагъасэрт. А зэманым къэмыкIуахэм я бынхэрщ си дерсым нэхъыбэу иджыпсту къекIуалIэхэр. Бзэр мыхъумэ, адыгэр зэзышэлIэжыфын нэгъуэщI Iэмал гуэри щыIэу си фIэщ хъуркъым.
Зэгуэр адыгэгур къызэрыгъуэтыжынущ, ауэ гури гъэнщIын хуейщ. Иджыпсту къыдэкIуэтей щIэблэм адыгэ Iуэхум ехьэлIауэ еплъыкIэщIэ гуэрхэр къащтащи, нэхъыжьхэм ди къалэнщ абыхэм бзэр зрагъэщIэжыным, хэкум ягъэзэжыным ахэр тедгъэгушхуэну.
Нобэ адыгэм и Iуэхур лъэмыж икIыпIэм нэсауэ къысщохъу. Гугъэр зэи дгъэкIуэд хъунукъым. Сыщогугъ лъэпкъри бзэри къэтIэтыжыфыну.

-Сыт абы щхьэкIэ щIэн хуейр?
-Псори зы бзэкIэ дызэпсэлъэн хуейщ. Абы къизгъэкIыр адыгэбзэкIэ дызэпсэлъэнракъым, атIэ абы дынэмыс щIыкIэ, гупсысэбзэкIэ дызэрыщIэнырщ. Гупсысэбзэм къикIыр сыт? Илъэсым и кIуэцIкIэ хэкум тIэу сыкъокIуэж, КIахэми Къэбэрдейми ис адыгэ куэдым сахуозэ, Хьэжрэтхэми саIущIащ. Фи фIэщ фщIы – хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ ди гупсысэкIэр, ди гъащIэ еплъыкIэр зэтемыхуэ. Ди лъэпкъ Iуэхухэм ятеухуауэ ди пщэ дэтлъхьэжа къалэнхэр дгъэзащIэми дымыгъэзащIэми хъууэ апхуэдэщ.
Адыгэр хэкужьым зэрытхузэфIэкIкIэ щызэрыдгъэгъуэтыжыфмэ, хэхурысхэмрэ хэхэсхэмрэ дызэпхауэ, къэзымыгъэзэжыфхэми зы хэку зэраIэр зыщамыгъэгъупщэу къакIуэу, Iуэху щащIэу хуежьэмэщ, кIэщIу жыпIэмэ, зы еплъыкIэ яIэ хъуа нэужьщ, ди акъылри, ди гупсысэри щызэтехуэнур. Тхьэм а махуэхэр дигъэлъагъу.

-Ди къэкIуэнум къыдит гупсысэрауэ къыщIэкIынщ сабийхэр я адэжь хэку къыщIэпшэр?
-Хэкур едгъэлъагъуну, адыгэбзэмкIэ дерсхэр еттыну гуп къафшэ, жаIэри нытхуаIуэхуащ. ГъэщIэгъуэнракъэ, ныбжьыщIэхэм а псалъэмакъыр щахуэсIуэтэжым, дыкIуэфын-дымыкIуэфын упщIэр къэувакъым, атIэ «дапщэщ дыщежьэну махуэр» жаIащ, я адэ-анэхэм я арэзыныгъэ къыIахри. Адыгэбзэ зыщIэ гуэрхэри къысхухэхынут, ауэ гукъыдэж зиIэхэращ къесшэжьар. Псалъэ дыгъэли фэрыщIагъи хэмылъу хэкурысхэм ялъагъумэ сфIэфIщ ди Iуэху зыIутыр. ЛъэныкъуитIми ди якум пэжагъырщ дэлъын хуейр.
ЦIыхур зыщIэхъуэпсын хуейр егъэлъагъупхъэщ. АбыкIэ жысIэну сызыхуейращи, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр къакIуэурэ адэжь щIыналъэр зыхуэдэр зрагъэлъагъун, хэкурысхэм я псэукIэм кIэлъыплъын, анэдэлъхубзэр зэхахын хуейщ. АдыгэбзэкIэ дызэпсалъэу дызэбгъэдэсмэ, тыкуэнхэм, къэувыIэпIэхэм, еджапIэхэм, IуэхущIапIэхэм бзэр щызэхахмэ, итIанэщ ахэр я щIыналъэм къагъэзэжыным щытегушхуэнури, бзэр щызрагъэщIэжыфынури.

– Упсэу, Зафэр. Уи хъуэпсапIэхэр нахуапIэ хъуну Тхьэм жиIэ.

Епсэлъар ТАБЫЩ Динарэщ.

***

Лъэпкъым и къэкIуэныр зэлъытар къыщIэхъуэ щIэблэм и фIагъырщ

Kabardey-Balkar Parlamentosu Gençlik Kolları Başkanı Guğotış Ahmed, ‘Adıge Xabze’ çalışmasını anlatıyor. Parlamentonun gençlik kollarının üç ay boyunca farklı yerlerde yaptığı çalışmaları anlatıyor.

«Адэжь хабзэм елъэпауэр лей зэрихьэм пэуджэнщ», – жиIэгъат усакlуэ КIыщокъуэ Алим. Куэдрэ къытыдогъэзэж: адыгэбзэр адыгэ хабзэм и бзэщ, зэмыгъусэу щыIэфынукъым. КъыщIыдгъужынщ тхакIуэ Нало Заур жиIар: «Бзэр псалъэ къудейкъым, атlэ ар гупсысэкlэщ, дуней тетыкlэщ». А псор къалъытащКъабэрдей-Балъкъэр Республикэми Парламентымхэт ЩIалэгъуалэ Палатэм мазищ зи кIыхьагъ «Адыгэ хабзэ» проектыр иригъажьэуреспубликэм и щIыналъищым щыпсэу зи пажэгъуэхэм щадэлэжьам. Iуэхум къыхашащ Хабзэм хэзыщIыкI, бзэм ирилажьэ, лъэпкъ IуэрыIуатэр зыджыж цIыху пэрыт куэд. ЕджапIэ къэс тхьэмахуэм и зы махуэ хухахауэ, урокхэр щаухам 8-11 классхэм щеджэ зи пажэгъуэхэр зы пэш щызэхуэсурэ, «хабзэр зехьэн», «бзэр гъэбзэрэбзэн» жыхуиIэхэм яхэлъ гупсысэр, абы лъэпкъым и щыIэныгъэр зэрепхар къагурызыгъэIуэн псалъэмакъ драгъэIуэкIащ.
Къыхэгъэщыпхъэщ мы Iуэхур щхьэзыфIэфIагъыу зэрыщымытыр, щIыналъэ унафэщIхэми, еджапIэхэм я тхьэмадэхэми епсэлъылIауэ, я арэзыныгъэ хэлъу зэтеубла зэрыхъуар.
Мазищыр, дауи, зэман кIэщIщ пыухыкIа гуэр ущыгугъыну, ауэ екIуэкIа зэIущIэхэм нэхъыщхьэ дыдэр къыхэщащ: ди щIэблэр хуэныкъуэщ псалъэ Iущ, гъуэгугъэлъагъуэ, адыгэ дунейм хэзышэн.
Зи пажэгъуэхэм я гум нэсын псалъэмакъ ядригъэкIуэкIыу проектым хэтащ Къабэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэ IуэхумхэкIэ министерствэм лъэпкъыбзэхэмкIэи къудамэм и унафэщI Табыщ Мурат. Адыгэбзэ дахэ, къулейкIэ абы иригъэкIуэкI псалъэмакъхэр теухуат адыгэ цIыхум я зэхущытыкIэм, IуэхузехьэкIэм, зыхуэпэкIэм, зыIыгъыкIэм, псэлъэкIэм. Мурат къэзыцIыхуа зи пажэгъуэхэм ар апхуэдизкIэ гунэс ящыхъуати, езым и псэлъэкIэри зыхуэпэкIэри щапхъэ зыхуэхъуа, и щIэныгъэр хъуэпсапIэ зыщIа зэрахэтымкIэ зыкъаумысыжт.
ЩIыналъищым ит еджапIэхэм щыщу ЩIалэгъуалэ Парламентыр зыдэлэжьар Къугъуэлъкъуей дэт 2-нэ курыт еджапIэр, Шэджэм Ищхъэрэм и 1-нэ, Налщыч къалэм и 26-нэкурыт еджапIэхэрщ. IупщI дыдэ хъуащ ди щIэблэм лъэпкъ тхыдэри, я анэдэлъхубзэри ящIэну зэрыхуейр, зэхэтыкIэ дахэм зыщагъэгъуэзэну зэрыщIэхъуэпсыр.

«Адыгэ щыIэжкъым», «хабзэр кIуэдыжащ», «бзэр яIурылъыжкъым» жыхуиIэ псалъэмакъхэр техын хуейщ. А псор щыIэнуми, пэжу, кIуэдыжынуми зэлъытар нэхъыжьхэм къащIэхъуэ щIэблэм бгъэдалъхьэфыращ. Балигъыр езым и гъащIэкIэ псэужмэ, быныр зэрыхъукIэ къэхъумэ, адыгэ дэнэ къипхын?
Ину жытIэн хуейуэ къызолъытэ щIэблэ губзыгъэ, гупсысэкIэ зыщIэ, бгъэдэплъхьэ фIыр зыхилъхьэну, зэпшалIэ щIэныгъэр къищтэну хьэзыр дызэриIэр. Апхуэдэу гур зыгъэзагъэщ лъэпкъ гупсысэ зиIэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэри нэхъыбэ зэрыхъур. ЩIалэгъуалэ Парламентым къыдэлажьэу «Адыгэ хабзэ» проектыр зыгъэзащIэр Шэрджэс Реннесанс зэгухьэныгъэм жыджэру хэт Жэлыгъащтэ Хьэчым, Гугъуэтыж Артур, Iэрэмысэ Тимур сымэщ. Проектым и кIэух лэжьыгъэр екIуэкIащ маим и I3-м. Зи пажэгъуэхэм мазищым и кIуэцIкIэ зэхахамрэ зэгупсысамрэ къыхаха акъылыр къыщагъэлъэгъуащ «Сыт къызигъэщIа «Адыгэ хабзэ» проектым сызэрыхэтам?» зыфIаща тхыгъэм. Тхыгъэм къыхагъэщ хъунут зи пажэгъуэхэр адэкIэ зыщыгъуэзэну хуеймрэ епсэлъылIэну зыщIэхъуэпсымрэ. Абы иратхар ЩIалэгъуалэ Парламентымрэ Шэрджэс Ренессанс зэухьэныгъэмрэ къыхалъытэнущ адэкIэ ирагъэкIуэкIыну лэжьыгъэм.
Проектыр щызэхуащIыжынущ Парламентым и унэм. ЩIалэгъуалэ ПалатэмФIыщIэ тхылъхэр хуигъэфэщэнущ жыджэрагъ къэзыгъэлъэхъуа еджакIуэхэм.
Псыпэр ежьащ. Ар нэхъ куу хъуну гугъэ къыдет едгъэжьа Iуэхур Республикэм и Парламентым къызэрыддиIыгъым.
«Адэжь хабзэм елъэпауэр лей зэрихьэм пэуджэнщ». Дэтхэнэ зы балигъми и пщэрылъщ ищIам пэуджэжын лъэпкъым къытхэмыкIыным телэжьэныр, гъэсэныгъэ лэжьыгъэм хуэфэщэн гуащIэрэ губзыгъагърэ хилъхьэныр. Ар щрет адэ-анэуи, егъэджакIуэ-гъэсакIуэуи, къулыкъущIэуи, гъунэгъу-жэрэгъуи. Адыгэм цIыкIу хамэ зэи иIакъым, псори лъэпкъым и бынти, зэдагъасэрт.
Ди анэдэлъхубзэр, хабзэ дахэр хъумэным лъэкI къимыгъанэу сытым щыгъуи елэжьынущ, Iэмал зэхуэмыдэхэр къигъэсэбэпынущ Къабэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и ЩIалэгъуалэ Палатэм.
Къабэрдей-Балъкъэр Республикэ Парламентым и
ЩIалэгъуалэ Палатэм и унафэщI
Гугъуэтыж Ахьмэд

***

Бзылъхугъэ щыпкъэ

Tabış Dinara, Mezdegu Adıgeleri üzerine çalışmalar yapan Bole İlzite’nin hayatından ve çalışmalarından kesitler sunuyor.

КъызыхэкIа лъэпкъым зи гур хуэмыгъуэ цIыхум шэч хэлъкъым абы папщIэ хузэфIэкI къимыгъанэу зэрыхуилэжьэнур, и къарур абы зэрыритынур. Апхуэдэщ тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, ЩIДАА-м и член-корреспондент, жылагъуэ лэжьакIуэ Болэ Ильзитэ.
Ильзитэ къыщыхъуари зыхапIыкIари мэздэгу адыгэхэм щыщ зы унагъуэшхуэщ. И адэ Мухътаррэ и анэ Мариерэ сыт щыгъуи я хъуэпсапIэт я бынхэм щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ ябгъэдэлъу къэгъэхъуным. Адэ-анэ гумызагъэхэм я хъуапсапIэр къайхъулIащ – адыгагъэрэ цIыхугъэрэ яхэлъу, щIэныгъэ яIэу я бынитхури япIащ.
1979 гъэм Болэ Ильзитэ КъБКъУ-м и тхыдэ къудамэр ехъулIэныгъэфIхэр иIэу къиухащ. Абы и диплом лэжьыгъэр итхат мэздэгу адыгэхэм ятеухуауэ. ИужькIэ Ильзитэ жыджэру зэхуихьэсырт абыхэм ехьэлIауэ щыIэ IуэрыIуатэхэр, статьяхэр газетхэм, журналхэм къытрыригъадзэу щIидзащ, коференцэхэм жыджэру хэт хъуащ.
– Си япэ тхыгъэр къытехуауэ щытащ I982 гъэм «Адыгэ псалъэ» газетым. Абы и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд а зэманым хуабжьу гушхуэныгъэ къысхилъхьащ, – игу къегъэкIыж Ильзитэ. – Япэ лъэбакъуэм куэд иIыгът. Стха лэжьыгъэм зэхъуэкIыныгъэ гуэри химылъхьэу зэрыщыт дыдэм хуэдэу къытридзат. ИужькIэ мэздэгу адыгэхэм теухуауэ адэкIи зэрезгъэфIэкIуэнум сыхущIэкъуащ, си лэжьыгъэм пысщащ.
Мэздэгу адыгэхэм я гъащIэр къызэрекIуэкIамрэ иджырей псэукIэмрэ теухуауэ Болэм зэхуихьэсащ лэжьыгъэ куэд икIи мыгувэу и кандидат лэжьыгъэр зыхуей хуэзэу I995 гъэм Дагъыстэн къэрал университетым щыпхигъэкIащ.Мыгувэуи «Мэздэгу адыгэхэр» тхылъ купщIафIэр къыдигъэкIащ, адыгэ щIэнгъуазэм и хэлъхьэныгъэшхухэм ящыщуи ябж.
– «Уи блэкIар умыщIэу уи къэкIуэнур зыхуэдэри пщIэнукъым» жеIэ адыгэ псалъэжьым. Дэ ди къалэнщ щхьэж зыпэрыт IэнатIэм теухуауэ щIалэгъуалэр дгъэсэну, ди блэкIам ифIыр гъащIэм щыпхрашыфу, и Iейр IэщIыб зэращIыным яужь иту ахэр псэун папщIэ. Ди лъэпкъым тхыдэ хьэлэмэт иIэщ, гупсысэ кууу зыхэлъ Iуэхугъуэхэми уащрохьэлIэ. Сэри Iэмал зэриIэкIэ мэздэгу адыгэхэм я къекIуэкIыкIар ди лъэпкъым и пащхьэ зэрысхузэфIэкIкIэ ислъхьащ. Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ лъэпкъыр мамырыгъэм и телъхьэу псэун зэрыхуейр, – и гупсысэхэм дыщIегъу Ильзитэ.
«Мэздэгу адыгэхэр» тхылъым зэпкърыхауэ икIи тхыдэм щыщ IуэхугъуэхэмкIэ щIэгъэбыдэжауэ Болэм къыщигъэлъэгъуэжащ мэздэгу адыгэхэм я псэукIар лъэныкъуэ псомкIи къызэщIиубыдэу ди пащхьэ кърилъхьэну. ЩIым зэрелэжь щIыкIэр, Iэщ гъэхъунымрэ щакIуэнымрэ мыхьэнэуэ иIар, нэщхъеягъуэ е гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр зэразэрахьэу щытар, ерыскъы хэкIхэмрэ абы хуащI пщIэмрэ, щIэныгъэм, гъуазджэм, медицинэм мэздэгу адыгэхэм я гъащIэм щиубыду щыта увыпIэхэр и IэдакъэщIэкI гъуэзэджэмкIэ наIуэу ди нэгу къыщIегъэхьэжыф.
Болэм и кандидат лэжьыгъэр щыпхригъэкIым и щIэныгъэ унафэщIу щыта тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, этнограф-кавказовед Калоев Б. А. къигъэщащ Ильзитэ зэлэжьа «Мэздэгу адыгэхэр» и IэдакъэщIэкIыр зэрыкупщIафIэр, бзэ дахэкIэ, шэрыуэкIэ зэрытхар, тхыдэм щыщ пычыгъуэхэмкIэ зыхуей хуэзэу, щIэщыгъуэу зэрызэхиухуэнар. Шэч хэлъкъым тхылъыр ди лъэпкъым къызэрагъэсэбэпынум, къазэрыхуэщхьэпэнум.
– Адыгэу зызылъытэж дэтхэнэми Iэмал имыIэу ищIэн хуейщ и бзэр, жеIэ Ильзитэ. – Си жагъуэ мэхъу ди республикэм щыпсэухэу, ауэ бзэр иримыпсалъэфу сыщрихьэлIэм и деж, е «дэ еджапIэм адыгэбзэ драгъэджакъым» жаIэу щхьэусыгъуэхэр щащIкIэ. Нобэр къыздэсым си тхьэкIумэм щоIу IутIыж Борис и адыгэбзэр, и псалъэкIэр. Зы урысыбзэ закъуи къыхимыгъыхьэу, ауэ щыхъукIэ жиIэхэр гурыIуэгъуафIэу, узыIэпишэу апхуэдэт. Си щхьэкIэ абы сыщепсэлъахэм деж жиIэ псалъэхэм щыщ куэд къэспхъуатэрт, бзэм IэфIагъ хэлъхэм щыщ куэдым сызыIэпригъэшэфт. Бзэм дримыпсэлъэжмэ, ар тIэщIэхужмэ лъэпкъри кIуэдынущ. Ар зыхъумэн хуейр дэращ, адыгэу зызылъытэжхэрщ.
Болэм къызэрилъытэмкIэ, ди гур щIэдгъэинын щхьэусыгъуэхэри диIэщ. Ди щIалэгъуалэм щIэныгъэм и телъхьэщ, IэщIагъэ зрагъэгъуэтыну хущIокъу. Ильзитэ зэрыжиIэмкIэ, езыхэм я щIалэгъуэм яхузэфIэмыкIауэ зыхунэмысауэ Iуэхугъуэ куэд иджырей ныбжьыщIэхэмящIэ, къахутэ. Абыхэм зэчиишхуэ ябгъэдэлъщ я къарури я акъылри тыншу полъэщхэр.Къэралым къарит улахуэр зэрымащIэм щхьэкIэ къамыгъанэу, абыхэм яфIэгъэщIэгъуэнщ къыхаха IэщIагъэр. Ар узэрыгушхуэн, узэрыгугъэн щхьэусыгъуэфIу къелъытэ цIыхубз щыпкъэм.
– ГъащIэр Iыхьэ куэду зэхэтщ. Абыхэм ящыщщ къыбдалъхуахэр, уи пэгъунэгъу цIыхухэмрэ уэрэ узэрыгъэпэжу упсэуныр, – къыхегъэщ и псалъэхэм Ильзитэ. – Абыхэм я Iуэхухэр ефIакIуэу, я гур хэхъуэу, гукъыдэж яIэу плъагъуныр куэд и уасэщ. Пэжу гугъуехь куэдми ущыхуозэ, хэбгъэзыхьмэ, укъыщригъэкIуэти щыIэу. Ауэ, уигур ебгъэхуэхыу утIысыж хъунукъым. АдэкIэ уи гъащIэм пыпщэн хуейщ,узыхулъэмыIэсахэм ухущIэкъупхъэщ.
Болэм игу къегъэкIыж и гъащIэ гъуэгуанэм щIэныгъэлI, IэщIагъэлI гъуэзэджэ куэдым зэраIущIар, абыхэм хьэл-щэн дахэ куэд зэрыдилъэгъуар, я псалъэ Iущхэр къызэрыщыхуэпэжар. Ильзитэ зыдихьэх Iуэхугъуэхэм ящыщщ цIыхум и гурыщIэм щыушэ макъамэ зэмылIэужьыгъуэхэри. Абыи фIэщ мэхъу дэтхэнэ цIыхуми зы хьэлэмэтагъ гуэр хэлъу, языныкъуэхэм ар къызэкъуахыфыр, адрейхэм ар ягъэпщкIу зэпыту къызэрекIуэкIыр.
200I гъэм Болэ Ильзитэ Дунейпсо Адыгэ Академием ичлен-корреспонденту хахащ, Налшык къалэ ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и депортаментым и унафэщIу лэжьащ, иджы КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэм щIэныгъэ гуэдзэн щрагъэгъуэт и къудамэм щыIэщ.
Илъэс зыбжанэ хъуауэ Болэр мэздэгу адыгэхэм я тхыдэм ириплъэжу, я IуэрыIуатэр зэхуихьэсыжу къогъуэгурыкIуэ. Ноби Ильзитэ йолэжь мэздэгу адыгэхэм я генеологиемрэ этнографиемрэ икIи абы теухуауэ мыгувэу къыдигъэкIыну и мурадщ тхылъ щхьэпэ.Ильзитэ зыкъом щIауэ егъэхьэзыр нэгъуэщI лэжьыгъи, ар мэздэгу адыгэхэм я архаическэ псалъалъэрщ.
Болэ Ильзитэ дохъуэхъу и мурадхэр къехъулIэну, иджыри лъэпкъыр дигъэгуфIэу и Iэдакъэм лэжьыгъэ купщIафIэ куэд къыщIэкIыну.

Табыщ Динарэ

***

«СИ БЗЭ»

Haradura Alla, Adıgece öğrenmek isteyenler için 3 dilde (Türkçe, Rusça, İngilizce) yayın yapıldığını belirterek, şimdilerde Arapçayı da ekleyeceklerinin haberini veriyor.

Лъэпкъым нэхъ Iей дыдэу къыщыщIыныр зэкъуэхунрати ди адыгэхэм а шынагъуэр къалъэIэсри дунейпсом щикъухьа хъуащ. Ауэ а псори зы зыщIыж, къызыхэкIар ящызымыгъэгъупщэ зы щыIэщ, ар ди адыгэбзэращ. Бзэр ящымыгъупщэу, къыдэкIуэтей щIэблэми яIурылъу къыгъэтэджын мурадкIэ къызэгъэпэща хъуащ мы тхыгъэр зытеухуа «СИ БЗЭ» жыхуиIэ проектыр.
Иджыпсту сайтыр бзищкIэ мэлажьэ: урысыбзэ, инджылыбзэ, тыркубзэ. Иджыри хьэрыпыбзэкIэ къагъэпсэлъэну яужь итхэщ. Проектым и къызэгъэпэщакIуэхэм адыгэ хъыбарыжьхэр, таурыхъхэр, мифхэр, тхыдэм къыщыхъуа гуэрым и хъыбархэр фильм цIыкIуурэ ящIауэ абыи ущеплъ хъунущ. Абыхэм къыщынэмыщIауэ порталым къыщыбгъуэтынущ адыгэбзэ алфавитыр зэрызэбгъащIэ хъуну мультимедийнэ программэ, электроннэ тхылъхэр, адыгэ IуэрыIуатэм и пкъыгъуэхэм лъэпкъ уэрэдыжьхэр, таурыхъхэр, хъыбарыжьхэр, псалъэжьхэр, псалъэ шэрыуэхэр, нэгъуэщIхэри. Мы Iуэхур езыхьэжьахэм даIыгъ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэкIэ щыIэ псапащIэ Фондымрэ Граждан жылагъуэ институтхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэмрэ.
Проектыр ехьэжьа зэрыхъуамрэ, ады цIыхухэр къешэлIа зэрыхъуамрэ теухуауэ абы и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ Хьэмдэхъу Анзор жеIэр къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжар къызэрехъулIам зэрыригушхуэр.
Хьэмдэхъум зэрыжиIэмкIэ «СИ БЗЭ» интернет порталыр 2005 гъэм къэунэхуащ. «Адыгэбзэ» фIэщыгъэцIэ иIэу езымрэ Джэрыджэ Аслъэнбэчрэ я жэрдэмкIэ. 2006 гъэм «Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и грамматикэ» тхылъым и «Фонетикэ» Iыхьэр и лъабжьэу адыгэ алфавитым хуезыгъаджэ мультимедийнэ программэ зэхалъхьэри яутIыпщащ. ИужькIэ проектым къыхэша хъуащ иджыпсту КъБКъУ-м адыгэбзэмкIэ кафедрэм и унафэщI Къардэн Мусэдин. ЩIэрыщIэу къагъэщIэрэщIэжри урыс-адыгэ псалъэ зэпэдзыж къызэрагъэпэщри ар етIуанэу яутIыпщащ. Ауэ проектым теплъэщIэ щигъуэтар 2013 гъэм ди лэжьыгъэм программист Евгажуков Тимур къыхыхьа нэужьщ. Абы игъэлъэщри псэщIэ хилъхьащ порталым, Android смартфонхэм требгъатхэ хъуну приложениер къызэригъэпэщащ (гуэлъхьэ, гуэдзэ, дэщIыгъу).
Анзор фIыщIэшхуэ хуещI ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэкIэ щыIэ псапащIэ фондым и унафэщI ЩоджэнцIыкIу Леонидрэ Граждан жылагъуэ институтхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзоррэ я Iуэхур даIыгъыу, трагъэгушхуэу къызэрыткъуэтым щхьэкIэ.
Проектым едэжьхэм яхэт филологие щIэныгъэхэм я кандидат Къардэн Мусэдин къызэрилъэмкIэ, дэнэкIи щыпсэу адыгэм адыгэбзэр зригъэщIэну, зыщIэм иригъэфIэкIуэну, лъэпкъ щэнхабзэм щыгъуазэ зыхуищIыну гукъыдэж зыщI дэтхэнэми интернетыр къигъэсэбэпурэ абыхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуну аращ мы проектым и къалэн нэхъыщхьэр.
Мусэдин апхуэдэу къыхегъэщ КъБКъУ-м адыгэмрэ литературэмкIэ къудамэм щеджэхэу Къармэ Миланэ, Хъуран Миланэ, Къазий Лаурэ сымэ. ЗэрыжиIэмкIэ мыбыхэм лэжьыгъэшхуэ ирахьэкIащ сайтым иралъхьэну материалхэр къыхэхынымкIэ.
Евгъэжыкъуэ Тимур и фIынъэкIэ япэм Android телефонхэм фIэкIа приложенэр тримытхэу щытами иджы OC IOS –хэмкIи урилажьэ хъунущ.
Сайтым щыбгъуэтынущ Къэзэнокъуэ Жэбагъы и жыIэгъуэхэр зи лъабжьэ хъуа таурыхъхэр, абыхэм къыщынэмыщIауэ гъэсэныгъэ мыхьэнэ зиIэ сабийхэм папщIэ «Бажэмрэ хьэхэмрэ», «ЩакIуэл гуэшыкIэ», «Хэт и хъупIэ? жыхуиIэ таурыхъ цIыкIухэри, нэгъуэщIхэри.
Приложенэм теухуауэ зэпсэлъа цIыхушхуэхэм ящыщу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий мыпхуэдэу жиIащ:
– Мы къэфIэта Iуэхугъуэр псоми нэсу къагурымыIуэнкIэ хъунущ, ауэ цIэ куэдрэ щыплъагъу Къэзэнокъуэ Жэбагъы зэрыжиIащи «Зэманым декIур лIыфIщ». Зэманым къихьа технологиехэр, абы и зэфIэкIыр, хуитыныгъэу, лъэкIыныгъэу цIыхум къаритар дэ ди лъэпкъым, ди бзэм, хабзэм, щIэныгъэм теухуауэ къэбгъэсэбэп зэрыхъунур наIуэ къащIащ мы щIалэ мыбы елэжьахэм. Ди бзэр къыкIэрамыгъэхуу, ар къытщIэхъуэ щIэблэм къагъэсэбэпыфын щхьэкIэ, компьютерымкIэ, дунейпсом тет адыгэхэр езыхэр зэрыхуейм хуэдэу адыгэзэмкIэ зэпсэлъэфын, гупсысэфын, зэрылъагъун, зэрылъытэн щхьэкIэ нобэ мы екIуэкI Iуэхум и пщIэр жыIэгъуейщ. Тхьэр арэзы къыфхухъу мыр къызэзыгъэпэща щIалэхэми, абыхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуахэми! АдэкIи фи гуращэм хэхъуэу, ди бзэр адэкIи зыгъэкIуэтэн Iуэхугъуэ куэд Тхьэм фигъэлэжь!
Iуэхум щыгъуазэ дэтхэнэми жаIэр зыщ – мы проектыр гъэсэныгъэ, егъэджэныгъэ, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ зэрыIуэху щхьэпэр. Илъэс зыбжанэ ипэ узыщымыгугъу Iуэхуу щытами иджы нобэ и кIэм нагъэсауэ абы зэрыригушхуэр, адэкIи ефIэкIуэным, зиужьыным я гуащIэ зэрыхалъхьэныр хьэкъщ.

ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ
«Адыгэ псалъэ» газетым и журналист

 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz