Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Хэкум И Макъ -Anavatanın Sesi – Aralık 2017

ЩLэблэр лъэпкъым и набдзэщ

9. sınıf öğrencisi Pıl Zarina yazısında iyi olmayı ve iyiliği sorguluyor. (Sermak 1. Ortaokul. Öğretmen: Kaziy Ancela)

ЩLэблэр лъэпкъым и къэкLуэнщ. ЩLэблэншэ лъэпкъыр кLуэдыжу аращ!
Дуней псом адыгэхэр цLэрыLуэ зэрыщыхъуа я лLыгъэмрэ хахуагъэмрэ, я хабзэ дахэмрэ зэхущытыкLэ къабзэмрэ, нэмыс, гъэсэныгъэ яхэлъар хъумэныр, егъэфLэкLуэныр зи пщэ дэлъыр щLэблэрщ.
СызоупщLыж: мы лъэхъэнэ екLуэкLым хэпсэукL ди щLэблэр сыт хуэдэ? Дэ дяпэ итахэм зетлъытмэ, ди щыLэкLэр куэдкLэ къащхьэщокL. Нэхъ губзыгъэ зызэрытщLын Lэмалхэр ди куэдщ. Псалъэм папщLэ, а Lэмалхэм ящыщщ иджырей зэманым тхылъ нэхъыбэ къызэрыдагъэкLыр, интернет, компьютер дызэриLэр.
Иджырейди щLалэгъуалэм щLэныгъэ нэхъ ябгъэдэлъын хуейт, ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэрей щLэблэм ныкъусаныгъэу яхэлъщ гъащLэм къыдит Lэмалхэр сэбэпынагъыу къыпыкLынур къызэрыпамыхыр. Зи гугъу сщLа компьютер, интернет, телефонхэр нэхъыбэм къызэрагъэсэбэпыр джэгун папщLэщ.
Тхылъ еджэныр щагъэтыжащ, «тхылъыр цLыхум и ныбжьэгъущ, и дэLэпыкъуэгъущ» жаLэу егъащLэм щытати, иджы тхылъымрэ цLыхумрэ зэпэLэщLэщ. Апхуэдэу щLыщытыр адэкLэ къэкLуэнум, зэрыпсэуну щLыкLэм егупсыскъым, иригузавэркъыми аращ.
Зи гъащLэр тыншу, дахэу зыхьынур щLэныгъэ зыбгъэдэлъырщ, губзыгъагъэм хущLэкъурщ. Чэзур къызылъысыр, дунейм, гъащLэм и ухуакLуэр щLэблэр Lэзэмэ, фLымэ, дахэмэ, дунейри ефLэкLуэнущ. ЩыLэкъым зэман щLэныгъэм цLыхур щыхуэмеин, къыщимыгъэсэбэпын. Нобэ куэдым къызыпхагъэLукL щLэныгъэм мыхьэнэ имыLэжу, ауэ ар пэжкъым. Апхуэдэу жезыгъыLэр хабзэм къемызэгъ Lэмалхэр къагъэсэбэпурэ къулей хъу зэрыщыLэр ялъагъури аращ. Тщыгъупщэн хуейкъым: мылъкур уэсэпсщи мэкLуэдыж, дахагъэр зэгуэрым мэхуэлэж, зэфLэкLри ныбжьым докLуэдыж. Зэи мыкLуэдыжыну цLыхум къыхуэнэр щLэныгъэмрэ цLыхугъэмрэщ. Нобэрей щLэблэм абы шэч къытедмыхьэу дыщытыпхъэщ.
Дэ, зи щLалэгъуэхэм, зыдузэщLын папщLэ, дызыхэпсэукL зэманым дыхэзагъэу, щыуагъэхэм щыхъума дыхъуу, фLыгъуэ щыLэхэми хэна дымыхъуу дыпсэуным папщLэ, сэ къызэрыслъытэмкLэ, адыгэ лъэпкъым и тхыдэм, гъащLэ блэкLам лъэпкъым щишэча гугъуехьым фLыуэ дыщыгъуазэу, абы дерс къыхэтхрэ мамырыгъэм, цLыхугъэ лъагэм дэри дыхущLэкъуу, нэгъуэщLхэри къыхуедджэу дыпсэун хуейщ.
Мамырыгъэр зи бий террористкLэ дызэджэхэр куэд хъуащ. Абыхэм ди щLалэгъуалэр ягъэделэ, ди щLэблэм я гъащLэр якъутэ. Сыт хуэдиз сабий адэншэ ящLа, сыт хуэдиз адэ-анэм бынгукъеуэ ирата!
Мы дунейм нэгъуэщL Lей куэд щызокLуэ. А Lейхэм къару ямыгъуэтын папщLэ, гъэсэныгъэ екLу тхэлъу, ди адэ-анэм я жыLэм дыщLэту, инри цLыкLури дызэкъуэту дыпсэун хуейщ. Нэхъыбэ къэзыгъэщLа, дунейм нэхъыбэ щызылъэгъуа ди нэхъыжьхэм едэLуэн, щLэныгъэм хущLэкъун хуейщ щLэблэр.
«Хэт лLыфL?» – жаLэу КъэзанокъуэЖэбагъы щеупщLам, абы жэуап къитащ: «Зэманым декLур лLыфLщ». Сэ къызэрызгурыLуэмкLэ, абы къикLыр узыхэпсэукL зэманыр езыгъэфLэкLуэн, ипэкLэ зыгъэкLуэтэн Lэмалхэр къыпхуэгъуэтмэ, а зэманым удекLуу аращ.
«Узыхэтым уадемыкLумэ, уи унэ умыкLуэж», – жеLэ адыгэ псалъэжьым. Узыхэтым удекLурэ, зэманми удокLу, гъащLэщLэм ухуэфащэщ.
Дэ ди къэралым дринобэщ, дрикъэкLуэнщ. Дэращ зэлъытар ди гъащLэр, ди къэралыр, ди Хэкур зэрыщытынур.
ЩLалэгъуалэхэ! Институтым щеджэхэ, къуажэ еджапLэм щLэсхэ! Фемызэшу, гъэпцLагъэ хэмылъу, фи къару къызэрихькLэ феджэ, щLэныгъэ тэрэз зэвгъэгъуэт. Фызыхуеджэр фи щхьэщ, фи адэ-анэхэрщ, фи лъэпкъщ, фи Хэкущ. Абыхэм я напэр тевмых, фэрикL зыкъэвмыгъэпцLэж!
Адыгэ хабзэм фытет, нэмыс зыхэвгъэлъ, фхъумэ лъэпкъ напэр! Фи адэхэкужь хуэфэщэн быну фыщыт!Адыгэлъэпкъым фыкъызэрыхэкLар зыщывмыгъэгъупщэ. Адыгэ напэр тезымыхын щLэблэу фыкъэхъу!

Пыл Заринэ, 9-нэ класс,
Сэрмакъ дэт 1-нэ курыт еджапLэ.
ЕгъэджакLуэр: Къазий Анжелэ Хъусен ипхъу.

***

«ФIыгъуэм я нэхъыщхьэр – зэгурыIуэщ»

11. sınıf öğrencisi Dudar Milana bir atasözünden yola çıkarak başka bir dili öğrenmeden önce kendi anadilini bilmenin, anadilinde düşünmenin, yazmanın önemine vurgu yapıyor. Şecem 1. Ortaokul. Öğretmen: Bekul Marita)

Унагъуэ ирехъу, лъэпкъ ирехъу, ирекъэрали, зэгурыLуэ здэщымыLэм зыужьыныгъи насыпи щыLэкъым. Мыбдеж зэгурыIуэныгъэм къикIыр мамыру, зым жиIэм адрейр щIэдэIуу, зыгуэркLэ зэтемыхуэми, тепсэлъыхьурэ хэкLыпLэ къагъуэту псэуныр аращ. Ауэ «зэгурыIуэн» псалъэм уегупсыс хъунущ нэгъуэщI лъэныкъуэкIи. Псалъэм папщIэ, зи бзэ зэтемыхуэ цIыхуитI зэхуэзэмэ, зым жиIэр адрейм къыгурымыIуэмэ, дауэ ахэр зэгурыIуа зэрыхъунур? Ди къэралым лъэпкъищэм щIигъу дыщопсэу, бзэ зэрызыххэ диIэщ. Ди бзэр зэрызэтемыхуэм къыхэкIкIэ дызэгурымыIуэфу дыкъэмынэн папщIэу къыщIэкIынщ къэралым еджапIу итым урысыбзэр щаджын хуейуэ щIагъэувар.
Ар трэзт, ауэ арэзы узэрымыхъуфын кърикLуащ а Lуэхум. Хуэмурэ куэд хъуащ, урысыбзэр ящLэмэ, абыкLэ псэуа хъуну, щхьэж и бзэр имыщIжми хъуну гупсысэкLэр. Ар щыуагъэшхуэщ. Дэнхэнэ зы лъэпкъми и къэлэнщ и бзэр ихъумэжыну. Апхуэдэхэм, шэч хэмылъу, дащыщщ адыгэхэри. Ди адыгэбзэр дунейм нэхъ гугъу дыдэу тет бзитхум хеубыдэ, дэ тыншу къытщыхъу щхьэкIэ. Дауи, пфIэтыншынкъэ а бзэр уи анэдэлъхубзэу, къыбдалъхуауэ щыщыткIэ. Бзэр хъумэныр дэтхэнэ зы лъэпкъми къыщымынэу, дэтхэнэ зы цIыхуми и къалэнщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ лъэпкъыр зэрызэхэтыр цIыху зэрызущ, абыхэми щхьэж и щхьэ къыщыщIидзэн хуейщ бзэм хуэлэжьэныр. Адэ-анэхэми къахокL адыгэбзэр джыным мыхьэнэшхуэ хамылъагъуэу, ар я сабийхэм ирагъэджыну хуэмейуэ, зыкIи мысэбэпу къэзылъытэ.
Апхуэдэхэрауэ къыщIэкIынт ди хэку усакIуэшхуэ КIыщокъуэ Алим и «Гъуэгу къежьапIэ» усэмкIэ зызыхуигъазэр:
«Сэ шу лъагъуэр зэпызмычу
ГъущI гъуэгушхуэм сытехьакъым,
Адыгэбзэр зэзмыгъащIэу
Урысыбзэр сщIэн слъэкIакъым».
НэгъуэщIыбзэр пщIэн ипэ уи бзэкIэ угупсысэфу, уи гупсысэр къэпIуэтэфу, ар нэгъуэщIым деж нэпхьэсыфу щытын хуейщ. Сэ емыкIушхуэу къызолъытэ къыбдалъхуа бзэр, адэ-анэм, узыщыщ лъэпкъым и бзэр умыщIэныр. КъыткLэлъыкIуэну щIэблэм гъэсэныгъэ, хабзэ ябгъэдэлъхьэн хуейкъэ? Адыгэ хабзэм и дахагъыр, и купщIэр нэгъуэщI зы къэрал и бзэкIи, нэгъуэщI зы лъэпкъ и бзэкIи къыпхуэIуэтэнукъым. Абы къыхэкIкIэ, адыгэм и бзэр имыщIэжмэ, и лъэпкъми щымыщыжу, нэгъуэщL лъэпкъхэми зыхамыбжауэ утыку къинэну аращ.
Бзэм ухуэлэжьэным къикIыр абы урипсэлъэну, уритхэну, уреджэну аркъудейкъым, атIэ иджыри ар къэкIуэну щIэблэм ябгъэдэплъхьэнырщ. Еджагъэшхуэхэм зэрыжаIэмкIэ, зыхуей хуэбгъазэмэ, мыпсэунрэ зызмыужьынрэ щыIэкъым. «Хабзэм тетым нэхърэ тепсэлъыхьыр нэхъыбэщ», – итхащ адыгэ тхакIуэ IутIыж Борис. Мы псалъэхэр бзэм ехьэлIауэ жыпIэ хъуну къызолъытэ. Адыгэбзэр джыным, абы ирипсэлъэным, иритхэным мыхьэнэ имыIэу къэзылъытэхэм къыкIэрыхукъым бзэр щIэн хуейуэ жызыIэу сытым щыгъуи абы тепсэлъыхьхэр, ауэ псалъэ къудейм къыщызыгъанэхэр. КъыдгурыIуауэ щытын хуейщ лъэпкъыр бзэншэу зэрыщымыIэфынур. Мыбдеж къезэгъыу къысщохъу адыгэ усакIуэшхуэ Бицу Анэтолэ и псалъэхэр: «Си адыгэбзэ, уэ улIэжмэ – лIэжащ лэпкъыр».
Лъэпкъыр псэун папщIэ, абы и бзэр псэун хуейщ, бзэр псэун папщIэ, ар пхъумэу, зыщумыгъэгъупщэу дунейм утетын хуей къудейуэ аращ. Зи бзэр фIыуэ зылъагъум и дежкIэ ар къалэнышхуэкъым. КъызэрыщIэкIымкIэ, уи лъэпкъыр псэун папщIэ, уи бзэр фIыуэ плъагъун хуейуэ аращ. Ныбжьым емылъытауэ, дызэгурыLуэн хуейщ ди бзэм дрипсэлъэну, къалъхухэм ар едгъэщLэну.
АдыгитI зэгурымыIуэну жызыIахэри захуэкъым. Ар тIури адыгэмэ, пщIэ, нэмыс я зэхуаку дэлъынущ, абы нэмыщI, зэрыгъэсар зы хабзэмэ, дауэ ахэр зэрызэгурымыIуэнур? Адыгэ псалъэжьым къызэриIуатэщи, фIыгъуэм я нэхъыщхьэр – зэгурыIуэщ. Сэ сыхуейт дэтхэнэ зы лъэпкъми, псом япэ ди адыгэ лъэпкъым, ди бзэр тхъумэжу, зэгурыIуэу дыпсэуну. ирефIакIуэди адыгэбзэ дахэр! ИрефIакIуэ зэгурыIуэныгъэр япэ изыгъэщ дэтхэнэ зыри!

Дудар Миланэ Хъусен ипхъу,
Шэджэм-1, 11-нэ класс.
ЕгъэджакIуэр: Бекъул Маритэ Назир ипхъу.

***

«Бланэр щалъху йокIуэлIэж»

9. sınıf öğrencisi Jantemir Darina, Adıgelerin anavatanlarından sürülmelerini okudukları üzerinden, babasının gurbet eldeki acısı üzerinden anlatarak anavatana dönülmesi gerektiğini söylüyor. Kueşhable Ortaokulu. (Öğretmen: Buljat Lusya)

Дэтхэнэ цIыхуми иIэщ запищI щымыIэ щIыпIэ, ар фIыуэ елъагъу, ехъумэ, ирогушхуэ. Сэри аращ къызэрысщыхъур сыщалъхуа лъахэр.
Си щIыналъэ Къэрэшей-Шэрджэс,
Си хэку уардэм щымыIэ пэлъэщ,
Уи гъунапкъэр мардэншэу зэпэщщ,
Уи лъахэ сытетмэ, сэ сылъэщщ.
Илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Кавказ зауэжьым адыгэхэр дунейм щикъухьауэ къигъэнащ, къралыгъуэ куэдым щопсэу, ауэ «дыщэр ятIэми щолыд», жеIэ псалъэ шэрыуэм. Аращ ди адыгэ лъэпкъри зэрыщытыр. Дэнэ къыщымыхутами адыгэхэр я дахагъкIэ, гуапагъкIэ псоми къахощ, ену лIыгъэ гъуэгум тетщ. Анэ быдзышэм хэту ахэм я лъым хохьэ анэ лъагъуныгъэр, хэкум хуэщыпкъэныр.
Зи хэкур зыбгына, хамэ жылэхэм ис адыгэхэм я адэжь щIыналъэм пыщIэныгъэшхуэ хуаIэщ, къызэрагъэзэжыным пылъхэщ. Хамэ къэрал щыIэми адыгэбзэр фLыуэ зыщLэ яхэтщ, хабзэр зэрахьэ.
Сэ срихьэлIат Тыркум къикIа хьэщIэхэм. Псоми тфIэгъэщIэгъуэнт икIи ди гуапэ хъуат ахэр къабзэу адыгэбзэкIэ зэрыпсалъэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, дэ ди щIыналъэм щыпсэу адыгэхэм псалъэ куэд урысыбзэу къафIыхохьэ, я хьэл-щэнми тIэкIу-тIэкIуурэ зехъуэж, адыгэр зэса щытыкLэм йокL. Ар къызыхэкIыр цIыху акъылыфIэхэр, гъэсахэр нэхъ мащIэ хъууэ арауэ пLэрэ?.
Хуабжьу сфIэгъэщIэгъуэну седжат сэ «Черкес хэку» газетым ита тхыгъэм. Кавказ зауэм щыгъуэ хэкум ирахуауэ щыта лъэпкъырщ зытепсэлъыхьыр. ЦIыхум и хьэлыр зэрыщытыр аращи, и лъапсэм и къежьапIэр, и тхыдэр нэхъ куууэ зэрызригъэщIэным пылъщ. Апхуэдэ цIыху гумызагъэхэм ящыщщ мы тхыгъэ сызэджар зытепсэлъыхь лъэпкъри. Аргуэру зэ сигъэгупсысащ: «Сыт хуэдэ къару илъэс Lэджэ ипэ хэкум икLахэм къалъхужауэ, зэи ди щLыпLэм къэмыкLуауэ, ауэ хэку зэраLэр зыхащLэу, къыщLэхъуэпсу зыгъэпсэур хэхэс хъуа ди адыгэр?»
Абы нэмыщIу «Iащхьэмахуэ» журналым срихьэлIат тхыгъэ, Тыркум ис адыгэхэм я адэжьхэр залымыгъэкIэ зрахуа щIыналъэм къекIуэлIэжыну зэрыхущIэкъум теухуауэ. Ахэр мэлажьэ, псэун щхьа цIыхум иIэн хуейуэ хъуар яIэщ. Ауэ я адэжь хэкур апхуэдизкIэ фIыуэ ялъагъури, дауэ мыхъуами къызэрекIуэлIэжыным пылъщ, я псэр мыбыкLэ къоLэ.
Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэу,
Бланэр щалъхум зэми зэ йоIэж.
Истамбыл псэупIэ зыхуэхъуахэм,
Адэжь Хэку хъуэпсапIэ яхуохъуж.
Дэнэ дыщымыIэми, сыт хуэдэу гъэщIэгъуэну хамэ щIыпIэр щымытми, дызыщалъхуа щIыналъэр зэи ди гум икIкъым.
Сэ си адэр куэдрэ Аргентинэм щыIащ. Абы къиIуэтэжт а щIыпIэм и фIагъыр: уафэри, щIылъэри гъуэзэджэу, и хьэпщхупщхэри хьэлэмэту, я зэхэтыкLэри гъэщLэгъуэну. Ауэ зэплъытыжмэ, дэ ди щIыналъэм, ди щIыпIэхэм, ди цLыхухэм нэхърэ нэхъыфI щыIэкъым, жиIэт.
Сэ сызэрегупсысымкIэ, ди адыгэ лъэпкъыр сыт хуэдэ гузэвэгъуэрэ гужьеигъуэрэ хэмытами, дэнэ щIыпIэ щымыIами, сыт хуэдэ лъэпкъ яхэмыхьами, ди адыгагъэри, ди бзэ бейри, хабзэ дахэри кIуэдынукъым. Дэри, щLалэгъуалэм, зыхыдощLэ а гурыщLэ къабзэ хэкум упызыщLэр.
Си адыгэ лъэпкъыр хэгуэшауэ,
Хамэ къэрал куэдым ущопсэу.
«Си хэку дыщэщ» ахэр къызэроджэр,
Жыжьэу щытми, гукIэ къыбдопсэу.
(Усэхэр зытхар си анэшхуэ Жантемыр Муслъимэтщ.)

Жантемыр Даринэ Азэмэт ипхъу,
Куэш-Хьэблэ, ебгъуанэ класс.
ЕгъэджакIуэр: Булжат Люся Владимир ипхъу.

***

«Псэр ящэри напэр къащэху»

9. sınır öğrencisi Karden Bella,”Canını verip onurunu kurtarıyor” atasözüne dair olarak ahlak, namus ve onur gibi kavramları ailesi üzerinden değerlendiriyor. Auşıcer Ortaokulu. (Öğretmen: Tatuı Marina)

Мы дунейм тету къыщIэкIынкъым цIыхум «напэ уиIэкъым» псалъэр къилэжьыным нэхъ Iей. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ «напэ» псалъэм къызэщIеубыдэ дунейми узэрытетын хуей хабзэ псори. Мыхьэнэншэу къыпщыхъу Iуэхугъуэми уи напэр трихынкIэ мэхъу. Абы къокI напэр сыт щыгъуи зэрыхъумэн хуейр.
Дэ дунейм дыкъыщытехьам ди адэ-анэр къытщхьэщытщи, Iеймрэ фIымрэ зэхэдгъэкIыу драгъасэ, дыкъыдэкIуэтеихукIэ дэ ди напэр тезыхыныр къыдгурыIуэным дыхуаущий.
Напэ. ЦIыхугъэ. Адыгагъэ. ПщIэ. Нэмыс. Абыхэм я купщIэращ дуней псор зэтезыIыгъэр. Языхэзми къигъэув пщэрылъым утекLмэ, напэтех узэрыхъунур къыдегъащLэ Мыжей Михаил и новеллэ «Пщэху» жыхуиIэм. Хьэту и образым дегъэлъагъу цIыхур зыгъэпуд Iуэхугъуэхэм ящыщ зы. Хьэту и хьэ Пщэху и гъусэу хьэщIапIэ къыщикIыжым, ахэм дыгъужьитI къапэуващ. Пщэху абыхэм щезауэм Хьэту IукIати, хьэм и гугъащ абы баш къихьыну кLуауэ, ауэ Хьэтур кIуэжауэ къыщIэкIащ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, Пщэху къигъанэу Хьэту зэрыIукIыжам абы и напэр трихащ. Ар хьэми, утыку и закъуэу къибнэныр сфIэемыкIущ.
Апхуэдэу сигу къинэжащ Нало Заур и «ЦIыху напэр». Абы къыхощ лIыжьым и напэр удым иримытын щхьэкIэ и бзэр, и нэр, и псэр зэрыритар. «Напэр – псом нэхъапэщ!»
Сэ сызэрапIари, сызэрагъэсари ди лъэпкъым и напэ, си адэ къуэш, Къардэн Къэбартрэ Къубэтийрэ, Совет Союзым и ЛIыхъужьхэм сахуэфащэу, ахэр си щапхъэущ. Ахэм Хэку зауэшхуэр екIуэкIыхукIэ лLыгъэ зэрахьащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, Къэбарт зауэр имыух щIыкIэ Чертков къалэм щаукIащ. Къубатий 2011 гъэм нэс Москва къалэм щыпсэуащ. Дэ ди къуажэ еджапLэм Совет Союзым и ЛIыхъужьхэу Къардэн Къэбартрэ Къубэтийрэ я цIэ зэрехьэ. СыхущIокъу си адэ къуэш лIыхъужьитIым сахуэфащэу мы дунейм сытетыну. Си напэр схъумэну. Си адэ-анэм я щхьэр яIэтын фIэкI, щIрахьэхын Iуэхугъуэ сымыщIэну. СызэрегупсысымкIэ, напэм, намысым, нэхъыжьым пщIэ хуэщIыным, адыгагъэм нэхъ лъапIэ щыIэкъым!

Къардэн Бэллэ Беслъэн ипхъу,
Аушыджэр къуажэ, 9-нэ класс.
ЕгъэджакIуэр: Тату Маринэ Къэлэмбий ипхъу

Yazarın Diğer Yazıları

Vefat

Jineps gazetesi eski yazarlarından, Silivri Kuzey Kafkas Kültür Derneği kurucu üyelerinden hukukçu ve yazar Hulusi Üstün vefat etmiştir. Ailesi, yakınları ve sevenlerine sabır dileriz. Tha...

Ацәыргақәҵа

Ацәыргақәҵа «IS» – иаҳхысыз аамҭа амаӡақәа ҳзаазыртуаз, аха иқәццышәаа ицаз асахьаркыратә ҟазара арҿиамҭақәа ирызкуп. Амцабз иахәхаз ахьыршәыгәқәа ирцәынхаз ахәеи арацәеи заҵәык роуп. Иблит ажәлар...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img