Псэ хадэ
Şore Marina, Pse daxe öyküsünde “Hayat bir gün kalbe yalvardı, eller kitabı açsın, gözler eğilip baksın” diyor.
Псэр гум къелъэIуащ Iэхэм тхылъ къаригъащтэу, къызэгуригъэхыу нэхэр иригъэплъэну. Гум и унафэм мащIэу Iэнкун ищIами, ягъэзэщIащ: Iэхэм къащтащ, сабэр трахури къызэгуахащ, нэхэр мыпIэщIащэурэ еплъыхахэщ, щхьэхынафэу ириплъащ, ахэм ялъэгъуар гум къищыпри псэм хипхъэжащ… Тхылъым тращыпыкIа жылэхэм, бзийхэм щыщ лъэIэсауэ хъуам къахэнащ. Телевизорымрэ компьютерымрэ къарыщ гъащIэ псэншэм, щIыIэм игъэдия псэ хадэр зэщIэщтыхьат, итаIами псэншэ хъури икIуэдыхьыжат…
Апхуэдизу зэщIэщтыхьа, абджу жа псэм дауэ къыщыдэжыжа хъуапсапlэ жылэ цIыкIур? Тхылъ напэкIуэцIхэм къытращыпыкI бзий цIыкIухэм къагъэвыжт псэ хадэр, жылэхэр хэкIэрт. Япэ щIыкIэ гугъу дыдэу. Хуэмыщщэу.
Ауэ, бзий нэхъыбэ зэщIащыпэхукIэ, жылэ нэхъыбэ трасэхукIэ псэр зыIулIа абдж щIыIэр нэхъ Iейуэ щащэрт, жьы къабзэр бгъэгум из хъурти, хьэуа псэщIыжыр лъым хэту лъынтхуэхэм ирижэрт, щхьэм нэху, псэм хуабэ нихьэсу.
Клавиатурэ гъурым щыужырт Iэпэхэр, нэхэри псэхужат, щхьэри къэгъэсэбэпын зэрыщIадзэжам игъэгушхуэрт, гуми, дыгъэ бзий къэщыпынкIэ, жылэ телъыджэхэр тесэнкIэ зигъэнщIыжыртэкъым, псэ хадэри къэщIэрэщIэжт. Тхылъыр Iэм IэщIэкIыртэкъым, Лъэхэм шэнт гъурымрэ, пIэмрэ къытрамычыфу щыта Iэплъэпкъыр иджы хуиту дуней нэхум трашэрт, псы Iуфи, губгъуи, хади, бгыи – дэни нэст, бгъэгум сабэ щызэтрихьар щIыуэпсым къыхиху дахагъэмрэ къабзагъэмрэ ирагъэкъэбзыкIыжт. Дуней хуитым трашэжа псэр псэхужат, тхылъри гуфIакIэм дэлът, хьэндырабгъуэу зелъатэу, гу етIуанэу къыщеуэу.
Тхылъ напэхэр кIуэщIт, псэ хадэм зиубгъурт, гъагъэрт, нэхэм загъэпсэхурт, щхьэр гупсысэ гъэщIэгъуэнхэм ягъафIэрт, гум тхылъ бзийхэр къищып зэпытт.
Сабэ иуэжауэ иджы стIолыщхьэм тетыр телевизор щIыIэмрэ компьютер бгынэжамрэт…
Шорэ Маринэ
Tabış Murat, Kabardey-Balkar Cumhuriyeti Eğitim Bakanlığı tarafından düzenlenen “Anadil” organizasyonları kapsamında Borekuey’ deki ortaokulda yapılan etkinliği yazdı.
Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и Министерствэм иубзыхуа лэжьыгъэм ипкъ иткIэ «Анэдэлъхубзэм и мазэм» епха Iуэхугъуэхэр Тэрч щIыналъэм хыхьэ БОРЫКЪУЕЙ къуажэ дэт курыт еджапIэм дахэу, гукъинэжу щрагъэкIуэкIащ. Борыкъуейр Анзорей жылагъуэм и IэгузэгукIэ зэджэм хиубыдэу зы къуажэщ, Талъостэнеижьым и зы жылэ гупкIэщ, Джылахъстэней щыхьэрибгъукIэ зэджэм языхэзщ. Тхыдэшхуэ зи щIыб къыдэлъ къуажэм хабзэшхуи, адыгэбзэ дахи ноби щызокIуэ. Уригушхуэнуи хуэфащэу, уригъуэзэнуи екIуу тхыдэжь куэди я нэхъыжьхэм нобэм къахьэсауи зэрахьэ. Анэдэлъхубзэм и махуэм ирихьэлIэу еджапIэм игъэхьэзыра IуэхущIафэм къигъэлъэгъуащ я блэкIар зи щапхъэ щIалэгъуалэ.
Борыкъуейм къызэрыщIэтаджэр, адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ хъуну жылэм къыдэкIахэр зэрыкIуа гъуэгушхуэм ирикIуэни къазэрыхэкIынумкIэ гугъапIэ зэрыщыIэр. Анэдэлъхубзэм и махуэщIыр къызэрызэрагъэпэщам узэщIиIатэу екIуэкIащ, Iуэхум нэуфIыщхьэрыуэу зэрыхэмыхьари я лэжьыгъэ гъэпсыкIэм нэрылъагъу ищIащ.
Борыкъуей еджапIэм къиIэта махуэщI зэIущIэм кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и Министерствэм и лIыкIуэхэу Лъэпкъ щIэныгъэхэмкIэ къудамэм и унафэщI ТАБЫЩ МУРАТРЭ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм я фIагъыр къэзыпщытэ къудамэм и IэщIагъэлI, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент, курыт щIэныгъэ щызэрагъэгъуэт «ДыгъафIэ къалэм» адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ щезыгъаджэ ЩОДЖЭН АМИНАТРЭ, Тэрч щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и IуэхущIапIэм методикэ хуэIухуэщIэхэмкIэ и Центрым и IэщIагъэлIхэу ИРЫГУ РИММЭРЭ ЛЭЖЬЭРЕЙ ФЕНЭРЭ, Iуэхур къыдэзыха еджапIэм и унафэщI ШЫНТЫКЪУ ЛАРИСЭ, ШЫНТЫКЪУ ВЯЧЕСЛАВ, егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр.
МахуэщI махуэм хуагъэза лэжьыгъэм щыщу хьэщIэхэр япэ зэплъар тхыдэмкIэ езыгъаджэ ТЕУНЭ ЖАННЭ 11-нэ классым щригъэкIуэкIа дерс-дамэдазэращ. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я щIэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр лъэпкъхэр зэгъунэгъу щIыным и гъуэгуу зэрыщытым теухуат ар. УблапIэу егъэджакIуэм дерсым хуищIами куэд къызэщIеубыдэ: зым и IупщIэр адрейм и щIыбу зэхэт лъэпкъхэм фIы къайхъулIэнкъым, жыхуиIэр. «Чы кIыщIэ къыумыгъэшар бжэгъу хъуа нэужь къэшыжыгъуей мэхъу» псалъэжьыр уигу къэзыгъэкI лэжьыгъэ шэщIа щекIуэкIащ дерсым. Пэжым и цIэкIэ жыпIэмэ, къыхэха хъуа Iуэхугъуэри уи нэIэ зытетыпхъэ псалъэмакъхэм ящыщт. ЕгъэджакIуэм дерсым хуищIа пэублэ псалъэм пэджэжт унэ лэжьыгъэри: щIэнхабзэм, ныбжьэгъугъэм, зэгурыIуэм ехьэлIа гупсысэр зи щIагъыбзэу щыт псысэр адыгэбзэкIэ еджакIуэхэм зэригъэдзэкIащ. А Iуэхуфэм зэуэ дерс гъунапкъэхэми зригъэубгъуащ: япэрауэ, нахуэ хъуащ егъэджакIуэм и гуращэр зыхуэунэтIар, етIуанэрауэ, а гуращэм еджакIуэхэр лэжьыгъэ пыухыкIакIэ хигъэуващ – адыгэбзэкIэ пщэрылъ гъэзэщIэн яритащ, ещанэрауэ, бзэри пщэрылъ унэтIакIэ еджакIуэхэм яригъэгъэпсэулъащ, еплIанэрауэ, къагурыIуэн, зэхащIыкIын хуей Iуэхум анэдэлъхубзэкIэ иригъэгупсысащ. Псысэм къыхаубыдыкIа гупсысэр цIыху лъэпкъхэм зэщхьу яхэлъымрэ зэщхьэщыкIыныгъэу яIэмрэ иришалIэри, псалъэмакъыр уэршэрым хуэкIуащ. Теунэм хузэфIэкIащ хуэзыгъэуш упщIэ защIэкIэ зэхуэдэрэ зэмыщхьу лъэпкъ къэгъэщIыгъэхэм ябгъэдэлъым еджакIуэхэр тригъэпсэлъыхьын. Хэт и лъэпкъи цIыхугъэм и пщалъэхэр зэщхьу зэрызэрахьэр, хэт и лъэпкъи и лъэпкъыщхьэр кърипцIыхуну унейуэ Хабзэ зэрабгъэдэлъыр къыхэщащ егъэджакIуэмрэ еджакIуэхэмрэ я зэхуаку илъа уэршэрым. КупщIэр зыхуэкIуар аращи, уи щхьэ хуумыщIыж пщIэр зыми зэрыхуумыщIынуращ. Аращ адыгэм и тхыдэ курыхым ехьэлIа налъэхэр псалъэмакъым къыхэувэу щыхуежьэр. КъызэфIимыгъэщIу, ауэ умыщIэнкIэ зэрыIэмалыншэри и бгъэдыхьэкIэм къиIуатэу егъэджакIуэм джаур зауэжьым и напэкIуэцIхэр къызэпрегъазэр, ИстамбылакIуэм адыгэм къыхуихьа нэщIэбжьэми и гугъуи ещIыр. Тхыдэм «хъуакIэщэрэт / мыхъуакIэщэрэт» жыхуэпIэр ицIыхукъым, аращ нобэ диIэ щытыкIэм деувэлIэн, блэкIам дерс къыхэтхын щIыхуейр. Зи блэкIар зымыщIэм и къэкIуэнури зэIубзкъым, уеблэмэ хэмыбэкъуэнри хэлъщ. Ауэ абы щыгъуазэм и щхьэм и пщIэри иIыгъщи, гъунэгъухэми лъэпкъ хьэкъ кърат. Ар зэрыпэжыр дерсым и кIуэкIэми къигъэлъэгъуащ. Къэбэрдейм лъэпкъыу исым я бжыгъэр зэзылъыт диаграммэу егъэджакIуэм дерс лэжьыгъэм къыхилъхьари зыхуэунэтIар нахуэт – лъэпкъ куэд щызэжьэхэуэ щIыналъэм зэхущытыкIэхэм утеплъэкъукI зэрымыхъунур, зы лъэныкъуэкIэ, зэгуэр лъэпкъышхуэу щытауэ нобэ къутахуэ хъуам и блэкIам дерс къызэрыхихыпхъэр, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ. Гум имыщтэнкIэ Iэмал зимыIэщ лъэпкъым и нэщэнэ нэхъыщхьэу щытыр бзэр арауэ зэрыщытым егъэджакIуэр тригъэчыныхьу зэрытепсэлъыхьари. «Уи бзэр бзууэ пIэщIэкIамэ…» усэу дерсым къыхилъхьари абы и лъэныкъуэгъу щыпкъэу зэрыщытым и шэсыпIэт. УзэрыхэплъэнкIэ Теунэ Жаннэ игъэхьэзыра лэжьыгъэр екIуу кърихьэлIащ, и гуращэми теIэба хъуауэ къэлъытапхъэщ.
ГеографиемкIэ езыгъаджэ КЪАШЫРГЪЭ АНТИСЭ 8-нэ классым щригъэкIуэкIа дерсым дерс-дамэдазэкIэ уеджэну мащIэу гъэщIэгъуэну зы лэжьыгъэт. Ар теухуат Къэбэрдейм щыпсэу псэущхьэхэмрэ къуалэбзухэмрэ. Къыхэгъэщын хуейщ методикэ и лъэныкъуэкIэ зыщыщIэ щIагъуэ щымыIэу Къашыргъэм и дерсыр зэхэлъхьа зэрыхъуар. Ар хэплъагъуэрт еджэныгъэм къигъэув пщалъэхэм щыщу щхьэзакъуэ лэжьыгъэри, гуп лэжьыгъэри абы зэрыхэухуэнам, иджырей технологие Iэмалхэр зэрыщыгъэпсэуэлъам, зэхуэхьэсыж хуищIам. Дерсыр зытеухуа лэжьыгъэм еджакIуэхэр хуэпшэныр нэхъ Iуэху гугъухэм щыщщ: мыбы щхьэкIэ хэлъэт уиIэныр мащIэщ, набдзэгубдзаплъэу, жану, узэпсэлъэнухэм я зэхэщIыкIым къиубыдынур зыхуэдизыр пщIэуэ ущытын хуейщ. Нэрылъагъу Iэмалым хуэдэу а лэжьыгъэр техуэрабгъуу зэфIэзыхыну щыIэри мащIэщ. Къэбэрдейм щыпсэу псэущхьэхэмрэ къуалэбзухэмрэ траха видеотеплъэгъуэмкIэ иригъажьэщ, зэплъам теухуауэ щIэупщIыкI иригъэкIуэкIыжри, егъэджакIуэм жэуапу къатыр дерсыр зыхуигъэпсам къришэлIащ. Абы тету егъэджакIуэр Къэбэрдейм и щIыуэпсым хэлъ нэщэнэхэм кIэщIу я щхьэфэ иIэбащ, псэущхьэхэмрэ къуалэбзухэмрэ я бжыгъэм, зыщыпсэу щIыпIэхэм ехьэлIауэ щыIэ щIэныгъэм иджыри зэ еджакIуэхэр хигъэплъэжащ. Лэжьыгъэм къыщыIэта хъуа Iуэхугъуэхэр зэпкърыха хъун щхьэкIэ егъэджакIуэм сабийхэр гупиплIу игуэшащ, дэтхэнэри Къэбэрдейм и географие-щIыналъэ гуэшыкIэм техуэу: бгыщхьэ, бгы лъапэ, мэз, губгъуэ щIыпIэхэр къызэщIиубыдэу. Псалъэмакъ купщIафIэр зышэщIыр проекторым къридзэ жыпхъэрат. Ар мащIэу уигъэщхьэрыуэуи зэхэлъхьат – щIыпIэ пэбж щыпсэу псэущхьэхэмрэ къуалэбзухэмрэ къыщриIуэтэкIкIэ, абыхэм ящымыщ гуэрхэри яхэтт. ЕджакIуэм и пщэрылът ахэр къыхигъуатэу жэуапыр пэжым хуишэныр. ЕгъэджакIуэр арэзы зытехъуа жэуапри псалъэм къыщымынэу классым щIэсхэм псоми ялъагъуу «Псэущхьэхэмрэ къуалэбзухэмрэ я хьэритэм (картэм)» сурэту тригъэгъэувэжырт. ЩхьэкIэ зэрагъэзахуэ щIэныгъэр нэкIэ ялъагъууи щIагъэбыдэжырт. Лэжьыгъэ екIуэкIамкIэ нэрылъагъу хъуащ Къашыргъэм абы зызэрыхуигъэхьэзырар: ар щыгъуазэт географие фIэщыгъэхэм, и псалъэми зэрыхуэфащэу дэтхэнэри хигъэзагъэрт. КъызэрыкIуэ псэлъэкIэм хуэIэрыхуэ куэд щыIэми, щIэныгъэ, еджэныгъэ хуэIухуэщIэхэм епха псэлъэкIэмкIэ къыщIэхуэр куэдщ. Абы и лъэныкъуэкIэ Къашыргъэ Антисэ зэпIэзэрыту, къипсэлъым имыджэлу шэрыуэу, лантIэу гупсысэр утыкум къызэрырихьам, еджакIуэхэр зэрызэригъэдэIуам пщIэ хуэфащэщ. ЕджакIуэхэр зэзэмызэ фIэкIа зримыхьэлIа е я гугъу ящIу фIэкIа ямылъэгъуа псэущхьэхэмрэ къуалэбзухэмрэ я фIэщыгъэхэр дерсым уэру щызекIуэрт, апхуэдиз псалъэщIэр IэкIуэлъакIуэу зэрызэIэпахми абы хэлъ щIэщыгъуэр лъэужьыншэ зэрымыхъунури уи фIэщ ящIырт. Методикэ и лъэныкъуэкIэ Iэзэу зэхэгъэува лэжьыгъэр еджапIэм имызакъуэу хэгъэгуми щапхъэу щыгъэлъэгъуапхъэу хьэщIэхэм къалъытащ.
КъэхутакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэхуэси еджапIэм щызэхэтщ. ИригъэкIуэкI Iуэхугъуэм елъытауэ «Гупсысэ» цIэр хуэфащэу зезыхьэ ныбжьыщIэ гупым я Iэщхьэтетри адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ езыгъаджэ БЭЛАХЪУЭ IЭСИЯТЩ. ЕгъэджакIуэм утыку кърихьа лэжьыгъэхэр лъэныкъуэ куэдкIэ гъэщIэгъуэнт. ЩIыналъэ зэпеуэуи ирехъу, хэгъэгупсо зэпеуэуи щрет, абы хуагъэхьэзыр лэжьыгъэхэр адыгэбзэкIэ тхамэ, адыгэбзэм, адыгагъэм, адыгэ Iуэхум теухуауэ щытыпхъэущ куэдым къызэралъытэр. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр икъуэтэрт Iэсият и гъэсэнхэм ягъэхьэзыра къэхутэныгъэхэм. ЕтIуанэрауэ, социологием и Iэмалхэр а IуэхущIафэхэм зэрыхэухуэнам, зытепсэлъыхь Iуэхугъуэм и тхыдэри зэрыщызэпкърыхам лэжьыгъэхэр щIэщыгъуэу уагъэлъагъурт. МахуэщI махуэм къэхутэныгъэ лэжьыгъитI хуагъэхьэзыращ. Зыр щыгъыным нэху къыпхидзу халъхьэ дамыгъэм (фликер) теухуат (абы елэжьар АХЬМЭД АМИНЭРЭ ТХЬЭКIУМАШЭ САЛИМЭРЭ), зыри Борыкъуей къуажэр зэрыгушхуэ и цIыху цIэрыIуэхэм ехьэлIат (Iуэху дэзыщIар КIАШЭ ВИОЛЕТТЭЩ). Лэжьыгъэхэм я ухуэкIэ-гъэпсыкIэми, къыщыIэта Iуэхугъуэхэм я къэIуэтэкIэми, зэрыпхрагъэкIа адыгэбзэми арэзы укъищIырт. Удихьэхырт езы сабийхэм я ныбжьым теухуауэ къэхутэныгъэхэм я бзэри зэрыгъэпсам. ЕгъэджакIуэм иунэтIами, къэхутакIуэ ныбжьыщIэхэм я гуащIэр лэжьыгъэм нэхъыбэу зэрыхэлъыр абы къиIуатэрт. Дэтхэнэ зыри зытепсэлъыхьам уэршэр хъарзынэ къитэджыкIащ, уеблэмэ кърихьэлIа нэхъыжьхэри псалъэмакъ екIуэкIым жану хэлэжьащ, я Iуэху еплъыкIэрэ гупсысэкIи дэгуэшахэщ. Къуажэм лъэпкъ щIэныгъэкIэ зэджэм щыщу дэлъыр мащIэкъым, зэхуэзыхьэсын, къэзыхутэн хуейуэ аращ нэхъкIэ. НыбжьыщIэ цIыкIухэм апхуэдэ зэфIэкI зэрабгъэдэлъым шэч къытумыхьэжыну утыкум итащ.
МахуэщIым и IэтащхьэIулIэжт адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ езыгъаджэ ДЭЖЫГ IЭСИЯТРЭ БЭЛАХЪУЭ IЭСИЯТРЭ ягъэхьэзыра классщIыб лэжьыгъэри. Адыгэбзэм къипсэлъыкIрэ анэдэлъхубзэм епсэлъылIэу апхуэдэ усыгъэ защIэт егъэджакIуэхэм сабийхэм ирагъэщIар. ГукIэ зэрагъэщIам къыщымынэу гузэхэщIэныгъэу абы халъхьари егъэлеяуэ инт. ГущIэм къимыIукI усэм псэр дэушэркъым. Зэджэм гурыщIэу халъхьэм едаIуэр зыIэпишэрт, Iэмалыншэуи анэдэлъхубзэм хуиIэн хуей хуабагъэри къигъэушырт. Дэтхэнэ зы еджакIуэми лъэкIащ усэм и псэр хилъхьэу къедаIуэр къыдихьэхын. ЕгъэджакIуэхэм щIэщыгъуэри зэхащIэу къыщIэкIащ. УтыкуракIуэу щымыт усэбзэр къызэрыхахыфам, зыр зым къыпкърыкIыжу зэрызэкIэлъагъэкIуэфам, зэрызэблагъэкIыфам еджэныгъэм и методикэм зэрыхуэIэжьри нахуэ ищIырт. ЕджакIуэхэр нэрэ нащхьэкIэ зэрагъэкIуа нэхъкIэ екIуэкIым егъэджакIуэхэр зы псалъэкIи къыхыхьакъым. Гъэсэныгъэ нэщэнэ зыхэлъэгъуапхъэу зы бгъэдыхьэкIэщ – сабийр утыку итыкIэм, утыку псэлъэкIэм хуегъасэ. КлассщIыб лэжьыгъэр махуэщIым теухуа къудей мыхъуу адыгэ жьабзэмрэ пкъыбзэмрэ зегъэужьыным зэрыхуэунэтIам мыхьэнэ иIэщ. Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ еджакIуэм бгъэдэлъхьапхъэ щIэныгъэмрэ есэныгъэхэм сыт хуэдэ лэжьыгъэри хуэгъэзауэ щытыпхъэщ. Абы и IуэхукIэ жыпIэмэ, Дэжыгымрэ Бэлахъуэмрэ къаIэта Iуэхум пщIэ хуэфащэщ. И цIэ къиIуапхъэщ классщIыб лэжьыгъэр уэрэдрэ пшыналъэ щабэкIи зэрагъэщIэрэщIам. Борыкъуей дэт ЩIэнхабзэмкIэ Унэм и лэжьакIуэ, пшынауэ АЛШАГЪЫР РИТЭ екIуэкIыр зэрызэхищIэри, абы зызэрыдищIри нахуэу игури и псэри етауэ Iуэхум хэтащ, игъэдэхащ.
Зы адыгэ псэлъафэ щыIэщ: Борыкъуей тэкурэкур мафIэм искъым, жари… Тхыдэшхуэ зи щIыб къыдэлъ жыIэхуэщ. Ужьых зимыIэ, жыхуиIэщ. Зи псэр нэху, зи адыгэбзэр дахэ щIалэгъуалэ дэсщ мы къуажэми, ужьых иIэнкъым, арыххэуи Къэбэрдейр зыщыгугъыни щIэгугъэни иIэнущ. Махуэм екIуэкIа лэжьыгъэмкIэ псори арэзыуэ зэбгрыкIыжащ.