Зи псэр къабзэ
Haradura Alla, Şocentsıku Aliy Tiyatrosunun genç oyuncularından Beytugan Janbolat’ın sanat hayatını anlatıyor
Хьэл-щэн дахэ зыхэлъ, псэ къабзэ, зи нэгум хуэдэу зи гури зэ1уха, зи лэжьыгъэр гурэ псэк1э езыхьэк1 мы тхыгъэр зытеухуа Щоджэнц1ык1у Алий и ц1эр зезыхьэ адыгэ лъэпкъ театрым и джэгуак1уэ ныбжьыщ1э Бейтыгъуэн Жэмболэт и утыку итык1эм удимыхьэхынк1э 1эмал и1экъым. Псалъэ дахэ куэд хужып1ыфынущ и 1уэху зехьэк1эмк1э ц1ыхубэм я гум лъэ1эса мы щ1алэщ1эм.
Ар Лашынкъей дэт курыт школым иджыри щеджэу артист 1эщ1агъэм дихьэхат. Класс нэхъыжьхэм щ1эсу утыку ихьэн щ1идзэри, школым щагъэув гъэлъэгъуэныгъэхэм хэтурэ, щ1ыналъэ, хэгъэгупсо зэпеуэхэм увып1э зэхуэмыдэхэр къыщахьыурэ утыку итыным лъагъуныгъэ хуищ1ат. Иужьк1и ар 1эщ1агъэ ищ1ыну щыжи1эм адэ-анэми къыпаубыдакъым. А зэманым ар к1уэрт Налшык къалэ дэт Гъуазджэхэмк1э сабий школым. Абы къыщыдэлэжьахэу, гукъинэж щыхъуа егъэджак1уэхэу щ1алэщ1эм къыхегъэщ Быдэ Ларисэ, К1эмыргуей Валентин, Бозий Аслъэн, Хьэмырзэ Ахьмэд сымэ. Абыхэм къыбгъэдалъхьа щ1эныгъэр Кавказ Ищхъэрэм Гъуазджэмк1э и институтым щ1эт1ысхьа нэужьи къыхуэщхьэпэжащ Жэмболэт.
Зэджэ предметхэм псом хуэмыдэу щ1алэщ1эр зэл1ал1эр зыхуеджэ 1эщ1агъэм ехьэл1ахэрат. Псори зэрызэхилъхьэным, зэрыщ1иджык1ыным яужь итт ар, ик1и къехъул1эт. Егъэджак1уэхэми, къыдеджэхэми ягу дыхьарэ ф1ыуэ къалъагъуу апхуэдэт.
Еджап1э нэхъыщхьэр къиуха нэужь, мазэ зыбжанэ ф1эк1а дэмык1ауэ, а зэманым театрым и унафэщ1ыу щыта Шыбзыхъуэ Басир иригъэблагъэри Жэмболэт лэжьыгъэ къритауэ щытащ. Зэман мащ1эщ абы лъандэрэ дэк1ар, ауэ абы къриубыдэу щ1алэм хузэф1эк1ащ театреплъхэм я гуми я псэми дыхьэн.
Дэтхэнэ щ1эдзап1эри гугъущ. Бейтыгъуэнми ибзыщ1ыркъым зыпэрыува 1энат1эр нэхъапэ1уэхэм къызэрегугъуэк1ар, сыту жып1эмэ институтым щагъэув спектаклхэмрэ ц1ыхубэ театрым къек1уэл1энухэм я пащхьэ узэрихьэн хуеймрэ зэрызэхуэмыдэр езыми къыгуры1уэрт. Ауэ зыхыхьа гупми захигъэзагъэри, театреплъхэми ягу псэр къихьэхун хузэф1эк1ащ абы.
Илъэсий театрым зэрыщылэжьам къриубыдэу ар дауик1 куэдрэ утыку ихьащ, роль зэхуэмыдэхэр игъэзащ1эхэмк1и театреплъхэм ягу илъу апхуэдэщ. Жэмболэт апхуэдэу щоджэгу Фырэ Руслъан игъэува «Бгъэмрэ бгъэ анэмрэ» спектаклым (Василий Блаженный и ролыр щегъэзащ1э), Теувэжыкъуэ Владимир игъэува «Трактир гуащэ» (унэ1ут Кавалерэ и ролыр щегъэзащ1э), Зыхьэ Заур игъэува «Псэлъыхъухэр» спектаклым (Щыхьым и ролыр игъэзащ1эу), Дэбагъуэ Роман игъэува «Ахэр псори ди бынщ» жыхуи1эм (Крис Келлер и ролыр), «Уахътыншэхэр» спектаклым (Владимир и ролыр щегъэзащ1э), Хьэмыкъуэ Олег игъэува «Шыкъумц1ий» таурыхъым (Шыкъумц1ий и ролыр щегъэзащ1э). Абыхэм къыщымынэу, нэгъуэщ1 зыбжанэми щоджэгу, ауэ абыхэм роль нэхъыщхьэкъым щигъэзащ1эр.
Бейтыгъуэным утыку ирихьэ ролхэм зыри къыхигъэщхьэхук1ыркъым, дэтхэнэри и дежк1э лъап1эщ, ф1ыщ, театреплъхэм я пащхьэ нэсу зэрырихьэным яужь ситщ. Щ1алэщ1эм зэрыжи1эмк1э отрицательнэ роль утыку ирихьэн хуей хъунк1эрэ зэрыхъуным щышынэу щытщ, сыту жып1эмэ лэжьэн зэрыщ1идзэрэ положительнэ л1ыхъужьу ф1эк1 утыку ихьакъыми.
Зыхэт гупым ф1ык1э зи ц1эр къахэщ джэгуак1уэ ныбжьыщ1эр режиссерхэми тыншу ядолажьэр. Псоми я ц1э къримы1уэми дэтхэнэми ущ1ытепсэлъыхьынрэ хужып1энрэ зэрыкуэдыр, псом я дежи 1ущыгъэ гуэр къызэрыщищ1эр, гъуэгу пэж теувэным, илэжь 1уэхур нэхъ тынш щыхъун папщ1э кърат чэнджэщхэр куэду сэбэп къызэрыхуэхъур же1эр абы.
Ирихьэк1 лэжьыгъэм къыдэк1уэу Бейтыгъуэным макъ дахэ дыдэк1э уэрэди же1эр. Нэхъыбэу ар дэзыхьэхри игъэзащ1эри адыгэ лъэпкъ уэрэдыжьхэращ. «Абыхэм къапкърык1 хуэбагъэр уасэ зимы1эщ! Ахэр ди нобэм къыхэпщэн, къыдэк1уэтей щ1эблэр 1эмал зэри1эк1э абы щ1эп1ык1ын хуейщ».- же1эр абы.
Жэмболэт и хъуэпсап1э нэхъ инхэм ящыщщ лъэпкъ щэнхабзэм нэхъри зэрызиужьын 1эмал игъуэтыну. Езыри яхэтщ емызэшыжу абы телажьэхэми ди гуапэщ щ1алэщ1эм и хъуэпсап1эр нэрылъагъу хъуну.
ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ
Сыт зищIысыр лъагъуныгъэр?
Каbardey-Balkar Cumhuriyeti Wurıkhu Köyü 2. Ortaokulu öğrencilerinden Masce Arina, yazısında özlemi gerçek sevginin içinde arıyor
Лъагъуныгъэ… Гупсысэ куэдым хэшыпсыхьыж мыхьэнэшхуэ зыкIуэцIылъ псалъэщ. КъыпхузэщIэкъуэну пIэрэ абы къызэщIиубыдэфынкIэ хъуну псор?
Сэ куэд къэзгъэщIакъым. А къэзгъэщIа мащIэм си унагъуэкIэ, си еджапIэкIэ згъуэта зыхэщIэныгъэхэр тегъэщIапIэ сщIырэ, лъагъуныгъэр зищIысым сегупсысмэ, ар гъэнщIа мэхъу гуапагъэкIэ, хуабагъэкIэ, зэхэщIыкIкIэ. Ауэ сэ си гъащIэм хэт къудеймкIэ къэстхъыхьыну сыхуейкъым лъагъуныгъэм и ныбзхэр. Апхуэдэу щыщыткIэ, зызоплъыхь, къэсщIэну: ярэби, сыт хуэдэ сурэтым ит ар, сыт къыхилъхьэрэ мы гъащIэм, сыт хуэдэ щытыкIэм иригъэувэрэ абы цIыхур?
Дауи, мамырыгъэ, дахагъэ, насып къэзыхьщ лъагъуныгъэр. Ар щыщыIэм деж. ЩыщымыIэм-щэ? Мис аращ сэ нэхъ сызыгъэпIейтейри, сызыгъэнэщхъейри. Сахоплъэ си гъунэгъухэм, си къуажэгъухэм. СыщIодэIу нэгъуэщI къуажэ къыщыхъуауэ къэIу хъыбархэм, соджэ газетхэм, тхылъхэм. Зэхэсхымрэ слъагъумрэ сызыхуашэ гупсысэр гууузщ – мы гъащIэм щымащIэщ лъагъуныгъэр. Абы сезыгъэгупсысыр куэд мэхъу. Псом япэрауэ, зэщыхьэрэ зэдауэрэщ си хъуреягъыр. Псоми фейдэ гуэр къалъыхъуэ. ЗэгъунэгъуитIым щIы кIапэ зэпаубыд, зэкъуэшитIым – адэм и щIэиныр. Зэанэ-зэкъуэм яку илъ лъагъуныгъэр къуэмрэ нысэмрэ зэхуаIэм ефэгъуэкIауэ анэм къелъытэ. Хьэпшып е ерыскъыхэкI зыщэм зрищэр къигъэпцIэну хущIокъу, къэзыщэхуми ар «ауэ хуэдэу» зыIэригъыхьэныр фIэтэмэмщ. Дэлъхум къурIэнкIэ тхьэ еIуэ и шыпхъур фIыуэ илъагъуу, хуей хъумэ, и псэр абы щхьэкIэ итыну, езыр а шыпхъум деж лъагъунлъагъу зэрыдэмыхьэрэ илъэс зыбжанэ мэхъу. Сэ соцIыху щIалэ къулей, и унагъуэр хыфIидзауэ куэдкIэ езым нэхърэ нэхъыщIэ хъыджэбз дэпсэууэ. И быныр имыпIыж щхьэкIэ, хыфIадза сабийхэр щапIыжым мылъкукIэ доIэпыкъу. Къэзылъхуа анэм бампIэ езыт къуэр хьэжыщI макIуэри гуэныхьхэм зыкъыхигъэкъэбзыкIауэ къокIуэж. Ар а гъуэгу кIыхьым тетыху анэ тхьэмыщкIэм и гур гузавэм иIыгъщ, узыншэу къысхуэкIуэжащэрэт, жиIэу.
Гу лъумытэнкIэ Iэмал имыIэу зы Iуэхугъуэ куэдрэ къыщохъу гъащIэм: фIыуэ зэрылъагъуитIыр зэрошэри, зэрызэдэпсэуа щымыIэу зэбгъэдокIыж. Дэни кърахрэ апхуэдэ лъагъуныгъэ ныкъуэщI? Зым жиIам къикIыр адрейм нэгъуэщIу къыгурыIуэмэ, зым адрейм къыпикIухьыну хуэмеймэ, щысхь я зэхуаку дэмылъмэ, дауэ а тIум къызэращIар фIыуэ зэрылъагъуу? Сэ къызэрысщыхъумкIэ, и пэм щыщIэдзауэ къызэрыгъэпцIэжу арат. ПцIым жыжьэ уихьыфынукъыми, зэроужэгъури, зэкIэщIокIыж. Нэхъыбэм зэзышалIэри тIум язым я адэ-анэм бгъэдэлъ къулеягъымрэ зэрахьэ къулыкъушхуэмрэщ.
Сэ гу лъызотэ лъагъуныгъэмрэ мылъкумрэ куэдыкIейрэ зэрызэпэувым. Япэуи а гупсысэм сыхуэзышар ЩоджэнцIыкIу Алий и поэмэ «Мадинэрщ». Лъагъуныгъэ къабзэм зэхэзыщIа Мадинэ дахэрэ Зауррэ унагъуэ зэдаухуамэ, абыхэм бын насыпыфIэ япIынут, я гурыщIэ къабзэм езыхэри дэщIэращIэу, гъащIэр щIэщыгъуэ къащищIу псэунут. Зи щIэлэгъуэхэм я лъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ къару иIэу къыщIэкIащ мылъкум. Мадинэ дахэ лIыжь къулейм иратри и гъащIэр кIэщI ящIащ и Iыхьлы гъунэгъухэм. Мылъкур нэхъ лъэщу къыщIэкIами, абы и къарур зыхурикъуар фIыуэ зэрылъагъуитIыр зэкIэрычынырщ. Ар къэхъуа нэужьым, адэкIэ къекIуэкIар псори мылъагъуныгъэрэ насыпыншагъэрэщ. Хьэлэмэтыр аракъэ, Мадинэ хуэмейуэ лIыжь къулейм иратащ, а зэманыр залымыгъэ щытепщэу щытауэ жыдоIэ. Нобэрей дунейм сэ солъагъу апхуэдэ къулейр (лIыжьми, нэхъ щIалэми хъунущ) езы хъыджэбзхэм къалъыхъуэрэ зэрыдэкIуэн Iэмали халъхьэжу зэрыщытыр. Языныкъуэхэри зэдопсэу, нэхъыбэр зэкIэщIожыж.
ГъащIэр щыдахэр, щыIэфIыр лъагъуныгъэр куэду щыхэлъым дежщ. Сэ сыщIохъуэпс цIыхуу щыIэр зэгурыIуэу, зыр зым щысхьу, дунейгъэдахэу псэуным. Апхуэдэ къыщыхъунур а дунейм тет дэ зэрылъагъукIэ зэдгъащIэмэщ. Ар зэдгъэщIэныр нэхъ тынш хъунущ лъагъумыхъуныгъэм къишэ насыпыншагъэр ди акъылым зригъэзахуэрэ апхуэдэ дыхуэмейуэ дызэкъуэувэмэ. ЦIыхухэр дызыщысхьыжын хуейщ, ди гум фIы илъын хуейщ. ИтIанэ а гур лъагъуныгъэм тIысыпIэ, псэупIэ ищIынущ, гъащIэм абы зыдиужьынущ.
Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм хыхьэ
Урыху къуажэм дэт 2-нэ курыт еджапIэ
Лэжьыгъэр зытхар:
епщыкIузанэ классым щеджэ МаскIэ Аринэ
ЕгъэджакIуэр: Мэрзей Зое
Suriye’den jest: Abhazya ve Güney Osetya’nın bağımsızlığını tanıdı
Suriye yönetiminin Abhazya ve Güney Osetya’nın bağımsızlığını tanıdığı ve bu ülkelerle diplomatik ilişkiler kurma konusunda anlaştığı açıklandı.
Abhazya Devlet Başkanı Raul Hacimba, devlet başkanlığının internet sitesinden yaptığı açıklamada, “Abhazya ve Suriye, iki ülke arasındaki diplomatik ilişkileri büyükelçilikler seviyesinde tanıdığını ve diplomatik ilişkiler kurduğunu ilan etti. Bu, iki ülkenin tüm alanlarda ilişkileri geliştirme arzusunu ortaya koyuyor” dedi.
Güney Osetya Dışişleri Bakanlığı’ndan yapılan açıklamada ise “Güney Osetya ve Suriye, uluslararası hukukun temel ilkelerine bağlılığını teyit ederek, iki ülke arasındaki diplomatik ilişkileri büyükelçilikler seviyesinde tanıdığını ve diplomatik ilişkiler kurduğunu ilan etti” ifadelerine yer verildi.
Suriye’nin Abhazya ve Güney Osetya’yı tanıması uluslararası camiada tepkilere neden oldu.
AB
Avrupa Birliği (AB), Abhazya ve Güney Osetya’nın tek taraflı bağımsızlıklarını tanıma kararı alan Beşar Esad rejimine tepki gösterdi.
AB Dış İlişkiler Servisi’nden (EEAS) yapılan açıklamada, Suriye rejiminin kararının uluslararası hukuka aykırı olduğu ve Gürcistan’ın toprak bütünlüğünü ihlal ettiği belirtildi.
AB’nin Gürcistan’ın egemenliğini ve toprak bütünlüğünü savunduğu aktarılan açıklamada, birliğin bölgedeki sorunun çözümüne ilişkin çabalara desteğini sürdüreceği kaydedildi.
ABD
Abhazya ve Güney Osetya’nın tek taraflı bağımsızlıklarını tanıyan Beşar Esad rejimine tepki gösteren ABD, Rusya’yı bu bölgelerden askerlerini çekmesi yönünde uyardı. ABD Dışişleri Bakanlığı Sözcüsü Heather Nauert, bir açıklama yayımlayarak Abhazya ve Güney Osetya’nın bağımsızlıklarına bir kere daha tepki gösterdi. Beşar Esad rejiminin bu iki bölgeyi tanıması kararı üzerine, Washington’dan yapılan açıklamada, Rusya’ya “işgal ettiği” bu bölgelerden askerlerini çekmesi yönünde uyarı yapıldı.
Türkiye
Dışişleri Bakanlığı Sözcüsü Hami Aksoy, Suriye’nin Abhazya ve Güney Osetya’nın bağımsızlıklarını tanıması hakkındaki bir soruya yazılı yanıt verdi.
Aksoy, açıklamasında “Suriye rejiminin Gürcistan’ın Abhazya ve Güney Osetya bölgelerinin sözde bağımsızlıklarını tanıma ve diplomatik ilişki kurma kararı, uluslararası hukuk, BM Şartı ve ilgili BM Güvenlik Konseyi kararlarının açık bir ihlalidir. Ülkemiz, Gürcistan’ın egemenliğini, bağımsızlığını ve toprak bütünlüğünü desteklemektedir” ifadelerini kullandı.
Gürcistan
Gürcistan Dışişleri Bakanlığından yapılan yazılı açıklamada, Gürcistan hükümetinin Suriye ile diplomatik ilişkilerin kesilmesi yönünde gereken süreci başlattığı bildirildi.
Dışişleri Bakanı Yardımcısı Davit Dondua’nın ifadelerinin yer aldığı açıklamada, “Suriye rejimi bu adımı atarak, egemen bir devletin uluslararası tanınmış sınırlar içerisindeki toprak bütünlüğü ve egemenliğine dokunmazlık konusundaki uluslararası yasal yükümlülüğünü ihlal etti” suçlamasına yer verildi.
Esed rejiminin, Gürcistan’ın tarihi toprakları olan Abhazya ve Güney Osetya hakkında verdiği yasa dışı kararın arkasında Rusya’nın baskısının olduğunu vurgulayan Dondua, uluslararası ortaklarından Suriye’nin bu kararına tepki göstermesini istedi. Dondua ayrıca, uluslararası topluma Gürcistan’ın toprak bütünlüğü ve egemenliğine somut destek verme çağrısını yaptı.