Хэкум И Макъ – Anavatanın Sesi – Ocak 2019

0
1292

«Хьет!» жегъыIэ, Анфисэ!

Hatsuk Raye’nin yazısında Fıre Kanıkue Anfitse’nin Adige Psale (Адыгэ Псалъэ) gazetesinde tefrika edilen “Hattiler” romanı anlatılıyor 

«Хьет!» жегъыIэ!» псалъэхэр дуней тетыкIэ дахэм дыкъыхуезыджэу, абы къыдэкIуэу цIыхугъэм дытемыкIынымкIэ унафэу къытхуэзыгъэна лъэпкъыр, дауи, хуэмыхуакъым. «Хьет!» жегъыIэ!» къыжраIамэ, «фIагъкIэ псоми ятекIуэ, лIыгъэ зехьэ» жиIэу къызыгурыIуэ щIэблэ зыгъэсар, дауи, ныбжь зиIэ лъэпкъщ. Ар хьэтхэм я деж къыщежьэу нобэ «адыгэ» фIэщыгъэцIэр игъуэтыху, сытым зихъуэжами, и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр ихъумэжу къэгъуэгурыкIуа лъэпкъыращ. Сыт хуэдэ лъэхъэнэми лъэпкъ нэщэнэхэм хэкIуэдыкIакъым хэкур фIыуэ лъагъуныр, ар хъумэжыным хуэхьэзырыныр, нэхъыжьым пщIэ хуэщIыныр, быныр зэпэщу гъэсэныр, ныбжьэгъум хуэпэжыныр. Адыгэ лъэпкъым пашэу яIам къалэн нэхъыщхьэу къадэгъуэгурыкIуащ хэкур бийм щыхъумэныр, гъунапкъэхэр гъэбыдэныр, щIы кIапэ къалъысам зегъэубгъуныр. Аращ хьэт лъэпкъым и щытыкIари. Гугъэзэгъэгъуэщ а дуней жыжьэм и щэхухэм щыщ къытхуэзыгъэпсэужын ди тхакIуэхэм къазэрыхэкIар. Зи гугъу сщIыну сыхуейр «Адыгэ псалъэ» газетым тета Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ и роман «Хьэтхэр» аращ. Романым щытлъагъур пащтыхь унагъуэмрэ дзэпщхэмрэ я щыIэкIар, зэхущытыкIар, зыхущIэкъуа-зыщIэхъуэпсахэр, ар къехъулIэным халъхьа Iэмалхэращ. Зэи лъэпкъыр зыхэмыкIа зауэм къызэрыгуэкI зауэлIхэр бжыгъэншэрэ кIуэдыкIейуэ зэрыхэкIуадэр, текIуэныгъэ къахьамэ, пащтыхьыр абы нэхъри ин ирихъуауэ къызэрекIуэлIэжыр ди нэгу щыщIигъэкI напэкIуэцIхэм дыщрохьэлIэ.

Романыр тхыдэм зэрыпэгъунэгъурат нэхъ тегъэщIапIэ сщIынур. Ар къыщожьэ и фIэщыгъэцIэм – «Хьэмтетыгъуэ». Хьэтхэм я пащтыхь МывэтIалэ зэпымычу мысырхэм пэщIэтын хуейуэ, и хъуреягъкIэ щыIэ щIыналъэхэр къизэуурэ и щIым зригъэубгъуу и гъащIэр ихьауэ, иджы и жьы хъугъуэм зэригъэпэща къэралыгъуэр къызыхуигъэнэн зэримыIэм иринэщхъейуэ дыщрохьэлIэ тхылъым. Ар хуеят зи псантхуэр мыузыншэ и къуэ ТIэшуб лъэныкъуэ иригъэзу, пщыгъуэр и къуэш нэхъыщIэ Хьэтусилэ иритыну, ауэ, тхылъыр игъэхьэзырами, пщызэхуэсым щыжиIэну хунэмысауэ дунейм ехыжащ. ТIэшуб илъэсиблкIэ къэралыр IэщIэлъауэ, Хьэтусилэ хузэфIэкIащ абы пщыгъуэр къыIэщIихыжыну. Абдеж къыщыщIэдзауэщ Хьэт къэралыгъуэм зыужьыныгъэшхуэ щигъуэтар, щихьэмтетыгъуар.

Романым и къыщIэдзапIэм къыщыхощ хьэтхэм я къалэр мывэ блын лъагэхэмкIэ къещIэкIауэ, мывэ аслъэнхэр хъумакIуэу къалэ дыхьэпIэм Iусу. А блынхэр зэрыщIар ауэ къызэрыгуэкI мывэтэкъым, дауэ къаIэта икIи зэтралъхьэфа, жыуигъыIэу, мывэ абрагъуэт. Хьэтхэм мывэм къыхащIыкIт тхьэхэм, псэущхьэхэм, цIыхум я сурэт. Ухуэныгъэм къыщагъэсэбэпыну тонн 15 зи хьэлъагъ мывэм елэжьыфхэрт, къаIущIыхьыфырт, траIущIыкIыфырт. Къырым унэ хащIыхьырт, инагъкIэ Iуэхум хуэкIуэ закъуэмэ, мывэ абрагъуэхэм я щхьэфэр захуэ ящIырти унэ тращIыхьырт. Мывэм зыхуейр къыхащIыкIыныр хьэтхэм дежкIэ бэлыхь зыпыщIа Iуэхутэкъым. Абыхэм зэтралъхьэфа мывэ блынхэр нобэми ягъэщIагъуэ, апхуэдизкIэ зэхуэгъэкIуауэ, зэгъэкъуауэ зэтелъщи.

Хьэтхэм гъущIым къыхэщIыкIа Iэщэ къагъэсэбэпу щIадзат, гъуаплъэ лъэхъэнэр икIт. Ар къыхощыж Фырэ-Къаныкъуэм и романым: «Хьэт къэралыгъуэм къарууэ иIэр хуэкуэстэгухэр къызэгъэпэщынымрэ дэщIхэр, афэ джанэхэр нэхъ быдэ щIынымрэ хуиунэтIащ. АбыкIэ я кIэн къикIауэ жыпIэ хъунут хьэтхэм – мысырхэр гъущIым ирилэжьэфыртэкъыми, афэ джанэ яхуэщIыртэкъым. Хьэтхэм куэд щIауэ яхъумэрт гъущIым зэрелэжьым и щэхухэр». Ахэращ гъущIым Iэщэ къыхащIыкIыу япэ дыдэ езыгъэжьар, ахэрат гъущI зэрагъавэм и Iэмалыр къэзыщIар. Абы и щэхур хэIущIыIу щыхъуар Хьэт къэралыгъуэр лъэлъэжа нэужьщ.

УмыгъэщIагъуэу къанэркъым Хьэт къэралыгъуэм щызекIуа хабзэхэм щыщу тхыдэ тхылъхэм къыщагъуэтыжу щIэныгъэрылажьэхэм щыгъуазэ дызыхуащIыжар «Хьэтхэр» романым убгъуауэ къызэрыхэщыжыр. ТхакIуэр, дауи, а зэман жыжьэм куууэ хыхьащ, абы къыщыхъуа-къыщыщIа псори «и фэм иригъэкIащ», гурэ псэкIэ «яхэтащ», апхуэдэу «нэрылъагъуу» хьэт лIыхъужьхэр ди нэгу къыщыщIигъэувэфкIэ.
«Хьэтейм зэи зыри щыпалъэртэкъым, щаукIыртэкъым къуаншагъэ ялэжьами. АтIэ, тезыркIэ зэфIэкIырт Iуэхур: ахъшэшхуэ ирагъэтырт е лэжьыгъэ хьэлъэ гуэр хуагъэфащэрт» – щыжеIэ романым.

Iеймрэ фIымрэ, пэжымрэ пцIымрэ зэхэгъэкIыным мыхьэнэшхуэ иратырт хьэтхэм. НэгъуэщIым лей езыхар къэгъазэ имыIэу ягъэкъуаншэрт, я фIэщ хъурт илэжьа къуаншагъэм пэкIуэу Тхьэм и нэлат къылъысыну, ауэ абы лъыщIэж ирамыщIылIэныр IуэхуфIу щыIэм я нэхъыщхьэу хабзэ щыIэт. Щапхъэу къэтхь хъунущ Телепину пщым и псалъэу тхыдэ тхылъхэм ихуар: «ЖиIащ пщы Телепину езыр зыукIыну хуея бийхэм щхьэкIэ: «Ирепсэу ахэр, ерефэ, ирешхэ. Телепину абыхэм Iей лъэпкъ якIэлъызрихьэнукъым. Сэ аращ сытым дежи жысIэр: сэ лей къызэзыхахэм есхыжыну сыхущIэкъуркъым». ЗэпэщIэуваитIым щыщу текIуэр щIытекIуар пэжыр абы и лъэныкъуэм зэрыщыIэр арауэ къалъытэрт. Ари зы гупсысэкIэ хьэлэмэтт. Зытеуэ щIыналъэхэми хабзэ гуэр хэлъу бгъэдэувэрт хьэтхэр: щыпсэу лъэпкъхэм зыкъатмэ, щхьэхуимыт ящIырт, ауэ яукIыртэкъым, псэууэ къагъанэрт. ЗыкъыпэщIасэмэ, зауэ гуащIэ иращIылIэрт, щысхьырабгъу хэмылъу.

Хьэтусилэ и гъащIэр романым къызэрыхэщыжым куэдкIэ тохуэ. Богазкей дэфтэр хъумапIэм а пащтыхьым и къекIуэкIыкIар езым итхыжауэ тхылъ щIэлъщ. Ар апхуэдизкIэ зэгъэкIуауэ, дахэу итхыжащи, щIэныгъэрылажьэ абы къеджэжахэм ягъэщIагъуэу жаIэ: мыпхуэдэ тхэкIэ, псалъэ къэгъэсэбэпыкIэ зиIа лъэпкъым екIуу зэфIэува литературэ зэраIам шэч хэлъкъым.

Хьэтусилэ щысабийм сымаджэрилэу зэрыщытари, шыхъуэ къалэныр зэриIари, Iэштэр и тхьэунэм ирату къызэрыщыхъуари пэжым тетщ. Хьэт къэралыгъуэм и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щиIэ щIыналъэхэм я унафэщIу ягъэува Хьэтусилэ и гъунэгъу къашкъэ лъэпкъыр дарэгъу къищIын хузэфIэкIати (МывэтIалэ и бияхэр), пащтыхь хъууэ зауэным щыхыхьам ахэр къыкъуэуват. Амурру пщыгъуэм и пащтыхьу фирхьэуным дзыхь зыхуищI Вындэшынэ тригъэуват, ауэ а щIыналъэр хьэтхэм яубыдри пащтыхьри щхьэхуимыт ящIауэ, Хьэкъмыс къагъэкIуат, Хьэтусилэ и нэIэ тету игъэпсэун хуейуэ. Жыжьэ плъэ цIыхути, ар зы зэман къызэрыхуэсэбэпыжынур къыгурыIуэри, гъунэгъу зыхуищIащ, езым и пхъур абы щхьэгъусэу иритащ, Вындэшынэ и пхъур нысэ ищIащ. Пэжуи, пщыгъуэр иубыдынымкIэ сэбэпышхуэ къыхуэхъуат Вындэшынэ, ауэ езыри хилъэфакъым – и пщыгъуэу щыта Амуррэ хьэт щIыналъэ хъуагъэххэти, къыIэщIилъхьэжат. Хьэтусилэ и фIыжыIэгъухэр къызэщIиIэтэу ТIэшуб тридзари, пщыгъуэр езым иубыдари пэжым тетщ. Абы хузэфIэкIащ МывэтIалэ и къуэ ТIэшуб щхьэхуимыту щIыпIэ жыжьэ игъэIэпхъуэну, езыр пащтыхь тахътэм итIысхьэну.

МывэтIалэ пащтыхь ахъырзэмант, ауэ зекIуэ жыжьэхэм къэтыху и хэкум щыщ Iыхьэ, Хьэтуссэ къалэри хиубыдэу, къашкъэхэм яубыдати, арат къалащхьэр щIигъэIэпхъуар. Иджы а лъэпкъыр Хьэтусилэ и лъэныкъуэ къищIыфати, арагъэнущ ухуэныгъэхэр иригъэкIуэкIыу къыщIигъэщIэрэщIэжыфар. Хьэкъмыс щыIа и IуэхущIапIэри псэупIэри абы къихьыжри къалащхьэ ищIыжащ. Мис апхуэдэу къэхъунум егупсыс, абы елъытауэ зи чэзу Iуэхур зэфIэзых цIыхуу тхыдэми къыхощ, романми къыщыгъэлъэгъуэжащ а пащтыхьыр. ЗауэлIхэр Iэщэ-фащэкIэ зэщIэузэдэн, бийм зэрефIэкIын IэщэщIэ къэгупсысын, зауэ IэнатIэм щыIухьэнум, бийр хигъэщIэн папщIэ къэсэбэпыну Iущыгъэ-бзаджагъэу хилъхьэнур къэгъуэтын, махуэщI къэхъуамэ, и къалэн игъэзащIэу и щIыналъэр къызэхикIухьын, цIыхухэм тыгъэхэр яхуищIу, я фIыщIэ къилэжьу – аращ абы и гъащIэр зытеухуауэ щытар.

Романым узригъэгупсысхэм щыщщ пащтыхь унагъуэм къралъхуэ сабийхэм насыпыфIэ къазэрыхэмыкIыр. Псом хуэмыдэу пхъухэм я гъащIэм езыхэм куэди, мащIи унафэ тращIэжыфкъым. А зэман жыжьэу Хьэт къэралыгъуэр щыщыIами а Iуэхур нэгъуэщIакъым. Ар хыдолъагъуэ Хьэтусилэрэ Дэдейрэ я быным. Япхъу курыт Нэптерэ и дахагъыр Iуплъэр зыхьэхущ. Балигъ хъуа хъыджэбзым гухэлъ хуищIащ Хьэтусилэ зи вакъуэ адэ Алэдамэ. Ар мэуэт пщы унагъуэм къыхэкIами, хъунщIакIуэу тенджызым тетхэм къаубыдри хьэтхэм пщылIу къращащи, и лIыгъи, цIыхугъи, пэжыныгъэу унагъуэм яхуиIэри пэлъэщынукъым Хьэтусилэ и пхъур къритыным. Пщыгъуэм лъагъуныгъэ ищIэркъым, ищIэр фейдэщи, Хьэтусилэ дежкIэ фейдэт ипхъу тхьэIухудыр Рамзес II иритрэ, яку илъ зэныкъуэкъу кIэншэр игъэувыIэмэ. ТхыдэмкIэ зыдгъазэмэ, а зэманым хьэтхэр нэхъыбэу къэзыгъэгузавэр Ащыр къэралыгъуэрат (Ассирие). Ащырым ипщ Сэлмэнэсэр Ермэлы бгылъэхэм куууэ къыхыхьэрт, Фэрат (Евфрат) аузым и зы лъэныкъуэмкIэ хьэтыщIхэм къыщыхуеIэу. Хьэтусилэ Митанейм ипщ Шаттуару II дэIэпыкъут, Сэлмэнэсэр абы и щIыналъэм щыхигъащIэмэ, езым деж къэсынутэкъыми, ауэ текIуар Сэлмэнэсэрщ. Абы Ащырыр зэтрикъутауэ Къаркъэмыш къызэригъазэм игъэпсынщIащ хьэтхэр мысырхэм гурыIуэжыныр, Бабылейм (Вавилон) яхуиIа пыщIэныгъэр зэтраублэжыныр. Хьэт къэралыгъуэр зейхэм къахуэнэжыным Iэмал хэлъхьэн хуейт. Мис а щытыкIэ гугъум ит Хьэтусилэщ Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ пщызэхуэсым къыщигъэпсэлъар. Абы жиIар къэрал унафэщI гупсысэ зыхэлъщ, уи гур зыгъэузыр нэхъыбэми: «…Тхыдэм къытхуигъэгъунукъым, къэралыгъуэр Рамзес еттмэ. Хы Курытри тенджыз ФIыцIэри хуит хуэхъунущ итIанэ. Аращи, фирхьэуныр благъэ сщIырэ, фIыкIэ сыгурыIуэмэ, си лъахэр бэIутIэIум щысхъумэнущ. МардэикIыпIэщ мы Iуэхур, си ныбжьэгъухэ. Сыхуейщ мыбдеж къекIуэлIахэр псори Мысырым сутIыпщыну лIыкIуэхэм фахэтыну. Нэптерэ Мысырым фшэуэ, фирхьэуным зэгурыIуэныгъэ ефщIылIэу, хъыбарыфIхэр къысхуэфхьу фыкъекIуэлIэжыну. Аращ си унафэр. ТхуэфIыну!»

Я гъащIэм и унафэ езыхэм зэрамыщIыжынум щIапIыкIырт пщыпхъухэр. Зыхуейм зэрырамытынур, лъагъуныгъэм ихьми, зыри абы елъытауэ зэрыщымытынур пасэу гурагъаIуэрт. Романым къыхощ Хьэтусилэ ипхъухэм ар фIыуэ зэрапкърыхьар: «… Мес, Къейшэху и щхьэгъусэр ди адэм и ныбжьщ. УдэкIуэн хуейщ жаIати, «хъунщ» жиIэу и щхьэр игъэщхъа мыхъумэ, зы псалъэ къыфIигъэкIакъым. Аращ дэри къытпэщылъыр. Ар пщыпхъухэм ди зэхуэдэ гукъеуэщ, ди лъагъуныгъэ щэхур ди гум ибэмпIыхьу ди гъащIэр тхьынущ, – нэщхъей къэхъужащ Нэптерэ.

– Умынэщхъей, си шыпхъу дахэ, си гур уогъэуз, – Нэптерэ и Iэблэр Тэшмий еубыд …»
СыткIэ ящIэнт зэшыпхъуитIри апхуэдэ дыдэу ныбжь зиIэ Рамзес II илъэсий я зэхуакуу щхьэгъусэу иратыну…

Аратэкъэ ахэр къэзылъхуа анэм и Iуэхури зэрыщытар?

Зи гурылъыр къыхуэзыIуэта ипхъу Нэптерэ егъэIущ Дэдей: «Сэри фи адэр сцIыхуакъым сыкъыдэкIуэн ипэ. Сыкъратын ипэ, нэхъ тэмэму жыпIэмэ. Сэри сиIащ лъагъуныгъэ щэху, – и набдзэ лъэныкъуэр дришейри, щхьэгъубжэм дэплъащ гуащэр. – Ауэ, плъагъурэ, Хьэтусилэ фIыуэ слъэгъуащ, сызэгуэудурэ сыкъратами. Ар езы цIыхухъум елъытауэ аращ, фIыуэ плъагъунрэ пхуэмылъагъунрэ. Фи адэр цIыху щабэт, хьэлэлт, къысщысхьырт, сыкъыгурыIуэрт. Плъагъурэ, езыми куэд и нэгу щIэкIат, куэд игъэвати, фIым и уасэр ищIэрт. Арати, и цIыхуфIагъымкIэ, и щабагъымкIэ, и щытыкIэ дахэмкIэ сыкъыдихьэхащ».

Ауэ Дэдей хуэдэу, къэралыгъуэм и къэкIуэным тращIыхьурэ имыцIыхуххам, имылъэгъуам ират псоми я гъащIэм лъагъуныгъэ къыхыхьэртэкъым. Пщыгъуэм и фейдэм текIуэдахэм я щапхъэу романым къыщыгъэлъэгъуащ ТIэшуб и щхьэгъусэ Зэнзей. Ар зыIут IэнатIэр гугъэбэгщ: «ТIэшуб и жэщгъуэлъхэр къриджауэ, хэт жызум къыжьэдилъхьэу, хэт къедэхащIэу, хэти санэплъ къыхуригъахъуэу зэхэст, дунеижьым къыщыхъур къафIэмыIуэхуу. Зэнзей пщыр илъагъуну къыщыщIыхьэм, абы къригубжьащ:
– ФыщIэкIыт зэрыщыту! – жиIэри, бжэблыпкъым къиуващ.
ЦIыхубзхэр абы хуеплъэкIырт пыгуфIыкIыу, щIэнакIэу.
– ФыщIэкI, жысIакъэ?! – Зэнзей и макъым зыщригъэIэтым, ТIэшуб и щхьэр ищIащ, «фыкIуэ» жыхуиIэу…»

Дахэу укъамылъхуу, насыпыфIэу укъалъхутэм, жыхуиIэм хуэдэщ пщыхэм япхъухэм я гъащIэр. Наптерэ и дахагъым итхьэкъуа Рамзес II цIэщIэ къыфIищат – МэIэтхъэрнефрурэ (дыгъэм хуэдэу дахэ), адрей и щхьэгъусэ къомым химыгъэгъуащэу, нэхъыщхьэ ищIат. Нэптерэ романым къызэрыхэщыжым хуэдэ дыдэу тхьэIухуду зэрыщытам шэч къытозымыгъыхьэщ тхыдэ тхыгъэхэм абы и гугъу къыхэнар:

«Зиусхьэным къилъэгъуащ абы и теплъэ Тхьэхэм ещхь зыщIыр. Ар къэхъугъэ телъыджэт, зэи зыми имылъэгъуа хьэлэмэтт, псалъэкIэ пхужымыIэнт, зы тхыгъи зэи къыхэмыщат… Фирхьэуным ар адрей и щхьэгъусэхэм нэхърэ нэхъыфIу илъэгъуащ».
Фирхьэуным зэрыратынур, Алэдамэ зэи зэримылъагъужынур къэзыщIа Нэптерэ мурад ищIащ адэми, Рамзеси, убзапщIэу зэратми я нэхейкIэ зы жэщ насыпыфIэну. А жэщыр дихьащ фIыуэ илъагъу щIалэм. ЕкIукъым, тIури къуаншэщ. ТIури Хьэтусилэ ебэкъуащ, хабзэм елъэпэуащ, я нэмыс яIыгъыжакъым, укIытэ ящIэжакъым. Ауэ апхуэдиз тегушхуэныгъэ зыхэлъ адэм и пхъур хуэмыхь щытыкIэм ирагъэувэмэ, сытми ебакъуэу зыгуэр хуэгъэшыну къысщохъу. Къэрал абрагъуэр зыIэригъыхьауэ зэрызэщIиIыгъэжын къарурэ лIыгъэрэ зыбгъэдэлъ Хьэтусилэ и пхъум къэукъубеин хьэл-щэни къылъыкъуэкIыфынут, зэ еплъыгъуэкIэ гъэсэныгъэм зригъэува жыпхъэ щIыкIафIэм итми. ДэкIуэнущ зратым, апхуэдэщ къекIуэкIри. Ауэ езыми хуитыныгъэ зретыж и дзыгъуэ джанэр фIыуэ илъагъум щригъэхыну. Псэуху аращ абы насыпкIэ зэджэм щыщу игъэунэхунури, игу къигъэкIыжыну игъуэтынури. Арагъэнщ щIыпIэ жыжьэм, хамэ цIыхухэм ядихьыну гъащIэр къыдэзыгъэпсынщIэнур.

Алэдамэ, Хьэтусейм щыщхьэхуимытми, Мэуэтейм щыпщыкъуэт, ауэ дэнэ щымыщами, пэжыныгъэ, лIыгъэ, хахуагъэкIэ сыт хуэдэ фIыщIэ къимылэжьами, Нэптерэ и насып хэхуэнутэкъым, а пщащэр къэралитIыр зэхуэфIыным и уасэти. Арат Хьэтусей къэралыгъуэм дежкIи абы и пащтыхь Хьэтусилэ дежкIи мыхьэнэ зиIэр, армыхъум ныбжьыщIитIым я гурыщIэм и кууагъыратэкъым.

Рамзес жьы хъуат Хьэтусилэ ипхъу нэхъыщIэ Тэшмий мылъкушхуэ дэщIыгъуу щыхурагъэшам. Нобэрей гъащIэм дипсэлъыкIмэ, «ар дауэ, мы сабийр мо лIыжьми? зэшыпхъуитIми зы щхьэгъусэ яIэуи?» жытIэнущ. Ауэ а зэманым шордакъым къеплъых пщым илъагъум елъытат ищI унафэри. Сытыт Хьэтусилэ илъагъур? И псэм тыншыгъуэ къримыту, и щхьэр игъэуз зэпыту и гум илъ гупсысэхэмкIэ пащтыхьыр къадогуашэ зэхэшэм кърихьэлIа и дзэпщхэм: «Сыт хуэдиз зауэ къызэднэкIа? Сыт хуэдиз гъащIэ яхьа а зауэхэм! Сыт хуэдиз насып зэтракъута абыхэм! Зауэ нэужьыр хьэдагъэщи, анэхэмрэ щхьэгъусэхэмрэ я нэпсыр мыгъущ щIыкIэ, зеиншэу къэна, къэжэпхъа къуэхэмрэ къуэрылъхухэмрэ ирагъажьэу дыкъогъуэгурыкIуэ. Ди щIыр къытхуэнэжа щхьэкIэ, дэ езыр мащIэ дыхъуащ. Лъэпкъыр кIуэдыжыгъуэ диувауэ жыпIэ хъунущ. Сыхуейкъым си адэжьхэм нобэм къашэса къэралыгъуэр яжьэ хъужыну, си пагагъэм текIуэдэжыну, си лъэпкъэгъухэм я кхъащхьэм фирхьэунхэм уардэ Iуащхьэ тращIыхьыну. Си пхъур сыгуIэу естрэ си гур си бгъэм ирисхьэжмэ нэхъыфIщ. АбыкIэ зауэр къэзгъэувыIэнщ, нэхъыжьхэм нэхъыщIэхэр щIалъхьэжу зыми илъагъужынкъым, – зыпэрыс Iэнэм IэштIымкIэ теуащ пщы къызэщIэплъар».

А зэман жыжьэм щегъэжьауэ зауэхэр зэрызэхаублэри, зэрырагъэкIуэкIри насыпыншагъэу къишэр къагурыIуэ защIэурэщ. Ауэ ар Iэмалт хамэщI яубыду я щIыналъэм зрагъэубгъунумэ. Къазэуа къэралыгъуэхэр къахъунщIэмэ, ар Iэмалт къулей ирихъуну. Абы и цIыху щхьэхуимыт ящIахэр лэжьакIуэт, я щхьэ къаIэтыну, мыарэзыныгъэ къагъэлъэгъуэну зы Iэмали ямыIэу. Арати, зы къэралыр адрейм теуэрт.
Зауэм ущышынэну, гущыкI хуэпщIыну ирокъу Къуэдэш зауэм хэт Рамзес II и сурэтыр: «Псом нэхърэ нэхъ шынагъуэр выщIэ губжьам хуэдэу, зауэ губгъуэм щыуфэразэ фирхьэунырат. Къамылыфэу щытауэ умыщIэжу, абы и щIыфэр хьэт зауэлIхэм къащIэжа лъым дыхьэрэну ириIат, и IитIми яIэщIэлъ джыдэ зырызым лъыр къыпыткIуу, езыр бауэбапщэу щытт ар, бийм и лъэныкъуэмкIэ плъэуэ. Къэгъази икIуэти ищIэжыртэкъым. Рамзес быдэу игу ирилъхьат: абы е и хьэдэр нобэ Къуэдэш къыщинэнут, е МывэтIалэ и къэралыгъуэр иубыдынут».

Къуэдэш зауэр къэхъуа Iуэхуу зэрыщытым щыхьэт техъуэ тхыгъэхэр къагъуэтыжащ, и екIуэкIыкIари зэфIагъэувэжащ щIэныгъэрылажьэхэм. А зауэм теухуауэ «япэ дыдэ е иужь дыдэ къэхъуат» зыхужыпIэн Iуэхугъуэхэм щыгъуазэ дащI тхыдэ тхылъ къагъуэтыжахэм. Хьэтхэри мысырхэри зыхэта зауэхэм щыщу япэ дыдэу тхыгъэм къыхэщыжар Къуэдэш деж щекIуэкIаращ. Хьэтхэмрэ мысырхэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэращ япэ дыдэу зэзэуа лъэныкъуитIыр иризэкIужауэ тхыдэм ицIыхур. ИкIи а зауэращ гъуаплъэм и зэманым екIуэкIа иужьрей дыдэ зауэр.

Къуэдэш зауэр МывэтIалэ иригъэкIуэкIащ, зэгурыIуэныгъэр щызэращIылIар Хьэтусилэ и тетыгъуэращ. Ди лъэхъэнэм ипэкIэ ХIV лIэщыIыгъуэм и кIэт, ХIII-м и пэт.

И къэралыгъуэр лъэщ хъуным, ар хъумэжыным сыт хуэдэ Iэмалри хэзылъхьэ, и быным и насыпри абы щхьэузыхь хуэзыщIу романым къыхэщ Хьэтусилэ тхылъым и лIыхъужьу мыхъуу, дунейм тета пащтыхьу, дзэм я гъуазэу деплъмэ, и бий нэхъыщхьэхэр здэщыIар и унагъуэрат. Абы и къуэхэр къепцIыжыну хьэзырт, ипхъурати, адэм пэщIэувэжри, абы и бийуэ цIыхум закъригъэIэтыну хэтат. МывэтIалэ и гъуэгум ирикIуэу, и быныр тригъэкIуэтри, Хьэтусилэ пщыгъуэр къыхуигъэнат и пхъурылъху Мурсилэ, япэ щIыкIэ къуэ ищIри. ЛIыгъэрэ тегушхуэныгъэкIэ ар хуэфащэт Хьэтусилэ, абы и щыхьэтщ къэхъункIэ хъуну уи фIэщ щIыгъуейуэ хузэфIэкIар – Бабылейр къищтэри, мылъкуу яIэр къришащ, я тхьэ скъархэр къишэри езым и гъунапкъэхэр яхъумэну Iуигъэуващ. Ауэ Мурсилэ дзэпщ Iэзэу, и къэралыр нэхъ лъэщ зэрищIыным хущIэкъуу псэуами, и малъхъэ Хьэнтилэ хузэфIэкIащ щыкъу щIалэ пащтыхьыр иукIыу тетыгъуэр зыIэщIилъхьэну. Хьэнтилэ и тетыгъуэм и къуэхэм я анэр яукIыжащ.

Пщыгъуэр зылъысын хуея и къуэр и малъхъэ Цыдэнтэ, Мурсилэ щиукIым къыдэIэпыкъуам, къиукIри, езым пщыгъуэр иубыдащ. Нэхъ Iеижырати, Цыдэнтэ зыIэщIэкIуэдэжар къилъхуа и къуэ Аммунэщ, хуейт и пIэм иувэну. Аммунэ и ажалкIэ лIат, ауэ и къуэхэр яукIащ. Апхуэдиз зэныкъуэкъурэ лъыгъажэрэ зи яку илъхэм къэрал Iуэху зэрахуакъым. Хьэт къэралыгъуэм и щIыналъэхэр зыхуэубыдым яубыдащ.
Илъэс тIощIрэ тхум нэс пщыгъуэр зыIыгъа Хьэтусилэ зауэм хэт защIэу и гъащIэр ихьат, нэхъыбэми текIуат, Мурсили абы къыкIэрымыхуу лъэрызехьат, ауэ ахэр щымыпсэужым, зэрагъэпэща къэралышхуэр тыншу лъэлъэжащ. Иужь къинахэм пщыгъэр зэрызыIэрагъыхьэн гъэпцIагъэ къагупсысу фIэкIа, къахуэна къэралыгъуэ лъэщыр зэрахъумэн гупсыси зэфIэкIи къалъыкъуэкIакъым: зыр зым иукIыжт, зыр адрейм епцIыжт.

Романым къыхощ апхуэдэ зэныкъуэкъу сытым щыгъуи зэрыщыIар. МывэтIалэрэ Хьэтусилэрэ я анэр IэщIэкIуэдат тажнанэм, щхъухь ирихьат. МывэтIалэ пщыгъуэр къыщылъысам, Хьэтусилэ абы пэувыну зигъэхьэзыру гурыщхъуэ хуащIат, ауэ пыухыкIауэ илэжьа Iуэху гуэри утыку къахуэмыщIу, хейуэ хэкIат. Хьэтусилэ и зэран емыкIами, МывэтIалэ къыхуиухатэкъым и ажалкIэ лIэжыну. Дигу къэдгъэкIыжынти Хьэтусилэрэ хьэпсым ирадза Вындэшынэрэ я псалъэмакъыр:

– Псом япэрауэ, МывэтIалэ и ажалкIэ лIакъым. Ди пщышхуэм щхъухь ирахьэлIащ зэман кIыхькIэ. ЗэшэзэпIэу къытехуэу мылIэну, игъэсымэджэн хуэдэу, – и макъым зримыгъэIэтыщэу, зыгуэрым зэхихынкIэ шынэу мэпсалъэ Вындэшынэ.
– Сыт мы жыпIэр?! Хэт зыгъэлIар?– къэуIэбжьащ и нэщхьыр зэхэлъу абы щхьэщыт Хьэтусилэ.
– УмыщIэ хуэдэ…
– Хэт зыгъэлIар? – щIокIие.
– Щэхуу! Тхьэхэр узогъэлъэIу, щэхуу! Зэанэзэкъуэращ зыгъэлIар, Шэтэндурэ ТIэшубрэ.
Шэтэнду езыр щтэращтэ къудейт, гуащэ нэхъыщхьэу МывэтIалэ бгъурытыну къыхуихуатэкъым. Ауэ МывэтIалэ бгъурыт Гуащэлей имыIэу зы насып иIэт – пщым къуэ къыхуилъхуат. ЦIыхубзыр хуейт ар насып кIыхь ищIыну, и къуэр адэм и пIэ иувауэ илъагъуну. Къэрал Iуэхур япэ изыгъэщ МывэтIалэ и къуэр лъэпкъылI зэрымыхъуар и нэгу щIэкIти, хабзэмкIэ къызылъысыпхъэр арами, хуейтэкъым абы Хьэт къэралыгъуэр къыхуигъэнэну. Гу лъитат езыр зыхуейм хуэдэ лIыгъэрэ гупсысэ узыншэрэ къызылъыкъуэкIынур и къуэш Хьэтусилэу зэрыщытым. Хабзэм зэхъуэкIыныгъэ хилъхьэу ТIэшуб лъэныкъуэ иригъэзыну мурад зыщIам Шэтэнду щысхьакъым, мащIэ-мащIэурэ гын и шхыным хухилъхьэурэ лIэным нигъэсащ.

Зы лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, Шэтэнду и бынщ къызыщхьэщыжар. Ар, езыми зэрыжиIащи, анэ хуэмыхутэкъым. И къуэр къылъысыпхъэм хигъэкIыжыну хабзэр зыхъуэжыр а цIыхубзым дежкIэ бийт, ар а къуэм и адэу щытми. Шэтэнду сытым щыгъуи ТIэшуб бгъурытщ, и нэIэ тригъэтщ, къыгуроIуэ щIалэм и акъылым куэд зэрыхузэмыгъэзэхуэнур, аращи къэхъум елъытауэ чэнджэщ иритыну хьэзырщ. Шэтэнду иIэр анэ гупсысэкIэщи, Хьэт къэралыгъуэр и къуэм еин хуейщ, хузехьэн-хуземыхьэным емылъытауэ. Щогугъ езыр дэIэпыкъуэгъуу иIэмэ, пщыгъуэр яхуэхъумэну. Шэтэнду насыпым пэIэщIэ зыщIар зыхуигъэфащэ увыпIэр МывэтIалэ деж зэрыщимыгъуэтарати, нэхъуеиншэу щIэхъуэпст и гъащIэм щыщIар и къуэм деж щыз щищIыжыну. АбыкIэ зэран хъуну къыщыхъухэр и гъуэгум трихыну хьэзырт: Хьэтусилэ иригъэукIыну мурад иIэт, Дэдейрэ Нэптерэрэ лIыукIхэр гъуэгум къащыпигъэтIысат. А цIыхубзыр бзаджащIэщ, гущIэгъу зымыщIэщ, инатщ, ауэ а псори зыхэпсэукI зэманымрэ зэса зэхэтыкIэмрэ къыхиха щытыкIэу аращ. И къуэр пащтыхь тахътэм иригъэтIысхьэу езыми и гъащIэм и къутахуэхэр зэкIэригъэпщIэжыным папщIэ абы, хьэрэмрэ хьэлэлкIэ зэхимыдзу, сыт хуэдэ Iэмалри къигъэсэбэпынут. Езыр къагъэсэбэпакъэ? Щтэращтэу пащтыхьым къыщыхуашэм хэт еупщIар, пфIэIэфIыну апхуэдэ псэукIэр хьэмэрэ узыхуэмей, жаIэу? МывэтIалэ и щIэщыгъуэр икIыу кIэлъымыджэжыххэ щыхъуами, хуиIакъым, сытым щхьа укъысхуэщIыIэ, жиIэу еупщIыну. Мыхьэнэ гуэр иIэу зыкъыщыхъужыным, унафэ къыхуащI зэпыту мыхъуу, езым ищIыфу хъунымкIэ и къуэращ и хэкIыпIэр.

Хьэтусилэ сыт ищIыс и лъэныкъуэкIи цIыху зэпэщу къигъэлъэгъуащ тхакIуэм, ауэ тхыдэм и пэжым тетыну хущIэкъути, гурыщхъуэ хуозыгъэщI гуэрхэр къыхэмыхьэу къэнакъым. Псалъэм папщIэ, ар и къуэшым пэувыну хэту гурыщхъуэ щыхуащIам, Iуэхур къыдэзыхами Хьэтусилэ жэуап ирагъэтыну ныкъуэкъуахэми МывэтIалэ яхэтакъым, едауэтэкъым и къуэшым. Зыр зым кIэлъыплъыжу, дзыхь жыхуаIэр ямыщIэу зэхэт гупым лъабжьэ гуэр имыIэу кърахьэжьауэ къыщIэкIынтэкъым а псалъэмакъыр. НэгъуэщI гуитIщхьитI узыщIи хэтщ абы и унафэхэм. Пщыгъуэр къызытриха ТIэшуб къэралыгъуэшхуэм и зы щIыналъэ цIыкIу унафэщIу егъакIуэ и анэри дэщIыгъуу. Абы хуэдэ политик жыжьэрыплъэм дежкIэ гугъутэкъым къыгурыIуэну ТIэшуби Шэтэндуи ар гурэ псэкIэ къащтэу щэху цIыкIуу зэрымытIысыжынур. И нэщIыбагъкIэ зыри къыкIэлъызрамыхьэну тхьэрыIуэ иригъэщIами, ищIэрт Iэмал имыIэу ялъ ящIэжыну яужь зэрихьэнур. Къуэншагъэ нэрылъагъукIэ утыку къэхъумэ, ар щхьэусыгъуэ хъарзынэ хъунут зэанэзэкъуэр зэи къыздимыкIыжын щIыпIэ игъакIуэу, езым игурэ ищхьэрэ зэтелъу псэунымкIэ. ЦIыхущхьэм и уасэр здэпуд зэхэтыкIэм сыткIи захуагъэм тет, хабзэр къэзымыкъутэ, щысхь зыщIэ унафэщI къыщыбгъуэтыныр гугъу хъуну къыщIэкIынщ, ауэ зэман къэс езым и хабзэ егъэувыжри, а зэманым хэпсэукIхэм дежкIэ пэжыр аращ.

Романыр тхыдэм къыхэкIа хъыбар пэжу къыпщызыгъэхъухэм щыщщ лIыхъужьхэм я цIэ дыдэхэр тхакIуэм адыгэ жыIэкIэм къызэрыригъэтIэсар. Хьэтусилэ – Хаттусили III, МывэтIалэ – Муваталли II, Урхи-Тешшуб – ТIэшуб, Вендишена – Вындэшынэ, Наптера – Нэптерэ, Кадеш – Къуэдэш, Хакмис – Хьэкъмыс…

Романыр зэрытха бзэм еджэгъуафIэщ, зи гугъу ищIыр уи нэгу къыщIегъыхьэф, лIыхъужьхэм зэм я гурыгъузыр ящхьэщыпхыу, зэм я гукъыдэжыр ядэпIыгъыу, зэми щыуагъэ гуэрым щыпхъумэну чэнджэщ епту, къемыхъулIэмкIэ уадэгузавэу урагъусэщ, я гъащIэр къадыбогъащIэ. «Хьэтхэр» пщIэ къэзылэжь тхылъщ, иужьрей зэманым адыгэ литературэм къыщыхъуа нэхъ къэхъукъащIэ гъэщIэгъуэнщ.

Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ тхакIуэ щIалэщ. Мыпхуэдэ лэжьыгъэ мытыншым зрипщыту тхылъеджэм игу нэсын дуней къыщигъэщIакIэ, дыщогугъ адэкIи «Хьэтхэм» пимыкIуэтын тхыгъэкIэ, апхуэдэу гъэщIэгъуэн хъунут и творчествэм хьэт темэм гъуэгу кIыхь щыпхишатэмэ.

ХьэцIыкIу Рае

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz