Бзэм и къару лъэщыр

0
1381

Ди щIыналъэм цIэрыIуэ щыхъуа «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо фестиваль-зэпеуэм жылагъуэм щиIэ мыхьэнэм куэд щыгъуазэщ. Лъэпкъ зыужьыныгъэм хуэгъэпса а проектыр 1999 гъэм къыхилъхьауэ щытащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм. Зэпеуэр жыджэру къыдаІыгъащ «Адыгэ псалъэ» газетым. КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щІэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ н мнистерствэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, нэгъуэщІ къэрал ІуэхущІапІэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм. Анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ, тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэныр, бзэр курыт школхэм зэрыщаджыр егъэфIэкIуэныр, апхуэдэуи а Iуэхухэм хуэлажьэ егъэджакIуэ нэхъыфIхэр наIуэ къэщIауэ гъэпэжэныр, еджакIуэ зэчиифIэхэр белджылы къэщIауэ гъэгушхуэныр зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ.

Бзэращ лъэпкъым и псэр. Лъэпкъыр лъэ быдэкIэ увыныр, абы и тхыдэм, гъуазджэм, щэнхабзэм заужьыныр, цIыхухэм я зэхэщIыкIым зиузэщIыныр зэлъытар бзэм и къарурщ. А псори къалъытащ зэпеуэр къыхэзылъхьахэм икIи абыхэм ятещIыхьауэ яубзыхуащ и къалэн нэхъыщхьэхэр. Апхуэдэхэщ:

– адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ курыт еджапIэхэм зэрыщаджыр егъэфIэкIуэныр;
– егъэджакIуэ пажэхэм я лэжьыгъэм кIэлъыплъыныр, абыхэм фIыуэ, хьэлэмэту къагъэсэбэп Iэмалхэм псори щыгъуазэ щIыныр;
– адыгэбзэр фIыуэ ялъагъуу, я анэдэлъхубзэм къабзэу ирипсалъэу щIэблэр къэгъэтэджынымкIэ еджапIэхэм, гъэсапIэхэм щекIуэкI гъэсэныгъэ лэжьыгъэр егъэфIэкIуэныр;
– адыгэ хабзэм, лъэпкъ щэнхабзэм щIэблэр щIэпIыкIыныр, гъэсэныгъэ лэжьыгъэр нэхъ зыубгъуауэ къэгъэсэбэпыныр;
– лъэпкъ еджапIэ, гъэсапIэ нэхъыфIхэр къэхутэныр, абыхэм я лэжьэкIэр цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэмалхэмкIэ гъэлъэгъуэныр;
– еджакIуэ зэчиифIэхэр утыку къишэныр, я зэфIэкIыр щапхъэу гъэлъэгъуэныр;
– еджапIэ, гъэсапIэ IэнатIэхэм я Iуэху зыIутым жылагъуэм, адэ-анэхэм, ар зэхьэлIа къулыкъущIэхэм гу лъегъэтэныр.

Зэпеуэм хэтыну курыт еджапIэ, сабий гъэсапIэ нэхъыфIхэр къагъэлъагъуэ хабзэщ щIыналъэ администрацэхэм егъэджэныгъэмкIэ я къудамэхэм, къалэ департаментхэм къызэрагъэпэща къэпщытакIуэ гупхэм. Ар щекIуэкIкIэ къалъытэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ школым анэдэлъхубзэр, литературэр зэрыщрагъэдж щIыкIэр (урокхэр, программэхэр, планхэр); куей, къалэ, республикэпсо зэхьэзэхуэхэм еджапIэм и гъэсэнхэм щаIэ ехъулIэны-гъэхэр; адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ щрагъэдж пэшхэм я теплъэр; еджапIэм и библиотекэр зэрырагъаджэ тхылъкIэ, художественнэ литературэкIэ къызэрызэгъэпэщар; егъэджакIуэхэм я методикэ лэжьыгъэхэр; бзэм, тхыдэм, хабзэм теухуауэ школым щекIуэкI классщIыб гъэсэныгъэ, къэхутэныгъэ лэжьыгъэр; адыгэ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэм щIэблэр зэ-рыщIапIыкI гъэсэныгъэ лэжьыгъэм я планхэр, программэхэр, планшетхэр, альбомхэр, стендхэр.

«Си бзэ – си псэ, си дуней» фестиваль-зэпеуэм щытекIуахэм папщIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэм ахъшэ саугъэтхэр, тыгъэ лъапIэхэр ятыну ягъэув хабзэщ.

Гъуэгуанэ дахэ къикIуащ зэпеуэм. Нэхъапэм зэхьэзэхуэм и утыку къихьэу щытар адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэрауэ щытамэ, илъэс зыбжанэ хъуауэ абы къыхыхьащ урысыбзэмрэ литературэмрэ, балъкъэрыбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэри. Зэпеуэр нобэ унэтIыныгъэ куэд зиIэ республикэпсо фестиваль ехьэжьауэ йокIуэкI. УнэтIыныгъэхэм къыхыхьащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыт псори лъэпощхьэпоуншэу абы къыхэзышэ «Дерс дамэдазэхэр» унэтIыныгъэр. Дакъикъи I0-кIэ фIэкIа емыкIуэкI а дерс кIэщI цIыкIухэр яту абы и фIыгъэкIэ зэпеуэм къыхыхьащ есэпымкIэ, тхыдэмкIэ, биологиемкIэ, географиемкIэ, технологиемкIэ, физикэмкIэ, нэгъуэщI предметхэмкIэ егъэджакIуэхэр. Школым щекIуэкI лэжьыгъэ псоми я нэхъыщхьэу хэкупсэ гъэсэныгъэр зэрыщытыр аргуэру зэ нэрылъагъу щыхъуащ а урок кIэщI цIыкIухэм. Апхуэдэ дерс цIыкIухэр зэрекIуэкIыр анэдэлъхубзэкIэщ. Адрейхэми хуэдэу, абыхэми техникэ пэрытым и Iэмалхэр къыщагъэсэбэп, зытеухуа темэхэм хуэкIуэ сурэт, тхылъ, нэгъуэщI дэфтэр гъэлъэгъуэныгъэхэр, нэрылъагъу пособиехэр къыхузэрагъэпэщ, уси, уэрэди, къафи зыхэти щыIэу.

Зэман кIэщIым къриубыдэу зиузэщIащ, дэнэкIи зыщиубгъуащ зэпеуэм. КъыжыIапхъэщ ар Къэрэшей–Шэрджэсми Адыгейми зэрыщекIуэкIыр. Адыгэхэр зэрыс щIыналъэхэр я лIыкIуэхэмкIэ зохъуажэ, зэпеуэр зэрегъэкIуэкIыпхъэ IэмалхэмкIэ зэдогуашэ. Шэч хэмылъу, диIэ фIымкIэ дызэдэгуашэмэ, анэдэлъхубзэри, хабзэри, лъэпкъым лъэпкъ жезыгъэIэ фащэу иIэ псори нэхъ хъума хъунущ, нэхъыфIуи заужьынущ.
Илъэс къэс еджапIэ, гъэсапIэ зэмылIэужьыгъуэ 15-20, егъэджакIуэу I00-м щIигъу, еджакIуэу мин бжыгъэхэм нэс зэхешэ фестивалым. Мы фестиваль-зэпеуэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ лэжьыгъэм хуэкIуащ. Абы и дежи къыщыувыIакъым – ар егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм я щIэныгъэм зэрыхагъахъуэ Iэмал хьэлэмэтщ, егъэджакIуэ пэрытхэр я зэфIэкIхэмкIэ, я IэзэгъхэмкIэ щызэдэгуашэ зэIущIэщ, еджапIэхэми, сабийхэми, егъэджакIуэхэми, гъэсакIуэхэми дерс куэд къызыхах Iуэхугъуэщ.

Фестивалым мы гъэм еджапIэ 14 хэтщ. Зэпеуэм и утыку я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуакIэщ Налшык къалэ дэт 71-нэ сабий гъэсапIэм, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэу Бахъсэн къалэ дэт курыт школ №2-нэм, IутIыж Борис и цIэр зезыхьэу Зэрэгъыж дэт курыт школым, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэу Налшык къалэм дэт 32-нэ курыт школым я егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм, ныбжьыщIэхэм. Мыгувэу ар Нартан къуажэм дэт школ №I-м щекIуэкIынущ. Сыт щыгъуи хуэдэу, нэрылъагъу мэхъу апхуэдэ зэхыхьэр школ Iуэху къудей мыхъуу, къуажэпсо, куейпсо мыхьэнэ зиIэу зэрыщытыр. Абы щыхьэт тохъуэ щIыпIэ администрацэхэм я унафэщIхэр, къуажэдэсхэр, адэ-анэхэр жыджэру зэрыхэтыр, лъэпкъ Iуэхур еджапIэхэми егъэджакIуэхэми даIыгъыу.

ЖыпIэнурамэ, анэдэлъхубзэр зэрырагъэдж Iэмалхэр егъэфIэкIуэнымкIэ, и бзэр дихьэхыу сабийм егъэджынымкIэ, лъэпкъым бгъэдэлъ псэкупсэ къулеягъым щIэблэр ешэлIэнымкIэ, и хабзэр, тхыдэр фIэгъэщIэгъуэну иджыным хуэшэнымкIэ «Си бзэ – си псэ, си дуней» фестивалым зэфIигъэкI лэжьыгъэм иIэ мыхьэнэр лъытэгъуейщ. Iуэху щхьэпэ нобэ зэфIэзыгъэкI зэпеуэм нэхъыбэжкIи щогугъ лъэпкъыр, абы и къэкIуэнур зэрыдахэр, зэрыкIыхьыр я фIэщ хъууэ.

Жыласэ Маритэ.

(АДЫГЭ ПСАЛЪЭ)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz