Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Гумызагъэ

Адыгэбзэмрэ литературэмрэ курыт школым фIыуэ щезыгъэдж IэщIагъэлIхэр и мащIэкъым Дзэлыкъуэ районым. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ екIуэкI зэпеуэм жыджэру хэтщ икIи текIуэныгъэ къыщахь а щIыналъэм и егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэхэм. Абыхэм ящыщщ Сэрмакъ дэт курыт школ № 2-м лъэпкъыбзэр илъэс куэд щIауэ сабийхэм щезыгъэдж, IуэхущIапIэм и унафэщIым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Мэшыкъуэ (Бекъул) Iэсият. Жылэм къыщыхъуа щIэблэ зыбжанэм ягу къинащ а егъэджакIуэ Iэзэм и Iуэху зехьэкIэр, цIыху хэтыкIэр. Аращ жылагъуэм пщIэрэ нэмысрэ ноби щIыщигъуэтыр.

ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм ирилэжьэн зэрыщIидзэрэ куэд щIащ Мэшыкъуэм, итIани абы зэи къыIэщIэужагъуэркъым зыпэрыт IэнатIэр. Iэсият иригъэдж предметым куууэ хищIыкI къудейкъым, атIэ и лэжьыгъэр зэрыригъэфIэкIуэным, егъэджэныгъэм къыхыхьэ мардэщIэхэр абы шэщIауэ къызэрыщигъэсэбэным допщэщи хущIокъу. Зэманым декIуу улэжьэн, лъэхъэнэм хуэкIуэ щIэблэ бгъэсэн папщIэ, апхуэдэ Iуэху зехьэкIэр дэтхэнэ зы егъэджакIуэми хэлъын зэрыхуейр фIыуэ къыгуроIуэ а цIыху пэрытым. Мэшыкъуэм хэлъ IэкIуэлъакIуагъэм, лэжьыгъэм хуиIэ жэуаплыныгъэм гу лъамытэу къанэркъым.

ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ егъэджакIуэр утыкушхуэхэм йохьэ, и Iуэху бгъэдыхьэкIэмкIэ IэщIагъэм хыхьагъащIэхэм ядэгуашэу, и зэфIэкIхэр игъэлъагъуэу. Iэсияти и гъэсэнхэри дапщэщи жыджэру хэтщ икIи текIуэныгъэфIхэр къыщахь адыгэбзэмкIэ екIуэкI районпсо, республикэпсо зэпеуэхэм. Лъэпкъыбзэр щIэблэм егъэджынымкIэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ «ЕгъэджакIуэ-методист» цIэр 1990 гъэм къызыхуагъэфэща лэжьакIуэ пашэм и Iуэху еплъыкIэхэмрэ гупсысэхэмрэ жылагъуэм деж нахьэсын мурадкIэ, куэдрэ къыщагъэпсалъэ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом, телевиденэм.

1998 гъэм Мэшыкъуэм къыхуагъэфэщащ «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр. Ар ящыщщ «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм япэу хыхьахэм, и лауреат хъуахэм. ПщIэ къыхуащIу, зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым илъэс зыбжанэкIэ щылэжьащ Iэсият. 2008 гъэм ар хэтащ Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я ЕтIуанэ урысейпсо зэпеуэм икIи «ЕгъэджакIуэ-къэхутакIуэ» унэтIыныгъэм пашэ щыхъуащ. Абы къыхуагъэфэщащ Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и ЩIыхь тхылъыр, зэпеуэм зэрыхэтам, и зы унэтIыныгъэм зэрыщытекIуам папщIэ къызэгъэпэщакIуэхэм къабгъэдэкI дипломыр.

– Дызыхэта зэпеуэми абы къыкIэлъыкIуэу екIуэкIа щIэныгъэ конференцми къагъэлъагъуэр зыт: Урысейм и къарур, лъэщагъыр, беягъыр, дахагъыр абы щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я бзэм, щэнхабзэм зэрелъытарт, – лъэпкъ мащIэхэм я бзэр хъума хъуным игъуэт къэрал гулъытэм и мыхьэнэм тепсэлъыхьу жеIэ Мэшыкъуэм. – Ноби зыпащэ апхуэдэ зэIущIэшхуэм наIуэ къащI УФ-м и Президентми, Къэрал Думэми, Правительствэми лъэпкъ мащIэхэм, абыхэм я анэдэлъхубзэхэм пщIэ зэрыхуащIыр. А зэпеуэхэм ди къэралым анэдэлъхубзэр щезыгъэдж егъэджакIуэ нэхъыфI дыдэхэм я зэфIэкIыр щагъэлъагъуэм и закъуэтэкъым, атIэ ахэр мэхъу бзэ зэхуэмыдэ зыIурылъ лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм, зэгурыIуэныгъэм я джэлэс.

ЕгъэджакIуэ гумызагъэм, щIэм и лъыхъуакIуэм, IуэхуфIхэм я жэрдэмщIакIуэм дохъуэхъу узыншагъэ иIэу, ехъулIэныгъэхэр и бэу щIэблэр гъэсэным, щIэныгъэ етыным иджыри куэдрэ хуэлэжьэну.

Тамбий Линэ.

(АДЫГЭ ПСАЛЪЭ)

Yazarın Diğer Yazıları

Derneklerimiz – KAFFED – DÇB

Kafkas Dernekleri Federasyonu’nun (KAFFED) uzun yıllara dayalı çalışma sonucu kurulduğunu biliyoruz. 2022 Olağanüstü Genel Kurulu ile başlayan bir tartışma sürecinin içindeyiz. Dünya Çerkes Birliği (DÇB)...

‘Erkeklik ve toplumsal cinsiyet’

İletişim uzmanı ve gazeteci Derya Kap, “erkeklik üzerine düşünen ve henüz düşünmemiş olan tüm erkek izleyicilere özel” dört videodan oluşan bir seri hazırladı. “Türkiye’de...

Taliban’ın ‘erdem yasası’ yürürlüğe girdi

ABD’nin 2021’de Afganistan’dan çekilmesiyle beraber yeniden iktidarı ele geçiren Taliban’ın kadınlar başta olmak üzere halk üzerindeki katı baskısı sürüyor. İktidardaki Taliban, halihazırda ahlak polisi...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img