Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

«Дерсыр къыщызэхъулIар…»

Иужьрей илъэсхэм икъукIэ узытегузэвыхьын щытыкIэм иуващ лъэпкъыбзэхэр. Апхуэдэщ адыгэбзэри. Хьэуэ, жытIэкъым ар кIуэдыжу… Абы дынэмысыну догугъэ. Ауэ гугъэм къинэмыщIауэ, бзэм, тхыбзэм адэкIэ и щыIэным, и зыужьыныгъэм хуэунэтIа икIэщIыпIэ Iуэхугъуэхэр щызэфIэхын хуей пIалъэщ, пцIым сыт и фIагъ. Абы и щыхьэтщ бзэм телажьэ щIэныгъэлIхэм я гупсысэри, лэжьыгъэри.

АтIэ, адыгэбзэр щIэблэм IэпымыхунымкIэ хэт къалэн пажэр зыхьыр, хэт ар зи IуэхущIафэр? «Шэч хэлъкъым, еджапIэращ, егъэджакIуэращ»,—жытIэнущ и нэхъыбэм. Ауэ апхуэдэ япэ гупсысэм зебгъэукъуэдиймэ, нэгъуэщI гупсысэми ухуэкIуэнущ—псом я щхьэжыр унагъуэращ. Унагъуэм бзэр щыземыкIуэмэ, егъэджакIуэм и къару закъуэри мащIэщ. НыбжьыщIэм и анэдэлъхубзэр игъэIурыщIэфу, иритхэфу къэтэджыным, адэкIи и бзэм иригупсысэфу, къызыхэкIа жылагъуэм, лъэпкъым гу, псэ, лъы, къуэпс зэпыщIэныгъэ диIыгъыфу къэтэджынми чэнджэщ къытепхьэжынущ…

Ди гупсысэхэр адэкIэ пещэ ди псэлъэгъум—Хьэбэз къуажэм дэт республикэ лицейм адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэкIэ и егъэджакIуэ Жумай Фатимэ.

—Шэч хэлъкъым—унагъуэм дежщ бзэм и лъабжьэм зыщиубгъур. Телефонхэм, компьютерхэм сабийхэр дихьэхыщэу, бзэр абыхэм яIэпигъэхуу жыхуаIэри анэ-адэхэм я щыуагъэщ. Сыт хуэдэ техникэ, сыт хуэдэ тхылъ имыIыгъами, быным и анэдэлъхубзэр къыдемыкIуэкIмэ, бзэмыIу хъунущ. Анэ-адэми я щхьэ къремыгъэпцIэж, я бынми зэран хуремыхъу,—жеIэ Фатимэ.

Апхуэдэу бзэм гудзакъэ ин хузиIэ егъэджакIуэм нэIуасэ фыхуэтщIынщ.

Жумай Фатимэ 1992 гъэм щегъэжьауэ егъэджакIуэ IэнатIэ мыпсынщIэм пэрытщ. Мы лицейм 2003 гъэ лъандэрэ, илъэс 17 хъуауэ, щолажьэ. Е 8-9-нэ классхэм адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ щрегъэдж. Лицейм республикэ мыхьэнэ иIэщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, абы щоджэ къалэм икIа сабийхэри, бзэр зыхуэмыгъэIурыщIащэхэри, зымыцIыхуххэхэри, фIы дыдэу зыцIыхухэри. А псоми адыгэбзэр яригъэджыфыным дауэрэ пэлъэщрэ, атIэ, мы егъэджакIуэр? Дэ зэрытщIэщи, Фатимэ и дерсым щIэмыхьэ, бзэр иджыным зыпыIузыдз лицейм щеджэхэм яхэткъым.
—Жагъуэ зэрыхъущи, адыгэбзэм хуэмыныкъуэу, зыкIи къыщхьэмыпэну къэзылъытэхэр къытхэкI хъуащ. Апхуэдэ гупсысэхэм адэкIи замыубгъуным и Iэмалщ адыгэбзэ дерсхэр. Ахэр нэхъ гъэщIэгъуэн, щIэщыгъуэ зэрысщIыным сыпылъу дерсхэр соухуэ. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм дыщеджэкIэ, абы къыдэкIуэу адыгэхэм къадекIуэкIыу щыта хабзэхэм, адыгагъэм, шыфэлIыфэм дытопсэлъыхь, ди нобэм идолъыт, щIалэ цIыкIухэр адыгэлIым ещхьу щытынымкIэ, пщащэхэр адыгэ бзылъхугъэм и хьэл-щэн дахэм екIунымкIэ я гукъыдэжыр къыдогъэуш, дахагъэм худоунэтI.

ДифIри къыхэдгъэщын хуейщ. ЩIэблэм фIэфIщ адыгэхэм я хабзэ-бзыпхъэхэм зыщагъэгъуэзэныр, адыгэлIым зрагъэщхьыныр. Псалъэм папщIэ, Америкэм къикIри хэхэс адыгэ ныбжьыщIэ гуп къытхуеблэгъауэ щытащ. Абыхэм ди еджакIуэхэр щаIущIам, куэдым тепсэлъыхьащ.

—Фэ Америкэм деж адыгэбзэ дерсхэр фиIэ? Сыт фызыдихьэхыр, сыт хуэдэ джэгукIэхэр фцIыхурэ?—жари дыдейхэр щIэупщIащ.

—Адыгэбзэр ИнтернеткIэ додж. Дызыдихьэххэм я гугъу пщIымэ, адыгэлIым и шы тесыкIэу щытар хуабжьу дигу ирохь икIи абы зыхудогъасэ…—къатыжат жэуап.
Мис апщыгъуэм ди еджакIуэхэр а лъэныкъуэм хуабжьу дихьэхащ, «дэ нэхърэ нэхъ адыгэщ мыхэр итIанэ»,—жари, тIэкIуи зытеукIытыхьыжат.

Мис апхуэдэхэми дегупсысу, дерсхэм зыгуэру хэтпщэмэ зэран хъунутэкъым. КъинэмыщIауэ, еджакIуэхэм ягурыдогъаIуэ ди бзэ, ди хабзэ, ди гъуазджэ зетхьэжыну къэралым хуитыныгъэ къызэрыдитыр. Апхуэдэ ди лъэкIыныгъэмрэ хуитыныгъэмрэ делъэпауэ хъунукъым. Мес, хэхэс пэтрэ, икъухьауэ хамэ къэралхэм щыпсэуми, я бзэр яхъумэ, я хабзэр зэрахьэ. Къэспщытэж щIыкIэу жысIэнщи, иджыкIэ щIэблэм бзэр Iэпыхужащ жыпIэну апхуэдэ гужьеигъуэ дыдэкъым щытыкIэр, ауэ къэкIуэну щIэблэмрэ бзэмрэ я зэхущытыкIэу щытынум уегупсысыну игъуэ хъуауэ къызолъытэ,—къыддогуашэ и гупсысэмкIэ егъэджакIуэр.

Жумай Фатими, бзэм ирилажьэ егъэджакIуэ къэси щIэблэм и пащхьэ жэуаплыгъэ зыпылъ къалэнышхуэ щахь. Абыхэм я лэжьэкIэм, езыхэм ябгъэдэлъ хьэл-щэным, цIыху хэтыкIэм, адыгагъэм куэд елъытащ зи пащхьэ ит ныбжьыщIэхэм зэхахынымкIэ, дерсыр зыхаубыдэнымкIэ. ЖыпIэнуракъэ, Жумай Фатимэ сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэгъэлъагъуэщ. ЖытIэр зэрыфэрыщIыгъэншэм и щыхьэтщ и унафэщIым и псалъэхэри.

—Зыпэрыт Iуэхум хуэнэхъуеиншэ, илъэкIыу зыри къэзымыгъанэ егъэджакIуэщ Фатимэ. Ар— жэуаплыгъэ лъагэ зыхэлъ цIыхущ, къригъэжьар и кIэм нэсыхункIэ псэху зымыщIэщ. Класс лэжьыгъэм къинэмыщIауэ, классщIыб лэжьыгъэ купщIафIи ирегъэкIуэкI. Сыт щыгъуи холэжьыхь Олимпиадэ, зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэм, бжьыпэри къахь. Фатимэ иригъаджэхэм сыт щыгъуи ехъулIэныгъэфI къагъэлъагъуэ, бзэ щIэныгъэ нэс ябгъэдилъхьэн хузэфIокI.

Хэти зэрытщIэщи, къулыкъущIапIэ, IуэхущIапIэ къэскIэ профсоюз зэгухьэныгъэ гупхэр яIэщ. Апхуэдэ гупым и пашэу ягъэувыр и хьэл-щэнкIи, и лэжьэкIэкIи щапхъэгъэлъагъуэращ. АтIэ, лицейм деж апхуэдэ дзыхьыр зэдгъэзар Жумай Фатимэщ. ИкIи ди дзыхьыр игъэпэжу ар мэлажьэ. КъинэмыщIауэ, Хьэбэз къуажэм ЕГЭ-р щат щIыпIэм и Iуэхухэр зэзыгъэзахуэр, и унафэщIыр Жумай Фатимэщ. И лэжьэгъухэм ягурыIуэу, сэ, унафэщI хуэдэ, сыхуэарэзыуэ къыддолажьэ ар. ЦIыхугъэкIэ убгъэдыхьэми, Фатимэ укъиущхьэкIунукъым. Гулъытэ, гущIэгъу ин хэлъщ.
Сэ сызэрегупсысыр аращи, егъэджакIуэр сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэгъэлъагъуэу щытын хуейщ. Жумайхэ я унагъуэм и гугъу пщIымэ, Фатимэ и лэжьыгъэри, и гупсысэри къыдэзыщтэ, сыт щыгъуи щыпкъэу къыкъуэт щхьэгъусэ, бын хьэлэмэтхэр иIэщ. Сабиищым я анэ насыпыфIэщ.

Фатимэ, ар зэлэжь Iуэхум, адыгэбзэм ехьэлIауэ жысIэн си куэдщ, ауэ си псалъэр згъэкIэщIынщи, лицейр дрогушхуэ апхуэдэ егъэджакIуэ щыпкъэм, и лэжьыгъэмкIи дыарэзыщ,—жеIэ лицейм и унафэщI Сидакъ Жаннэ.

УнафэщIым и псалъэхэр щIагъэбыдэж мы егъэджакIуэм и гуащIэм и щIыхь нагъыщэхэм. Апхуэдэу, 2008 гъэм Фатимэ зыхэта район, хэгъуэгу зэхьэзэхуэхэм бжьыпэр къыщихьри, «Илъэсым и егъэджакIуэ» щIыхьыцIэр къыфIащащ. Адыгэбзэ Хасэм иригъэкIуэкI «Джэгурэш» зэхьэзэхуэм мызыгъуэгум хэтщ Уэрзэлы Мадинэрэ Жумай Фатимрээ ягъэхьэзыра гупыр. Илъэс зэхуэмыдэхэм, и егъэджакIуэ гуащIэдэкI емышыжым къыпэкIуэу, Жумайм ЩIыхь, ФIыщIэ тхылъ зэхуэмыдэхэр къыхуагъэфэщащ.

—СэркIэ псом нэхърэ нэхъыщхьэр дерсыр къызэхъулIауэ слъагъунращ. Ар зыхэслъагъуэр еджакIуэр арэзыуэ, и нэгум щIэщыгъуэ гуэр ислъагъуэу, и гур бзэм, хабзэм къыхуэзгъэушауэ класс пэшым щIэкIыжынращ. Ар къызэхъулIамэ, апщыгъуэращ дерсми сэбэп къихьауэ къыщыслъытэр,—жеIэ егъэджакIуэм.

Туаршы Ирэ

(ЧЕРКЕС ХЭКУ)

Yazarın Diğer Yazıları

Avni Lifij’in fotoğrafları 100 yıl sonra sanatseverlerle buluştu

1851.gallery, ünlü sanatçı Avni Lifij’in platin-paladyum baskı tekniğiyle üretilmiş fotoğraflarından oluşan "Affedersiniz ama sanat bir kodak fotoğrafı değildir. Ressam Avni Lifij’in Yeniden Hayat Bulan...

Boston Üniversitesi’nde bir Çerkes masalı

Karaçay-Çerkesli yönetmen, oyun yazarı, kukla sanatçısı ve sahne tasarımcısı Şaukh Evgeny İbragimov 11-16 Kasım tarihleri arasında Boston Üniversitesi’nde gösteri ve atölye çalışmaları yaptı. Üniversite...

Dijital kitap: ‘Dilin Yolu’

Tüm dünyada gündemin öncelikli sıralarına yerleşen eğitimde dijitalleşme çabaları sadece Çerkes cumhuriyetlerindeki eğitim kurumlarında değil Çerkes diasporasında da yürütülüyor. Çetav Merwan, Mışe Hun Su’ad, Ğuç’el’...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img