Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

«Дыжьын къабзийр» зи тыгъэ Хур Мадинэ

Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я зэфIэкIыр щагъэлъагъуэ ЕплIанэ Урысейпсо зэпеуэм, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэмрэ щIэныгъэм зегъэужьынымкIэ абы и федеральнэ IуэхущIапIэм Лъэпкъ щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и институтымрэ къызэрагъэпэщым, ди республикэм къыбгъэдэкIыу хэтахэм ящыщщ Налшык дэт курыт школ №26-м и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Хур Мадинэ.
Зи IэнатIэм игури и псэри хэзылъхьэ бзылъхугъэ цIыкIум и цIэр ипэкIи фIыкIэ къэIуащ. Ар мызэ-мытIэу пэрыт щыхъуащ «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм, и Iуэху зехьэкIэ пэрытым и щыхьэту къыхуагъэфэщащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, егъэджэныгъэмкIэ къалэ департаментым къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.
Мадинэ Урыху къуажэм къыщалъхуащ, абы дэт курыт школри ехъулIэныгъэ иIэу къиухащ. ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм зэрысабийрэ щIэхъуэпсырт ар, псом хуэмыдэу анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ яхуэлэжьэныр и гуращэт. Езым зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ хэкупсэ гъэсэныгъэм и къежьапIэр и адэшхуэ-анэшхуэхэу Быцрэ Гуащэгъагърэщ. Абыхэм хъыджэбз цIыкIур куэдрэ щIагъэдэIуу щытащ адыгэ IуэрыIуатэм щыщ хъыбархэм. Лъэпкъ гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ нэхъыжьхэм яубла Iуэху дахэм пащащ Мадинэ и адэ-анэ ХьэзрэIилрэ ФатIимэрэ. Абыхэм быныр драгъэхьэхащ лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм. Апхуэдэ унагъуэм щапIа сабийм и псэм Хэку лъагъуныгъэ къыщымыушыныр Iэмал зимыIэт.
А гупсысэхэр и гъуэгугъэлъагъуэу, школ нэужьым Хурыр щIэтIысхьащ икIи ехъулIэныгъэкIэ къиухащ Налшык дэт педколледжыр. Бзылъхугъэ зэчиифIэм ар фIы дыдэу къиухащ икIи егъэджакIуэным и япэ лъэбакъуэхэр щичащ илъэс тIощIкIэ иужькIэ щылэжьа курыт школ №I3-м. Мадинэ япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ къыгурыIуащ сабийм анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ фIыуэ ебгъэлъагъун, дебгъэхьэхын папщIэ, егъэджакIуэхэми абыхэмкIэ зэфIэкI яIэн зэрыхуейр. Бгъэдэлъ щIэныгъэм хигъэхъуэн мурадкIэ, зэрылажьэм хуэдэурэ, зэуэ щIэтIысхьащ еджапIэ нэхъыщхьэу тIум: КъБКъУ-м и филологие къудамэмрэ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтымрэ икIи, и чэзур къэсри, ахэри ехъулIэныгъэкIэ къиухащ.
Урысейпсо утыкум къыщихьа текIуэныгъэм хуэм-хуэмурэ хуэкIуащ Хурыр. АбыкIэ егъэджакIуэм сыт щыгъуи унэтIакIуэ къыхуэхъуащ щылэжьа школым и IэщIагъэлI гупыр. Мадинэ школым, республикэм къыхуихьа текIуэныгъэм и пэкIэ, а IуэхущIапIэр «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ екIуэкI зэпеуэм къыхэжаныкIри, УФ-м и курыт еджапIэ нэхъыфIхэм халъытащ, абы папщIи сом мелуан хъу ахъшэ саугъэт къыхуагъэфэщащ. Апхуэдэу Хурыр щылажьэм мызэ-мытIэу къыфIащащ «ЛIэщIыгъуэм и школ нэхъыфI», «Илъэсым и школ нэхъыфI» цIэ лъапIэхэр.
Хурым ита «мастер-класс» дерсыр теухуат ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм, хабзэхэм, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщ цIыхухэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэ екIур къэгъэлъэгъуэным, апхуэдэуи ахэр хэкупсэ гъэсэныгъэм и лъабжьэу зэригъэувым. УФ-м и щIыналъэ зыбжанэм кIикIа егъэджакIуэ 35-рэ зыхэта «Си лъахэ, си школ, си IэнатIэ» презентацэми адрейхэм къащыхэщащ ар. Дакъикъэ зыбжанэм къриубыдэу Мадинэ хузэфIэкIащ ди республикэми, абы и къалащхьэ Налшыки, щылажьэ курыт школми, и IэщIагъэми ятеухуа хъыбар хьэлэмэт, видеогъэлъэгъуэныгъэ хэтрэ адыгэ къафэри щIыгъужу, къызэхуэсахэми къэпщытакIуэ гупми я пащхьэ ирилъхьэн. Ауэ щыхъукIи, егъэджакIуэм и макъым къыдэкIуэу, утыкум щыIуащ и гъэсэн цIыкIухэм я псалъэхэри. Ахэр жыджэру тепсэлъыхьырт я лъахэм и дахагъым, я къалащхьэм и уардагъэм, унэ етIуанэ яхуэхъу я школым щекIуэкI лэжьыгъэ щхьэпэм.
КупщIафIэу икIи хьэлэмэту зэхэухуэна а презентацэм еплъахэм хуабжьу гунэс ящыхъуащ Мадинэ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и къэфакIуэ пашэхэу БищIо Замир, Бейтыгъуэн Аслъэн сымэ ящIыгъуу игъэзэщIа къафэр. Абы къыхэщырт бгырысхэм я лIыгъэри, уардагъри, бзылъхугъэм хуащI пщIэмрэ нэмысымрэ я лъагагъри. Адыгэ фащэр зи Iэпкълъэпкъ лантIэм екIупс Мадинэ утыкум щигъэлъэгъуа образыр ди IуэрыIуатэм хэт хур пщащэ тхьэIухудым и теплъэм хуэкIуэпст. ЕгъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм, артисткэ зэчиифIэм и зэфIэкI лъагэхэм къэпщытакIуэ гупыр имыхьэхуу къэнэнт?!
Хурым къыхуагъэфэща «Дыжьын къабзийр» илъэситI ипэкIэ къихьауэ щытащ ди лъахэгъу егъэджакIуэ Джангуразовэ Лизэ. Ар аргуэру къызэрытхуагъэфэщам наIуэ къищIащ, япэрауэ, зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм нэфI-ней яхэмылъу Iуэхур зэрызэфIахыр, етIуанэрауэ, анэдэлъхубзэмкIэ ди егъэджакIуэхэм ябгъэдэлъ зэфIэкI лъагэхэм къапэхъун IэщIагъэлI куэд къэралым зэрыщумыгъуэтынур. Ар гуапэщ икIи лъэр щIэзыгъэкIщ.
Ди анэдэлъхубзэм и нобэрей щытыкIэм, и къэкIуэнум гулъытэ ин хуэзыщI, абы и ехъулIэныгъэм хуэлажьэ хэкупсэ куэд ди лъахэм зэрисым шэч хэлъкъым. Мадинэ и «Дыжьын къабзийр» а Iуэхум щыхьэт техъуэ нэщэнэхэм ящыщ зыщ.

Жыласэ Маритэ.

(АДЫГЭ ПСАЛЪЭ)

Yazarın Diğer Yazıları

“Turnanın Dansı”nda yeni adımlar

"Turnanın Dansı" film projesi uluslararası işbirlikleri ve destek arayışında kayda değer adımlar atmaya devam ediyor. Projenin ilerlemesine ilişkin son dönemde gerçekleştirilen görüşmeler, umut...

Derneklerimiz – KAFFED – DÇB

Kafkas Dernekleri Federasyonu’nun (KAFFED) uzun yıllara dayalı çalışma sonucu kurulduğunu biliyoruz. 2022 Olağanüstü Genel Kurulu ile başlayan bir tartışma sürecinin içindeyiz. Dünya Çerkes Birliği (DÇB)...

‘Erkeklik ve toplumsal cinsiyet’

İletişim uzmanı ve gazeteci Derya Kap, “erkeklik üzerine düşünen ve henüz düşünmemiş olan tüm erkek izleyicilere özel” dört videodan oluşan bir seri hazırladı. “Türkiye’de...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img