«Сэ сыщIэт си анэдэлъхубзэр, нобэ къэсыху зи къысщхьэпакъым” жызыIэ адэ-анэ къыщыхэкI мэхъу

0
1544

Къайсэр къалэм и Пынарбашы районым епха Бэшкызакхьэблэ (Хилмие) къуажэм къыщалъхуэ, илъэс 21-рэ лъандэрэ егъэджакIуэу лажбэ Йылмаз Токъмакъ интернеткIэ анэдэлъхубзэкIэ егъэджэным дытепсэлъыхьащ. И анэдэлъхубзэр и унагъуэм зэрыщызригъэщIар къыхэзыгъэща Токъмакъым, щылажьэ Къайсэр къалэм и Талас районым дэт курыт еджапIэм 2018-19 гъэм хэхыныгъэ джын адыгэбзэкIэ еджэн (класс) закъуэ щыIэхэу, мы гъэм (2019-20) еджакIуэ бжыгъэр мащIэ (еджакIуипщIым нэмыс) зэрыхъуам щхьэкIэ, еджэныр (класс) зэрыIуамыхыфар Iуэху хьэлъэщ.

Ли Гул Йылмаз – Хьажбэвыкуэ Эрдоган Йылмаз

-Сыту пIэрэ унагъуэхэм я бынхэм щхьэкIэ хэхыныгъэ джыну (дерсу) я анэдэлъхубзэр къыщIыхамыхыр?
-Я бзэр яджыным (дерсым) я бынхэр хуэмыныкъуэну къэзылъытэ унагъуэ къыщыхэкI мэхъу. Гъэунэхуным зэрымыщхьэпэм папщIэ, адэ-анэм ипэ джын (дерс) жьыхуэтIэ; тыркубзэ, математикэ, жылагъуэ щIэныгъэхэр, инджылызыбзэр, дин (тхьэхабзэ) щIэнхабзэ, хабзэ щIэным теухуа джынхэр къыхах. Пхэнжу къэлъытэнкIэ укIытэ (гулэгущтэ-шынэ), «Сэ сыщIэт си анэдэлъхубзэр, нобэ къэсыху зи къысщхьэпакъым” жызыIэ адэ-анэ къыщыхэкI мэхъу.

-Хэхыныгъэ джыным (дерсым) и къызэгъэпэщыкIэм, гъэпсыкIэм сыт хуэдэ гурылъ хууиIэ?
-Сызыщылажьэ курыт еджапIэм зэрихьэ щIыкIэр сэркIэ дэгъуэщ. Хэхыныгъэ джынхэр (дерсхэр) зэрыт тхылъ адэ-анэм яхудогъэхь, абыхэм тхылъым дэтхэнэ джынхэр къыхахами къагъэлъагъуэу Iэпэ традзэри еджапIэм иратыж.

-Анэдэлъхубзэ гуп (класс) щызэIуфхыным деж, район, къэрал егъэджэныгъэм е еджапIэм и унафэщIхэм Iуэху лъэхъа (гугъуехь) къыхэзыгъэкI хъурэ?
Район къэрал егъэджэныгъэм е еджапIэм и унафэщIхэм Iуэху лъэхъа (гугъуехь) къыхэзыгъэкI зэи хъуакъым. Псалъэм папщIэ, ди еджапIэм нэгъабэ гуп (класс) диIатэкъым, анэдэлъхубзэ джыныр (дерсыр) едгъэджэн папщIэ щIыпIэ къызэдгъэпэщащ. Ди еджапIэм и конференц-залым гупыр дерсым хуедгъэджащ.

-Джын (дерс) тхылъ е дэIэпыкъуэгъу джын (дерс) тхылъ, плъагъун-зыхэхын Iэмэпсымэхэр къэгъуэтынкIэ гугъу фэхьэ?
-МЕБ-м и джын (дерс) тхылъхэр зетхьащ. Сигу къэкIыжыну зы гугъуехь диIакъым.

-БзитIкIэ е бзэ куэдкIэ гъэсэным (едгъэджэным) гъэсакIуэу дауэ уеплърэ; еджакIуэм щхьэпэн/щхьэмыпэн? (фIыгъэ/ягъэ екIын)
-Ягъэ eкIыну зи си фIэщ хъукъым. И фIыгъэу eкIынур жытIэну щытмэ… СэркIэ губзыгъагъэр, Iущыгъэр игъэкуэдынщ. НэгъуэщI бзэхэр нэхъ тыншу зэригъэщIэнщ. Зи бзэр пIыщIэ гупым нэхъ тыншу уагурыIуэнщ. БзитI зыщэм нэгъуэщI бзэхэм нэхъ пщIэ хуищIынщ.
Жьынэпс газетым уи еджакIуэхэм папщIэ уи далэр (зэманыр) къызэрыдэптам щхьэкIэ, тхьэм уигъэпсэу…

4
1952 гъэм февраль (мазае) мазэм и 21-м Бангладеш, Дакка университетым щеджэ еджакIуэхэр я анэбзэр хэгъуэгубзэу ирагъэджэну хуейуэ гупу зэхэту, полисыр къажьэхэуэри, еджакIуиплI къаукIащ. Мы Iуэхур «Анэбзэм и махуэ»-м лъабжьэ хуэхъуащ.

18
Тыркум хэкIуэдэн шынагъуэ зиIэ бзэхэм я бжыгъэр

30
Боливием 1994 гъэм щегъэжауэ испаныбзэм къинэмыщIа, иджыри хэкурыс бзэуэ 30 щадж икIи иротхэ.

39
Тыркум къыщапсэлъ бзэхэм я бжыгъэр

2473
дунейм хэкIуэдэн шынагъуэ зиIэ бзэм и бжыгъэр

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz