Урыс-Кавказ зауэм и тхыдэм щыцIэрыIуэ дыдэщ Ажджэрий и къуэ КушыкупщкIэ зэджэр. КъызыхэкIар пщы лъэпкъщ, аращ КушыкупщкIэ щIеджэр. ЛъэпкъкIэ зыщыщыр нобэми IупщI хъуакъым. Сэ зэрыхуэзгъэфащэмкIэ, Кушыку Уарп Iуфэ (Шэрджэсым) Iуса беслъэней жылэщ къызыщалъхуар, езыр беслъэнейуэ къыщIэкIынущ. Ар щIыжысIэм щхьэусыгъуэ иIэщ.
1960 ГЪЭМ си деж зы щIалэ къэкIуауэ щытащ, Щхьэщэхуж къуажэм (Краснодар крайм щыщ Успен районым хохьэ) къикIауэ. ЩIалэм къызжиIащ: «Сэ Кушыкупщ и къуэрылъхум срикъуэщ. Адыгейм я щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым Кушыкупщ и хъыбар сыщыщIэупщIати, чэнджэщ къызатащ уэ зыпхуэзгъэзэн хуейуэ». Кушыкупщ и уэрэдхэм ящыщ зытIущ хуэстхащ щIалэм, дзэпщ цIэрыIуэм и сурэт естащ. ЩIалэм къызэрызжиIамкIэ, лъэпкъым иджыпсту зэрихьэр «Ажджэрий» унэцIэщ, Уарп Iуфэ щопсэу.
Кушыкупщ щызэуар Беслъэнеймрэ Шэрджэсымрэщ, ари щыхьэт тохъуэ Кушыку беслъэней пщы лъэпкъым къызэрыхэкIам.
«Апхуэдэпщыр гъуэтыжыгъуейщ» – а псалъэр хэтщ Кушыкупщ и уэрэдым. Балигъ хъууэ шым шэса нэужь, Кушыкупщ зауэ гуащIэ Iэджэм хэхутащ, и лIыгъэкIэ щапхъэ хъууэ. Адыгэхэм нобэр къыздэсым ящыгъупщакъым Кушыкупщ и цIэр, и гъыбзэри ди зэманым къэсащ.
Кушыкупщ и гъыбзэхэр тIу мэхъу. Зыр и щхьэгъусэм иусащ, яукIауэ шыкхъаблэкIэ къыщыхуахьыжам щыгъуэ. ЕтIуанэр и шу гъусэхэм яусащ. ГъыбзитIри зэпэжыжьэкъым, псалъэ куэд щызэтохуэ. ТIури топсэлъыхь Кушыкупщ зауэм щызэрихьа лIыгъэм.
Кушыкупщ и хъыбар куэд ноби щызэхэпхынущ Шэрджэсми Адыгейми. Тхыдэми щыгъунэжщ абы и хъыбархэр, тхылъхэми уащрохьэлIэ, ар нэIуасэ зыхуэхъуахэм ятхыжауэ.
Генерал лъыиф Засс адыгэхэм лейуэ къакIэлъызэрихьам тхыдэр щыгъуазэщ: адыгэ хьэдэхэм я щхьэхэр пиупщIурэ бжэгъу щхьэкIэм фIэзыIуу, Берлин езыгъэхьу щытар аращ. Псыжь адрыщI, Прочнэ окопкIэ зэджэ быдапIэм (Армавир деж) дэсащ генерал лъыифыр. Кушыкупщ шууитI (Хъырцыжь Алэрэ Щоджэн Шумахуэрэ) зыщIигъури, быдапIэм дыхьащ, Засс и пхъур къыдахри, бгым ихьэжащ. Генералым и пхъур илъэсищкIэ щаIыгъащ бгым: и щхьэм бадзэ трагъэтIысхьакъым, адыгэбзэ ирагъащIэщ, адыгэ фащэкIэ яхуапэри, и адэм хуашэжащ. Генералым жраIащ: «Дэ дыхьэкIэкхъуэкIэ уи гугъэ щхьэкIэ, дыхьэкIэкхъуэкIэкъым». А хъыбарыр мыпхуэдэуи къаIуатэ: генералым хуаIуэхуащ: «Уи пхъур ныпхудошэж», – жари. Засс и дзэр лъэныкъуитIкIэ иригъэувэкIащ, и пхъур къыхуэзыхьыж шухэр иригъэубыдын щхьэкIэ. Шууищыр къэсащ. Засс и пхъур Щоджэн Шумахуэ и шыплIэм дэст. Шууищыр генералым и пащхьэ ихьэри, хъыджэбзыр ирагъэпсыхащ. «Фыубыд!» – жери Засс унафэ ищIащ. Шууищыр сэлэтхэм къыщаувыхьым, хъыджэбзым и адэм жриIащ: «Iэпэ ятефлъхьэмэ, зыслIэжынщ! Дунейм зы хабзэ дахэ тетмэ, абыхэм я деж щыслъэгъуащ». И пхъум ар щыжиIэм, генералыр икIуэтыжащ. Къыщежьэжым Кушыкупщ Засс жриIащ: «Уи пхъур ди деж щыIэху, дызэблэгъащ. Нобэ щыщIэдзауэ зэбий дыхъужащ».
Кушыкупщ и гъыбзитIым я зыр Къэсейхьэблэ (Бахъсэненок) щыщ Уэзы Мухьэжыр, Хьэмдэхъу Исуф, Дзэгъэщтокъуэ Къарэмырзэ сымэ дагъэтхащ. Мис ар:
Уарэ, уарэдэ, ди Кушыкупщти, сэрмахуэ,
Уэ пхуэдэпщ гущэр, уэ дуней, гъуэтыжыгъуейщ.
Къурэлеягъуэт, зиунагъуэрэ,
Данагъуэ гущэр, сэрмахуэ, уи пащIэкIитIт.
Мылицэ гущэу кхъуэцхэр зыгъэкIым, сэрмахуэ,
ЩхьэцыкIэ гущэм а махуэм зэдрагъэIэ.
Iэпщашэ гущэм щызэдеIэжкIэрэ, маржэ,
Дэ фоч пэбж гущэкIэ махуэм дыкъэзышэж.
Шырэ уанэрэ щызэхуахь махуэм, сэрмахуэ,
Шу джакIуэ гущэхэри а махуэм нызыхуагъакIуэ.
Пхъэрышхуэхэри дэ къыщыткIэлъыкIуэкIэрэ, сэрмахуэ,
Шууищэ гущэхэри, уэ дуней, и нэхъ фIэмащIэт.
Фоч фIыцIэ псыгъуэхэри, сэрмахуэ,
Шэрэ гын гущэкIэрэ, уэ дуней, зэзыгъэзэгъ.
ДэныскIуей гущэми яхэмызагъэхэр, сэрмахуэ,
Шэ закъуэ гущэкIэрэ тхурегъэпсых.
Пащтыхьыжьмэ и гуимэ щхъуантIэхэри
Шы лъабжьэ гущэкIэ, а дуней, зэхэзыкъутэ!
Пащтыхьыжьмэ и лъэс лэжьакIуэхэри, сэрмахуэ,
Щхьэлажьэ гущэкIэ, а дуней, ныщегъэгъупщэ.
Банэкъуэ быдэхэри, сэрмахуэ,
Жэщ кIуэн гущэкIэрэ тхуэзыгъэлажьэ.
Жэщмагъырмэ и щIылъэ пшагъуэхэри, сэрмахуэ,
ЗекIуэ шу гущэт,
Уэ дуней, уи щIакIуэ къащхъуэт.
Сэфрал гущэр зытес шы гъуабжэм, сэрмахуэ,
Уафэ вагъуэ гущэм, а дуней, зыхрегъадзэ.
Дунеижь гущэм къытезна псогуэми, сэрмахуэ,
Елмысхъан гущэр, уэ дуней, я нэхъ тхьэмыщкIэт.
ТхьэмыщкIэхэм я щIэгъэкъуэнурэ, сэрмахуэ,
Кушыкупщ гущэр а махуэм епсыхыжащ.
Джаурышэ гущэкIэрэ яхуэмыгъалIэурэ, сэрмахуэ,
Сабий уз гущэм, уэ дуней, игъэлIэжа мыгъуэщ.
Кушыкупщ «сабий узым» ихьыжар пэжкъым, ар гъыбзэм иужькIэ къыхэпшэхъуа псалъэщ. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ Уарп псыхъуэ 1829 гъэм щекIуэкIа зауэм Кушыкупщ уIэгъэ хьэлъэ зэрыщыхъуам. ЛIыхъужьыр а уIэгъэм илIыкIащ.
КЪАРДЭНГЪУЩI Зырамыку.
2005 гъэ
(АДЫГЭ ПСАЛЪЭ)