Зауэ гуащIэ куэд я нэгу щIэкIащ адыгэ лъэпкъхэм. Ди тхыдэм щыгъуазэм ещIэ ди лъахэм и псэм къещэ зэрыпхъуакIуэхэм адыгэхэр зы махуи зэрамыгъэтыншар – я хуитыныгъэмрэ я хэкумрэ папщIэ лъы ягъажэ зэпытащ адыгэхэр курыт лIэщIыгъуэхэм къыщыщIэдзауэ. Псом хуэдакъым Урыс-Кавказ зауэр – илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIащ ар. Адыгэ лъэпкъхэм лъапсэрыхыр къахуигъэкIуащ а зауэм, я щхьэри я хэкури халъхьащ. Урыс-Кавказ зауэм и мафIэлыгъэм хисхьащ адыгэ минищэ зыбжанэ, къелам я нэхъыбапIэм хэкур ирагъэбгынэри, дунейм текъухьа хъуащ. Адыгэхэм игъащIэкIэ ящыгъупщэнукъым Урыс-Кавказ зауэм къахуихьа насыпыншагъэмрэ гукъутэмрэ – абыкIэ ахэр зыгъэкъуэншэфын щыIэкъым, ар гъэткIугъуафIэкъым.
Тхыдэр щыгъуазэщ Урыс-Кавказ зауэр зыублар езы адыгэхэр зэрыармырам, ахэр а зауэ гущIэгъуншэм хэзыдзар урыс пащтыхьым и дзэлI къанлыхэрщ. Ахэр топрэ мафIэкIэ къащылъихьэм, адыгэхэм Iэщэ къащтэн хуей хъуащ. А зы къуаншагъэрщ адыгэхэм ябгъэдэлъар – я хуитыныгъэмрэ я хэкумрэ бийм щахъумэурэ, я псэр зэратарщ. Уигу къеуэр а бэнэныгъэм адыгэхэм насыпыншагъэ фIэкI къазэрыхудэмыкIуарщ. Зауэм и кIэр хьэдагъэщ щыжаIэ махуэхэм ящыщ зы хъуащ накъыгъэм и 21-р: 1864 гъэм и ужькIэ хэкум къинэжар адыгэхэм я Iыхьэ пщIанэрщ – аращ Урыс-Кавказ зауэм къахуихьар. Абы и зэранщ адыгэхэм я щIыналъэри, къанэ щIагъуэ щымыIэу, зэрафIэкIуэдар.
Сыт Урыс-Кавказ зауэм и щхьэусыгъуэр, щхьэ къатепсыхэн хуей хъуа ар адыгэ лъэпкъхэм – къэбэрдейхэм, шапсыгъхэм, абазэхэхэм, натхъуэджхэм, убыххэм? А упщIэм щIэныгъэлIхэм жэуап щрат тхыгъэ, лэжьыгъэ куэд дунейм къытехьащ иужьрей илъэсхэм, дяпэкIи къытехьэнущ, сыту жыпIэмэ Урыс-Кавказ зауэр Урысейми ди лъэпкъхэми я тхыдэм пхухэдзынукъым, ар щабзыщI зэманыр блэкIащ. ПцIы зыхэмылъыжыр зыщ: адыгэ цIыхубэми урыс цIыхубэми я фейдэ хэлъакъым Урыс-Кавказ зауэм, тIуми я дежкIэ насыпыншагъэт ар; абы зи фейдэ хэлъар щIыгукIэ зызымыгъэнщI инэрал зауэшыхэрщ: адыгэхэми урысхэми ящысхьакъым ахэр.
Нобэрей щIэблэм дежкIэ дерс куэд къыхотэджыкI ди тхыдэм. Ар щыдджкIэ, дигу илъ зэпытын хуейщ нобэрей щIэблэм ди къалэн нэхъыщхьэхэр – ахэр куууэ къыдгурыIуэу и чэзум зэрыдгъэзэщIэным ди гуащIэри ди зэфIэкIри хуэдунэтIмэ, ар дерс псом ящхьэщ. Лъэпкъ цIыкIухэр къыщыщIэрэщIэж лъэхъэнэщ дэ дызэрытыр, къарууэ диIэр зыхуэдунэтIын хуейр ди лъэпкъым фIыгъуэ къызэреуэлIэнырщ. ДэркIэ фIыгъуэщ, ди хэкур щIэращIэмэ, ди цIыхухэр нобэ зыхэт гугъуехьхэр нэхъ щIэх ящхьэщыкIмэ, Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм дадекIурэ дехьэдехуэу задэдужьмэ, ди щIыналъэм ныбжьэгъугъэрэ мамырыгъэрэ фIэкI щамылъагъумэ. Ди лъэпкъхэр игъащIэ лъандэрэ зыщIэхъуэпса къэралыгъуэ дгъуэтащ нобэ, абы и лъэм зедгъэукъуэдиинымрэ и лъабжьэр гъэбыдэнымрэщ псори дызытелэжьэн хуейр. Зыми тщремыгъупщэ: зэманымрэ тхыдэмрэ къуат Iэмалхэр и чэзум къыумыгъэсэбэпмэ, абы утеплъэкъукIрэ лъэбакъуэ пхэнж пчымэ, уIэбэкIэ улъэIэсыжынукъым – апхуэдэ къыщытщыщIа къэхъуащ, тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэщи…
Адыгэ лъэпкъхэм я фэеплъ махуэм къалэн къытщещI ар дигу илъ зэпыту щытын хуейуэ. А зы махуэм фIэкI дигу щIыхэщIын махуэ дремылъагъуж дяпэкIэ – аращ дэтхэнэ адыгэми и хъуэпсапIэр. НэгъуэщI плъапIэ диIэкъым дэ – ди лъэпкъым нэхъри зиужьауэ, и пщIэр лъагэрэ и гуащIэр, и щIыхьыр ину, мелуан бжыгъэкIэ дунейм текъухьа хъуа адыгэхэм я вагъуэр уафэ бзыгъэм щылыд зэпыту тлъагъун фIэкI.
ЗэралъытэмкIэ, мелуанитхум нос Кавказ зауэм дунейм трикъухьа адыгэхэм я бжыгъэр. Къэрал плIыщIым щIигъум щопсэу ахэр, зэрыс къэралхэм пщIэшхуэ щаIэщ ди лъэпкъэгъухэм, дзэпщ, лIыщхьэ, дипломат, къулыкъущIэ, щIэныгъэлI, тхакIуэ цIэрыIуэ куэд къахэкIащ Тыркуми, Иорданиеми, Сириеми, нэгъуэщI къэралхэми щыпсэу адыгэхэм. Ар щыхьэт тохъуэ адыгэхэр зэрылъэпкъ лъэрызехьэм, лIэщIыгъуэрэ ныкъуэм щIигъуауэ хэхэсми, я гуащIэмрэ я зэхэщIыкIымрэ зэрымыкIуэщIам. Ар дэнэ къэна, иужьрей илъэсхэм нэхъри дэкIуэтеящ дэнэ къэрали щыпсэу адыгэхэм я пщIэр, я гуащIэр нэхъри къеблащ, я бзэр, я лъэпкъ хабзэхэр хъума зэрыхъуным, я щIэблэр къыэщIэгъэушэным нэхъ пылъ зэрыхъуари нэры лъагъущ. Урыс-Кавказ зауэм и ужькIэ хэкум къина адыгэхэм иужьрей илъэсищэм зыщаужьащ Урысей къэралыгъуэм, абы нобэ щофIакIуэ Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэр, ди лъэпкъхэм яхузэфIэкIащ зи пщIэр лъагэ щэнхабзэ, литературэ, гъуазджэ зэрагъэпэщын, щIэныгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ я гъуэгур якIу абыхэм нобэ, я псэукIэмрэ я экономикэмрэ нэхъри зэрефIэкIуэнырщ ахэр зыщIэкъури зыхуэлажьэри. Ар псори дызыщыгуфIыкI Iуэху дахэщ, а Iуэхур нэхъ егупсысауэ, нэхъ хэкъузауэ унэтIын хуейуэ я къалэнщ дэни щыпсэу адыгэхэм.
Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 156-рэ щрикъу махуэм теухуащ «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку», «Шапсугия», «Жьынэпс», «Нарт», «Хасэ», «Черкесское зарубежье», газетхэм зэгъусэу ягъэхьэзыра я нобэрей къыдэкIыгъуэхэр. Абыхэм щыгъуазэ фащIынущ я хэкум и хуитыныгъэм папщIэ адыгэхэм ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэ кIыхьым и тхыдэм.
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд
(АДЫГЭ ПСАЛЪЭ)