Инджылыз сурэтыщIым и нэкIэ

0
1402

Жагъуэ зэрыхъущи, Сэовет лъэхъэнэм ипэкIэ адыгэхэр, Кавказым щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъхэм яхуэдэу, тхыбзэншэу щытащ. НобэкIэ адыгэхэр лъэпкъыу ялъытэу щыхъуа лъэхъэнэр щIэныгъэлIхэм убзыхуауэ зэфIагъэувэжауэ пхужыIэнукъым. Ауэ ди лъэпкъым и блэкIа жыжьэм ехьэлIа Iуэхугъуэ куэд къатIэщIыжащ иджыри куэд къыщIамыгъэщауэ (е щIахъумэу) къонэ. Ауэ «дыдыр къэпым ибдзэкIэ гъэпщкIуа хъукъым, а дыдым и пэр къэп зрадзам гува-щIэхами къиплъынущ» зэрыжаIэм ещхьу, ди лъэпкъым и тхыдэр, дауэ ямыгъэпщкIуми, щIамыуфэми, къыщIощыж…

Адыгэхэм я псэукIам, я щIыналъэм и дахагъым, щIыуэпсым и IэфIагъым ди эрэм ипэкIэ лIыщIыгъуэ етхуанэм псэуа Диодор Сицилийскэр купщIафIэу тетхыхьауэ щытащ. Нэхъ кIасаIуэу, адыгэхэм яхьэлIа Iуэхугъуэ куэд къритхэкIауэ къыщIэнащ Полиен. Тыргъэтау гуащэм и хъыбар ди нобэм къынэзыхьэсар Полиен и тхыгъэхэращ.
Кавказым щыхьэщIа, адыгэхэр зыщыпсэуа жэнэт щIыналъэм тетхыхьа, сурэт тезыщIыхьа цIыху зэчиифIэхэм яхэтщ инджылыз сурэтыщI цIэрыIуэ Уильям Симпсон. ТхакIуэр, сурэтыщI Iэзэр, 1853-1856 гъэхэм Инджылыз къэралым и лIыкIуэу КъухьэпIэ Кавказым щыIар, мыбдеж щыпсэуа адыгэ лIакъуэхэм тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр, сурэт телъыджэхэр ятриухуащ.

Симпсоным и тхыгъэхэмкIэ, и сурэт гъуэзэджэхэмкIэ къигъэлъэгъуащ адыгэхэм я зэуэкIэр, я фащэр, я гупсысэкIэр, я дуней тетыкIэр. Абы и тхыгъэхэмкIэщ, сурэтхэмкIэщ адыгэхэр зыхуэдэр хамэ къэралхэм къызэращIэу щытар.

ЖыпIэнурамэ, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм яхьэлIа тхыдэ къэхутэныгъэхэр езыгъэкIуэкI щIэныгъэлIхэм, тхакIуэхэм, усакIуэхэм Симпсон и лэжьыгъэ уасэншэхэр нэгъэсауэ къагъэсэбэпакъым. Абы къыхэкIкIи Симпсоным и тхыгъэхэр, сурэтхэр ди лъэпкъым дежкIэ уасэншэщ.

1855 гъэм и бжьыхьэ мазэм Инджылыз къэралыр хъумэнымкIэ министр Генри Пелэм-Клинтон Кърымым щызауэ я къэралыдзэм и Iуэху зытетыр и нэкIэ зригъэлъагъуну КъухьэпIэ Кавказым къэкIуауэ щытащ. Къэралыдзэм я Iуэху зытетым къыщымынэу, зауэ зращIылIа адыгэ лъэпкъым и псэукIэм, зыгъэгумэщIым зыщигъэгъуазэмэ и гуапэу, Генри адыгэ Хэкуми щыхьэщIащ. ИкIи, апщыгъуэм инджылызыдзэм я министр Генри и дзыхьщIэгъу блыгущIэту щIыгъуащ Уильям Симпсон. Ауэ а гъэ дыдэм лорд Абердин и правительствэм тетыгъуэр IэщIахыжри, адыгэхэр зыщыгугъа дэIэпыкъуэгъухэр пщIыхь IэфIым хуэкIуэжауэ щытащ.

Генри и ужькIэ IэнатIэншэу къэна герцог Ньюкасл зыплъыхьакIуэ Кърым щIыналъэм къыщыкIуам, Симпсон абы иригъэлъэгъуащ и сурэт зыбжанэ, хы ФIыцIэм деж Инджылызымрэ Урысеймрэ я хыдзэхэм яIа зэпэщIэтыныгъэм теухуауэ.

Сурэтхэр герцогым хуабжьу игу ирихьауэ къыщIэкIри, герцогым щIыгъу цIыхухэм Симпсон хагъыхьэри, гупыр адыгэхэм я деж хьэщIапIэ къэкIуащ. А гупым Симпсон и мызакъуэу, хым теухуа сурэт гъуэзэджэхэр къэзыгъэщIа, сурэтыщI Iэзэ Освальд Брайерли, тхакIуэ Лоренс Олифант, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр фIыуэ зыщIэ герцогым и унэIут Лука сымэ герцогым щIыгъуу адыгэхэм я деж хьэщIапIэ къыздишауэ щытащ.

I855 гъэм жэпуэгъуэм и 3-м гупым я кхъухьыр Анапэ и кхъухьтедзапIэм къекIуэлIащ. ХьэщIэхэм адыгэхэр хабзэм тету къапежьэри, Псыжь псыхъуэ щыпсэухэм я деж кърагъэблэгъащ. Адыгэхэм я хьэщIэхэм кIэлъызэрахьэ хабзэхэр, унагъуэм къыщекIуэкI зэхущытыкIэхэр, Iэнэм къытрагъэува адыгэ ерыскъыхэр — ахэр къритхэкIыжащ тхакIуэм. Инджылыз сурэтыщI зэчиифIэм бысым хуэхъуахэр и гум, и псэм хэпщIэпат. Адыгэхэм къахуеблэгъа хьэщIэхэм ирагъэлъагъун яхузэфIэкIащ хьэщIэм пщIэуэ хуащIыр, ерыщагъ яхэлъу бийм и пащхьэ лIыгъэ къызэрыщагъэлъэгъуэфыр. Симпсоным и нэкIэ илъэгъуащ адыгэхэр я Хэкум папщIэ зыщымысхьыжу, къикIуэт ямыIэу, езыхэм нэхърэ хуэдищэкIэ къару нэхъыбэ зиIэ бийм гуеягъ яхэлъу зэрапэщIэтыфыр.

Адыгэхэм я щIыналъэм Урысей правительствам кърищIыхьа быдапIэхэм ящыщ зым Симпсон и бысымым теуэ къызэригъэпэщам езыри здащтэри, и нэкIэ ирагъэлъэгъуащ лIыгъэу, бэшэчагъыу, шыIэныгъэу адыгэхэм яхэлъыр здынэсыр, хабзи-бзыпхъи зимыIэу, зэуэн нэхъкIэ нэгъуэщI Iуэхухэм хуэмыгъэпсауэ пащтыхь генералхэм къаIуатэ адыгэхэр зыхуэдэр.

СурэтыщIым и дежкIэ а Iуэхугъуэр лъэужьыншэу блэкIакъым. Симпсон и тхыгъэхэм щыжеIэ адыгэхэм нэхъыщхьэукъалъытэ Iуэхугъуищыр — ар лIым и джатэр мэисэу, жьабзэу, и Iэнэм шхыныгъуэ плIыщI къытригъэувэфу щытынращ. Пэжщ, Iэнэм шхыныпьуэ плIыщI къытрагъэувэну адыгэ псоми лъэкIыныгъэ яIакъым. Ауэ адыгэ лъэпкъым иIэр уимыгъэшхыфу цIыху яхэтакъым.

Симпсон гъэщIэгъуэныщэ щыхъупар бийм къауIа адыгэлIым шэр къыщыхахыжым, шыIэныгъэ къигъэлъэгъуаращ. Инджылыз е урыс сэлэтхэм я узыр, уIэгъэр зыгъэужьых хущхъуэ ирахьэлIэмэ, адыгэ зауэлIым зы щэIу макъ къимыгъэIуу, хущхъуи ирамыхьэлIэу шэр къыхахыжат.

Симпсон и сурэт «Лагерь в Черкесии» зыфIищам егъэлеиныгъи, щыщIи имыIэу адыгэ жьэгум и теплъэр зэрыщыта дыдэм хуэдэу къегъэлъагъуэ. Сурэтым щыболъагъу герцог Ньюкасл Iэнэ лъакъуищым бгъэдэсу адыгэхэм пщIэ къыхуащIу зэрагъэхьэщIэр.
Псом нэхърэ нэхъ удэзышэхыр абы и сурэт «Черкесы у форта Вайя» зыфIищаращ. Мы сурэтым и деж IупщIу зэхэхауэ щыболъагъу быдапIэр щаухуа щIыпIэм (фортым) и дахагъыр, цIыхухэм щыгъын ящыгъхэр, дэтхэнэми я нэгухэм зыщIэгупсысыр къызэриIуатэр. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, мы сурэтымкIэ быдапIэр здэщыта щIыпIэр иджы зэманми къэбгъуэтыжыфынущ.

Симпсонщ кIахэ адыгэхэм я щIыналъэм зэманым хуэмышхыжу къина «Испы унэхэм» — (дольменхэм) я сурэтым хамэ къэралхэм щыпсэу лъэпкъхэр щIэныгъэлIхэр, къэхутакIуэхэр нэIуасэ япэ дыдэу хуэзыщIар.

Испы унэхэм ятрищIыкIа сурэтхэм къыщымыувыIэу, абы-хэм яхуэгъэзауэ лъэпкъым IуэрыIуатэу къыхэна хъыбарыжьхэри итхыжащ. Нобэ «Испы унэхэм» я ныбжьыр щIэныгъэлIхэм зэхуэмыдэу къаIуатэ. ЩыIэщ абыхэм илъэс миниплI я ныбжьу жызыIи, нэгъуэщIхэми нэхъыжьу къалъытэ. ЗыщIыпIи пхуэмыхьыжынур езы ухуэныгъэхэмрэ щIыналъэ здыщаухуамрэщ…

Долъытэ,Уильям Симпсон хуэдэхэм я фIыщIэкIэ адыгэм и тхыдэр хъума хъуауэ, ди лъэпкъым и зыужьыныгъэм, бгъэдэлъ щIэныгъэм ар сэбэп зэрыхуэхъунур. Адыгэм хуэм-хуэмурэ зиужьыжми, ди фIэщ мэхъу илъэс мин бжыгъэ зи ныбжь тхыдэ зиIэ лъэпкъыр щыщIэ щымыIэу зэрызэфIэувэжынур…

ГЪУКIЭКЪУЛ Даут

(ЧЕРКЕС ХЭКУ)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz