Тыркум ис хэхэсым и тхыдэм къегъэзахэр
• «Шэрджэс Иттихат ве Теавюн Джэмиети» (Адыгэ Зэгуэтын-ЗэдэІэпыкъун Хасэ), 1908-1923.
• «Шэрджэс Кадынлары Теавюн Джэмиети» (Адыгэ Бзылъхугъэ ЗэдэІэпыкъун Хасэ), 1918-1923.
• «Шэрджэс Нумунэ Мектеби» (Алыгэ Щапхъэ ЕджапIэ), 1919-1923.
• «Гюнен-Маньяс Адыгэ куажэхэр егъэбгынэн», 1922-1923.
• «Достели Ярдымлашма Дернеги» (Достели ЗэдэІэпыкъуныгъэ Хасэ), 1946-1952.
Тхылъ тедзахэмкIэ ‘Iэпхъуэн’, ‘Хэкур егъэбгынэн’ псалъэхэр къызыхэщхэр
• «Гъуазэ» газетыр, 1911-1914.
• «Ди анэ» журналыр, 1920.
• «Кавказ» журналыр, 1953.
• Кавказым и тхыдэм теухуа щІэныгъэ зэхуэситху, 1977.
*Адыгэхэр Кавказым КызэрикIар (ЩІэныгъэ зэхуэсым и зы Iуэхугъуэщ).
• «Ищхъэрэ Кавказым и Iэпхъуэ Тхыдэр», Иззэт Айдемир, 1988.
• «Кавказым къикIыу Анадолэм Iэпхъуэхэр», Бедри Хабичоглу, 1993.
• «Адыгэ Хэку бгынэн. Пэжымрэ Тхыдэрэ Политикэ Щыхьэусыгъуэхэмрэ», Бэрзэдж Нихьат, 1993.
• «Адыгэхэм я Хэку бгынэн», «Кафдагы» тхылътедзапэ, 1993.
• «Адыгэ ЛъэпкъгъэкIуэд», «КАФДЕР», Али Касумов, Хасан Касумов, 1995.
Хэхэс Адыгэхэм я щыгъуэ лэжьыгъэхэм
“Хэку гъэбгынэн”, “ЛъэпкъгъэкIуэдыр” къызэрыхэщыр
• Хэку гъэбгынэн-125, ЩІэнхабзэ Лэжьыгъэхэр, 1989 гъэ.
• Анкара Ищхъэрэ Кавказ ЩІэнхабзэ Хасэ. ЗэIущIэр къэралзэхуаку лэжьыгъэу екІуэкІащ. Тыркум, хамэ къэралхэм къикIа хэхэс адыгэхэм я лIыкІуэхэр хэтащ.
• Кефкен, Караагач къуажэмрэ Бабалы хы фIыцIэ IуфIэмрэ 1993 гъэм накъыгъэм и 21-м щекІуэкІа Іуэхугъуэхэр. 1993 гъэм ящІа джэпсалъэм щыщ зы псалъэуха: “Я адэжь хэкуу Кавказым XIX-ХХ-нэ лІэщІыгъуэхэм империалист гупхэм лъэпкъгъэкIуэд, хэку гъэбгынэн икІи зэрыпхъуакІуэ политикэкIэ зи бжыгъэр мащIэ ящIа адыгэ жылэм щхьэкІэ…”
• Караагач къуажэм дэт Адыгэ кхъэлъахэм 2000 гъэм Хэку гъэбгынэным и Фэеплъыр къыщызэIуахащ.
• Истамбыл, Юскюдар Саладжак хы Iуфэм 2002 гъэм накъыгъэм и 21-м зы лэжьыгъэ ипэ дыдэ щекІуэкІащ.
• Караагач къуажэм дэт Адыгэ кхъэлъахэм Хэку гъэбгынэным и Фэеплъым деж 2006 гъэм лэжьыгъэ щекІуэкІащ.
• Истамбыл, Бешикташ утыкум 2008 гъэм и накъыгъэм 21-м лэжьыгъэ щызэхэтащ.
• Сочи къалэр ЩІымахуэ Олимпиадэ Джэгум папщIэ ягъэнахуэ щыхъум (2006), Истамбыл Урысей Федерацэм и ЛIыкIуэм и уэрамым лэжьыгъэ щекІуэкIащ (2009), “Май21” гупымрэ “НоСочи” гупымрэ къызэрагъэпэщат ар.
ЗэраIуатэ: ЛъэпкъгъэкIуэд.
Жьынэпс
***
Дунейм къыщыхъуахэр
• Дунейпсо Адыгэ Хасэр (ДАХ) 1991 гъэм накъыгъэм и 20-м къэунэхуащ.
• Япэ Дунейпсо Адыгэ Конгрессым хэтащ «Хэку» обществэм и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгеймрэ щыIэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Шапсыгъым, Абхъазым я Адыгэ Хасэхэм, Израилым, Иорданием, Сирием, США-м щыIэ ФIыщIэ Хасэхэм, Германиемрэ Голландиемрэ щыIэ Адыгэ Щэнхабзэ Хасэхэм я лIыкIуэхэр, Тыркумрэ Югославиемрэ щыIэ ди лъэпкъэгъухэм къахэкIахэр.
(http://adyghepsale.ru/?p=63940)
• Урысей Федерацэр (УФ) 1991 гъэм дыгъагъазэм м 25-м яухуащ.
• Абхъаз-Куржы зауэр 1992-1993 гъэхэм екІуэкІащ.
• 1994 гъэм мэлыжьыхьым 16-м Дунэнпсо Адыгэ Хасэр ОННН хасэжылагъэм хэхьэщ – 2015 гъэм щэкIуэгъуэм 6-м къыхэкIыжащ. (wikipedia)
• Шэшэн-Урысей Федерацэ Япэ Зауэр 1994-1996 гъэхэм екІуэкІащ.
• 1994 гъэм накъыгъэм и 18-м Урысейм и Президент Ельцин Борис Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 130-рэ щрикъум япэ дыдэ Кавказ зауэм хуэфащэ уасэ иритащ. Абы и псалъэм къыхигъэщащ ар Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм лIыхъужьыгъэ хэлъу ирагъэкIуэкIа зауэу зэрыщытыр. Ар занщIэу жимыIами, адыгэхэм кIэлъызэрахьа залымыгъэ ин дыдэр къилъытауэ аращ. (http://adyghepsale.ru/?p=63940)
Урысейм и Президент Ельцин Борисым Кавкас Лъэпкъхэм джэпсалъэ
“Си хэкуэгъу лъапIэхэ!
Илъэсищэ нэхърэ нэхъыбэкІэ екІуэкІа тхыдэм хуэІухуэщІэхэм, Кавказ щІыналъэм папщIэ зауэ езыгъэкІуэкIа Урыс пащтыхьыгъуэм, Инджылыз пащтыхьыгъуэм, Франджым, Къэжэрым, Тыркум я пэрмэнхэр щызэраундэкIэ лъэхъэнэм дашэж мы махуэхэм.
Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм а зауэм къахуихьа гуауэшхуэм, гуІэгъуэм мы къедбжэкIэ къэралыгъуэхэм я лажьэ хэлъщ. ЦIыху куэдрэ мылъку куэдрэ зыхэкІуэда Урыс-Кавказ зауэм и джэрпэджэжыр иджыри Урыс жылэ нэхъыбэм я гум гуауэшхуэкIэ поджэж… Нобэ; Урысейм, хабзэм тету къэралыгъуэ щиухуэм, цIыхухэм я фIыгъэр ипэ щригъэщым, Урыс-Кавказ зауэм епха тхыдэ къэхъукъуащIэхэм пэжагъ хэлъу тепсэлъыхьыным-еплъыным игъуэщ. Мыр Кавказ жылэхэм я адэжь щІыналъэм псэууэ къинэн папщIэ, лIыхъужьыгъэ хэлъу ирагъэкІуэкIа бэныныгъэм нэмыщІ; я хабзэр, я щІэнхабзэр, я адыгагъэр зэрахъумэным и шэсыпІэщ. Урыс-Кавказ зауэм дэ щIэину къытхуигъэна зэхэзэрыхьамрэ, хэхауэ жысІэмэ, Кавказ хэхэсхэм я пхъурылъху-къуэрылъхухэм я адэжь хэкум къызэрагъэзэжыфыным теухуауэ, мы зауэм хэта къэралыгъуэхэр къегъэблэгъэуэ къэралзэхуаку зэIущIэ егъэкIуэкIауэ къэхутэн хуейщ. …Си фIэщ зэрыхъущи, демократиер и лъабжьэу зы къыралыгъуэ щаухуэкIэ, псэуныгъэм ехьэлІа, зэкъуэтыныгъэ, зэхуэдэныгъэ, къэралзэхуаку зыгурыIуэныгъэ ики цIыхубэм я мамырыгъэ, Урысейри Кавказыри сыт хуэдизу фIыуэ дызэхущытми, ди къэралъыгъуэм щыпсэу жылэхэм я тхъэныгъэ псэуныгъэфI гупсысэхэр пэж хъуным шэс хуэхъунущ.
Ельцин Борис Урысейм и Президент – 1994 гъэм накэыгъэм и 18”
• 1992 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, 1996 гъэм мэлыжьыхьым и 29-м Адыгэ Республикэм я Президентымрэ Парламентымрэ унафэ къащтащ, адыгэхэм залымыгъэшхуэ къыкIэлъызэрахьауэ зэрыщытам теухуауэ, апхуэдэ къабзэу УФ-м и Президентым зыхуагъэзащ адыгэхэм къращIар лъэпкъгъэкIуэду (геноциду) къилъытэну елъэIуу.
• 1995 гъэм жэпуэгъуэ мазэм 6-7 махуэхэм Эстония щэкуэкъа ОННН-м (ЛІыкIуэншэ Лъэпкъхэмрэ Жылэхэмрэ я Зэгухьэныгъэм) и Iэгъуэблагъуэ зэIущIэм ДАХ-м и тхьамэдэмрэ и тхьэмадэ къудзэмрэ хэтащ, абы Адыгхэм къыращылъа лъэпкъ гъэкIуэдымрэ хэку егъэбгынэнымрэ щытепсэлъыхьэщ.
• 1997 гъэм гъатхапэ мазэм 24-м Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэр ООН-м цIыхум иIэ хуитыныгъэхэмкIэ и Комиссэм, лъэпкъ мащIэхэм я хуитыныгъэмкIэ щыIэ подкомиссэм къыщыпсэлъащ.
• 1997 гъэм бадзэуэгъэ мазэм и 15-19-хэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм ОННН-м (ЛІыкIуэншэ Лъэпкъхэмрэ Жылэхэмрэ я Зэгухьэныгъэм) ирита лъэІу тхылъымрэ рапортымрэ епхауэ ОННН-м унафэ къищтащ.
• 1997 гъэм Жэпуэгъуэ мазэм и 15-м Абхьаз Парламентым Хэку егъэбгынэныирэ лъэпкъгъэкIуэдынымрэ теухуэу унафэ къащтащ.
• Израилым и правительствэм Щыгуэмрэ гуфIэгъуэ махуэхэмкIэ и комитетым къишта унафэм ипкъ иткIэ. 2008 гъэм щыщIэдзауэ накъыгъэм и 21-р – адыгэхэм я Шыгъуэ махуэр – щIыналъэм шыпсэу ди лъэпкъэгъухэр шымылажьэ махуэу ягъэуват. (Адыгэ Псалъэ 2008 гъэм накъыгъэм и 21-м)
Жьынэпс