ХьэжбэвыкъуэЭрдоган Йылмаз
-Япэдыдэ уэ зыкъыдэбгъэцIыхун?
-Уэрдым Зекаи: 1976 гъэм Кайсери сыкъыщыхъуащ. КъуажэкIэ Къаракъуй (Къундетей) сыщыщщ, Уэрдым Хьэжы Ихъсан и къуэ Ариф срикъуэщ.
Къалэм сыкъыщыхъуа, сыщыпсэуами,насып сиIэти гъэмахуэхэм къуажэм сыщыIэурэ адыгэбзэми, хабзэми, адыгагъэми щыгуазэ сыхъуащ.
Курыт еджапIэр къыщызуха гъэм ирихьэлIэу «Нальмэс» къэфакIуэ гупым, илъэс дэкIауэ «Кабардинка» гупым Тыркум концертхэр щатащ. Дэри джэгухэм дахыхьэ щыхъуа зэманти, сэри хуабжьу сыдихьэхат.
-Хэкум къыщыбгъэзэжар сыт щыгъуэ?
-Зы пщыхьэщхьэ гуэрым си адэр Къайсэр хасэм щыгъуазэ щыхъуа хъыбаркIэ къызэупщIащ: «Ухуейт Налшык къалэ дэт университетым (еджапIэ нэхъыщхьэм) ущеджэну?»,-жиIэри. Сэ куэд щIауэ си нэр къыхуикIт абы. ЕтIуанэ махуэм тхылъымпIэ сызыхуеинухэр жэрыжэкIэ зэхуэсхьэсыну яужь сихьащ. Си ныбжьыр илъэс 18-й ирикъуртэкъыми, нотэрым накIуэу Iэ традзэн хуей хъуащ. Сытми, псынщIэ дыдэу псори зэфIэзгъэкIащ. Си паспорт, визэр хьэзыр щыхъум, си адэри тIэкIу жиIам хущIегъуэжат, си анэми и нэпсхэр къытелъэдауэ гъуэгу дытехьащ. Ар 1993 гъэм бжьыхьэ зэмант. Сэ нэмыщI еджакIуэ 36-рэ дыхъуу.
Мин-Вод къалэм кхъухьлъатэм дыкъыщикIам ди япэ кIуа щIалэхэр къытпэплъэу драгъэблэгъащ. Гугъу демыхьу университетым и общежитие (студентхэр зыщIэс унэм) дыкъэсащ. Пэжыр жыпIэмэ, ди гугъам хуэдэу къыщIэкIакъым: пэшхэр зэхэфыщIауэ, гъуэлъыпIэхэр къутауэ. Ауэ, абы щхьэкIэ дигу дымыгъэныкъуэу, дэр дэру псори зэдгъэзэхуэжри,пэшри зетхьэжащ.
-Хэкум укъыщымыкIуэжам уигу илъамрэ укъызэрыкIуэжрэ уи нэгу щIэкIымрэ зэщхьэщыкIрэ?
-Ди хэку дыкъэкIуэжами, тIэкIу къыдэгугъуэкIт. Адыгэ хэкум шухэр, фащэхэр ящыгъыу цIыхухэр къалэм дэту дарихьэлIэн дигугъа щхьэ, мыбыкIэ зэманыр къызэрымыувыIар нэрылъагъут. Ауэ, къалэм и щхъуэнтIагъыр зэрыщытти абы и дахагъым удихьэхырт. ИтIэнэ, къалэм дэнэкIи СССР зэманым и сынхэр тету щытащ, комунизмэм мыбы щыIэ гъащIэм сытхуэдизкIи зэрыхэпщар нэрылъагъут. Сигу къинэжахэм ящыщщ, цIыхухэр бэзэрми, уэрамхэми, автобусхэми адыгэбзэкIэ зэрызэпсалъэр. Псом хуэмыдэу мис абы уигъэгушхуэт, гур игъэгуфIэт.
Хэкум сыкъыщыкIуам адыгэбзэкIэ тэкIу сытхьэмыщкIэт, ауэ къыддеджэ щIалэхэм садэуэршэрурэ, университэтым и къэфакIуэ гупым сахэтурэ, хуэмурэ бзэри нэхъ згъэшэрыуэ сыхъужащ.
Япэ илъэсым урысыбзэкIэ зыдгъэхьэзыра нэужь, факультет къыхэтхахэм дыхуеджэу щIэддзащ. Сэ къыхэсхар ИТФ-ПГС. 1999 гъэм и гъэмахуэм дипломхэр къытIэрыхьэжащ.
Кризис къэхъуауэ, лэжьыгъэ щыдмыгъуэтым, билетыр къэсщэхуащ, Тыркум сыкIуэжу дзэм сахыхьэн мурад сиIэу. Сылъэтэным мэхуищ иIэжу Мыекъуапэ пхъэм елэжь фабрикам цIыху яхуейуэ зэхэсхати, и мазэ Iулъхьэр зэрымIащIэми семыплъу сыкъэнащ. Зы илъэс дэкIауэ унагъуэ сыхъуащ. Илъэситху пщIондэ си къару, си IэщIагъэкIэ Iуэху куэдым яужь ситащ (пхъэ, мебель, гъущI).
2005 гъэм нэхъ къалэшхуэхэм сыкIуэн хуей хъуащ, си дипломымкIэ сылэжьэну. Илъэс 12-кIэ сылэжьауэ Мыекъуапэ къэзгъэзэжащ… (зыхъуэдхасамкIэ зы кафэ къыщыутхъэщ, унагъуэкIэ дыгъэлажэу.) ТыркумкIэ щыIэ си адэ-анэм, си благъэхэм, си ныбжьэгъухэм сахуозэш. Ауэ,Iэмал дызэриIэкIэ дыкIуэурэ долъагъу, е езыхэр къокIуэ.
Нобэ зыкIи сыхущIегъуэжакъым гъащIэ гъуэгуанэ къыхэсхамкIэ, си гъащIэр зэрыхъуамкIэ. Нэхъыжьыр илъэс 17, нэхъыщIэр илъэситхум иту щIалитI сиIэщ. Ди унагъуэцIэ хэкум хокIуадIар, къэдгъэзэжа хъуащи.
Еджену хъуам сэлам гуапэ фызохыр. ФыкъимыкIуэт, гъащIэу диIэр зыщ, ари псынщIэ дыдэу макIуэ. Ди лъэпкъым дыхуэлажьэу, абы ди сэбэпынагъ едгъэкIыу, ди бзэр зыщыдмыгъэгъупщэу, ди хабзэхэр дымыгъэкIуэдыжу, дызэрыадыгэр дымыгъэгъуащэу, дунейм дытевгъэт!
-Упсэу.
Хьажбэвыкуэ Эрдоган Йылмаз
(Жьынэпс)