Сирием къикIыжахэм къахэкIыу Крем-Константиновкэ къыдэтIысхьэжа псоми а зы махуэм дазэрыхуэмызэфынум дэ шэч къытетхьэртэкъыми, Сабри делъэIуащ езым нэмыщI иджыри цIыху зытIущым даIуигъэщIэну. АбыкIэ арэзы щыхъум, СтIащым и хьэщIэщым исахэм зыкъызэщIэткъуэри, пщIантIэм дызэрыдэхащ. Абдежым къыIухьауэ къыщIэкIащ дыIущIэну дызэрыхуеймкIэ хъыбар зрагъэщIа нэгъуэщI зы щIали. Ар Кушухэ ящыщ Зигъут.
Гъусэ тхуэхъуар зэрыс машинэр ди япэ иту, дэ абы дыкIэлъежьауэ дыздеIэм, куэд дэмыкIыу дынэсащ дызыхуаша щIапIэм. Абдежым къыщыдэжьэрт бысымыр. ФIэхъус зэхыным къыдэкIуэу, гушыIэмрэ сэмэркъомрэ къыдэбэкIрэ дыбзэрэбзэжу, дэ ахэр зэрытлъагъум дригушхуэу, езыхэри дазэрыхуэкIуам щыгуфIыкIыу, къытIущIам я пщIантIэм дыдыхьащ.
ЩIыбым дэт Iэнэшхуэм дыбгъэдэтIысхьащ. Дакъикъэ бжыгъэ дэкIагъэнтэкъым, унэгуащэм IэфIыкIэхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэкIэ узэда Iэнэр къыщиухуам, мыIэрысэм къыщIапIытIыкIа псы гурыхьыр зэрыт къуэщынышхуэри абы дэщIыгъуу.
Ди напэкIуэцIым пэублэ хуэтщIам зэрыщыжытIащи, дыкъыщIэкIуар илъэс зыбжанэ ипэкIэ Сирием къикIыжу мы къуажэм къыдэтIысхьэжахэм зэман дызэрытым я Iуэху зыIутым, я псэукIэр зыхуэдэм щыгъуазэ зыхуэтщIыныр арати, етIуанэ лъапсэм дыкъизыша СтIащ Сабри псалъэр иришэжьащ.
-КъэIэпхъуэжахэм ящыщу мы къуажэм дэсхэм гупжьей диIэщи, и пашэр илъэс къэс зэдохъуэкI. Дызэрыт илъэсым абы и тхьэмадэр КIэрэфхэ Гъэсанщи, абы и деж дыкъэкIуауэ аращ, -жиIащ Сабри.
Бысымыр къыпыгуфIыкIащ. Дэри абы делъэIуащ зыкъыдигъэцIыхуну.
-Сирием къыщыхъуа хьэлэбэлыкъхэм япэ къихуэу, КIэрэфхэ Мударейрэ Бырхьэджэмрэ дэсащ. Къэбэрдейми ди лIакъуэм щыщ унагъуэхэр Тэрч адрыщIкIэ щыIэ Астэмреи Щхьэлыкъуи дэсщ. Сирием зэгуэр нэкIуауэ щытащ профессор цIэрыIуэ КIэрэф Къамболэт, КъБКъУ-м и ректору щытар.
Къыдбгъэдэсхэм ящыщ гуэри гулъытэншэ дымыщIым нэхъ къасщтэти, алъандэрэ щыму щыса щIалэм зыкъыдигъэцIыхуамэ дызэригуапэр есIуэкIащ.
-Бжьэдыгъухэм сащыщщ. Къызэрызэджэр Кушухэ Зигъущ.
-Мыхэр СириемкIэ нэхъ къызэрацIыхур «Шымыгъашхэ» унэцIэмкIэщ, -къыхелъхьэ Сабри.
-Пэжщ, Шымыгъашхэ и къуэхэр къытхужаIэ, -къыпещэ и псалъэм Зигъу.
-Зигъу, уи адэм и гугъу къытхуэщIыт.
-Си адэр сурэт щIынкIэ Iэзэт. Зэгуэрым, къыщIригъэдза и IэдакъэщIэкIым ищхьэкIэ тритхауэ щытащ дызыщыщ лIакъуэм и къежьэкIэ хъуам, и къекIуэкIыкIам теухуауэ зыщыгъуазэхэр: и адэжьхэм, абыхэм къатепщIыкIыжахэм я цIэхэр, лIакъуэр щыпсэуа къуажэм зэреджэу щытар, нэгъуэщIхэри.
-АтIэ, сытыт абы къибджыкIахэр?
-Си адэм и адэм и цIэр Исмэхьилщ. Урыс-Кавказ зауэм иужькIэ, адыгэхэр хэкум щикIыжым Исмэхьилыр сабийуэ и анэм къришэжьат. Ар зэрыхъуаращ. Анэр, хьэсэм хэту, губгъуэм итт. Плъэри, Мыхьэмэтым (Исмэхьил и адэм) и шыр, зыри темысрэ и закъуэу, къызэрыкIуэжыр къилъэгъуащ. «Шымыгъашхэ» цIэр къызытехъукIар а Мыхьэмэтым и адэ Даутт (и IэпкълъэкъкIэ иныщэу зэрыщытам къыхэкIыу Даутэшхуэ фIащыжауэ). Шур зэрытемысыжыр зылъэгъуахэм къагурыIуащ Мыхьэмэт зэрыщымыIэжыр, зауэм зэрыхэкIуэдар. Бзылъхугъэм, «Тхьэ, Мыхьэмэт щыIэжу къыщIэмыкIыну! Мы сабийри дэнэ схьыну?» жиIэри, гупышхуэу Тыркум икIыжхэм гъусэ захуищIащ. Щынэсым, Болгарием ягъэIэпхъуэхэм яхэхуащ. Урыс-Тырку зауэм иужькIэ, абы кърагъэкIыжхэри Палестинэм къэкIуахэщ. Абдежым хуабэ уз Iейм я щхьэр щахъумэжу Джоланым Iэпхъуахэщ. Мы Кавказым ираша Исмэхьилыр си адэм и адэ дыдэрщ.
Плъагъурэ иджы ар, псоми я псалъэр зэрызэтехуэр, -къыхелъхьэ и жыIэ алъандэрэ къыдэдаIуэу щыса Сабри. – Адыгэхэм къезэуэн мы Кавказым щаухам, псоми заIэтри Тыркум кIуащ. Абыхэм ящыщ куэдыр Югославиемрэ Болгариемрэ къыщыхутащ. Абы ирамыгъэсыжу къыщрахужым, Тыркум а лъэхъэнэм иджыри IэщIэлъ СириемкIэ къагъэIэпхъуащ. Сирием зизыгуашэу Хьэлэб кIуахэр – езы Тыркум икIахэращ. Хьэмусым щыпсэухэр – Югославием къикIыу, япэщIыкIэ иджырей Ливаным къыщыхутахэращ. Ар гъуэгуанитIкъэ? Ещанэ гъуэгур – Болгарием къиIэпхъукIыу, япэщIыкIэ Кипр, итIанэ Палестинэм, къыкIэлъыкIуэу Джоланым ягъакIуэу, абы иса адыгэ къуажэ I4-м трагуэшэжахэращ.
-Гу зэрылъыттамкIэ, Джолан бгылъэ щIыпIэм щыIа адыгэ къуажэхэм дэсахэм къэбэрдей, кIахэ псалъэкIэхэр ящIэ. Ар сыту пIэрэ къызыхэкIар?
-А щIыпIэм къэбэрдеи, бжьэдыгъуи, шапсыгъи, убыхи, уеблэмэ, абази, балъкъэри, осетини – псори дыщызэхэпхъауэ дыщыпсэуащ. Зэхэдз лъэпкъ дымыщIу. ГъэщIэгъуэныр аращи, балъкъэрхэр, абазэхэр, осетинхэр къэбэрдейкIэт зэрыпсалъэр, -жиIам щIигъэбыдыхьыжащ СтIащым.
-Мыпхуэдэуи дыщIэупщIэнут: бын унагъуэкIэ сыт фыхуэдэ? Зигъу деж къыщыщIэддзэнщи…
ИщхьэкIэ къызэрыщыхэдгъэщащи, «Гу къабзэхэр» щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и зэхэшакIуэ Къарэ Ратмирщ Крем-Константиновкэ дэс ди лъэпкъэгъухэм я деж кIуэнымкIэ гъуазэ тхуэхъуар. А щIалэр, къызэрывгурыIуащи, мы иджырей ди зэIущIэми хэтащ.
-Зигъу быныфIэщ, Тхьэм и фIыщIэкIэ. Иджыпсту зи гугъу сщIынур, ипхъухэм ящыщ тIур зэрызэщхьыркъабзэщ, зэтIолъхуныкъуэщи. Абыхэм зэбгъэдэту траха сурэтыр Фейсбукым итлъхьати, Мейкъуапэ щыщ гуэрым зы махуэ къытхуитхащ, «сэри зэтIолъхуэныкъуэу къуитI сиIэщи, мы дывгъэлъэгъуа пщащэ цIыкIуитIыр къедвгъэгъашэ», жиIэри.
Зигъу къыпещэ:
-ЩIалэрэ пщащэу, псори зэхэту, блы диIэщ. Ди пщащэхэм я нэхъыжьыр, Сирием щыIэр, унагъуэ ихьащ, бын игъуэтащ, бухгалтер IэщIагъэм иролажьэ. НэгъуэщI си щIалитIым, Азэррэ Марджэрэ, КъБКъУ-м инджылыбзэкIэ и къудамэр къаухащ, нэгъуэщI ди пщащэу а щIалитIым къакIэлъыкIуэм, Тимаф (Димахуэ) зи цIэм, колледжыр къиухауэ, и дэфтэрхэр университетым иджыблагъэ иритащ, къехъулIэмэ щIэтIысхьэн мурадыр иIэу. Абы къыкIэлъыкIуэм, Аслъэн, автомеханик IэщIагъэмкIэ колледжыр къиухри, а унэтIыныгъэ дыдэмкIэ щеджэну Къэбэрдей-Балъкъэр университетым щIэтIысхьащ. Къэнэжар Синэрэ Сипсэрэ зэтIолъхуэныкъуэ цIыкIуитIращи, абыхэм Крем-Константиновкэ дэт курыт еджапIэр мы гъэм къаухащ, экзаменхэр ехъулIэныгъэкIэ ятри.
-Университет къэзыуха уи щIалитIым сыт я лэжьыгъэ, Зигъу?
-Марджэ шаурма щагъэхьэзыр шхапIэ цIыкIу къызэIуихауэ, абы и Iуэху зэрехуэ, къахэхъуэм щыщ ахъшэ гуэрхэмкIэ, уеблэмэ, мыдрейхэм зыкъытщIагъакъуэу. Дэ езым мыбдежми псыджэд (бабыщ) тIэкIу щыдогъэхъу, хадэ щызыдохьэ.
АдэкIэ СтIащым и псалъэм къыпещэ.
-Дэ мыбы къэдмыгъэзэж ипэкIи инэхъыбэр Сирием дыщызэрыцIыхурт. Сэрэ Зигъурэ зы къуажэм, Сэлмэней дыкъыщыхъуащ. КIэрэф Гъэсэн КъунейтIрэ къалэм (Сэлмэней зэрыпэжыжьэр километри 3-щ) дэсащ. Щыри КъунейтIрэ дэт курыт школхэм ящыщ зым дыщызэдеджащ. ЖыпIэнур арамэ, Сирием щыIэ адыгэхэм я нэхъыбэр, гуфIэгъуэ хъуами, гузэвэгъуэ яIэми, щызэкIэлъыкIуэу апхуэдэт, ноби аращ. ЗгъэщIагъуэу сигу IэфIу къинар аращи, блэкIа зэманхэм, машинэхэр апхуэдэу щыщымыIам, лъэсу е адыгэхэм а лъэныкъуэмкIи щызетхуэу щыта шыгу гуэрым дису, зы къуажэм дикIыу адрейм, хэт гуфIэгъуэ, нысашэ джэгу иIэми дыкIуэрт. Дызыдыхьэм псори гуапэу къыщытIущIэрт, хьэщIэр апхуэдизу лъапIэу къыщалъытэрти, уеблэмэ, дыщызэтрахыу щытащ. Уахыхьамэ, махуэ-махуитIкэ укъаутIыпщыжтэкъым. Я щIалэхэр, псом хуэмыдэжу я пщащэхэр гуфIэрт, джэгушхуэхэр къыщыдащIэкIрэ дыщызэпсэлъыхъуу.
АдэкIэ дэ зыхудогъазэ дызэрыс лъапсэр зей КIэрэф Гъэсэн.
-Си адэр къэбэрдейщ, Бырхьэджэм дэса КIэрэфхэ ящыщщ, иужькIэ КъунейтIрэ къэIэпхъуэжами. Си анэр бжьэдыгъущ, Мансурэ адыгэ жылэм къыщыхъуащ. Иужьым, Израилымрэ Сириемрэ щызэзауэм, КъунейтIрэ дыкъыдэкIри, Дамаск дыкъэкIуащ. Абы дыдэсащ, инженер IэщIагъэм сыщыхуеджащ. «Баас» политикэ партым и цIэкIэ къызэрагъэпэща комитетым чэнджэщэгъу IэнатIэр щысIыгъащ. ИтIанэ, иужьрей зауэшхуэр къыщыхъейм, Дамаск дыкъыдэкIри ХэкумкIэ зыкъеттащ. Си щхьэгъусэр КIурэшынхэ ящыщщ. ЩIалищ диIэщ. Зыр Москва щыIэщи, абы щолажьэ. ЕтIуанэр Налшык коландер машинэхэм иролажьэ. Ещанэр Сирием щыIэщ. Ари къэкIуэну хуей щхьэкIэ, дэ езым мы къэралым и цIыхуу дыкъызэрилъытэмкIэ дэфтэр нэхъыщхьэр, паспортыр, дызэримыIэм къыхэкIыу, абы и Iуэхур тхузэпыщэркъым. ЖыпIэнур арамэ, къэкIуэжыну хуейхэр иджыри куэду щыIэщ абыкIэ. Мис, псалъэм папщIэ, Сабри и благъэхэр къишэжынут, Кушухэ ящыщ мы щIалэми аращ…
-Зы нэрыбгэ закъуэм, мис мы Гъэсэн хуэдэм, паспорт къратмэ, езым и благъэхэри къишэжыфынущ, апхуэдэ щIыкIэкIэ куэд къыпхузэщIэубыдэнущ, -жеIэ Сабри.
-Гъэсэн, Хэкум къыщывгъэзэжам дапхуэдэу къыфIущIа фыкъызыхыхьэжахэр?
-2013 гъэм дыкъихьэжати, япэщIыкIэ санаторэм дыщIагъэтIысхьащ, сыт и лъэныкъуэкIи зыкъытщIагъэкъуащ, къыддэIэпыкъуащ. Апхуэдэу къытпэкъуэкIахэм фIыщIэшхуэ яхудощI! Дигу фIыкIэ къинахэм ящыщщ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, а зэманым адыгэ Iуэхум жыджэру хэта, «Бум-Банк» IуэхущIапIэм и унафэщIу щыта Ажахъуэ Къанщобий. Абыхэми, нэгъуэщI куэдми я лъэкI къызэрамыгъэнар ноби IэфIу дигу илъщ. Псалъэ дахэу къыджаIахэр сыт и уасэ! Ахэр дэ зэи тщыгъупщэнукъым. МыдэкIэ, Бэджрэт Ольгэ, Къарэ Ратмир сыми дыкъызэрыкIуэж лъандэрэ зыкъытщIагъакъуэрэ къыткIэрымыкIыу апхуэдэщ. Къуажэм дыкъыдагъэтIысхьащи, нобэ унагъуэ 14-р дыдэсщ. Гупжьей къыщызэдгъэпэщащи, ди пашэу щытын, ди цIэкIэ зыщIыпIэ кIуэуэрэ къыщыпсэлъэфын хуэдэу, илъэс къэс зы нэхъыжь къыхыдох.
СтIащ Сабри:
-Зэгуэр дыщыпсэу зы ныуэжь гуэр къэкIуауэ щытащ. Iэминат е ФатIимэт -а тIум язщ и цIэр. Сыт и Iэ къикIар? КъэкIуэжахэм хъарбыз зырыз къытхуихьащ. «Мыращ схузэфIэкIри, фи хьэлэщ», -жиIащ. Абы зыкIэ дигъэгуфIати, доллар мин зырыз къыдитауэ къытщыхъуащ.
Кушу Зигъу:
-СощIэж ар къыщыкIуар. Адыгэм «данэпскIэ игу сыкъэкIи» жаIэ. Мо ныуэм арат иIэри, ар къытхуигъэкIуэтащ. Си нэпс къригъэхауэ щытащ, сыхуэзати. Ясир и щIалэ цIыкIуитIыр илъэгъуати, мыращ сIыгъыр, сщIэркъым яхуэсщIэнур жиIэри, соми 100 зырыз къаритащ. Абы нэмыщI сытыт зы ныуэм ебгъэщIэнур? ИIыгъыр къаIэщIилъхьащ. Адыгэм иджыри жаIэ: «Дахэу къыспыкъуэкIи, сумыгъашхэ ухуейми». Уэлэхьи, дыщэ фащэ къытщитIэгъамэ а ныуэм!
Къумахуэ Аслъэн
(Адыгэ псалъэ)