Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

1864-р гъэзэкIуэжын! Хэкум зыгъэзэжынум паубыдын хуэмейр хьэкъщ

1997 гъэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм Лъэпкъ зэкъуэтхэм я зэгухьэныгъэм (ООН) тхылъкIэ зыхуигъэзат, 19 лIэщIыгъуэм екIуэкIа зауэм кърикIуэу хэхэс хъуа адыгэхэм я хэкур ягъуэтыжыным и хэкIыпIэхэр щыгъэбелджылауэ. А тхылъым ипкъ иткIэ Лъэпкъ зэкъуэтхэм я зэгухьэныгъэм (ООН) къищта унафэхэм ящыщ зыт мыр: «ООН-м Урысей Федерацэр къыхуреджэ шэрджэсхэм я адэжь щIыналъэм ягъэзэжынымкIэ шэсыпIэ хъуну».

19 лIэщIыгъуэм я хэкужьым ирахуу хэхэс хъуауэ, иджы пэж къэзылъыхъуэ шэрджэсхэм дежкIэ ар унафэ лъапIэт.

Хэхэсыныр зи натIэ хъуа лъэпкъхэм ядыболъагъу, зы махуэ гуэр я хэкум ягъэзэжыныр сытым щыгъуи гупсысэу яIэми, ямыгъэзэщIэфу, къаймыхъулIэу зэрыщытыр. Шэрджэсхэри апхуэдэщ. Шэч зыхэмылъыращи, хэкум зэрыщIэбэгыр зэи ужьыхакъым.
Югославиемрэ Сириемрэ граждан зауэ гузэвэгъуэр я къэрал кIуэцIым къыщихъуам, я хэкужьым кIуэжыну хуея, ар зэзыгъэхъулIа адыгэхэр щыIащ.

Тыркур къапщтэмэ, 1960 гъэхэм адыгэм я лъэпкъ щэнхабзэр яхъумэжыным теухуауэ къаIэта Iуэхухэр, а лъэхъэнэм утыку ита цIыхухэм я фIыгъэкIэ, политикэ форматым ихьэри «лъэпкъ Iуэху» бгъэдыхьэкIэм ирашэлIат. Абы щыгъуэ нэхъ зиужьат хэкум гъэзэжыныр Iэмалыншэу къэзылъытэ гупсысэкIэм. «Ди къэкIуэным и унафэр ди Кавказ хэкум щытщIыжын» бгъэдыхьэкIэр нэхъыщхьэ хъуат. Ауэ нэгъуэщI IуэхуеплъыкIи щыIэт: Тыркум щекIуэкI революцэр зи Iэужь гупхэм «лъэпкъхэм я къэкIуэныр езыхэм ягъэпсыжыфын» гупсысэкIэр я бэнэныгъэм лъабжьэ хуащIати, хэхэсхэм я Iуэху зезыхуэ хасэхэм ар къабыл ящIауэ, абыхэм ягухьэныр, къэралым къинэныр яукъуэдийрт. Ещанэ IуэхуеплъыкIэ зиIэ гупи утыку къихьащ: щэнхабзэр къэIэтыныр, абы телэжьэныр лъэпкъым зихъумэжынымкIэ ирикъу лэжьыгъэу къалъытэрт, хэкум гъэзэжын хуэмейуэ политикэ, экономикэ, культурэ и лъэныкъуэкIэ щхьэусыгъуэхэр къагъэувырт.

Хэхэсу къэнэнэми лъэпкъыу захъумэжыфыну жызыIэхэмрэ хэкум гъэзэжын хуейуэ къэзылъытэхэмрэ, сэкIэ зэпаупщIыр зэрызэгуэкIым хуэдэу, зэпэщIэтт. Абы мыхъумыщIагъэшхуэ къишащ. Узэпэжыжьэ нэхърэ, къарууэ хъуар зэгъэуIуарэ зы гупсысэкIэ тэрэз къэгъэщIамэ, арат хэкIыпIэр. Ар яхузэфIэкIамэ, хэхэсым ябгъэдэлъ гуащIэ мащIэр нэхъ екIуу къэгъэсэбэпа хъунут.

Иджыри хэтIэсакъым. Хэхэсхэм теухуауэ сыт хуэдэ гупсысэкIэ зэмыщхьхэр щыIэми, гурыIуэгъуэщ лъэпкъым зихъумэжыну хуейуэ зытеува гъуэгур зэрыкIыхьыр, сыт хуэдэ IуэхуеплъыкIэ зиIэри абы темыту зэрымыхъунур. Ди хабзэмрэ щIэнхабзэмрэ къэкIуэным хуэтхъумэну дыхуеймэ, «демократие, демократие нэхъыбэ» жытIэурэ, псоми зыжьэу дгъэIун хуейщ. Ди хэкужьым, ди адыгэ лъапсэм дгъэзэжыфыным и хэкIыпIэр дызэкъуэту, дызэгъусэу дыщIэбэнынырщ.

Дунейпсо щэнхабзэм и тхыпхъэщIыпхъэм Тыркум щыпсэу адыгэхэр хэтынущ адрей лъэпкъ псоми зызэрыхагъэзэгъам хуэдэ дыдэу, хуэдиз дыдэу, икIи мынэхъыбэу, икIи мынэхъ мащIэу.

Жьынэпс

Yazarın Diğer Yazıları

Инлиорен / Хэусай

Хьатукъуай къуажэ. Хэусхэр зы лъэпкъыцIэщ, Къуажэм хэусу дэс лъэпкъхэр; Хьагъошкъо, Гуэтыжъкъо, Тывкъо, Балкъо. IутIыжъуи лъэпкъиплI дэсщ: Асчэрыкъо, Нэгъожкъо, Гъуаланкъо, Пшырыкъо (Джэтгъэжъ). Къуажэр Хьатукъуай къуажэщ, къуажэр хэкум Кубан...

Аҧсҭазаара алҵра

Аҧсны Милаҭытә Фырхаҵа, 1992-93 Аҧсны-Қырҭтәыла аибашьра ахәра зауыз, Ҭырқәтәылатәи Аҧсны Хаҭарнакра Абжьгаҩы, Аҭрышьба Қафқас Қьаамил Озҭурқ иҧсҭазаара далҵит. Иҭаацәа, иҭынхацәа, иуацәа ачҳара ҕәыҕәа рзеиҕьаҳшьоит.

«Аҵыхәҭантәи Ахәыҧса»з апремие

Аҧсуа режьисиор Наур Гармелиа «Аҵыхәҭантәи Ахәыҧса» зхьӡу икьино филм, 30. Жәларыбжьаратәи Ауааҧсы Изинқәа Фестваль «Сталкер» адамыҕа аанархит. Ҧхынҷкәнмза 9-15 мшқәа ирҭагӡаны Москва иеиҿкааз фестваль...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img