«Адыгэбзэр щыIэнущ, адыгэгу зыкIуэцIылъ адыгэ щыIэху»

0
1672

Хэкум щыщ цIыхубз журналистхэр

Сэрия 2

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшык къыщыдэкI «Адыгэ псалъэ» газетым политикэмкIэ и къудамэм и унафэщI, «Iуащхьэмахуэ» журналым редактору щылажьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ НэщIэпыджэ Замирэ Лиуан и пхъур 2004 гъэ лъандэрэ Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ, КъБР-м и министерствэхэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм я щIыхь тхылъхэр куэдрэ къыхуагъэфэщащ, зэпеуэхэм япэ увыпIэхэр къыщихьащ. И журналист лэжьыгъэхэм нэмыщI, Замирэ тхылъ зыбжанэ къыдигъэкIащ. 2014 гъэ лъандэрэ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналистщ.

ХьэжбэвыкъуэЭрдоган Йылмаз

-Замирэ, 2020 гъэм зэрыщIидзэрэ «Адыгэ псалъэ» (Налшык), «Черкес хэку» (Черкесск), «Адыгэ макъ» (Мейкъуапэ) газетхэм «Жьынэпсри» (Истамбыл) гъусэ яхуэхъуауэ къыдэкIыгъуэ зэхэтхэр догъэхьэзыр. Хэкум къыщыдэкI газетхэм дадэлэжьэну гупыж тщIыуэ адэжь щIыналъэм дыныщыкIуам япэу дызыхуэзахэм уэри уащыщщ. «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и деж дыщыщIыхьам, уэри укъриджэри, Iуэхум дытепсэлъыхьат.
ДызэрызэгурыIуам тету нобэ дызэдолажьэри, дыкъомыгъэщIэхъуу сыт щыгъуи укъыткъуэтщ. Абы папщIэ фIыщIэ пхудощI икIи ди щIэджыкIакIуэхэм нэхъ гъунэгъуу укъедгъэцIыхумэ, ди гуапэу упщIэ зыбжанэ пхуэдгъэхьэзыращ. Дэнэ укъыщыхъуа, къыхэпха IэщIагъэм дэнэ ущыхуеджа?
-Эрдогъан, си лэжьыгъэм сызыщрихьэлIэ Iуэху дахэхэм ящыщ зыщ дыщIызэрыцIыхуа щхьэусыгъуэр. Фи гупым и фIыгъэкIэ, Тыркум илъэс зыбжанэ хъуауэ адыгэхэм ятеухуа газет къыщыдокI, адыгэбзэкIи тхыгъэхэр иту. Абы хэхэс адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ нэхъри дызэрызэпищIэр, ди хъыбархэр щIэх-щIэхыурэ зэрызэIэпытхыр, адыгэбзэр хъумэным зэгъусэу ди гуащIэ зэрыхэтлъхьэр къалэнышхуэщ икIи фIыгъуэщ.
Сэ Налшык пэмыжыжьэу щыIэ Къэхъун къуажэм сыкъыщыхъуащ, НэщIэпыджэхэ ди лъэпкъыр зыдэсыр аращ. Курыт еджапIэр абы къыщызухри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым сыщIэтIысхьащ. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ сыхъуным сыщIэхъуэпсу щытащ сэ нэхъ пасэу. Абы и щхьэусыгъуэр адыгэбзэр фIыуэ зэрыслъагъурт, етIуанэрауэ, школым адыгэбзэмкIэ дыщезыгъэджа БэкIыщокъуэ (Къэмбачокъуэ) Лалусэ и цIыху щIыкIэкIи, и псэлъэкIэкIи, и лэжьыгъэкIи хуабжьу сигу дыхьэт. Ауэрэ школ къэухыгъуэр къыщысым, нэхъ балигъ гупсысэкIэ сиIэ щыхъум, журналистикэм тезгъащIэрт, сызэрылэжьэну къыхэсри, адыгэбзэт.

«Урыс Хьэталий, Нало Ахьмэдхъан, ХьэкIуащэ Андрей сымэ ирагъэджахэм сащыщщ сэ»

-Журналистикэр, шэч хэмылъу, IэщIагъэ нэхъ гъэщIэгъуэнхэм ящыщщ. Дауэ утехьа хъуа нобэ дахэу узрикIуэ гъуэгум?
-Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым абы щыгъуэ ЖурналистикэмкIэ факультет иIэтэкъыми, чэнджащи-щIэупщIи хэмыту си тхылъхэр Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ къудамэм щIэслъхьащ. Экзаменхэр стыри, тыншу сыщIэтIысхьащ университетым. АнэдэлъхубзэмкIэ кафедрэ бэлыхь иIэт ди университетым: Урыс Хьэталий, Нало Ахьмэдхъан, ХьэкIуащэ Андрей сымэ ирагъэджахэм сащыщщ сэ. Ахэр адыгэ тхыдэм зи цIэр щылъапIэ егъэджакIуэхэщ, щIэныгъэлIхэщ.
ГъащIэр умыщIэххэу, гъэщIэгъуэну къыпхуопсэ. Ещанэ курсым сынэсауэ сыщеджэ факультетым журналистикэмкIэ къудамэ къыщызэIуах, гъэунэхуныгъэ хуэдэу къыхагъэхьэ. Абы кIуэнухэр къыщыхахым, сэ псом япэ зезгъэтхат. Адыгэбзэри, журналистикэри зэуIуу къыздэзухынут иджы. Апхуэдэу хъуапсапIэр нахуапIэ хъуащ.
Университетым и иужьрей курсым IэщIагъэм и пIалъэр щызэдгъэщIэну телевиденэм, радиом, газетым дашэнут. А щым дызыхуейр къыхэтхын хуейуэ арати, журналист цIэрыIуэу щыта си адэ къуэш НэщIэпыджэ Ибрэхьим къызжиIащ: «ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ящыщу псом нэхърэ нэхъ гугъур газетым ущылэжьэнращ, сэ жысIэм уедаIуэмэ, абыкIэ къыщIозгъэдзэнущ. Газетым шэрыуэу ущытхэфрэ -телевиденэмрэ радиомрэ, зыуи къыпщымыхъуу, дахэу, купщIафIэу сыт щыгъуи укъыщыпсэлъэфынущ».
Чэнджэщ къызэзыта лIым хуэсщI пщIэмрэ къызита чэнджэщым иIэ мыхьэнэмрэ инти, «Адыгэ псалъэ» газетым сыкъэкIуауэ щытащ. ИкIи мазиплI дызэрыщыIэн хуейр имыух щIыкIэ, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд лэжьакIуэу сыкъищтэну зэрыхьэзырыр къыщызжиIэм, сытегушхуащ. Университетыр къызэраух къэрал экзаменхэр щыттым, сэ «Адыгэ псалъэм» си тхыгъэхэр къытехуэу, улахуэ къызату сыщылажьэрт. Хуабжьу зризгъэщIагъуэрт абы а зэманым.

-Абы хуабжьу узэрыдихьэхар къегъэлъагъуэ университет нэужь лъандэрэ, умыхъуэжауэ, нобэр къыздэсым узэрырилажьэм…
-Ар пэжщ, Эрдогъан, абы урилэжьэн щIэбдза нэужь, зэи пхухыфIэдзэнукъым. Япэрауэ, журналистикэр яIэщIэужагъуэ IэщIагъэхэм ящыщкъым, етIуанэрауэ, сэ си анэдэлъхубзэм сызэрырилажьэр, ар цIыхубэм я пащхьэ зэрыщызгъэшэрыуэр си напщIэ телъщ. Журналистым и дэтхэнэ махуэри щIэщыгъуэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар нобэ дохутырщ, пщэдей депутатщ, пщэдеймыщкIэ актерщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, IэщIагъэлI зэмыщхь куэдым я гъащIэ, гупсысэкIэ, лэжьыгъэ, псэукIэ къигъэлъэгъуэн хуей мэхъу. Абы ипкъ иткIэ, куэд къещIэ, куэдым щыгъуазэ мэхъу! КIэщIу жыпIэмэ, сытезэшакъым, цIыхухэр, дунейр зэзгъэцIыху зэпыту, абыкIэ ди щIэджыкIакIуэхэм садэгуашэу солажьэ.

-Дунейр зэбгъэлъагъуну узэрыхунэсари сощIэ. Уэ куэдрэ Тыркуми, нэгъуэщI къэралхэми ущыIащ, хэхэс адыгэхэм я щыIэкIэ-псэукIэм теухуа нэтынхэр, тхыгъэхэр хэкум къыщыдэбгъэкIащ. А Iуэхум сыт хуэдэ увыпIэ щиубыдрэ уи журналист лэжьыгъэхэм?
-Хэхэс адыгэхэм ятеухуа Iуэхур си лэжьыгъэм и нэхъ гъэщIэгъуэныпIэхэм ящыщщ. Псори къыщежьэр ди редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и дежщ. Фэри зэрыфщIэщи, хэхэс адыгэхэм ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI Мухьэмэд. Сэ лэжьапIэ сыкъыщыува илъэсхэм ХьэфIыцIэм «Хэхэс адыгэхэр» зыфIища гъэлъэгъуэныгъэр Налшык, Черкесск, Мейкъуапэ къыщызэригъэпэщырт, сурэт, тхылъ, дэфтэр гъэщIэгъуэн куэд и лэжьапIэ пэшым щIэлът, ди лъэпкъэгъухэм ятеухуа тхыгъэ хьэлэмэт куэд газетым къытридзэрт. А псом удимыхьэхынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Илъэсищэрэ щэ ныкъуэм щIигъуауэ хамэ хэку щыпсэу адыгэхэм адыгэбзэ зэраIурылъыр, адыгэ хабзэр зэрахъумэфар, нэгъуэщI лъэпкъхэм зэрахэмышыпсыхьар сфIэтелъыджэт.

«ХамэщIым гур щыкIуэдыркъым»

ИтIанэ Мухьэмэд лэжьыгъэ IуэхукIэ нэгъуэщI щIыпIэхэм щыкIуэкIэ дыздишэрт, и деж къеблагъэ ди лъэпкъэгъухэм дахуигъазэрт, интервью къеIытхырт. А псоми хьэкъ сщащIащ хамэщIхэм адыгэгур зэрыщымыкIуэдар. Пэжщ, нобэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, бзэр зыщIэжыр мащIэщ, адыгэ зыхэщIыкIыр мэкIуэд, ауэ сэ си фIэщ хъуркъым фэ, хамэ къэралхэм щыпсэухэм, адыгэбзэм нобэ фримыпсалъэми, фи адыгэгур вгъэкIуэдыну! «ХамэщIым гур щыкIуэдыркъым» аращ псалъащхьэу яхуэсщIыр тесх нэтынхэм, стхыж хъыбархэм.

Германием сыщыIэу адыгэбзэ зымыщIэ адыгэ щIалэщIэхэм хабзэу къыскIэлъызэрахьар слъэгъуащ, Израилым сыкIуауэ адыгэбзэкIэ фIэкIа мыпсалъэ ныбжьыщIэ цIыкIухэм сахуэзащ, Тыркум сыщыIэу нэхъыжьыфI куэдым адыгэбзэ къабзэкIэ интервью къеIысхащ. Мис ахэращ гугъэ сэзыгъэщIыр, Эрдогъан.

Тыркум исхэм ящыщу ныбжь нэхъ зиIэхэращ адыгэбзэм ирипсалъэр. Фи деж щIалэщIэ закъуэтIакъуэщ сэ адыгэбзэкIэ къыздэуэршэрыфар. Ауэ Узун-Яйла фестивалыр Къайсэр къедза Къайнар жылэм щекIуэкIыу сыхэтащ сэ, нэтын тесхыну срагъэблэгъауэ. Лафыщхьэблэ щыщхэу Теувэжыкъуэхэ Мухьэмэдрэ Ибрэхьимрэ (илъэс 12-13 ныбжьым иту арагъэнт) я адыгэбзэм и къабзагъымрэ я цIыху хэтыкIэмрэ сымыгъэщIэгъуэн слъэкIакъым. ЦIыхухэм депсалъэу, камерэкIэ тетхыу дыздэщытым, къыткIэлъыплъащ, фестивалым щылажьэ тырку телевиденэхэм къащхьэщыкIыу, сэ цIыхухэр адыгэбзэкIэ зэрызгъэпсалъэр яфIэгъэщIэгъуэну. ШыIэ яхэлъу зыкъомрэ си бгъумкIэ щыта нэужь, ягъэщIагъуэу къызэупщIащ: «Мыр сыт хуэдэ канал къэзыгъэлъэгъуэнур адыгэбзэкIэ?» Къэбэрдейм дызэрикIар щажесIэм, езыхэми къэпсэлъэну гупыж ящIащ. ЩIалэ цIыкIуитIым я адыгэбзэр сэ сыкъыщыхъуа Къэхъун дэлъ адыгэбзэм ефагъуэкIыртэкъым.

Пэжщ, апхуэдэхэр закъуэтIакъуэщ жыпIэнущ, Эрдогъан, ауэ гур кIуэдмэ, лъэр щIэкIыркъым жаIэ. Сэ сащыщкъым адыгэбзэр зэрыпсэужыну пIалъэр зыгъэувхэм, адыгэбзэр щыIэнущ, адыгэгу зыкIуэцIылъ адыгэ щыIэху. Мис апхуэдэхэр куэду Тхьэм къыдит.

-Тхьэм жиIэ, Замирэ. АнэдэлъхубзэкIэ къыдэкI газет закъуэм сыт хуэдэ мыхьэнэ щиIэ хэкум, Къэбэрдей-Балъкъэрым?
-Дэтхэнэ лъэпкъым дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ и бзэр зыгъэлажьэ сыт хуэдэ IуэхущIапIэми. Абы елъытамэ, газетми къалэнышхуэ егъэзащIэ. Къэралым, республикэм къыщыдэкI адрей газетхэм хъыбарыщIэ къибджыкIмэ, умыщIэ гуэр къипхмэ, ди газетыр ди бзэкIэ къыдопсалъэ, анэдэлъхубзэр ехъумэ, зрегъэужь, цIыхубэм яхехьэ. Бзэр щыIэнымкIэ иIэ мыхьэнэр псом япэ изогъэщ.
КъищынэмыщIауэ, хамэ къэрал 50-м щIигъум щыпсэуну зи натIэ хъуа лъэпкъым дежкIэ лъэпкъ газетым пщэрылъ ин иIэщ. «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и фIыгъэкIэ, ди газетым махуэ къэс къытохуэ хамэ щIыпIэхэм ис ди лъэпкъэгъухэм я ехъулIэныгъэхэр, гурыгъу-гурыщIэхэр, щыIэкIэ-псэукIэр. Зы архив IуэхущIапIэ псо е музей лъэрызехьэ къызэригъэпэщыфынущ ХьэфIыцIэм адыгэм и цIыху цIэрыIуэхэм, лIыщхьэхэм, еджагъэшхуэхэм ятеухуауэ, сурэту, дэфтэру, тхылъу иIэр гъунэжщ. Апхуэдэу зэхуихьэса хъыбархэм «Адыгэ псалъэр» егъэбей, нобэ адыгэ дунейм щыхъыбару къытIэрыхьэхэмкIэ щIэджыкIакIуэхэм дадогуашэ. Хэкум игъэгушхуэр хахуэ мэхъу жыхуиIэращи, абыкIэ ди газетми, редактор нэхъыщхьэми хьэкъ къытенэркъым.

Адыгэ зэрыс щIыналъэу Урысейм ит псоми япыщIащ газетыр, иджы фэри фыкъытхэту мазищым зэ Iуэхугъуэ щхьэхуэм теухуа къыдэкIыгъуэхэр догъэхьэзыр. Ахэр Iуэху инщ икIи купщIафIэщ лъэпкъыр, бзэр, хэкур щыIэнымкIэ, заужьынымкIэ.

«Зэманым декIур лIыфIщ жиIащ Къэзанокъуэ Жэбагъы»

-Дуней псор зыхуэкIуа интернетымрэ тхылъымпIэм тету къыдэкI газетымрэ я Iуэху зыIутым дауэ уеплърэ? Электрон газетымрэ тедза газетымрэ дэтхэнэра «зи гъащIэр» нэхъ кIыхь хъуну къэплъытэр?
-Зэманым декIур лIыфIщ жиIащ Къэзанокъуэ Жэбагъы. Интернетыр къежьа щхьэкIэ, газет лэжьыгъэр нэхъ кIащхъэ тщIакъым дэ, дыкъапщтэмэ. Газетым и сайт япэу къызэIузыхахэм дащыщщ, абы къыдэкIыгъуэ псоми къытеддзэхэр къыдолъхьэ. Зэманыр абы хуэкIуэри, электрон Iэмалыр къэдгъэсэбэпу газет къыдэдгъэкIын хуей щыхъуми, дыпэлъэщащ. «Адыгэ псалъэр» тхьэмахуэм тхуэ къыдокIри, щыр тхылъымпIэм тедзащ, тIур электроннэщ, ар чэзууэ зэблэхащ. КъищынэмыщIауэ, адыгэ газетым напэкIуэцIхэр щиIэщ Инстаграмым, Фейсбукым. АбыхэмкIэ къыкIэлъыплъ цIыхухэми сайтыр къалъыхъуэ е къыдэкIа газетыр зыIэрагъэхьэ.

Интернетым нобэ дунейм зыдиужьащ, абыкIэ Iуэху иризэфIагъэкI къэрал къулыкъущIэхэми, нэгъуэщI куэдми. Дэри ар нэхъ Iэрыхуэу къызэрыдгъэсэбэпыным иужь дитын хуейщ. ГъащIэр гъуэрыгъуэ шэнтщ, псоми чэзу яIэщ. Си щхьэкIэ сфIэгъэщIэгъуэнщ щIэуэ къежьа технологиехэм срилэжьэну, газет Iуэху иризесхуэну. Ауэ ар Iэмал къудейуэ аращ, абы сэ газети, тхылъи схузэрихъуэкIынукъым.
КъыдэкIыгъуэщIэр псынщIэу интернеткIэ зэзгъэлъагъуну сфIэфIми, а газетыр си Iэм къыIэщIыхьа нэужькIэщ, гупсэхугъуэ щызгъуэтыр. Зэи зэхуэдэнукъым абджыпсым къыпхыпс газетымрэ тхылъымпIэм тедзамрэ. Апхуэдэ дыдэщ си дежкIэ тхылъхэри. ИнтернеткIэ тыншу седжэф, седэIуэф щхьэкIэ, абы и фIагъыр щызыхэсщIэр езы тхылъыр щысIэщIэлъым дежщ. Абы къыхэкIыу, тхылъыфIым и цIэ зэхэсха нэужь, къызощэхури соджэ сэ, газетым хуэдабзэу.

Дэтхэнэм и гъащIэр нэхъ кIыхь хъуну жыбоIэ… А тIур къызэдэгъуэгурыкIуэн хуейуэщ сэ къызэрыслъытэр. ИнтернеткIэ кино доплъыфри, киногъэлъэгъуапIэхэр зэхуащIыжмэ, тхылъ доджэфри, тхылъ щапIэхэмрэ хъумапIэхэмрэ ягъэбыдэжмэ, газет доджэфри, ар къыдамыгъэкIыжмэ, сыт хуэдэ дуней дыкъыщыхутэнур? Дэнэ къитхыну ди псэр зыгъэпсэхун, зыгъэбеин къару?

Уэрэ сэрэ иджыпсту дызэрызэпсалъэ абджыпсым и закъуэ дыкъыхуэнэмэ, сыт хуэдэ IэфIагъ цIыхухэм я зэхуаку дэлъыжынур? Нобэ, дауи, IэмалыфIщ мыр ди Iуэху иридэдгъэкIыну, ауэ дызэхуэзэу хьэщIагъэ зэдмыхыфмэ, дызэкIэлъыкIуэу дызэрымылъагъуфмэ, ди гуфIэгъуэ зэдэдмыгуэшыфмэ, ди зэпыщIэныгъэм мыхьэнэ гуэр иIэну?

Апхуэдэщ зи гугъу тщIы Iуэхури: уи Iэнащхьэм къытехьэ тхылъымпIэ кIапэр куэдкIэ нэхъ лъапIэщ, дакъикъэ зыбжанэкIэ абджыпсым уиплъэн нэхърэ. Абы къикIкъым сэ жьым срителъхьэу, зыужьыныгъэм зыдэзмыщIыфу. ЗэрыжысIауи, куэд иризэфIызогъэкI, махуэ къэси лэжьыгъэм къыщызогъэсэбэп интернетыр, ауэ, электронымрэ тедзамрэ къызэдэгъуэгурыкIуэн хуейуэ къызолъытэ.

«Сэ си гъуэгугъэлъагъуэу, сыткIи гъуазэ схуэхъуу сиIэщ си анэр»

-Мыпхуэдэ зы упщIэ гъэщIэгъуэни сиIэщ ди зэпсэлъэныгъэм и кIэухыу. Адыгэ журналист ухъунра хьэмэрэ адыгэ бзылъхугъэ нэс ухъунра цIыхубзым дежкIэ нэхъ гугъур?
-УпщIэ гъэщIэгъуэнщ пэж дыдэу. Къыхэпха IэщIагъэм лъабжьэ хуэхъур бджыуэ, абы и щэху псори улажьэурэ зэбгъащIэу, IэщIагъэлI къызыхуэтыншэ ухъуныр насыпышхуэщ цIыхум дежкIэ. Насып тIуащIэщ адыгэ бзылъхугъэ нэсу дунейм утетынри. Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, адыгэ бзылъхугъэ нэсу къэслъытэр адыгэ унагъуэ къыхэкIа, адэ-анэ тэмэмым ягъэса, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зэзыгъэгъуэта, унагъуэ ихьа, унэгуащэ ахъырзэман къищIыкIыу анэ, анэшхуэ гумащIэ хъуаращ.

Апхуэдэ щапхъэу дуней псом щыбгъэлъагъуэ хъуну, сэ си гъуэгугъэлъагъуэу, сыткIи гъуазэ схуэхъуу сиIэщ си анэр. Си анэм бгъэдэлъ фIагъ псори зы тхыгъэм къыщыпIуэтэну гугъущ, ауэ бзылъхугъэ нэсым, Iущым, Iэдэбым, быныфIэм, гумащIэм и щапхъэу сэри, си шыпхъухэми диIэщ. Унагъуэ иджыри имыхьа сэ, си анэм сылъэщIыхьэным куэд иIэщи, жэуапыр гурыIуэгъуэщ.

Адыгэ журналист ухъуным гугъу хэлъкъым, IэщIагъэр фIыуэ плъагъуу къыхэпхамэ, журналистикэм ухуеджамэ, уи анэдэлъхубзэр шэрыуэу пщIэмэ, унафэщI лъэрызехьэ уиIэрэ, гуп хъарзынэ ухэхуамэ. Сэ си насып къикIауэ къызолъытэ, а псори Тхьэм къысхузэпищауэ, си псэм фIэфI лэжьыгъэм илъэс 18 лъандэрэ сызэрырилажьэмкIэ.

-Упсэу, Замирэ, гупсысэ пыухыкIарэ Iуэху еплъыкIэ убзыхуакIэ укъызэрыддэгуэшам папщIэ, ди зэдэлэжьэныгъэр кIыхь Тхьэм ищI.
-Тхьэр арэзы къыпхухъу, Эрдогъан. Дэ хэкум щыдлэжь Iуэхум фэ хамэ къэрал иужь фыщитщи, тIууащIэу фIыщIэ фхуэфащэщ. Хэхэсымрэ хэкурысымрэ нэхъри зэпэгъунэгъу фщIыуэ евгъэкIуэкI лэжьыгъэм и хъер Тхьэм фигъэлъагъу, Тхьэм зывигъэузэщI! Узыншэ Тхьэм уищI!

Önceki İçerikПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ
Sonraki İçerikфи махуэ фIыуэ ди лъэпкъыгъуэхэр…
Erdoğan Yılmaz
1959 yılında Pınarbaşı-Kayseri’de doğdu. Mimar Sinan Güzel Sanatlar Üniversitesi Mimarlık Bölümü’nde lisansını 1984’te tamamladı. Gerek yurtiçinde gerek yurtdışında pek çok mimari yapı proje ve uygulama alanında mimar olarak çalıştı. Bahçeşehir Üniversitesi bünyesinde Milli Eğitim Bakanlığı seçmeli ders kitaplarından Adığabze Doğu Diyalekti’nin ilk modülünün hazırlanmasında yer aldı. Adığabzeden yaptığı çeviriler pek çok internet sitesinde ve Jıneps gazetesinde yayımlandı. 1980’den itibaren çeşitli dönemlerde İstanbul Kafkas Kültür Derneği bünyesinde halk dansları ekibinde görev aldı. 2018-2019’da İstanbul Bilgi Üniversitesi’nin “Türkiye’de Kültürel Çoğulluğun Bağımsız Araştırmacıları ve Sivil Toplum Kuruluşları İçin Ağ Oluşturma ve Eğitimi”ne katıldı. Aralık 2018’den bu yana Jıneps gazetesi yayın kurulu üyesidir.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz