Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Гугъуехьым къыпимыкIуэт

Республикэм и медицинэ IэнатIэм щымащIэкъым щIэныгъэ лъагэ зиIэ, Iэзагъышхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр. Япэ ит нэхъыжьыфIхэм я щапхъэм тетрэ я зэфIэкIкIэ абыхэм зэрахуэфэщэным хущIэкъуу я лэжьыгъэр ирахьэкI абыхэм. Нобэ ди псэлъэгъу щIалэри, СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ защыхъумэнымкIэ, абыхэм япэщIэтынымкIэ республикэ центрым и анестезиолог-реаниматолог Абыкъуэ Инал, гугъэфIхэр уэзыгъэщI IэщIагъэлIхэм ящыщщ.

2002 гъэм Дзэлыкъуэ районым хыхьэ ЯтIэкъуэ къуажэм дэт курыт школыр къихри, Абыкъуэр Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ къудамэм щIэтIысхьащ. ИужькIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Владикавказ дэт медицинэ академием и ординатурэм. ЩIыналъэм къигъэзэжа нэужь, лэжьэн щыщIидзащ Дзэлыкъуэ район сымаджэщым, абы къыдэкIуэуи сыхьэт бжыгъэ гуэркIэ щыIэт Республикэ сабий клиникэ сымаджэщымрэ СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэмрэ защыхъумэнымкIэ, абыхэм япэщIэтынымкIэ центрымрэ. 2017 гъэм щегъэжьауэ центрым и лэжьыгъэ нэхъыщхьэр щрехьэкI.

Сызыхуеджэ IэщIагъэр зыхуэдэр КъБКъУ-м и медицинэ къудамэм и 5-нэ курсым сыщIэсу згъэунэхуащ. Абы щыгъуэм медбрату лэжьэн щыщIэздзат Налшык къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м реанимацэмрэ анестезиологиемкIэ и къудамэм, –жеIэ Инал.– Дохутыр сыхъуну сызэрысабийрэ си хъуэпсапIэт, ауэ сызыпэщIэува лэжьыгъэр зэрымытыншыр абдежщ къыщызгурыIуар. Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу си нэгум щIэкIырт цIыху гъащIэр къегъэлынымкIэ дохутырхэм ирагъэкIуэкI бэнэныгъэр. Сыт хуэдизу гугъу емыхьами, я лэжьыгъэр къехъулIамэ, абы къарит гухэхъуэр я нэгум ислъагъуэрт сызыдэлажьэхэм. Зи псэм гузэвэгъуэ телъ цIыхум гугъэ ептыжыныр гугъуехь псоми я щхьэу къэслъытэри, IэщIагъэмкIэ сызэрыщымыуар хьэкъ сщыхъуат. ИкIи сызыхэта гупым хуэдэуи, анестезиолог-реаниматологыу сылэжьэну тезухуащ.

-Инал, къыхэпхар медицинэм и унэтIыныгъэ нэхъ гугъу дыдэхэм хабжэ. Операцэр зэрекIуэкIынур анестезиологым куэдкIэ елъытащ, сымаджэр тэмэму къызэфIэувэжынымкIэ реаниматологым жэуаплыныгъэшхуэ ехь. Абы ипкъ иткIэ апхуэдэ IэщIагъэлIым и къэухьыр ину щытын хуейщ.
-А IэщIагъитIыр зэпхауэ къызэдогъуэгурыкIуэ икIи урилэжьэфын папщIэ медицинэм и унэтIыныгъэ куэдым хэпщIыкIыпхъэщ. ЦIыхум и Iэпкълъэпкъым и зыхэлъыкIэм, абы и щхьэхуэныгъэхэм фIыуэ ущыгъуэзэн хуейщ узэреIэзэну щIыкIэр, епхьэлIэну хущхъуэм и мардэр зэхэбгъэкIыфын папщIэ. Аращи, медицинэм щIэуэ къыхэхьэхэм зэрызыщызгъэгъуэзэным сытым дежи иужь ситщ, къищынэмыщIауэ IэщIагъэлI нэхъыжьхэм я лэжьэкIэм сыкIэлъыплъкIэрэ, я жыIэм седаIуэкIэрэ си зэфIэкIым зэрыхэзгъэхъуэнми сыхущIокъу. Ординатурэм сыщыщIэсам Осетие Ищхъэрэ-Аланием и Республикэ клиникэ сымаджэщми Беслъэн къалэм дэт Узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм щеIэзэ центрми сыщылэжьащ. Си IэщIагъэм теухуауэ куэд къыщысщIащ, лэжьыгъэм и пIалъэр щызэгъэунэхуащ. Ноби абы сыщезыгъэджахэм пыщIэныгъэ яхузиIэу, сыхуей хъумэ, я деж чэнджэщ щызгъуэту апхуэдэщ.

Анестезиолог-реаниматологхэр гухэу щыт хъунукъым, сыт хуэдэ щытыкIэми псынщIэу хэкIыпIэ къыхуагъуэтыфын хуейщ. Дэ ди къудамэм щIэлъхэр сымаджэ хьэлъэхэрщ икIи я гъащIэр къызэредгъэлыным ди къаруи ди гуащIи идохьэлIэ. Махуэ къэс тлъагъур арами, зэрыжаIэм хуэдэу, щытыкIэм десэжакъым, дэтхэнэ зы сымаджэми дыхуэгузавэу Iэзэгъуэ хуэхъуныр зэхыдогъэкI. Уеблэмэ, лэжьыгъэ нуэжьми, абы и Iуэхур уи щхьэм имыкIыу, «псори тэмэму сщIауэ пIэрэ» жыпIэу уегупсысу апхуэдэщ. Си IэщIагъэм и фIыпIэу къэслъытэр гъащIэм хуаIэ гугъэр зыфIэкIуэда цIыхухэм сэбэп сахуэхъуфыну Iэмал къызэрызитырщ.

-Уи нэIэм щIэт сымаджэхэм сабийхэри балигъхэри яхэтщ. Дэтхэнэм нэхъ тыншу удекIуэкIрэ?
-Лэжьэн зэрыщIэздзэрэ тIуми соIэзэ. Къапщтэмэ, сабийми балигъми емылъытауэ, дэтхэнэ сымаджэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ хуейщ. Сабийм къыхэзыгъэзыхьыр зэрыжимыIэфым къыхэкIыу, нэхъ гугъущ и узыр къэпхутэну, ауэ уи Iэзэгъуэм и фIыгъэкIэ абы и нэгум дэрэжэгъуэ иплъагъуэжыныр куэд и уасэщ. СызэIэза цIыкIухэр хъужауэ щыслъагъукIэ, си IэщIагъэм гухэхъуэ нэхъыбэ къызет.

-Пандемием фи лэжьыгъэм сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьа?
-Пэжыр жысIэнщи, иджыпсту дохутырхэм я щытыкIэр тыншкъым, ди лэжьыгъэр куэдкIэ нэхъ гугъу икIи нэхъ хьэлъэ хъуащ. Ар зэлъытар сымаджэхэм я бжыгъэм махуэ къэс зэрыхэхъуэрщ, езы коронавирусыр егъэлеяуэ узыфэ «бзаджэу» зэрыщытырщ. Абы къыдохъей цIыхум уз гъэтIылъауэ иIэр. Аращи, узыфэр къезыхьэкI вирусым и мызакъуэу, цIыхум и Iэпкълъэпкъым щыщу нэхъ тIасхъэ ищIа псори къэтхутэу деIэзэн хуейщ. Къалэныр нэхъыбэ зэрыхъуам къыдэкIуэу, махуэ бжыгъэкIэ унэм декIуэлIэжыркъым, дызэрылажьэ щыгъынхэращи, хуиту убэуэну, уIэбэну Iэмал къузэрамытым нэхъ псынщIэу урегъэзэш. Абы къыхэкIыуи, лэжьэгъуэ зэманыр нэдгъэсамэ, нэхъыбэм шхэнри къытфIэмыIуэхужу, дызэрыжеиным иужь дитщ, ди къару илъу IэнатIэм дыпэрыувэжыфын папщIэ. Сытхьэусыхэркъым, уи упщIэм и жэуапу щытыкIэр зыхуэдэр жысIауэ аращ. Си IэщIагъэм къысхуигъэув къалэн нэхъыщхьэр сымаджэм еIэзэныращи, щытыкIэм емылъытауэ, сэ схузэфIэкIымкIэ дэIэпыкъуэгъу сахуэхъуну сытым дежи сыхьэзырщ. Ауэ езы цIыхухэми захуэзгъазэу яжесIэну сыхуейт: коронавирус узыфэ зэрыцIалэр нобэрей ди гъащIэм хэтщ, къэрал унафэщIхэмрэ дохутырхэмрэ я жыIэр вгъэзащIэу фи щхьэр зэрыфхъумэжыным фыхущIэкъу.

(Адыгэ псалъэ)

Yazarın Diğer Yazıları

Куэдым сэбэп яхуэхъуа дохутыр

«Нэращ цlыху lэпкълъэпкъым и пкъынэ нэхъ къабзэ дыдэр. Цlыхум и дахагъэмрэ гуакlуагъэмрэ къызытещыр аращ. «Нэм япэ псэр ихуэ», - жеlэ адыгэ псалъэжьми, нэхэм ямылъагъужу...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img