Лъэпкъым, Хэкум, щIэныгъэм хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтащ. Хьэлъэу сымэджа нэужь, илъэс 74-м иту дыгъэгъазэм и 8-м дунейм ехыжащ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ цIентрым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ пашэ, археологиемрэ пасэрей тхыдэмкIэ и къудамэм и унафэщI, адыгэ еджагъэшхуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Бгъэжьнокъуэ Барэсбий Хьэчим и къуэр.
ХамэщI щыпсэу адыгэхэм хъыбарыр гущIыхьэ тщыхъуащ, икIи дунейм ехыжам и унагъуэм, и Iыхьлыхэм, и лъэпкъым дахуогузавэ, гуауэр IэтыгъуафIэ ящыхъуну дахуолъаIуэ.
Жьынэпс