Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Абазэ Ибрахьим

Гугъэшхуэхэр иIэт. Адыгагъэми адыгэхэми ящыгугът. И Дунейр адыгэбзэмрэ хэкумрэт. ЛъэпкъымкIэ гукъеуэрэ гупсысэрэ зиIэу илъытэхэм захуигъазэт, игъэсэбэпыну яужь итт.

ИкIуэтакъым, захуэ къыфIэщIыр дэнэ дежи щыжиIащ.

Щхьэхакъым, лъэпкъым щхьэкIэ иIэм къихьыр ищIащ, ахъши бохъши щымыгугъыу илэжьа Iуэхугъуэхэм япэ дыдэ итыр жэщи махуи сымыгъэтIылъу сIыгъ псалъалъэращ.
Иужьым мы дунейм нахъыфI дыдэу щилъагъу щыпIэм – хэкум дунейм щехыжащ. Тхьэм уи ахърэтыр нэху ищI, Тхьэм жэнэтыр уи увыIэпIэ ищI, АБАЗЭ Ибрахьим.

Илъэсищ ипэ нэхъ нэсэIуасэ дызэхуэхъуат. “ХьэщIэщ хъыбархэр” зыфIэсща си тхылъыр иIыгъыу ди щысыпIэм къыщIыхьэри: “Тхылъым седжащ, сигу ирихьащ, сынохъуэхъу”, – къызжиIат. “Мыр адыгэбзэкIэ зэздзэкIыну сыхуейщ”, – щыжиIэм, сэри апхуэдэ зыгуэрхэм яужь ситти: “Си гуапэ хъунщ” – жесIат.

Зыкъомрэ Iуэхум дытепсэлъыхьа нэужьым, тIэкIуи си дзэр шыурэ:

“НытIэ, мы Iуэхум щхьэкIэ сыт уасэу къыджепIэнур”, – щыжысIэм, тхылъыр си пащхьэм къридзэжри: “Сэ а Iуэхур ахъшэ папщIэкъым щIэсщIэнур, лъэпкъым папщIэщ, илъэс 50 нэужьым псори еджэнущи, аращ. Ахъшэ гугъу пщIынумэ, сыхуейкъым, зэздзэкIкъым” – щыжиIэм, сэри сыгуфIэри: «НэхъыфыжIэ-тIэ абы щыгъуэм, дызэгурыIуащ, хъер ухъу”, – жысIэри, диIэхэр зэрыубыдат.

ДыщызэбгъэдэкIыжым щыгъуэ: “Уа Ибрахьим, жыпIа псори къызгурыIуащ, ауэ а илъэс 50 нэужь жыхуэпIэр къызгурыIуакъым,ар сыт?”

“Сэ илъэс зыбжанэ лъандэрэ БЖЬЫХЬЭЛI ЛИУАН и псэукIам сытолэжьыхь. Абы жыхуиIауэ хъуар къэхъуащ, зэрыпщIэщи. Иужьрей щIэныгъэр къыщыхъуну жыхуиIа зэманыр вагъуэкIэхур къыщыунэхунуращи, абы иIэжыр 50-щ.”

АдэкIэ къыкIэлъыкIуа псалъэм сыкъигъэуIэбжьат:

“А зэманыр къэсмэ, адыгэ лъэпкъыр хэкум дыщызэфIэувэжынущ. Абы щыгъуэ хэхэсым я псэукIар сыт хуэда жызыIэхэм жэуапыр мы тхылъым яритынущ, сэ зяужь ситыр Аращ. КъыбгурыIуа ар иджы, щIалэжь”, – жиIат!

Yazarın Diğer Yazıları

Нанэ, дадэхэр магъıр!

ЛIыжьищыр Мансурхэ я хьэсэпэмкIэ щырекIуэкIым махуэр Iичынды нэужьыфI хъуат. Хьэсэр кьызрахухьэ блыным ижьэугъуэджэр ахэм я зыхуэсыпIэт. Ахэр лIыку хъуауэ я унагьуэхэри ягъусэу хэкум къикIхэри Iузуняйлэ...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img