Адыгэ ГъащIэм И Зы Нэз

0
1706

Арджэныр-пасэрей адыгэ IэщIагъэщ. Ижь лъандэрэ адыгэм къадэгъуэгурыкIуэ IэщIагъэ дахэр мыкIуэдыжу нобэкIэ езыгъэфIакIуэхэм, зезыгъэужьхэм ящыщщ IэщIагъэлI щIалэ, сурэтыщI Мэзло Руслъан. Еш щхьэхи имыщIэу арджэным Iуэху дэзыщIа сурэтыщIым лъэкIащ абы псэщIэ IуигъэкIэн, теплъэщIэ иритын. НобэкIэ Руслъан къигъэпсэуж арджэнхэр гъуазджэ щыпкъэм нэса къэгъэщIыгъэ екIущ, «музей гъэтIылъыгъэр зыхуэфащэ» фIэщыгъэ лъапIэр зрата Iэпэщысэщ.

Мэзло Руслъан лъэпкъкIэ Йохъущыкъуей Ищхъэрэ (Алътуд) щыщщ, илъэс 33-рэ мэхъу, унагъуэ иIэщ, Налшык къалэ щопсэу. Курыт щIэныгъэр щалъхуа къуажэм щызэригъэгъуэта нэужь, ДизайнымкIэ Налшык къалэ дэт колледжым щIэтIысхьащ. Абы щызэригъэгъуэта щIэныгъэм Руслъан щыхигъэхъуащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым.

Иджыблагъэ зи гъэлъэгъуэныгъэщIэр утыку къизыхьа Мэзло Руслъан нобэ ди хьэщIэщ, арджэныр и гъащIэм къызэрыхыхьам, абы теухуауэ иIэ Iуэху еплъыкIэхэмкIэ, и гурыгъу-гурыщIэхэмкIэ зыдэдгъэгуэшэну къедгъэблэгъащ.


-Арджэн щIыным, Руслъан, дауэ укъыхуэкIуа? Сыт удэзыхьэхар?
-Арджэныр сызэрыцIыкIурэ си гъащIэм хэтщ. Арджэн ищIырт, нобэми ещI ди анэм. Ар си гъащIэм щыщ хъунуми зэлъыта хъуар си цIыкIущхьэм щегъэжьауэ абы епха Iуэхугъуэ псори-къамылыр къыщахым щегъэжьауэ ар цеищэ пкъокIэ щызэIуащэжым нэсыхункIэ-згъэзащIэу, си Iуэху Iыхьэ хэслъхьэу сыкъызэрекIуэкIарагъэнщ. Лъэпкъ IэщIагъэхэм сыдахьэхыу сызэрыщытрагъэнщ щIэныгъэ зэзгъэгъуэтари а лъэныкъуэмкIэ унэтIа щIэхъуар. ГъуазджэмкIэ щIэныгъэ гуэдзэ щызэрагъэгъуэту Налшык къалэ дэт еджапIэм сыщIэтIысхьа нэужь, макъамэм и щэхухэм зыщызгъэгъуазэу, упщIэр зэрагъэпцIымрэ зэращIымрэ зэзгъащIэу, кхъуэщын гъэжьэкIэм хэлъ технологие Iэмалхэм сыкIэлъыплъу щIэздзащ. Псори сфIэгъэщIэгъуэнт. Дэтхэнэри сигу пымыкIыу хьэлэмэт сщыхъуми, зы лъагъуэ сытеувэн, зы гъуэгу къыхэсхын хуейти, си сабиигъуэм гуэх имыIэу епха, ди анэм сызыхиша арджэн дунеймкIэ сеплъэкIыжащ. Аращ, икIэм-икIэжым, IэщIагъэу къыхэсхыу си гъащIэр зэспхыжари. Куэдрэ сигу къэкI псалъэхэм ящыщщ ди адэм фIыуэ тлъагъу Iуэхум зеттмэ, ар къыдэхъулIэнуу жиIэу зэрыщытар. Ди адэм дигъэгушхуэрт, щIэгъэкъуэн къытхуэхъурт, гукIэ дызыхуеIэ Iуэхугъуэхэр къыддиIыгъырт. Абы и псалъэхэр дапщэщи гъащIэ гъуэмылэу, дигъэгъуазэу гукIэ къыдохьэкI.

-Уи анэмрэ уэрэ фи арджэн щIыкIэр зэтехуэрэ, фызэрызэщхьэщыкI щыIэ?
-Дауи, арджэныр щIыкIэ гуэрхэмкIэ зэтехуэнущ, зэщхьэщыкIынур а щIыкIэм узэрыбгъэдыхьэрщ, епхьэлIэ технологиерщ. Ди анэм арджэн щищIкIэ, зэрыгъуазэри зытетри пасэрей адыгэ щIыкIэжьхэрщ, езыр егъэджакIуэщи, щIэблэм ябгъэдилъхьэри а ижь лъандэрэ лъэпкъым къыдекIуэкI щIыкIэ Iэмалхэрщ. Сэ си бгъэдыхьэкIэр тIэкIу нэгъуэщIщ: кхъуэщын гъэжьэкIэм и технологием щыщ пкъыгъуэ гуэрхэр, сурэт щIыным епха Iэмалхэр, гъуазджэ щIэныгъэхэм сэтей къыщыхъуа щIэщыгъуэхэр арджэным хызоухуанэ, зэхалъхьэу щымыта гуэрхэр зэхэслъхьэну иужь ситщ, сыджэгуну сфIэфIщ.

-Арджэныр къызыхэпщIыкI къамылыр дэнэ къыздипхыр? Тынш ар къэбгъуэтыну, ящэрэ?
-Къэбэрдейм къамылыр щIыпIэ куэдым къыщокI. Ауэ иужьрей илъэсхэм, жагъуэ зэрыхъунщи, щIыгулъыр зэрызэрахьэ щIыкIэхэм ныкъусаныгъэ куэд къашэу хуежьащ. ЩIыгулъыр мардэншэу псыпцIэхэм къызэрырахым псыр ирегъэтIысэх. Къамылым псы фIэфIщ, псы имыIэмэ, къэкIынукъым. Мы Iуэхум куэд лъандэрэ сызэрыхэтым къыхэкIыу гу лъызотэ къамылыр щыкI щIыпIэхэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэ мыщхьэпэхэм. ЦIыхур щIыуэпсым зэрыхуэмысакъым къыхэкIыу, Iэджэ зэраныгъи къешэ, абы я ягъэ къамылми йокI. ПсыпцIэхэр ягъэIэсэху, шэдылъэхэр ягъэгъущыху, къамылылъэхэри нэхъ мащIэ мэхъу…

Къамылыр ягъэкI икIи ящэ къэкIыгъэ лIэужьыгъуэкъым. Ар къару хэплъхьэурэ зэхуэпхьэсын хуей псыхэкIщ. Къамылым и къэхыным щегъэжьауэ арджэным и гъэхьэзырыным нэсыхункIэ, къару есхьэлIэурэщ Iуэху зэрысщIыр. Къамылыр щызэхуэпхьэскIэ, ухуэсакъыурэ къипхын хуейщ. Пхъашэу уеIэбмэ е зэфIэпщIыкIмэ, зыри къыхэкIыжынукъым. Къамылым щыщу псы щIагъымкIэ щыIэращ арджэным халъхьэр. Ар къыщыпхкIэ, цIанлъэу зэрыщытым къыхэкIкIэ, тхьэмпэр мыкъутэу къепхьэлIэфын, хуэсакъыпэурэ бгъэгъущын хуейщ.

ЩIалэгъуалэр мыпхуэдэ Iуэхум дезгъэхьэхын си гугъат, арщхьэкIэ апхуэдэ цIыху къыкъуэкIыркъым. Сэри а Iуэхум сыхуэхьэзырыщэу къыщIэкIынукъым. Къамылым и къэхынри, гъэгъущынри, гъэкъэбзэнри, зэгуэхынри сакъыныгъэшхуэ зыпылъ Iуэхугъуэщи, ар псэкIэ къэзымыщтэр, абы гукIэ емыувалIэр лIыгъэкIэ ебгъэз хъунукъым.

-Арджэныр адыгэ IэщIагъэу жыпIэ хъуну?
-Шэч хэмылъу адыгэ IэщIагъэщ. Арджэн щамыщI, ар зэращI цеищэ пкъор зэрымылъ адыгэ унагъуэ нэхъ пасэхэм урихьэлIэну щытакъым. Лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа цIыху куэд си лъэщапIэм къыщIыхьэ зэпытщ. Дапщэрэ сыщIэмыупщIэми, арджэным хуэдэ гуэр я лъэпкъ щэнхабзэм хэту къызжезыIэн срихьэлIэркъым, ар зыхуэдэм щыгъуазэ срихьэлIэркъым. Уеблэмэ, Японие дыдэм, а щIыпIэм къамылым пщIэ щиIэ пэтми, арджэным и лIэужьыгъуэ гуэрым и лъэужь сыщытехьэфакъым. Ар къыщыгъэнауэ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм дежи щыслъагъукъым арджэныр. Щыгъыным, Iэщэ-фащэхэм, шхыныгъуэхэм зэщхь куэд зэрыхэлъым дыщыгъуазэщи, арджэныр зыщIи зыцIыхуи срихьэлIакъым. Абы къегъэлъагъуэ арджэныр нэгъэсауэ адыгэ IэщIагъэу зэрыщытыр. Си деж къыщIыхьэхэм арджэныр яфIэгъэщIэгъуэнщ икIи яфIэдахэщ, ящIынуи къыщIэкIынт, ауэ къарууэ текIуэдэнум къегъэувыIэ, адыгэм къыддекIуэкI лъэпкъ IэщIагъэ куэдым хуэдэуи зиубгъуркъым.

-Руслъан, зэрызэхэсхамкIэ «Амра» лъэпкъ фондым и унафэщI ЛIизэм Лидэ и гъусэу лъэпкъ IэщIагъэхэмкIэ щIэблэм щIэныгъэ етыным теухуа проектым ухэтщ. Абы кIэщIу утхутепсэлъыхьамэ ди гуапэт.
-ЛIизэм Лидэ къыхилъхьа проектыр, пэжыр жыпIэмэ, лъэпкъ IэщIагъэхэр къэIэтыжыным хуэунэтIа Iуэхугъуэшхуэщ, Iуэху щхьэпэщ. А проектыр зыхуэгъэпсар щIалэгъуалэрати, Къэбэрдейм еджапIэ щIагъуэ къинакъым дыздыдэмыхьа, арджэныр щрагъащIэ гупхэр зэухэтшэсын щхьэкIэ. ЗэзгъэщIэнущ сыхуейщ жызыIэхэм папщIэ лъэщапIэхэр къызэIутхащ. Илъэс псокIэ дылэжьащ. Ди гъэсэнхэр зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэдгъэпэщащ, зэреджапхъэ программэхэр зэхэтлъхьащ, арджэныр къызыхащIыкIыну къамылхэр дгъэхьэзыращ. ЦIыкIухэр къыдэтхьэхын щхьэкIэ тщIапхъэ къэдгъэнакъым. ЩIэблэр зи ужь дит Iуэхум хэша хъун папщIэ, ди гури псэри зэрыхэтлъхьэр зылъэгъуа адэ-анэр апхуэдэ дыдэу къытпэджэжащ, дызэхащIыкIащ, Iуэхур къыддаIыгъащ. Апхуэдэ щытыкIэм сабий куэд къыдишэлIащ. ТщIэм дыдихьэхыжыу дыщылэжьащ дэни, ауэ гукъинэж тщыхъуащ Къармэхьэблэ, Мысостей, Налшык дэт еджапIэхэм щеджэхэр.

ЛIизэм Лидэ и проектым къалэн зыщищIыжахэр къехъулIауэ къысщохъу. Дэ дадэлэжьащ сабий миным щIигъум. Арджэн щIыныр IэщIагъэ яхуэмыхъуми, ар зэращI щIыкIэр я нэгу щIэкIащ, абы и хъыбарыр я унагъуэхэм щаIуэтэжащ, езыхэм я бынхэм, абыхэм я лъхужхэми ар жраIэжынущ. Арджэным и гъащIэр нэхъ кIыхь апхуэдэ щIыкIэкIэ зэращIынум шэч къытесхьэркъым.

-Арджэн щIыным сыт ухуэзыгъэушэр, Руслъан, сыт гукъыдэж къозытыр?
-ЗэрыжысIащи, сызэрысабийрэ арджэным сепхауэ сокIуэкI, ар щызыпызгъэуа махуи къыхэкIауэ къысхуэщIэжыркъым. Сылэжьэн хуейщ жызоIэри солажьэ. Къамылыр къисхыу зыхуей хуэзмыгъазэмэ, си махуэр кIуэдауэ къысщохъу. Лэжьыгъэ езгъэкIуэкIым куэд кIэлъоплъ, абы етIысэхыгъуэ къызимыту сызэщIиIыгъэу къыщIэкIынщ. Си гугъэкъым Iуэхум зыгуэрым сыхуигъэушэу.

КъэзгъэщI мотивхэр пасэрей арджэн щIыкIэ хабзэхэм къыхызох, абы пцIы хэлъкъым, ауэ уней плъыфэрэ пкъырэ хузощIыж, си лъагъукIэ хызолъхьэ. Пасэрей арджэнхэм хэущэхуащ лъэпкъым къыдекIуэкI дуней лъагъукIэр, абы щIыуэпсыр, псэущхьэ дунейр гъэщIэгъуэну хилъхьащ. Абыхэм апхуэдизкIэ щыгъуазэ захуэсщIащи, жэщым сыкъэбгъэушу цеищэ пкъом сыбгъэдэбгъэтIысхьэми, дэтхэнэ зы мотиври зэрыщыт дыдэм хуэдэу къысхуэгъэщIыжынущ. Зэ нэхъ мыхъуми си арджэным хэслъхьа дамыгъэхэм етIуанэу къахуэзгъэзэжыркъым. Абыхэм къапысщэ хуэдэу, я теплъэр сохъуэж, еплъыкIэщIэрэ къэIуэтэкIэщIэрэ къахузолъыхъуэ, щIэщыгъ уэу къысщыхъу пкъыгъуэ гуэрхэр хызоухуанэ.

Пэжщ, пасэрей арджэнхэм я щIыкIэ псори ди нобэм къэсакъым. Адыгэм зауэ зыбжанэ пхыкIащ, хэпхъа хъуащ, арджэным епха щIэныгъэми зыкъом хэщIа хъуащ. Ауэ мыкIуэдыжу къэнам, зи кIапэлъапэ къэсам пыпщэу, зебгъэужьу, зэманым екIуу зебгъэхъуэжу щытмэ, псэщIэ Iуплъхьэжыфынущ, цIыхухэм яIэщIэмыхужу къызэтебнэфынущ.

 

-Арджэнхэр я инагъ-цIыкIуагъкIэ, хьэлъагъ-псынщIагъкIэ зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыным теухуауэ техникэ и лъэныкъуэкIэ зэлъэмыIэс гуэрхэр къыщыхэкI щыIэ?
-Лэжьыгъэ сщIыхэм дизайн пыухыкIа гуэрхэм тетущ сызэрелэжьыр. Абы къелъытэ арджэным и инагъри, и хьэлъагъри, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри.

-ЦIыхухэм уи лэжьыгъэхэр къащэхуну Iэмал яIэ?
-НтIэ, яIэщ. КъыхихынумкIэ сэри сыщыдэIэпыкъу къохъу. Тыгъэ щысщIи куэдрэ къыхокI, сыту жыпIэмэ, къызгуроIуэ а лэжьыгъэмкIэщ сэ си гъащIэр кIыхь зэрысщIыр. ыгъуэ гуэрхэр щыхэслъхьэжи щыIэщ. Лэжьыгъэ екIуэкIым къызит гукъыдэжыр инщ. Арджэныр хьэзыр хъуа нэужь, къыкIэлъыкIуэр нэхъ псынщIэу зэрысщIыным яужь ситщ, абы си гур егъэпхъэр, къару къысхелъхьэ.

-Арджэным хэлъ тхыпхъэр тхылъымпIэм тептхэрэ хьэмэрэ уи щхьэм ит сурэтым тещIыхьауэ занщIэу пщIырэ?
-Зэзэмызэ си нэгу къыщIыхьэ теплъэгъуэм ипкъ иткIэщ арджэныр зэрысщIыр, ауэ, сщымыгъупщэжын щхьэкIэ, япэщIыкIэ тхылъымпIэм сурэту щытесщIыхьи щыIэщ. Сылажьэу цеищэ пкъом сыщыбгъэдэсым деж си нэгу къыщIыхьауэ арджэным хэслъхьэ тхыпхъэм кIуэры кIуэм тету нэгъуэщI пкъ

-Уи IэдакъэщIэкIхэм гъуазджэ и лъэныкъуэкIэ фIагъыу хэлъым, щыщIэныгъэу яIэнкIэ хъунум теухуауэ критикэ щыIэ, щащI къыхэкIрэ?
-Пэжыр жысIэнщи, сыхуейт си IэдакъэщIэкIхэр критикэ гуэрым и шыбзэм щIэкIыну. Ауэ апхуэдэ псалъэ иджыри къыздэсым зыми зэхызигъэхакъым. Арджэным дихьэх, арджэн щэнхабзэм курыхыу щыгъ уазэ зэрыщымыIэрауэ къыщIэкIынщ ар къызыхэкIыр. Къэбэрдейр щызогъэтри, нэгъуэщI щIыпIэхэми си лэжьыгъэхэр критикэ ящIу зыщIыпIи сыщрихьэлIакъым. Критикэр фIымэ, купщIафIэмэ, цIыхум зеузэщI, IэщIагъэми зеужь.

-Уи арджэнхэр дэнэ щIыпIэхэм щыбгъэлъэгъуа, Руслъан, сыт хуэдизрэ утыку ипхьа?
-Къэбэрдейм и закъуэ си арджэнхэм я гъэлъагъуэныгъэ къудейуэ 8 щызиIащ. Адыгейм 3 сыкIуащ, Шэшэным щызгъэлъэгъуащ, Ищхъэрэ Осетие-Аланиеми, Дагъыстанми, Мэзкууи арджэнхэр сшащ. Мы уней гъэлъэгъуэныгъэхэм къащинэмыщIауэ, си арджэнхэр гуп гъэлъэгъуэныгъэхэми хэту утыку щихьэ куэдрэ къохъу.

-Уигу пымыкI, пщэну узыхуэмей къахэкIрэ уи IэдакъэщIэкIхэм?
-КъыхэкIкъым, жысIэ хъуну къыщIэкIынщ. Лэжьыгъэр Iуэхугъуэ пыухыкIа гуэрым тещIыхьауэщ зэрезгъэкIуэкIыр. Хьэзыр хъуа си IэдакъэщIэкIыр утыку исхьэу згъэлъэгъуа нэужь, абы игъэзэщIэн хуей къалэныр игъэзэщIауэщ къызэрысщыхъур. КъыкIэлъыкIуэ проектым сегупсысу, абы игъуэтыну фIэщыгъэм сылъыхъуэу сыхуожьэ.

-Сыт проекткIэ узэджэр, узылъыхъуэ фIэщыгъэри сыт, Руслъан?
-Къесхьэжьэ дэтхэнэ зы лэжьыгъэм и кIуэцIкIэ IуэхугъуитI щы къыщызоIэт, дэтхэнэми фIэщыгъэ пыухыкIа иIэу. Псалъэм папщIэ, сызыхуежьэ проектыщIэм къызэщIызогъэубыдэ уахэр (космосыр), дыгъэр, арджэныр. ЗэпыщIапIэхэм къэзмыгъуэтауэ, зи ужь сит Iуэхугъуэхэм я зэблэкIыпIэхэр сымыубзыхуауэ утыку зы арджэни исхьэркъым, гъэлъэгъуэныгъи сщIыркъым. Сыхэр къызэзнэкIыхункIи, си зы IэдакъэщIэкIи сщэркъым. СщIэну сызыхуейм сыхуэарэзыуэ «сухащ» хужысIэу сыблэкIмэ, дэтхэнэ арджэнри хэт хуейми зыIэригъэхьэфыну Iэмал иIэщ.

-Мы IэщIагъэр къытщIэхъуэ щIэблэщIэм ялъэбгъэIэсыфыну къыпщыхъурэ?
-ДизайнымкIэ Налшык къалэ дэт колледжымрэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ Центрымрэ егъэджакIуэу сыщолажьэ. Арджэныр унэтIыныгъэ щхьэхуэу, дерс щхьэхуэу тIуми щызиIэщ. IэщIагъэм хэгъуэзэну хуейуэ си деж къакIуэ сабийр мащIэкъым. Илъэсий-илъэсибгъум ит цIыкIухэращ нэхъыбэу сызыдэлажьэр. Арджэныр сетIысылIэнщи сщIынщ, жыпIэкIэ зэфIэкIыркъым. ШыIагъэ пхэлъын хуейщ. И пэм щегъэжьауэ и кIэм нэсыху зым утету, теджэрэзыкI къыхэмыкIыу арджэным уелIэлIэн хуейщ. Iуэхум нэхъ гугъу дыдэу хэлъыр-къамылыр къэхынырщ. Абы и къэгъуэтыныр мыгугъу щхьэкIэ, и къэхыныр лэжьыгъэ псынщIэкъым-псым уи къурмэкъейм нэс ухыхьэн хуейщ, зыщыщIэбгъэмбрыуэни къыхэкIынущ. Ар дэтхэнэми ищIэн Iуэхукъым, сабийхэр шынэнущ. Къамылым и къехьэлIэныр мис абы нэхъ гугъу ещI. АбыкIэ сабийхэр гугъу едмыгъэхьми, мыдреймкIэ тщIэр ябгъэдыдолъхьэ.

-Руслъан, IэщIагъэр мыкIуэдыжу адэкIэ псэуну, щIалэгъуалэм зэрахьэну? Зы цIыху закъуэ нэхъ мыхъуми, уи лъэужьым ирикIуэну къыпщыхъурэ?
-Лэжьэн щыщIэздзагъащIэм арджэныр зыщIи зезыхьи щыIэжкъым, жаIэрт. Зыр зым иужь иту арджэн гъэлъэгъуэныгъэхэр сщIыуэ сыщыхуежьэм, мы IэщIагъэр зиIэхэм я гугъу къысхуащI хъуащ. Ауэ, пэжыр аращи, арджэныр ди нэхъыжьхэм зэрызэрахьэу щытам, абы пыщIа щIэныгъэм нэсу щыгъуазэ щыIэжкъым. Иджыпсту къэдгъэщIэрэщIэжыну, зедгъэужьыну дызыхэт мы IэщIагъэм цIыху куэд пыщIауэ щытыныр дэркIэ фIыгъуэшхуэт. ЕплъыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыIэми, зы Iуэхум дызэришалIэу цIыху зыбжанэ дыщыIатэмэ, зимыуасэ щыIэтэкъым. Гугъэр адэжь щIэинщ, жаIэ. Сыщогугъ арджэным дихьэхын къыкъуэкIыну, си ужь къиувэу мы Iуэхум хузиIэ гурыщIэр нэхъ ину къызэщIэзыгъэнэн къэунэхуну. Зы цIыхукIэ е цIыхуитIкIэ лъэпкъ IэщIагъэр пхуэгъэпсэунукъым, абы и щыIэныгъэм кIыхьу зезгъэукъуэдиифынущ пхужыIэнукъым-ди щхьэ къриекIуэнур зыми ищIэкъым.
Пэжщ, сабийхэм ябгъэдэтлъхьэну иужь дитщ. Ауэ иджырей щIалэгъуалэм сом къыпымыкIынумэ, пхухыхьэнукъым-псом япэ къыхэхъунур зэрегъэзахуэ. Нобэр къыздэсым арджэныр сщэмэ, къыщIэсхынур сыт хуэдизу пIэрэ, жысIэу абы сригумэщIу сыщыткъым. ИлъэсипщIкIэ сызэлэжьа куэд хэтащ си япэ гъэлъэгъуэныгъэм. СызыгъэпIейтейр ахэр зэрысщэнуратэкъым, атIэ нобэрей махуэхэм зэрыхэзагъэ, цIыхум къызэращтэну гупсысэрат, ди нэхъыжьхэм къащIэна арджэн щэнхабзхэм зиужьыным хэслъэфарат сызыIыгъыр.

Иджырей унэ гъэпсыкIэхэр хуэкIуэжкъым пасэрей арджэнхэм. IэщIагъэр псэун щхьэкIэ, щIэ хэлъхьэн хуейщи, сэри къыхэсхар а гъуэгурщ.

-Узыпэрыт IэнатIэм дяпэкIэ сыт хуэдэ гугъэхэр иупхрэ?
-Иджыпсту къызэхъулIа псомкIи сыарэзыщ. Пщэдейрей махуэхэр нэхъыфI мыхъуми, нобэр къыздэсым къэскIуа гъуэгуанэмкIи, IэщIагъэм хэслъхьамкIи гугъэзагъэ згъуэтауэ сыщытыщ. Апхуэдэу щыт пэтми, лэжьыгъэ нэхъыбэ утыку къызэрисхьэнум сыхущIэкъунущ, къытщIэхъуэ щIэблэм, зэрефIакIуэмрэ зэрызаужьымрэ слъагъун папщIэ, сыт щыгъуи щIэгъэкъуэн сахуэхъуну иужь ситынущ.

-Тхьэм уригъэфIакIуэ, Руслъан!

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz