Сэ мэжджытым къезгъэсащ, уэри ıэптестым…
Къуажэ гуэрым зы хъуэжэ къэкIуагъащIэт. Хъуэжэр, къуажэдэсхэм яхэплъэщ, къахэплъэри нэмэзи, мэжджыти я Iуэхутэкъым.
Махуэ гуэрым, хъуэжэр, уэршэру зэхэт лIы гуп захуегъазэри яупIщ:
-Уа, мэжджытым щхьэ фынэмыкIуэрэ, нэмэзи щхьэ фымыщIрэ?
-Уэлей нэмэз щIыныр мыIуэхут хъуэжэ.
-тIэ?
-Iэптестым лIо етIщIэнур; къыдэфыкIыр аращ.
-Къавмыщтэуэ фынакIуэ!
Апхуэдэу зэгурыIуэхэри, Iэптестыншэу, мэжджытым кIуэурэ, нэмэз ящIащ, къуэжэдэсхэм.
ЗэманыфI токIри, хъуэжэр къуажэм докIыжри, нэгъуэщI гуэрэ къагъэ
кIуэ. КъэкIуами, къуажэдэсхэм Iэптестыншэу нэмэз зэращIыр егъэщIагъуэри яупIщI:
-ФщIэр сыт? Iэптестыншэу нэмэз хъунууэ дэнэ щызэвгъэщIар?
-Уэ уи япэкIэ щыIэ хъуэжэм деж.
Къавмыщтэуэ фынакIуэ,» жиIэри дэри, жыхуиIэдыдэрам дщIар.
ХъуэжэщIэр, Iуэхур зытетыр зэригъэщIэну езым япэ щыIэ хъуэжэр къегъуэтри йоупIщ:
-Уа! «Iэптестыншэу нэмэз мэхъу» щхьэ жыпIэ? Ахуэдэ хьэдэгъуэ дахэр дэнэ къыздикIыр?
-Уэлэй мэжджытыр, Iэптест щхьэкIэ, бий ящIати сэ, мэжджытым къезгъэсахэм. Уэри Iэптестым егъасэхэ.
*КъэзыIуэтэжар: Къэрэшей Сэзаищ. Узун-яйлэ-Астемырей щыщщ. Илъ. 63 мэхъу.