Шылэ мазэ

0
1300

ЩIымахуэкущ, Шылэ мазэм дыхэхьащ…

Шылэ мазэм ар жиIащ жи, “Хьэ лъакъуэ макъыр шы лъакъуэ макъ сщIынщ” жери… Апхуэдизу щIыIэ сыхъунщ щIыр сыгъэщтынщи жи, хьэр бжэIупэм къыIухьамэ шыр къыIухьэ хуэду къыпфIэщIынщ!

ЩIымахуейрэ уэс-уэлбанэуэ щыт Шылэ мазэм, Узуняйлэм Iэмал зэриIэкIэ гьуэгуанэ утемыхьэмэ нэхьыфIщ. Зыгуэр лIэуэ нэхъхъеягъуэ сыт щыхъухэм нэгъунэ, цIыхухэм дежэн демыжэн жаIэуэ дзыхь щамыщI куэдщ. Зэгуэрэм апхуэду, зылI зы къуажэм икIыу зы кьуажэм кIуэуэ гъуащэри жылэр лъыхъуакIуэ ежьауэ щытащ. УщылъыхъуэкIэ шухэр зэрыз зэрызыуэ икъухьауэ мыхъуу зыбгъурыту щытын хуейщ мыхъумэ услъыхъуэр гъуэтыгъуей мэхьу. Апхуэдэуэ махуибл нэужьращ кIуэдам и хьэдэр кьыщагъуэтыжыфар.

Шылэ мазэр апхуэду ткIыйуэ екIуэкIми нысашэхэр фIырыфIкIэ зыпыуынкьым. 1943 илъэсым и шылэ мазэр… Зы Iэжъэрэ шу тIощI хуэдизу пщэдджыжъым ХьэпэщIей къыдэкIэ нысашэ гупыр нысэр кьыздырашыну Марашлы кьуажэм щынэсам дыгъэ къуэхьэгъуэ хъуат. Гупыр а жэшым абы щоIэр, етIанэрей махуэм къушлыкъум нысэр къырагъэтIысхьэ къозэжхэри, абдежым Жамботейр гъуэгу щхьэIущ, щыджагъуэхэм дей мис абы дохьэхэ. Абы тIэкIу зыщагъэпсэхуа нэужъи щIагъуэ замыIэжъэу къозэжхэ. Къозэжхэри, гъуэгу тетхэу, ХьэпэщIейи фIыуэ и гъуэгэгъу къэхъуахэуэ аргуэру уэру уэс къесыуэ къыщIедзэри мо шы хуэщIахэм уэс Iувым Iэжъэр хамышыф мэхъу. Iэмалыншэуэ Iэжъэр гъэпсынщIэн хуейт; тхьэмадэм унафэ ещI, занщIэуэ Iэжъэм и ис хъыджэбзхэр шухэм я шыплIэм къыдагъэтIысхьэхэри, апхуэдэуэ къуажэм дохьэжхэр. Нысашэр къуажэм щыдэхьэжым, гупым и хъыджэбз пшынауэ цIэрыIуэ Нэгъуэйи шыплIэм зэрыдэсу пшынэ еуэт жи…

Адыгэхэм зырахабзэуэ, щIымахуэ укIынри и нэхъыбэм Шылэ мазэращ щащIыр. Бжыхьэм, щIымахуэ укIыну танэ е жэмыбгъэ хуэду нэхъыфIыIуэуэ зы блымышху хадз Iэхьэ лейуэ ягъэшхэри, фIыуэ пщэр хъуа нэужъи щIымахуэ укIын ящI. Былымыр яукIа нэужъ къуажэм гъунэгъу жэрэгъум я Iэхьэ хаха нэужъ унагъуэм зыдашх. ИтIанэ, лым зыкъомыр яущийри ягъэгъуэ, лым хэтыр жэрумэ хэтыр тхьэмщIыгъу ныбэ ящI, и зыныкъуэри ягъэлыбжэри щIымахуэ шхыну ягъэтIылъ.

Апхуэдэуэщ Шылэ мазэр Узуняйлэм зэрекIуэкI щIыкIэр нытIэ…

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz