Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Адыгабзэ – Adigece Şubat 2021

ІУЭРЫІУАТЭ – ДЫЩЭ ПХЪУАНТЭ  (Сэрия 2)

НАСЫП КЪЭЗЫГЪУЭТЫР ЖЬЫРЫТЭДЖРА, КIАСЭРЫТЭДЖРА?

Зы анэ гуэрым и къуэ цIыкIур игъафIэурэ щхьэхыни жейнэди хъуат, жи, къыщамылъэфмэ, шэджагъуэ пщIондэ жейуэ. Зы пщэдджыжь гуэрым анэр и къуэм щхьэщыувэри еущиеу щIидзащ:
-Насыпыр къыщыкIуэр пщэдджыжьращ, си щIалэ, – жи. – Ужейурэ насыпым зыхыумыгъэн. Дыгъуасэ пщэдджыжь уи ныбжьэгъу цIыкIум витIыр псафэ иху пэтрэ, ахъшэ дэзу бохъшэшхуэ къигъуэтащ, жи. Ар жьыуэ къэмытэджамэ, а насыпыр нэгъуэщI гуэрым Iэрыхьэнут.
-Нэхъ жьыуэ къэтэджра насыпыр къызыпэщIэхуэр? – щIэупщIащ щIалэ цIыкIур.
-Аращ, тIу, аращ.
-АтIэ, а насыпыр зыпэщIэхуам нэхърэ зыфIэкIуэдар нэхъ жьырытэджыжтэкъэ, апхуэдэу щхьэ хъуа?
Анэм игъуэтакъым абы пидзыжын. Щхьэхынэм и хьэхури и щIыхуэщ, жаIэ, и гум кърилъхьэхукIэ упэлъэщынукъым.

***

ТХЬЭМ ФЫЗАБЭМ КЪЫХУИГЪЭКIУА НАСЫПЫМ БАНЭ ТРЕПIЭЖ

Зы фызабэ дахэ дыдэ щыIэт, жаIэ, нагъуэрэ тхъэгъуэу, бын хъарзынитIи иIэу. Ар зыхуэмытхьэусыхэ щыIэтэкъым, зэмытхьэусыхылIэри къэгъуэтыгъуейт:
-Насыпыншэу сыкъалъхуат, Тхьэм насып къызитакъым, -жиIэурэ. -Насыпгуэшым къыуимытамэ, дуней фIыгъуэм ухэна мыгъуэщ!
ГуащIэри гущIэгъури зиIэр а зы Тхьэрати, игу къыщIогъу фызабэми, йоуэри, зы Насыпышхуэ къегъакIуэ, и пащIэшхуитIыр гъэкIэрэхъуауэ. Насыпыр къос аби, фызабэм и гупэбжэм къытоуIуэ:
-СыкъэкIуащ, -жи, -ныIух!
-Уэ ухэт, -жи зэхэзещхъуэн хъуа фызабэм. -ИгъащIэм услъэгъуакъым, усцIыхуркъым.
-Сэ сы-Насыпщ, -жи лIы бжьыфIэшхуэм. -Тхьэм гущIэгъу къыпхуищIри сыкъыпхуигъэкIуащ.
-Сыту фIыщэт, на-а! -къэгуфIащ фызабэр.
Насыпыр щIишэным и пIэкIэ, езыр къыщIэбэкъукIщ, и Iэщхьэ пхъашитIыр кIэпхын щIагъым щIилъхьэри, адэкIэ еупщIащ:
-Дэнэ щыIэ-тIэ е уи шыр, е уи гур, е уи гуэныр? Хьэмэрэ унэншэ-жьэгуншэу укъысхуэкIуа?
-Ей, фыз нагъуэ фыз гъулэ, накIуэ, си унэри унэлъащIэри уэзгъэлъагъункъэ! -жиIэри, и Iэпэр иубыдщ аби, и унэ ишащ. Унэм зыри щIэттэкъым, зы гъуэлъыпIэрэ зы хьэкурэ фIэкIа.
-Мы унэ нэщIыжьра насып жыхуэпIэр? -икIуэтыжащ фызабэр, илъагъур щхьэкIуэ щыхъуарэ игу иримыхьу.
-Сыт щIэнэщIыр, мы си IэжьитIыр щIэлъкъэ? -идакъым Насыпым.
-Ара сэ насыпу къыслъысар? Iулъэфи банэ тепIэ!
Фызабэм Насып лIы бжьыфIэшхуэр пригъэхауэ къыщыкIуэжым, Тхьэм уафэ щхьэгъубжэр зэIуигъэжри къегуоуащ, жи:
-Ей, фызурэ фыз нэ хъэрахъэ,
Фызурэ фыз нэхъурей,
Жылагъуэ гыбзэ,
Насыпым и бзэр зымыщIэ,
Насыпым я нэхъ иныр ныпхуезгъэхат,
Уэ къыпхуэмыцIыхуамэ, сыт мыгъуэхэр си лажьэ? -жиIэри.
Фызабэр щIэпхъуэри игъэзэжа щхьэкIэ, Насыпри, Насыпым и унэри игъуэтыжакъым, жаIэ.
Къаплъэнэфри фызабэри зэхуэдэщ, тIури зыщогугъыж, жаIэ.

***

ТАЛЪОСТЭНЕЙМ Я ХЪЫБАРЫМРЭ Я УЭРЭДЫМРЭ

Джылахъстэнейм и цIыхухэр зэгуэрым Ашэлыкъу блыгукIэ зэджэ щIыпIэм ису щытащ (нобэ мышкъышхэр а щIыпIэхэм щопсэу). Алъхъо и къуэ Джылахъстэнрэ нобэрей Джылахъстэнейм исауэ щыта нэгъуей хъанымрэ бий кIэуфIыцI зэхуэхъуащ. Хъаныр теуэрти, Джылахъстэн и хъушэхэр ихурт, Джылахъстэнри, ар имыдэу, кIэлъыпхъэрти Iэщыр къатрихыжырт, апщIондэхукIи лъыгъажэм зэрыхэгъэтырт. Ауэрэ, Алъхъо и къуэ Джылахъстэн игу ирилъхьащ: нэгъуей хъаным езэуэну, ахэр зэрыс щIыпIэм ирихуну, езыри къыдэкIуэтейуэ абдеж тIысыпIэ-псэупIэ ищIыну.

Ашэлыкъу къуакIэбгыкIэхэм дэгуэшауэ дэс адыгэхэр Джылахъстэн зэхуишэсщ, гуп ищIри, яхэпсэлъыхьащ икIи къигъэдэIуащ нэгъуейхэм ятеуэну. Унафэр къахьащ, къызэрахьам хуэдэуи ящIащ. ЗауэкIэ ятекIуэри, нэгъуейхэр зэрыс щIыпIэхэр къытрахащ. Джылахъстэн зэригъэувам хуэдэуи, адыгэхэр а щIыпIэм къыдэкIуэтейри къитIысхьащ. ДжылахъстэнейкIэ еджэн щIэхъуари аращ а щIыпIэм. Талъостэнейр сэтей щхьэпцIанэм зэрытесым и ягъэкIэ нэгъуейхэр ятеуэурэ щэ шхыгъуэ яшхауэ щытащ.
Джылахъстэн абыхэм ялъ ищIэжа хъуащ.

А махуэм ди Тэтэртупыр ди гъуэгущ,
Зэуэгъуэм Аушыджэрыр ди гъусэщ,
Уардэ Iэщхьэхъум зресэ,
Ди шыншэ лъэсыр мэдалъэ.
Ди лъхукъуэлI лъэсыр мэзауэ,
Зауэ щыхъукIэ,
ДжатэщIэ лъэсыр брум къыфIохьэ,
Лъэсыр щыхъукIэ къахэлыдыкIыр
Тузэр и къуэкIэ Сэралыпжьейщ.
IэжьэгъуитIыр зэбгъурытыххэурэ дзэлашхэщ,
ЛIы ябгэм зешхыхьыжыххэри тпэщытщ,
Уэркъ щIалэм джатэ диIэжкъым – гущыуэщ,
Бетэмал, Щолэхъупщ и зы щауэгъуэр
Нобэ сиIэжыгъащэрэт!
А махуэм Къэрэщеипщым и пщыгъуэщ,
Ди мэлым сэтей щхьэпцIанэр я хъупIэт,
Ар диIэжтэкъыми жьэпкъыжь унапIэм докIуэж.
Фейцейхэ зы къащымыщIу мэзауэ,
Зэуэгъуэт – куэкушэуалыжьыр тхуэзыгъэпщагъуэ.
Нэгъуеидзэр къыдэсэпати,
ХахуэкIэ Къэрэщеипщ дипIыжт жылагъуэр.
А махуэм Елъкъэщыпщыр имыст,
Дзэшхуэм сакъыхуэсыжкъым, жеIэри зэгуоп.
ШууитIым, ар данагъуэракIэти, къагъазэ,
Блащхъуэжьей кIий макъти, къахоуэ,
Лъостэным и псыгъуэр тхузэхуэзышэр
ШормэнокъуэкIэ Бытакъ и лIыхъут,
Афэр щыгъыу шэр пхедз.
ПхызыгъэдзэкъыкIыр зи шащхьэр
Щолэхъупщ и къуэ кIасэкIэ пщы Талъостэнщ.

***

ХЪУЭЖЭ И ДЕЖ ХЬЭЩIАПIЭ (ГушыIэхэр)

ХЪУЭЖЭ И ХЬЭГУЛЫВЭР

Еуэри, жаIэ, Хъуэжэ хьэщIапIэ здэщыIэм, зэи Iумыхуа гуэр ирагъэшхащ. Шхыныр игу ирихьати, щIэупщIащ:
-Мы сывгъэшхам и цIэр сыт?-жиIэри.
-Хьэгулывэщ,-къыжраIащ хэгъэрейхэми.
Хъуэжэ ар игу ириубыдэри къежьэжащ, хьэгулывэр си фызым езгъэщIурэ сшхынщ, жыхуиIэу. АрщхьэкIэ и унэм нэмысыж щIыкIэ псалъэр щыгъупщэжащ. Абдежым шэд хъуреишхуэ иIэти, и Iуфэхэр къикIухьу уващ псалъэр игу къигъэкIыжын и гугъэу. Абы хэту Хъуэжэ гъуэгурыкIуэ лIитI кърихьэлIащ.
-Мы шэдым хэплъэгъуар сыт?-жаIэри ягъэщIагъуэу Хъуэжэ гъуэгурыкIуэхэр къеупщIащ.
-Си дыщэ Iэлъыныр сIэрыжри хэхуащи, згъуэтыжыркъым,-жиIащ Хъуэжэ бзаджэм.
«Алыхь-алыхь!» жаIэри гъуэгурыкIуитIым шэдыр зэIащIэ-зэIапщIыкIыу хэуващ, къытпэщIэхуэмэ, Iэлъыныр дыдейщ, жыхуаIэу. Куэдрэ лъыхъуэщ, лъыхъуэри, лIитIым языр губжьащ:
-Уэлэхьэ, уи дыщэ Iэлъыныр мыбы хэмылъ, хэлъу щытамэ, къэдгъуэтынт: хьэгулывэм хуэдэу дыбгъэутащ, зиунагъуэрэ!-жиIэри.
«Хьэгулывэр» зэрызэхихыу, «Къэзгъуэтыжащ! Къэзгъуэтыжащ!»-жиIэри Хъуэжэ щIэпхъуэжащ, лIитIым я жьэр Iурыхуауэ къигъанэри.
ХЪУЭЖЭ И ДУНЕЙКЪУТЭЖЫР
И кIапэм шэрхъитI щIэту мэл пшэрышхуэ иIэт, жи, Хъуэжэ, и ныбжьэгъухэр къехъуапсэу, я гурыIупсыр къажэу. Зы махуэ гуэрым зэгурыIуэщ ахэри, Хъуэжэ деж къэкIуащ.
-Жылэм хадэ япщIэри губгъуэм итщ, фэ емынэм фыкъихуа мыбы,-жиIэри Хъуэжэ яжьэхидзащ къыхуэкIуахэм.
-Сыт иджы дэ хадэкIэ тщIэжынур?-жаIэ бзаджэжьхэм.-Пщэдей дунейр къутэжынурэ уафэр къещэщэхынущ: гъавэри сыту тщIыжын, Iэщми хэт хуеиж? Абы нэхърэ мо уи мэл пшэрыр дыгъэукIи, мы дунейр зэтет щIыкIэ, иужьрейуэ зэ дывгъэтхъэж: псапэ къэпхьынщ.
Хъуэжэ и мэл пшэрыр яхуиукIщ, яхуигъажьэщ, яхуигъавэри, мохэри игъэтхъащ, езыри ядэтхъэжащ.
Шэджагъуэ уэмт, хуабейти, Хъуэжэ и ныбжьэгъухэм затIэщIри, загъэпскIыну псым хэтIысхьащ. Хъуэжэ мафIэр зэщIигъэстыжри, и ныбжьэгъухэм я щыгъынхэр пэридзэурэ игъэсащ. ЩIалэжьхэр псым къыхэкIыжри, захуэпэжыну щыхуежьэм, зы джани, зы гъуэншэджи ягъуэтыжакъым, сахуэ фIэкIа.

-Мы къыдэпщIар сыт, гъуэгу мыгъуэм емыжьэн?-жаIэри ныбжьэгъухэр къыщыхьащ.
-Пщэдей дунейр щыкъутэжынукIэ, сыт щыгъын зэрыфщIыжынур?-жиIэри Хъуэжэ и бзэгур къахуридзащ.-Шыгъу зышхар псы ефэжын хуейкъэ?

УМЫГУПСЫСЭУ УМЫПСАЛЪЭ

Хъуэжэ и пщIантIэм дэшхуей ин дэтти, кIуэри абы и жьауэм щIэгъуэлъхьащ, дыгъэр къегуэщIэкI хъунти. Жыгым пыт дэхэр игъэщIагъуэурэ зэпеплъыхь, ауэрэ и щхьэм къощхьэрыуэри Хъуэжэ йогупсыс:
-Мыр зи инагъ жыгым къыпыкIэ дэр бзу джэдыкIэщ зэрыхъур. Мы си щхьэм хуэдиз хъу хъарбызыр удз къуэпсым къыщIегъакIэ,-жиIэурэ.-Ар дауэ хъун! Емыгупсысу къыIэщIэщIащ ар ди Тхьэм. Егупсысамэ, хъарбызыр мо жыгышхуэм къыпигъэкIэнти, дэр удзым къыщIигъэкIэнт…
А дакъикъэм жыгым зы дэ къыпыхури, «тIаркъ!» жиIэу Хъуэжэ и натIэм къытехуащ. Хъуэжэ къэщтауэ къыщылъэтри уафэм дэпсэлъеящ, жи:
-Iэлоуэхь, сыту губзыгъэу уегупсысат мы Iуэхум!-жиIэри.-Хъарбызыр жыгым къыпыкIэу щытамэ, зэшэзэпIэу сиукIатэкъэ, зиунагъуэрэ!
Мис аращ «гупсыси псалъэ» щIыжаIар.

ЖЬЫГЪЭМРЭ ЛIЭНЫГЪЭМРЭ

ЛIыжь гуп, Хъуэжэи яхэсу, уэршэрырт, бжьыхьэкIапэ гуэрым щIэсу. Псори тхьэусыхэрт, жьы дыхъуа мыгъуэщ, тлъэкIыжIаркъым, жэщкIи дезэгъыркъым, шхынри тфIэIэфIыжыркъым, жаIэурэ. Хъуэжэ едаIуэщ-едаIуэри, еупщIащ, жи, и ныбжьэгъухэм:
-Уа, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэнхэ, жьыгъэмрэ лIэныгъэмрэ дэтхэнэр нэхъыфI?-жиIэри.
ЛIыжьхэр зэплъыжащ, мы Хъуэжэ делэ хъуа, жыхуаIэу. ИтIанэ:
-Уэлэхьэ, ди ныбжьэгъужь, а узыщIэупщIэр сабийхэми къагуроIуэмэ: зэ улIэ нэхърэ, минрэ жьы ухъумэ нэхъыфIмэ,-жаIащ.
-АтIэ, делэ гуп, сабийм къагурыIуэр фэ щхьэ къывгурымыIуэрэ? Алыхьым, фигъэлIэным и пIэкIэ, жьы фищIауэ фегъэпсэу. ИтIани шыкур хуэфщIыным и пIэкIэ, фотхьэусыхэ.
ЛIыжьхэм Хъуэжэ къыпадзыжын ягъуэтакъым. Аращ иIэмкIэ арэзы хъуа щыIэкъым, щIыжаIэр.

***

ЩОЛЭХЪУ ДАМЫГЪЭР КЪЫЗЫХЭКIАР

Талъостэн и къуэ Щолэхъурэ къуршым щыпсэу къущхьэ лIакъуэлIэш Къэбан и къуэмрэ зэныбжьэгъут. Ахэр зекIуэ зэдэкIуэхэрт, хъунщIэ къащIуи я хабзэт. Зэгуэрым Къэбан и къуэр къэкIуащ Щолэхъу и деж. Жэщым хуэхьэщIэри, пщэдджыжьым зэпсалъэу хьэщIэщым здыщIэсым, Къэбан и къуэм жиIащ:
-Иджы, Щолэхъу, сэ хъыбару зэхэсхащ модэ хышхуэ тIуащIэ гуэрым зы шыбз хакIуэпщIэ бэлыхь дэтуи, ар къэдмыхуу хъунукъым. Сэ сыкъыщIэкIуар аращи, дыгъакIуи къэдгъэху.
Талъостэн и къуэ Щолэхъу къэпсалъэри:
-Хъарзынэщ, дыкIуэнщ икIи къэтхунщ, ди насып хэлъу щытмэ, ауэ нобэ жыпIэу тумыгъэчыныхь. Сэ зы Iуэху гуэр сиIэщи, ар зэпызуд хъунукъым. Гъэзэжи, зы тхьэмахуэ хуэдэ дэгъэкIи, къакIуэ,-жиIащ.
Къэбан и къуэм идакъым:
-Уэлэхьи, Щолэхъу, згъэзэж мыхъуну, сэ си гъуэмылэкIи сыткIи зызэзгъэпэщри сыкъежьащ, уи Iуэхур къэбгъанэ мыхъунурэ унэмыкIуэфынумэ, сэ сежьэнущ.
Талъостэн и къуэ Щолэхъу арэзы хъуащ:
-Хъунщ-тIэ, ежьэ, гъуэгу махуэ, сэ мызыгъуэгуанэкIэ сынежьэфынукъым,-жиIэри.
Арати, Къэбан и къуэр и закъуэ ежьащ. ЗдэкIуам нэсри, жыг лъагэ гуэр и щхьэкIэр плъапIэ ищIри, махуищкIэ абы исащ, къех-дэкIуеижми, зиплъыхьу, гъуэгу хуэхъунур зригъащIэу. Зытес жыгыр зыхэт къамылылъэм зы пщIэгъуалэ гуэр хэтт уэдыкъуауэ. Хым къыхэкIыурэ а махуищ жыгыщхьэм щисам зы хакIуэ гуэр къыхуэкIуэурэ а пщIэгъуалэм дэкIуеящ. Ар Къэбан и къуэм илъэгъуащ. ЩIэкIуа шыбз хакIуэпщIэр махуэ еплIанэм кърихужьэщ, пщIэгъуалэри абы къыхигъэхьэри, къихущ аби къэкIуэжащ.
Талъостэн и къуэ Щолэхъу деж Къэбан и къуэр екIуалIэри зыщигъэпсэхужащ. Махуищ хуэдиз и хьэщIэщ исауэ, къыщежьэжынум, Талъостэн и къуэ Щолэхъу зыхуигъэзащ:
-Сэ сежьэжынущ иджы, Талъостэн и къуэ, уэ хэди, уфIэфIыр нэ хэплъапщIэу къыхэх,-жиIэри.
Талъостэн и къуэми зригъэщIэгъуэкIакъым:
-Сыхэдэмэ, мо пщIэгъуалэр къыхызох,-жиIащ.
Къэбан и къуэм ар имыдэу:
-Iэу, ар дауэ хъун? «Къэбан и къуэм къритащ» жаIэу ар хъункъым. Хэди мо нэхъ дэгъуэ дыдэхэм ящыщ къыхэх.
АрщхьэкIэ Талъостэн и къуэр жиIам текIакъым.
-Нэхъ шы дэгъуэхэр хъер пхухъу, сэ къыхэсхар къызумытмэ, нэгъуэщI къыхэсхыркъыми, сыхуейкъым,-жиIащ.
-АтIэ, дауэ тщIын, узот,-жиIэри шыр Щолэхъу къритащ. Адрейхэр ихури, Къэбан и къуэр кIуэжащ.
Ауэрэ зыкъом дэкIщ, и пIалъэр къэсри, пщIэгъуалэр лъхуащ. Къилъхуа шыщIэр илъэс хъури, дамыгъэ тридзэн хуей хъуащ. Щолэхъу фIэфI хъуащ дамыгъэ щыIэхэм нэмыщIу дамыгъэщIэ гуэр шыщIэм тридзэм. Арати, Щолэхъум шыщIэм тридзэну хуэзэпэхъурейуэ зы дамыгъэ къитхъыхьащ. Ар, еупщIыж щIыкIэу, пхъуищ иIэти, яригъэлъэгъуащ. Ипхъу нэхъыжьыр къэпсалъэри жиIащ:
-Тхьэ, хъуным, ауэ си цIэкIэ зы къуапэ цIыкIу хэзгъэхъуэнущ,-жиIэри, хъурейм къарэкъэш цIыкIу гуищIыхьащ.
Ипхъу етIуанэри къэпсалъэри:
-Сэри си цIэкIэ хрет а дамыгъэм зы къуапэ цIыкIу,-жиIэщ, Iэбэри абыи зы къарэкъэш цIыкIу хъурейм гуищIыхьащ.
Жан нэхъыщIэри Iыхьэншэ хъуакъым:
-Мы дамыгъэм сэри си цIэкIэ зы къуапэ цIыкIу хэщIа ирехъу,-жиIэри, къарэкъэш ещанэр хъурейм гуищIыхьащ.
Зэадэзэпхъухэр дамыгъэмкIэ арэзы зэхуэхъухэри, шыщIэм традзащ. ШыщIэ цIыкIур ин хъуащ, шыфIи къыхэкIащ. Абы жэрыгъэкIэ, гуащIэкIэ, бэшэчыгъэкIэ къылъэщIыхьэ щымыIэ хъуащ. Щолэхъу шы лъэпкъыгъуэкIэ зэджэри къыщежьэр абдежщ.
Аращ Щолэхъу дамыгъэр къызытекIар. Дамыгъэр къэзыгупсыса Талъостэн и къуэ Щолэхъу и цIэр фIащауэ аращ.

***

И СЫДЖЫР ПШЫНЭКУЩИ, ЗЭГУЕШ…
(Усэрыбжэхэр)

ТХЬЭКIУМЭКIЫХЬ
ТхьэкIумэкIыхьым и нэр вагъуэщ,
Вагъэр и гъуэгущ,
И гур къэрабгъэщ,
Бгъэм щошынэ,
И тхьэкIумэр дзасэщ,
И пэр сыринэщ,
Ар мапкIэ,
Ар малъэ,
Уей, ар мэбгъунлъэ,
Iэгъу, ар мэлъей,
Бзу лъэтари щIэрымыхьэ,
Хьэпшыр гъуабжафэм ещхьщ,
И фэр и бийщ, зиунагъуэрэ,
БэкIэ пIащIэу мэлъей, унэжынрэ,
Уа, дыкIэлъыплъурэ мэкIуэдыжкIэ, тхьэ соIуэ.

КIУЩЭ МАРИЦЭ
Ащэ, ащэ, ащакIу,
Мыр ди КIущэщ,
Мыр ди КIущэ марицэщ,
Псэгъэтыншу си наущ,
Наурыкъур зи набдзэщ,
КхъыIэ, дзыгъуэшхуэжьым ущымышынэ.
Уэ си шэ тIэкIум укъыхэфщ,
Унэ феи сыкъэпщIщ,
ЗыфIумыгъэщIурэ уохущхьэ.
Еущэхи псы къэхь,
ЖьантIэм хьыи дэгъэувэ,
Хьэжьым и бзэр къолэлыр,
Уи лы Iыхьэр птрех.

ХЬЭРЭХЬУП
Хьэрэхьупыр жьыуэ мэтэдж,
И сыджыр пшынэкущи, зэгуеш,
Шхэн дымыухыу къолъатэ,
Тутей жыгыжьым тотIысхьэ,
ЗытетIысхьами тоуIуэ,
ЗэрытеуIуэр пэ дыдщ,
Дыдыпэ хуэдэу папцIэщ,
И дамэ цIыкIухэр зэгуепIэ,
«Пу-пу-пуп» жиIэурэ къоджэ,
Къэмытэджахэр къегъапцIэ.

ХЬЭНДЫРАБГЪУЭ
Модэ плъэт, ар ди къандисэщ,
Мыдэ къаплъэт, мыр ди къандыгъэщ,
Зэ фIыуэ зыплъыхьыт, псори дыгъэ сыхъэщ,
Уэ къеблагъэ,
Уэ къэтIыс,
ТIыс, зо, тIыс, хьэндырабгъуэ,
ФошыгъупскIэ узгъэшхэнщ,
Мэл сыукIым кIэтIий уэстынщ,
ТIыс, зо, тIыс, хьэндырабгъуэ,
Губгъуэм уихьэм укIуэдынщ,
Нани гъуэгыу бгъэлъыхъуэнщ.
ТIыс, зо, тIыс, хьэндырабгъуэ,
ТIыс, дамабгъуэ,
КъетIысэх, къандисэ,
Зэ загъэ, къандыгъэ!

Yazarın Diğer Yazıları

КIуэцIылъыр зыхуэдизыр ящIатэмэ…

Дуней щэхубэм я lункlыбзэlухыр Кавказым щыгъэпщкlуауэ игъащlэми къалъытэу къэгъуэгурыкlуэрт, зыплъыхьакlуэхэмрэ къэхутакlуэхэмрэ уэру щыпэкlурт. Ятхыжыр лъэпкъ щэнхабзэм щыщ теплъэгъуэхэрами, къахьыр lуэрыlуатэм щыщ щапхъэхэрами, ди щlыналъэм...

Нэпсыкlэу щlаутхыкlыр жьэгу пащхьэм и хуабэм щыгугъырт

Жан мыгъуэм хьэкъугъыр къреш, Шэ пIэнкIри къыщелъэлъэхым, Жан и нэпситIыр къыфIолъэлъэх. Джаурыдзэр гум къыщилъэлъым, Жан гущэр къызэфIомахэ, ХэщIапIэм хэта и дэлъхур ФочпэбжкIэрэ кърахулIэжыр, ЛIы щауэм и псэуныгъэр А щIыпIэм щрагъэух. Сэ си дэлъхуу...

ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

Псалъэзэблэдзым хуэгъэза упщIэхэм я жэуап пэжыр jinepsgazetesi@gmail.com хэщIапIэм япэ къезыгъэхьым, Адэжэ Айча Атчы и “Kağıttan Gemiler” (“ТхылъымпIэ кхъухьхэр”) зи фIэщыгъэ тхылъыр, тхакIуэм и Iэ...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img