Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Гум Къинахэр

Армэ Iуэхукъым!

Нанэм и дэж лъагъунлъагъу къэкIуа щIалэр, я малъхъэм и ныбжьэгъут.
Нанэр, я хьэщIэм щIоупIщIэ:
-Сыт фыхуэдэ тIасэ; зэркъуажэу?
-Уэлэй дыфIым, дхъарзынэм, ауэ… (Бзэджагъэ зи гу къэкIа щIалэм, псалъэр зэпэш.) ауэ фи малъхьэр, тIэкIу гъайшэуэ сыкъыдэкIащ.
-ЛIо илажьэр, сыт зыдигъуэр?
-Мо губгъэм и мыхьэуэ есам, «Сехынщи мэкъу – мэшым сахэплъэнщ» жиIэуэ щежьэм, ищхьэм дыгъэ хэхьэ, сытми, хэпсэлъыхь хъуа мыгъуэм!
Нанэм, къыгурыIуат хьэщIэм и бзэджагъэри, зыкIей зэфIимыгъэщIыуэ,
-Армэ Iуэхукъым. Ар зэрыкъуажэуэ фихьэлщ; а хэпсэлъыхыр! жэри ежьэжащ.

Дауэ блэдгъэцIэфта!

ЛIы гуп, жыг щIагъым уэршэру щIэст. Зы щIалэ гуэрэ, зыфIэлэлурэ, къабгъэдэхьэри, ерагъу сэлам тIэку къарихас.
ЛIы гупым яхэс зыр, щIалэм щIэупIщIэ къыщIэупIщIэурэ, зи малъхъэр къыщищIэм:
– Iэхъу! ГъэщIэгъуэндыдэм!
Мыр, дауэ, малъхъэ тхуэмыхъуарэ? Уэлей мыхуэдэр, блэдымыгъэцIэфт!

КъэзыIуэтэжар: Къэрэщей ФаIикъщ, Узун-Яйлэ – Астемырей Къуажэм щыщщ. Илс.69 мэхъу.

Yazarın Diğer Yazıları

Зи фызыр дахэ!

Бгъурбащ къуэжэ гуэрым, жэмагъэтыр нэмэзыщl кlуас жи. Заплъыхьс зыкъаплъыхьри, хъуэжэр ялъэгъуаlым. Тlэ дауэ хъуну, нэмэзыр хэт дигъэщlыну? Зым зым еплъыурэ, зы гушыlэрей къэпсалъэри: «Уэлей мыхуэду зыгуэр...

Гум Къинахэр

Адыгэм ятхьэ! Хьэщlэм, зы шей тхуефэж, жаlэри щелъэlум зихъунщlати; Тохъу Хьэжумар и хьэтыркlэ ефэ щыжаlэжым; «Тобэ lастафирылэхь; нытlэ къэфхь!» жиlэти, абы лъандэрэ Адыгэхэм ятхьэ жаlэ;...

Гум Къинахэр

Шыджэбэхъуейм язгъэтхъэжыкlэ! -Мыхъумыщlэу хъуар, Шыджэбэхъуейм ящlэт тхэ! -Лlопlэрэ ахуэду, мыхъумыщlэуэ ящlэр? -Шаркъышлэ1 кlуахэти, кхъыlэ зыдывгъэгъэтхъэж жиlэс жи; зы хьэучыфl2 къэдывгъэщэхуи!   1-Тыркум, Сивас Къалэм епхауэ, Узын-яйлэ игъунэгъу къалэцlыкlу 2-Пхъы Къэзыlуэтэжар: Къарэхэ...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img