Мэкэней

Мэкэнейр 1864 гъэхэм Къэбэрдей хьэжрэту Тыркум къэIэпхъуа зы ХьэтIохъущыкъуей къуажэщ.

Мэкэней къуажэм къетIысэкIащ дыгъэмыхъуэмкIэ ЛIыгъурхьэблэ, ДыгъэкъыкъуэкIыпIэмкIэ ЩIэщхьэблэ, дыгъапIэмкIэ Елъыхъуей, Шэшэн Жамботей, дыгъэкъухьэпIэмкIэ Локъуажэ.

Къуажэр зыуухуар Мэкэнэ, Зэхъуэхъу, Шыбзыхьуэ (Азавур) лъэпкъхэрщ. Мэкэнейр Кайсери Малатя гъуэгущхьэIум тетщ, Кайсери къалэм километр 105-кIэ, Пынарбашы (Азей) районым километр 20-кIэ пэжыжьэщ. Къуажэм и щIыбыр дыгъэмыхъуэмкIэ егъэщIауэ, дыгъапIэмкIэ зритауэ зы къуажэ дахэ цIыкIущ.

Мэкэнэхэ, Шыбзыхъуэхэ (Азавур), Зыхъуэхъухэ, Аскерхэ, Тхьэкъуахъуэхэ нэмыщI, лъэпкъыу щыпсэум нэхъыбэр хэхэсщ. Тхьэзэплъхэрэ Къалмыкъхэрэ Щэныбей къикIыжащ, Жылэтэжхэ хъуэжэуэ Мударей къакIуэри къыдэтIысхьащ, Хьэлбэдхэ Елъыхъуей къикIащ, Курт унагъуэцIэ зиIэхэр курд лъэпкъти, къуажэм къакIуэри къыдэнэжащ, адыгэ дэхъухьахэщ. Коджабашхэри адыгэ хъууэ къыдэнэжахэм ящыщщ. Хъуран Хьэсан Мэртэзей къикIри ефэндыуэ къуажэм щыпсэуащ, къыдэнэжу Мэкэней хъуахэм ящыщщ. Гъубжокъуэ, БешкIур унагъуэхэри хэхэсщ.

Къуэжэм дэсIэ унагъуэцIэхэр
Кирил Латин Тыркубзэ унэгъуэцIэ
Аскер Asker Güser
Бек Bek Özbek
БешкIур Beşkur Beşgül
Бэрэзг Berezg Yıldız, Kazanç
Гощоукъуэ Goşokua Küçük
Гъубжокъуэ Gubjokua Tekin
Жыгуэ Jıgua Cengiz
Жылэтэж Jıletej Önalan
Зыхуэухъ Zıhuah Aksoy
КIэгуэш Kaguş Köşeli
КIэрэф Keref Gergin
Къалмукъ Kalmuk Kalmuk
Меканэ Mekane Mekan
Мышынэ Mışıne
Мэмей Memey Kunter
ПIытIыкъуэ Pıtıkua
Пщынокъуэ Pşınokua Bozkır
Тхьазэплъ Thazepl Taze
Тхьакъуахъуэ Thakuhua Güzel, Kaya, Kızılkaya
Хъуран Huran Eviren
Хьалбэд Halbed Beştepe
Шурдым Şurdım Şurdum
Шыгъэлыгъуэ Şığalığua Katı
Щогэн Şogen Aslandok
Щомахуэ Şomahua Karabulut

Къалмыкъ ЛIыгъур хъуэхъуэнкIэ Iэзэт. Хуабжьу шэмэджауэ цIэрыIуэт Курт Хьусен, Зэхъуэхъу Бэлау, Ихьсан сымэ. Къуажэр дахэщ, и цIыхухэри фIыщ, мэкъумэшым йолэжь, Iэщым пыщIахэщ. Ипэрей зэманым къуажэшхуэу щытами, быныр ирагъэджэныр я щхьэусыгъуэу куэдыр Кайсери, Анкара, Истамбыл къалэхэм Iэпхъуэжащ. Гъэмахуэм унагъуэ 40 къекIуэлIэжурэ щопсэу, щIымахуэм дэсыр унагъуэ15-щ. Псы яхущIэмыгъэлъадэми, щIышхуэ яIэщ, былым я куэдщ. ЛIы цIэрыIуэу нэхъ пасэм къуажэм дэсахэщ Жылэтэж Надир, Тхьэкъуахъуэхэ Суатрэ Фуадрэ, Аскер Iэдэм, Зэхъуэхъу Бэлау сымэ. ИужькIэ Жылэтэж Мухъсин, Аскер Мэдин, Шыгъэлыгъуэхэ Мэмэтрэ Абдинрэ, ПIытIыкъуэ Амир, Жыгуэхэ Зехьни, Крами, Пщынэукъуэ Газий, Бэрезг Наурыз сымэ дэсащ фIэлIыкI яIэу.

ЦIыхум яцIыхуу, лъэпкъ Iуэху зэрахуэу, хыхьэхэкI яIэу псэуащ Къайсери къалэм и хасэм и тхьэмадэ Тхьэкъуахъуэ Кенан, Анкара Хасэм и тхьамадэу щыта Тхьэкъуахъуэ Демир, Анкара щызэхэт «Шимали Кафкас» хасэм и тхьэмадэ Шыгъэлыгъуэ Абдурахьман сымэ.

Къуажэм илъэс куэд щIауэ сымаджэщи, еджапIи щыIэжкъым, зэхуащIыжащ, ауэ иджыпсту зыкъомыр къуажэмкIэ ебэжащ, унэщIэ ирагъэщIыжауэ гъэмахуэхэр щрах.

Йылэсым епхэIэ цIыху быжыгъэр
Гъэхэр ЦIыхухъу ЦIыхубз Псори Литературэхэр
1935 247 Genel Nüfus Sayımı 1935 S.29
1940 170 138 308 Genel Nüfus Sayımı 1940 S.383
1965 182 188 370 Genel Nüfus Sayımı 1965
1970 155 167 322 Genel Nüfus Sayımı 1970
1975 170 181 351 Genel Nüfus Sayımı 1975
1980 192 187 379 Genel Nüfus Sayımı 1980
1985 143 167 310 Genel Nüfus Sayımı 1985
1990 85 107 192 Genel Nüfus Sayımı 1990
2000 40 43 83 Genel Nüfus Sayımı 2000
2007 61 https://www.nufusune.com/181135-kayseri-pinarbasi-asagikizilcevlik-mahallesi-nufusu
2012 55
2013 56
2014 53
2015 60
2016 50
2017 49
2018 149
2019 41 33 74

 

 

 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz