Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Гум Къинахэр

Си щIыбыкум илъу сыщытынщ!

Зи щIыбым гуэдз къэпышхуэ илъ лIыщIэр, хьэкIэ хьэпсэу, гуэщым къыщIэхьащ. СэмэгумкIэ и гъазэри

ГъэфIэн*: «АбыкIэ умыхь, зекIуапIэщ!»

ИжьымкIэ зигъазэри, «Аа! АбдежкIи хъухэнукъым!»

Мо езэшар занщIэу щыкIуэм, «Мыхъухэнур абыкIэращ; дзыгъуэ къишэнщ!»

ЛIыщIэм абы фIэкIэ хуэмышэкIыжу:

«Хъунщ тIэ ГъэфIэн, мы къэпыр, си щIыбыкум илъу, мис мыдеж сыщытынщ!» жиIэщ.

Иджы къыздэсым, унафэ кIыхь зыщIхэм папIщэ «хъунщтIэ си щыбым илъу сыщытынщ» жаIэ; диблагъэ Iыхьлым.

*ГъэфIэн: Си Адэм и Адэшыпхъу. Зей дэкIуатэкъым. И дэлъху закъуэр (си Адэшхуэр) щIалэ дыдэу, си адэр къэхъури зы мазэ нэужьым, дунейм ехыжащ. «ЦIыхубз бын-унэр къызэхинэу дэкIуэфакъым ГъэфIэн» жаIэт, ди нэхъыжьхэм.

СоцIыхуж, унагъуэм теубгъуауэ зэрыпсэуар.

 

Хэт щIэс?

КIуэ тIэсэ, Iэбейхэ хэт щIэсми къызэгъащIэ жари, щIалэцIыкIур унэкъуэщым ягъэкIуати, жэурэ кIуэщ, жэрыжэ цIывкIэ къэкIуэжри, зэпимыгъэууэ:

«БАБЭ, БУБЭ, IЭБЭЙ, НЭБИ, БИБИ**, щIэст» жиIэщ жи.

**Мыхэр сыкъызэрыхъурэ КъарэцIыкIухэ яунагъуэм щызэхэсхыу аращ.

Önceki İçerik
Sonraki İçerik

Yazarın Diğer Yazıları

Гум Къинахэр

Нысэхэр я дыщым, щыlэри къэкlуэжахэт жи. Гуащэр, нысэ нэхъыжьым еупlщlас: -Уи дыщым сыт уагъэшха тlэсэ? -Тхьэ щынэ схуаукlам! Нысэ нэхъыщlэми занщlэу: -Тхьэ сагъэтхъэжам; къэбыр lупlщlэу, къэбыр лыбжьэу, къэбыр...

Зи фызыр дахэ!

Бгъурбащ къуэжэ гуэрым, жэмагъэтыр нэмэзыщl кlуас жи. Заплъыхьс зыкъаплъыхьри, хъуэжэр ялъэгъуаlым. Тlэ дауэ хъуну, нэмэзыр хэт дигъэщlыну? Зым зым еплъыурэ, зы гушыlэрей къэпсалъэри: «Уэлей мыхуэду зыгуэр...

Гум Къинахэр

Адыгэм ятхьэ! Хьэщlэм, зы шей тхуефэж, жаlэри щелъэlум зихъунщlати; Тохъу Хьэжумар и хьэтыркlэ ефэ щыжаlэжым; «Тобэ lастафирылэхь; нытlэ къэфхь!» жиlэти, абы лъандэрэ Адыгэхэм ятхьэ жаlэ;...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img