Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Куэд къыдэлъытащ

ХэткIи нэрылъагъущ кIуэ пэтми бзэ щхьэхуэхэр дунейм щытепщэу, нэхъ лъэпкъ цIыкIухэм яйр дэдзыха зэрыхъур. Уеблэмэ, иужьрей зэманым а Iуэхур псынщIэ дыдэу йокIуэкI. Лъэпкъыбзэхэр джынымкIэ 2018 гъэм къэралым къихьа Унафэм къыдэкIуэу, дэтхэнэми лъэпкъыбзэу езым иджыныр къыхихыжынымкIэ хуитыныгъэ иIэ зэрыхъуар, лъэпкъ Iуэхум емыгупсыс цIыху куэдым къагъэсэбэп. КъызыхэкIа лъэпкъым и бзэр IэщIыб ящIри, я сабийхэм нэгъуэщIыбзэхэр ирагъэцIыху.

Къэрэшей-Черкес Республикэм деж апхуэдэ щытыкIэр щынэрылъагъущ. Къапщтэмэ, мы еджэгъуэ илъэсым Черкесск къалэм щыIэ еджапIэхэм адыгэбзэр сабий 2361-м щадж. Арами, адыгэбзэм ипIэкIэ урысыбзэр къыхахащ еджакIуи 158-м. Хьэбэз районым дежи зи лъэпкъыбзэр зыджыну хуэмейуэ лъэIу тхылъ 39-рэ щыIэщ. Зэхэту къапщтэмэ, районым и еджапIэхэм мы зэманым сабий 3160-м адыгэбзэр щадж. Адыгэ-Хьэблэ районым адыгэбзэ дерсхэм еджакIуэ 588 макIуэ. Мы гъэм, а районым деж зи анэдэлъхубзэр Iумпэм зыщIа къахэкIакъым…

Районхэм егъэджэныгъэмкIэ и къудамэхэм я унафэщIхэм къыхагъэщ еджакIуэхэм я лъэпкъыбзэхэр ягъэджынымкIэ адэ-анэхэми егъэджакIуэхэми лэжьыгъэшхуэ зэрыдрагъэкIуэкIыр. Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэри а Iуэхум хуолIыфIыхь. Ауэ гу зылъытапхъэ куэд иджыри къонэ…

КъЧР-м лъэпкъыбзэр джыныр зэрыт щытыкIэр къызэрыщыхъум, бзэр хъумэным, абы фIы и лъэныкъуэкIэ зегъэхъуэжынымкIэ щыIэ IэмалхэмкIэ иджыблагъэ къыддэгуэшащ филологие щIэныгъэхэм я кандидат, Къэрэшей-Черкес гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и щIэныгъэлI нэхъыжь, Алиев Умар и цIэр зезыхьэ КъЧГУ-м и профессор, КъЧР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ лэжьакIуэ Иуан Зэуал:

-КъыдгуроIуэ сыт хуэдэ бзэри хъума хъун, зиужьын папщIэ Iуэхугъуэ зыбжанэ щыIэн зэрыхуейр. А Iуэхугъуэхэм я нэхъыщхьэщ бзэр «лэжьэн» зэрыхуейр, лъэпкъым и гъащIэм щыщ сыт хуэдэ Iыхьэми: унагъуэми, еджапIэхэми, къэрал къулыкъухэми, бэдаущ-политикэ гъащIэми, щIэныгъэм дежи. Апхуэдэу щыщыткIэ, дэ дызыхущIэкъун хуейр адыгэбзэр нэхъыбэрэ зыщызекIуэн Iуэхухэр зехьэнращ, IуэхущIапIэхэр къызэгъэпэщынращ.

Ди жагъуэ зэрыхъущи, дыкъэзыухъуреихь дунейм деж адыгэбзэри адрей лъэпкъы-бзэхэри щызу къыздагъэсэбэпын Iуэхугъуэхэм дыщрихьэлIэкъым. Дуней псом къыщекIуэкI «глобализацэмрэ» лъэпкъыбзэхэм заужьыным пэщIэуэу къахь хабзэхэмрэ зэхыхьэжмэ — абы лъэпкъыбзэхэр мыкIуэдыжу зэрыпэщIэтыну Iэмал къыхуэгъуэтыгъуейщ. ХэкIыпIэу щыIэр зыщ – а бзэм ирипсалъэ лъэпкъым езым зыхуигъэувыжын хуейщ и щIэблэр лъэпкъыпсэу, хэку-псэу, и бзэм ирипагэу игъэсэнымкIэ къалэныр. Ар псоми ди зэхуэдэ пщэрылъщ: унагъуэми, еджапIэхэми, сабий IыгъыпIэхэми. Уеблэмэ гъэувыпхъэт хабзэ: зи анэдэлъхубзэм иримыпсалъэм нэмыплъ етыныр, гъэукIытэныр. Жэуаплыгъэ ин яхьыпхъэщ еджапIэхэм я унафэщIхэм: анэдэлъхубзэм хухэха дерсхэм гулъытэ хуащIу, я нэIэм щIагъэтын хуейщ. УнафэщIым куэд елъытащ. Псалъэм папщIэ Къэрэшей-Черкес къэрал университетым и ректор Узденов Таусултан и жэрдэмкIэ гъэунэхуныгъэ щIыкIэм тету къызэгъэпэщауэ йокIуэкI зы проект: анэдэлъхубзэм хуиту ирипсалъэ университетым и лэжьакIуэхэм я лэжьапщIэм хэгъэхъуэныр, къэрал мылъкум емылъытауэ, университетым езым къилэжьа ахъшэм къыхэкIыу.

Езым и анэдэлъхубзэм къинэмыщIауэ, нэгъуэщI лъэпкъым и бзэмрэ щэнхабзэмрэ зэзыгъащIэм и улахуэр (стимулирущие) хуэдитIкIэ хагъахъуэ.

Абы къинэмыщIауэ, лъэпкъыбзэхэм хуеджэну филологиемкIэ институтым щIыхьэхэм я стипендиер адрей студентхэм яйм нэхърэ хуэдищкIэ нэхъыбэу ярет. Бзэхэр лэжьэн папщIэ университетым и мылъкукIэ къыдегъэкI лъэпкъиплIым я бзэхэмкIэ журналхэр – адыгэбзэкIэ «Хэку», къэрэшеибзэкIэ «Тау аязы» («Къурш жьыбгъэ), абазэбзэкIэ «Абазашта адзыхьква» («Аба-заштэм и псынэхэр»), нэгъуеибзэкIэ «Саьвле» («Бзий»). Дэтхэнэрейри къыдэкIащ бжы-гъэкIэ 300 хъууэ. ЛъэпкъиплIми я бзэхэмрэ щэнхабзэмрэ я купсэхэр мэлажьэ. А псори ректорми университетым и егъэджакIуэхэми щIащIэр лъэпкъыбзэхэм я пщIэр къаIэтыжын, еджакIуэхэм гулъытэ хуащIын папщIэщ.

ГъэщIэгъуэныр аракъэ: нобэр къыздэсым адыгэбзэр джынымкIэ, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ, къэхутакIуэ IэщIагъэ зэгъэгъуэтынымкIэ зы лъэпощхьэпо димыIа пэтрэ, зи гугъу сщIа университетым деж адыгэбзэр зыщадж къудамэм илъэс къэс цIыхуитхухы щIыхьэну хуитщи, ари тхуригъэкъукъым. АтIэ, Тыркум деж адыгэхэм зэгуэрми къэрал дэIэпыкъуныгъэ яIэу я бзэр щаджакъым, щаджыни хуиту щытакъым, уеблэмэ адыгэбзэм и Iуэху къезыхьэжьэхэр хьэпсэ ящIу щыщыта зэмани щыIащ. Абы кърикIуар аращи, Тыркум деж адыгэбзэр кIуэдыжын гъуэгум теуващ. 2018 гъэм Къайсэр къалэм дэт Эрджиес университетым адыгэбзэмрэ культурэмрэкIэ къудамэ къыщызэIуахащи, илъэс къэс еджакIуэ 30 хуэдиз абы къыщIохьэ. Апхуэдэ къабзэу Истамбыл и гъунэгъуу щыIэ Дюздже къалэм дэт университетым 2013 гъэм къыщыщIэдзауэ кIахэбзэмрэ (адыгеибзэмрэ) культурэмрэкIэ къудамэ щолажьэ. Абдежми апхуэдиз еджакIуэ яIэщ. АтIэ, дэри ди щхьэ мыгъуагъэ хуэтхьыжу зыкъэтщIэжын папщIэ, Тыркумрэ нэгъуэщI къэралхэмрэ я деж адыгэбзэр зэрыува щытыкIэм ди хуэмыхуагъкIэ, ди щхьэ емыгугъагъкIэ ди адыгэбзэр идгъэувэн хуей? Иджыпсту дымыгъэхьэзыр егъэджакIуэхэр итIанэ дгъуэтыжыну, хьэмэрэ гъунэжу дипломхэр зэзыгъэпэщ а юристхэмрэ экономистхэмрэ щIэблэр адыгэбзэм хурагъэджэну?

Иджыпсту адыгэбзэм еджапIэхэм деж щыхухах сыхьэт бжыгъэр дауэ ямыгъэмэщIами, абы лъэкIыныгъэ къыдет ди щIэблэм адыгэбзэр едгъэджыну. Абы хэлъхьэж егъэджакIуэ гумызагъэхэм я Iэзагъыр, адэ-анэхэм я гулъытэр, мы Iуэхум хуэлажьэ дэтхэнэми и гулъытэр. Мис ахэращ лъэкIыныгъэу, хэкIыпIэу диIэри, зызэщIэдывгъэгъакъуэ!

(Черкес хэку)

 

Yazarın Diğer Yazıları

Бзэм уи гур къыщыхуэбгъэушкlэ…

Лъэпкъ цlыкlухэм я бзэхэр кlуэ пэтми дэхуэха зэрыхъур хьэкъыу зыхыдощlэ. Ипэlуэкlэ, анэдэлъхубзэм иримыпсалъэм закъуэ-тlакъуэ дыдэу дыпэщlэхуэу щытамэ, иджы абы къабзэу ирипсалъэ сабий зырызыххэ къызэрынам...

Пщащэ гурыхуэ

Мы гъэм Къэрэшей-Черкес Республикэм и курыт еджапIэхэр къэзыуха ныбжьыщIэхэм ящыщу къэзыпщытэж къэрал экзаменхэр нэхъыфI дыдэу къызэзынэкIа, бжыгъэ нэхъ лъагэ дыдэ къэзыгъэлъэгъуахэм ящыщщ ди лъэпкъэгъу...

Iуэху тынш лъыхъуэкъым

Коронавирус уз зэрыцIалэр къежьэу, абы пэщIэтынымкIэ республикэм сымаджэщ щхьэхуэхэр къызэрагъэпэщу щыщIадзам, абы щылэжьэну хьэзыру ди лъэпкъэгъу куэд къахэжаныкIащ. Абыхэм ящыщ зыщ Черкесск къалэм дэт...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img