Лъэпкъыр зыгъэина Марие

0
1347

Адыгэ цIыхум къихьыфыну щIэныгъэм и кууагъыр лъэпкъ куэдым я фIэщ ищIыфащ абы. Нэрылъагъу ищIащ зэфIэувауэ, щыз хъуауэ къалъытэ щIэныгъэ унэтIыныгъэм зэи зыми игу къэмыкIа, щымыIа адыгэ цIыхум зэрыхилъхьэфынур, лIэщIыгъуэ и щIэныгъэлIхэм яхузэфIыкIыным хуэдиз и закъуэ хузэфIэкIри. Зы къэхутэныгъэм адрейр къригъэтэджыкIыурэ бзэ щIэныгъэм зэи къыщымыхъуа, щыжамыIа, зытемытхыхьа утыку къищIыфащ. Ар егъэджакIуэу, Iуэху къызэгъэпэщакIуэ Iэзэу, щIэныгъэрылажьэу щыта, сытым щыгъуи ипэкIэ плъа ШэджыхьэщIэ Мариещ.

ШэджыхьэщIэ Марие Шамиль и пхъур 1932 гъэм Аруан щIыналъэм хыхьэ Шэрэдж Ищхъэрэм къыщалъхуащ. И адэр муслъымэн диныр фIыуэ зылъэгъуа, гурэ псэкIэ Тхьэм хуэлажьэ цIыхути, «кулак» цIэр фIащри, унагъуэр хэкум ирагъэкIат. Узбекистаным къыщыхута адыгэ унагъуэм я пхъуиплIрэ зы къуэмрэ абы щыщIалъхьэжащ. Быным щыщу Марие закъуэ я гъусэу адэ-анэр хэкум къыщихьэжар 1947 гъэращ, унагъуэр лажьэншэу зэхэзехуэн зэращIамкIэ къэралым зыщиумысыжар 1994 гъэрщ. ЦIыхупсэр зыпэмылъэщыным хуэдизт абы сабийуэ и нэгу щIэкIа гуауэр, ауэ и адэ Iущым зыщIигъэдэIуам тетащ: зигъэшакъым, и псэр игъэкIуэдакъым, гъащIэм увыпIэ нэс щиубыдащ. Марие хуэдэтэкъым ехъулIэныгъэмрэ насыпымрэ я уасэр зымыщIэр. Гугъуехьым пэщIэт защIэу, ар къызэринэкI зэпыту псэун хуейуэ къигъэщIами ярейт. Пхъашэу, дыджу екIуэкIа лъэхъэнэм зи сабиигъуэр ирихьэлIэу Iейуэ хэлъам и жьы бзаджэр зыщIихуа Марие и балигъыгъуэри тыншакъым.

ШэджыхьэщIэр щIэныгъэ лъагэм хэзышэну лъагъуэм щIэдзапIэ хуэхъуар Псынабэ классибл къыщаухыу дэта еджапIэращ. Абы иужькIэ Налщыч педучилищэм щыщIэтIысхьащ, илъэсиплIым къиджын хуейр илъэсищым къригъэтIасэри, 1951 гъэм и къуажэм къигъэзэжащ пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу лэжьэну. Зы илъэскIэ лэжьауэ, щIэныгъэм гу хуэзыщIа хъыджэбзыр пединститутым, иджырей КъБКъУ-м, щIэтIысхьащ, къиуха нэужьым, хабзэр арати, и арэзыныгъи къыщIэмыупщIэу, егъэджакIуэ хуэныкъуэ Къэхъун къуажэм ягъэкIуащ урысыбзэрэ литературэмкIэ 5 – 10 классхэр иригъэджэну. ИлъэсищкIэ а IэнатIэм пэрытауэ, 1959 гъэм Старэ Шэрэдж къуажэм дэт курыт еджапIэм и унафэщI ящIащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым аспирантурэм щIэтIысхьащ икIи 1963 гъэм кандидат диссертацэр пхигъэкIащ. ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэу Налщыч дэта институтым и урысыбзэ къудамэм методисту щылэжьащ, педучилищэм егъэджакIуэу щыIащ, КъБКъУ-м егъэджакIуэ нэхъыжьу уври, доцент хъуащ, 1979 гъэм Мэзкуу доктор диссертацэр щыпхигъэкIа нэужь, профессор хъуащ, урысыбзэр хамэ къэралыбзэу щадж къудамэм и унафэщI ящIащ.

Урысыбзэр зимыанэдэлъхубзэхэм щIэныгъэ ирептыну абы къигъэхъуащ зэи щымыIа щIэныпхъэ. Илъэс пщIы бжыгъэхэр тригъэкIуэдащ ар къипщытэным, нэгъэса ищIыным, и бгъэдыхьэкIэщIэр зэрылажьэмрэ абы еджакIуэхэм ярит зыужьыныгъэмрэ игъэлъэгъуэным. ШэджыхьэщIэм и къэхутэныгъэм фIищащ «Псалъэ къэхъукIэм и Инвариант». Ар яджащ Совет Зэгуэтым и ЩIэныгъэ академием щылажьэ щIэныгъэлIхэм, Педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ академием, ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ РСФСР-м иIэ IуэхущIапIэм. Марие къихутар щхьэпэу, адэкIи зегъэужьын хуейуэ къалъытэри, КъБКъУ-м лабораторие къыщызэIуахащ, илъэс дэкIри ар ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институт хъуащ, унафэщIу щытыну езы ШэджыхьэщIэм къыхуагъэфэщащ. А институтыр щыIэхукIэ лэжьыгъэр зэпыуакъым. Зы тхылъкъым ШэджыхьэщIэм къыдигъэкIар и къэхутэныгъэр щызэпкърихыу, и къэгъэсэбэпыкIэ хъунур къыщигъэлъагъуэу. 5-нэ, 6-нэ, 7-нэ классхэр зэреджэн «Русское слово» тхылъхэр, «Содержание и приемы обучения русскому словообразованию: выход в лексику, грамматику и орфографию» монографиер, Мэзкуу щIэныгъэлIхэм «мыр налкъутщ» къыщIыжраIа «Модели и схемы словообразовательных типов русского языка», «Формула «Инвариант СТ»: усвоение русской орфографии без правил», «Инвариант словообразовательного типа – формула построения слов: его прошлое и будущее» тхылъыр, нэгъуэщIхэри.

Итхауэ хъуам я купщIэр къыхэкъузыкIауэ щызэригъэуIужащ «Формула «Инвариант СТ» – основа комплексно-процессуального метода изучения языков (на примере русского)» монографием.

Том 15 хъу хьэрып псалъалъэм псалъэу итыр я купщIэ нэхъыщхьэхэмкIэ лъэпкъыгъуэ щхьэхуэурэ зэхэгъэкIауэ «Модели и схемы высокопродуктивных и продуктивных словообразовательных типов арабского языка» тхылъыр къыдагъэкIащ Дыгъужь ФуIэд и гъусэу. ЗэкIэлъхьэужьурэ журнал къыдигъэкIт щIэныпхъэм и зыужьыкIэр къыщигъэлъагъуэу, егъэджакIуэхэм ар къызэрагъэIурыщIэм и щапхъэхэр иту, урысыбзэм, адыгэбзэм, балъкъэрыбзэм, инджылызыбзэм, тыркубзэм къызэрыщысэбэпынур щызэпкърыха тхыгъэхэр иту. Етхуанэ классым я «Русское слово» тхылъым егъэджакIуэхэр тыншу ирилэжьэным папщIэ, Жэмыхъуэ Марянэ иригъэтхат «Методическэ дэIэпыкъуэгъу» тхылъ бэлыхь.

Марие къызэрыгурыIуэрати, Тхьэр щымысхьу къызэротамкIэ цIыхум уадэгуэшэжынырат насыпыр. Тхьэр къетат щIэныгъэкIи, абыкIэ нэхъыбэм зэрахуэупсэнщ зыхущIэкъуар.

Структурнэ щIэныпхъэр егъэджакIуэхэм къызэралъытар

ШэджыхьэщIэм и щIэныпхъэр зэфIэувэнымкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ хъуащ Аруан еджапIэм урысыбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Щоджэн Галинэ Андермыкъан и пхъур. Галинэ къехъулIэр щалъагъум, еджапIэм бзэмкIэ егъэджакIуэу дэтыр къыбгъурыувати, я цIэр зэлъэщIысауэ, Iуэхум зыщагъэгъуэзэну хьэщIэхэр дэнэ щIыпIи къахуикIт.

Щоджэн Галинэщ Марие къуэувэу щIэныпхъэм и зегъэкIуэкIэнум, урокым щызэхэбухуанэ хъуну Iыхьэхэр зэхэлъхьа-зэщIэлъхьа зэрыхъунум кIэлъызыгъэплъар. Езым урокыр иригъэкIуэкIт, Марие егъэджакIуэмрэ еджакIуэхэмрэ яку щекIуэкIыу хъуам гу лъитэу я щIыбагъым къыдэсти, хэлъхьапхъэмрэ хэхыпхъэмрэ къилъагъут, урок нэужьым зэгъусэу тепсэлъыхьыжырт, чэнджэщхэр зэIэпахт. Галинэ игу къегъэкIыж сабийхэр жыджэру зэрылажьэр, гупсысЭкIэ ящIэу, я Iэпэм итхыр уэрсэру жьэкIэ жаIэжу, зыгуэр къащыгурымыIуэм упщIэр гъэхуауэ къагъэуву щилъагъум, Марие гуфIэм зэщIищтэу зэрыщытар. А цIыкIухэм ядилъагъурат ар нэхъри и Iуэхум тезыгъэгушхуэр, и гуащIэр зыгъэбагъуэр. Ар урокым щIэс къудейтэкъым, еджакIуэхэм епсэлъылIэрт, зыхуей упщIэхэр яритт, къратыж жэуапым елъытауэ, зэтриублэ Iуэхум нэхъри куууэ пхыплът. Зэгуэрым мыпхуэди къэхъуат. Хабзэ зэрыхуэхъуауэ, ШэджыхьэщIэр Аруан еджапIэм къакIуэри урокым щIыхьащ, ауэ, махуэ къэси хуэдэу, икIэмкIэ кIуэуэ кIэлъыплъакIуэу тIысакъым. КъызэрыщIыхьэу Галинэ къыжриIащ урокыр езым иригъэкIуэкIыну зэрыхуейр. Абы и доктор лэжьыгъэр щыпхигъэкIыну пIалъэр къэсыпати, зы упщIэ къыкъуэкIат и жэуапыр къипщытэн хуейуэ. Зыхуейр зыщIэжыр езырати, сабийм я пащхьэм иуващ ахэр дэIэпыкъуэгъу ищIыну, зыхуейм хуешалIэмэ еплъыну.

Мис апхуэдэт а цIыху хьэлэмэтыр: нэгъэсауэ пэж фIэкIа утыку ищIынутэкъым, ар къигъуэтыным папщIэ езыри зыщысхьыжтэкъым, къегъэзахэри нэгъуэщIыну хуит ищIыртэкъым. А зы цIыхум ныбз куэд иIащ: егъэджакIуэт, щIэныгъэрылажьэт, теоретикт, къэхутакIуэт, динырылажьэт. Ар зэрыеджагъэшхуэм дэщIыгъуу икIи лэжьакIуэшхуэт, пэжырылъыхъуэт, захуагъэм хущIэкъут. Лъыхъуэн, къехъулIам къыщызэтемыувыIэн, езым къищIар нэхъыбэм яригъэщIэжын – арат и гур зыхуэпабгъэр, и щыIэкIэр, и дуней тетыкIэр. Езым щIэныгъэмрэ лэжьыгъэмрэ яхуиIэ лъагъуныгъэр япкъригъыхьэрт къыдэлажьэхэми зыдэлажьэхэми. Япкърымыхьэнумэ, IуигъэкIуэтырт, и гъунэгъуу щигъэIэнутэкъым. Апхуэди къэхъут.

ЕджапIэхэм ядэлажьэ защIэурэщ ШэджыхьэщIэм и щIэныпхъэр зэрызэфIигъэувари, зэрыригъэфIэкIуари. Куэдрэ къызэрыхъум хуэдэу, ар щIэныгъэлI пэшым къыщIэмыкIыу, стIолым бгъэдэсу, практикэм пэжыжьэрэ и нэгу къыщIигъыхьэмрэ щIэныгъэм къыхиха къудеймкIэ къэхъуакъым. ЩIэныгъэ лъагэм щызекIуэ структурнэ лингвистикэм, педагогическэ психологием, экспериментальнэ щIэныгъэм – мис мы унэтIыныгъищым а лъэхъэнэм щIэуэ къыщызэIуахам къыхэтэджыкIащ Марие и къэхутэныгъэр. Илъэскъым икIи илъэситIкъым ар къызэрипщытар, зэрызэригъэзэхуар. Ди щIыналъэм щызригъэгъуэта гугъэзэгъэгъуэмкIи къызэтеувыIакъым, щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щыкIэлъыплъащ: Фергана, Мейкъуапэ, Кутаиси, Баку. Езым шэч къытримыхьэж хъуащ: и щIэныпхъэр егъэджэныгъэр нэхъ тынш икIи нэхъ купщIафIэ зыщI Iэмэпсымэ щхьэпэ дыдэщ. Япэу къэунэхуат бзэм зэрыхурагъэджэн щIэныпхъэ, бзэщIэныгъэр зэрызэхэт Iыхьэхэр зэпэджэжу, зэгъусэу, а Iыхьэхэм яку илъ зэпыщIэныгъэхэр наIуэ хъурэ абы щхьэпагъыр нэхъри ин ищIу.

ЕджапIэ куэдым я егъэджакIуэхэр къыкъуэуват ШэджыхьэщIэм, и институтым къакIуэурэ еджэрт, я урокхэр щIэрыщIэ ящIыным, зи пащхьэ ит сабийхэм нэхъ щIэныгъэ куу зэрырагъэгъуэтыным зыхуагъэхьэзырт. Зэпыч имыIэу урок зэIухахэр екIуэкIт, егъэджакIуэу кърихьэлIар щIэныпхъэм и зэтеублэкIэм кIэлъыплът, ар зытелэжьэфыну лъэныкъуэхэм щытепсэлъыхьт, зэчэнджэщхэрт, щхьэж гу зылъитамкIэ зэхъуажэхэрт. Зы лъэхъэнэкIэ бзэм хуезыгъаджэхэм я гукъыдэжыр къиIэта хъуат структурнэ щIэныпхъэр зи лэжьыгъэм хэзыпща егъэджакIуэхэм къагъэлъагъуэ ехъулIэныгъэхэм. Псом хуэдэжтэкъым Аруан, Псынабэ, Шэрэдж Ищхъэрэ, Тэрч, Урыху, Къэхъун, Шалушкэ, Яныкъуей, Къэрэгъэш къуажэхэм, Налщыч дэт 30-нэ еджапIэм я егъэджакIуэхэр. Езыхэр Iэзэ хуэхъури куэди ягъэсэжат, бгъэдыхьэкIэ купщIафIэр нэхъыбэм къызэращIэным, зэрызэлъэщIысыным елIэлIахэт.

ЕгъэджакIуэхэр зэхуэшэсынымкIэ, семинархэр егъэкIуэкIынымкIэ ШэджыхьэщIэм дэIэпыкъуэгъуфI къыхуэхъуат ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтыр: абы и унафэщIу щыта Жэмыхъуэ Суфиян, унафэщIым и къуэдзэу щыта Тохъу Светланэ, егъэджэныгъэм бгъэдыхьэкIэщIэхэр хэлъхьэнымкIэ къудамэм и унафэщIу лэжьа Мыз Маринэ сымэ.

Мы Iуэхум лъэпощхьэпо къыхилъхьащ курыт еджапIэхэм зэрыщрагъаджэ тхылъхэр илъэсиплI къэс щIэуэ къыдэкIыжын хуейуэ ткIийуэ зэрыщытыр. ШэджыхьэщIэм и «Русское слово» тхылъхэм я ныбжьыр икIащ, щIэ къыдэкIыжакъым. ЕгъэджакIуэхэр нэгъуэщI тхылъхэм техьэжын хуей хъуащ, ауэ структурнэ щIэныпхъэм и фIагъыр къызыгурыIуахэм ар зэрыхъукIэ я урокхэм щагъэлажьэ. ПцIы хэмылъу, щIэныпхъэм хуэщIа тхылъкIэ щебгъаджэмрэ щыIэ тхылъым ар къебгъэзэгъыну ущыхуежьэмрэ къыпэкIуэр зыкъым.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz