Псэм хэлъ си lэщlагъэ

0
1346

КъБКъУ-м и филологие факультетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэр 2003 гъэм къэзухащ сэ. Абы лъандэрэ блэкIа илъэс 20-м нэблагъэм Дыгулыбгъуей къуажэм дэт, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ еянэ курыт еджапIэм сыщолажьэ. А зэманым къриубыдэу зы махуи сыхущIегъуэжакъым, егъэджакIуэ IэщIагъэр къызэрыхэсхам. IэщIагъэр си псэм хэлъщ. ЩIэблэм гъэсэныгъэрэ щIэныгъэрэ егъэгъуэтыным хуэунэтIащ си лэжьыгъэ псори.


Гулъытэ хэха хуэсщIу садолажьэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ дихьэх еджакIуэ цIыкIухэм. СогуфIэ апхуэдэ сабий куэд дызэриIэм щхьэкIэ. Абыхэм яхэтщ адыгэбзэр зи псэм хэлъхэр, езыр-езыру адыгэ художественнэ литературэ еджэхэр, программэм хэмыт усэхэр гукIэ зэзыгъащIэхэр. Гур хохъуэ икIи уи фIэщ мэхъу бзэм къэкIуэну зэриIэр, апхуэдэ ныбжьыщIэхэм уащыхэткIэ.

Си гуапэ зэрыхъущи, ди еджакIуэ цIыкIухэм гъэ къэс олимпиадэхэм увыпIэфIхэр къыщахь, адыгэбзэкIэ екIуэкI сыт хуэдэ зэпеуэми, пшыхьми жыджэру хэтщ.

Ди курыт школым, районым нэмыщI, университетми иригъэкIуэкI олимпиадэхэм си еджакIуэ цIыкIухэр жыджэру хэтщ. 2020 гъэм абы щекIуэкIа зэпеуэ зэIухам 3-нэ увыпIэр къыщахьащ I0-нэ классым щIэсхэу Ахъий Раметэрэ КхъуэIуфэ Сэтэнейрэ. ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм иригъэкIуэкI зэпеуэхэми ехъулIэныгъэхэр къыщагъэлъэгъуащ си еджакIуэ цIыкIухэм. Псом хуэмыдэу срогушхуэ си еджакIуэ Iущ цIыкIу Къуэдзокъуэ Фаридэ. А пщащэ цIыкIум Хасэм иригъэкIуэкIа сочиненэ зэпеуэм 20I7 гъэм 2-нэ увыпIэр къыщихьащ, «БэрэIущ» зэхьэзэхуэр япэу щекIуэкIа гъэм абы щытекIуащ. КъинэмыщIауэ, республикэ олимпиадэм япэ увыпIэр къыщихьащ.

Си гъэсэнхэм къахэкIащ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхэзыхахэри. 2009 гъэм ПхытIыкI Залинэрэ ТыIэщ Альбинэрэ КъБКъУ-м и адыгэбзэ къудамэм щIэтIысхьахэщ, ехъулIэныгъэкIи къаухащ. Ахэр нобэкIэ егъэджакIуэ пэрытхэщ. Нэхъ иужьыIуэкIэ езгъэджахэм ящыщу Куэцэ Арини КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтым и етIуанэ курсым щIэсщ.

Уи еджакIуэхэм апхуэдэ ехъулIэныгъэфIхэр къыщагъэлъагъуэкIэ, уи лъэужьым иувэ къащыхэкIкIэ, лэжьыгъэм нэхъри утогушхуэ, IэмалыщIэхэр къэсхутащэрэт, си щIэныгъэм адэкIи хэзгъэхъуащэрэт, жыпIэу лъэр Iуэхум жан хуещI. Апхуэдэхэм деж нэхъри согугъу щIэблэр хэкупсэу гъэсэным, сабийхэм къыдалъхуа бзэм хуаIэ лъагъуныгъэм хэгъэхъуэным.

Чэрты Сюзаннэ,

егъэджакIуэ.

Адыгэ Псалъэ

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz