Лъэпкъыр зыгъэина Марие (Сэрия 2)

0
1337

БзэщIэныгъэм хэт еджагъэшхуэхэм стуктурнэ щIэныпхъэр къызэралъытар…

ШэджыхьэщIэм и инвариантыр щызэпкърихыу япэ дыдэ дунейм къытехьар «Содержание и приёмы обучения русскому словообразованию: выход в лексику, грамматику, орфографию» зыфIища тхылъырат. Ар щагъэлъэгъуауэ щытащ Совет Зэкъуэтым и ехъулIэныгъэ нэхъ ин дыдэхэр зи утыку кърахьэ ВДНХ-м, щытхъу куэди хуагъэшат, бзэ щIэныгъэми егъэджэныгъэми хилъхьэфынур ину къалъытэу. Тхылъым а гъэлъэгъуэныгъэм и премие къыхуагъэфэщат, апхуэдэпщIэ зэригъуэтамкIэ хъыбарегъащIэ тхылъ къыхурагъэхьат абдежым ирихьэлIэу ШэджыхьэщIэр щылажьа КъБКъУ-м и ректор Лъостэн Владимир, Совет Зэкъуэтым егъэджэныгъэмкIэ иIэ къэрал къэпщытакIуэхэм я унафэщI Буга П. Г. къыбгъэдэкIыу.

Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Къэрал премием и лауреат, Виноградов В. В. и цIэкIэ щыIэ Урысыбзэм и институтым и щIэныгъэрылажьэ нэхъыщхьэ Лопатин В. В. ШэджыхьэщIэм и лэжьыгъэм нэгъэсауэ щыгъуазэ зыхуищIри, пщIэшхуэ къыхуищIу къытетхыхьыжат. Абы итхам щыщщ мыр: «…ШэджыхьэщIэм къигъэлъэгъуа бгъэдыхьэкIэр егъэджэныгъэ лэжьыгъэм хэлъхьэныр игъуэ дыдэу зэрыщытым шэч хэлъкъым».

Профессор Федоренко Л. П. езы Марие зыкъыхуигъазэри къыжриIащ: «Си гугъэмкIэ, Марие, уэ езым иджыри къыбгурыIуэкъым къэпхутам и инагъыр. Ар унэтIыныгъэ хэха мэхъу! Къэрал псом щызекIуэр нэгъуэщIщ. Сэ сыметодистщ, сыщIэныгъэрылажьэщ, си тхылъхэмкIэ щоджэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрат еджапIэхэм, икIи уэ жыпIэр сэ стхахэм пэщIоувэ. Апхуэдэу щыт пэтми, бдэсIыгъынущ, уи лъэныкъуэу сыщытынущ. Ауэ сыту гугъу дыдэ уехьыну. Уэ щIэх уакъыгурыIуэнукъым».

Къэбэрдейм къакIуэу структурнэ щIэныпхъэмкIэ ирагъаджэ классхэм щIэса профессор А. Н. Тихоновым жиIащ: «Сабийм я лэжьэкIэ сэ мы урокхэм щыслъэгъуар фIэщщIыгъуейщ! Апхуэдэ егъэджэкIэр Къэбэрдейм и закъуэ къыхуэнэныр мыхъунщ!»

Профессор Березовская Т. Ю. и IуэхуеплъыкIэри апхуэдэ дыдэт: «Дэ ШэджыхьэщIэ Марие къытхуищIар уасэ зимыIэщ. Егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ абы фIыгъуэу къыхилъхьэнур къэлъытэгъуейщ».

1989 гъэм къэрал унафэкIэ Мэзкуу къикIри Налщыч къэкIуат щIэныгъэлI гуп Инвариантым и лэжьэкIэр зрагъэлъагъуу псалъэмакъ пыухыкIа тращIыхьыжын хуейуэ. Ахэр еблэгъащ Аруан, Шалушкэ къуажэхэм я курыт еджапIэхэм. Урокхэр зэфIэкIри, гу зылъатар зэпкърахыжыну щызэхуэзэжахэм, щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ министр Тхьэгъэпсо Хьэжысмел гупым я нэхъыщхьэ Шарапова М. П. еупщIащ: «Дауэ къыфщыхъуа фи нэгу щIэкIар?». Жэуапыр мырат: «Мы методыр еджапIэхэм дэмыхьэныр еджакIуэхэм лей етха хуэдэу аращ». Гупыр я фIэщу тепсэлъыхьащ структурнэ щIэныпхъэр зи лъабжьэ тхылъхэр, методическэ чэнджэщхэр гъэхьэзэрыным пэрымыхьэныр фIэкIыпIэ зимыIэу. А гупым Налщыч щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм къыдэкIуэу Пушкиным и цIэкIэ щыIэ урысыбзэм и Институтым ШэджыхьэщIэм и лэжьыгъэхэр щIалъхьат яджу рецензие къратыжын хуейуэ. А рецензиер урокхэм щIэсам жаIам техуакъым: «Методыр урысыбзэр джыным хуэщIауэ зэрыщытым шэч хэлъкъым, ауэ еджапIэу хъуам щызэлъэщIысыныр Iэмалыншэкъым».

Структурнэ щIэныпхъэм зэрыхуэфащэу ину зиубгъуакъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ зи гъуэгу хуитыр министерствэхэм, университетхэм яфIэкъабылыращ. ШэджыхьэщIэм и бгъэдыхьэкIэм и лъэр нэхъ щыувар урысыбзэрати, илъэс куэд лъандэрэ зэтеубла хъуауэ, псори есэжауэ, тхылъу хъуари абы тету къыдэкIауэ зы егъэджэкIэ щыIэт. А тхылъ щыIэхэр зытхахэрат дэнэкIэ зыбгъазэми къулыкъухэр зыIыгъыр. Дауэ жаIэнт, дыдейм хуэдэу е нэхъыфIу егъэджэкIэ къэунэхуащи, гъуэгу етын хуейщ, жаIэу. Къэхъуаращи, нэхъыбэр псалъэншэу къыпэуващ. Зыми щхьэтехауэ иубакъым, къагурыIуэрт пхуимыгъэкIуэтын щIэныгъэ къабзэу зэрыщытыр. Бзаджагъэм хуекIуахэщ: IейкIи фIыкIи тепсэлъыхьыртэкъым, ямылъагъу, зэхамых защIт, сыту жыпIэмэ ахэм езыхэм я гъуэгу пхрашыжауэ къалъытэрт, щIэныгъэм и лъапсэм пщIэ зиIэ увыпIэ щаубыда хуэдэт. Марие и Инвариантыр ахэм илъэс бжыгъэхэр зытрагъэкIуэда бгъэдыхьэкIэхэм зыкъомкIэ пэщIэувэрт, пэжу къалъытэу къэгъуэгурыкIуа IуэхуеплъыкIэ гуэрхэм шэч къытуригъыхьэжырт. Тхылъхэр, статья куэдхэр зытептхыхьам нэгъуэщIынэкIэ уеплъыжыну къомыхъулIэнри хэлъщ. ШэджыхьэщIэр зэлэжьа унэтIыныгъэмкIэ гъусэ къыхуэхъун куэд езым хуэдэ еджагъэшхуэхэм къащIыхэмыкIам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр аращ.

ГъащIэм и сыт хуэдэ щыIэкIэри къащти, зэфIэувауэ къэгъуэгурыкIуэ щытыкIэр пхъуэжыныр ямылейуэ гугъущ. ЩIэр зэкIэ тегъэщIапIэшхуэ зимыIэ гуэрщ, жьыр псори зэсэжауэ, нэгъуэщIу щытынкIэ хъуну гурыщхъуэ лъэпкъи ямыIэу зэрыпсэущ. Нэхъ лъэкIыныгъэ зиIэр зимыIэм пэщIоувэ, езыми телъхьэ и куэдщи, мэгушхуэ. Марие къехъулIар шэч къызытримыхьэ и пэжым кърит гуащIэмкIэ пхришыжаращ, и ерыщагъыр къыщыпекIуэкIыж къэхъуами. Ар зэи гуитIщхьитIакъым, къытригъэзэжурэ къимыпщыта, езым хьэкъыу пхымыкIа утыку кърихьакъым. Абы жиIэрт: «ЩIэныгъэр шэч зимыIэ пэжагъ гуэру щытмэ, абы хуэпщылIын хуейщ Тхьэм зэрыхуэпщылIым хуэдэу, сыту жыпIэмэ щIэныгъэр къызыбгъэдэкIыр Тхьэр аращ». А псалъэхэм яхэлъ купщIэм тетущ езы еджагъэшхуэр зэрыпсэуар. НэгъуэщIуи хузэфIэкIынутэкъым. Си Iуэхур ирекIуатэ жиIэу зыми зыхуигъэщхъакъым, къыспэщIэувэжынщ, лъахъэ схуэхъунщ жиIэуи, пэжу къилъытэр къигъэIун къэнакъым. И хьэл ткIийр къыхуамыгъэгъуари пэжщ. Къыскъуэтхэр нэхъыбэ ирехъу жиIэу, фIэгунэмыс цIыху гъунэгъу зыхуищIакъым. ЗыщIезыгъэх, щхьэусыгъуэ зи куэд, езым зэтриубла кIуэкIэр зэблэзышыну гурыщхъуэ зыхуищI зыдигъэлэжьакъым. Сытым щыгъуи пэжыгъэрэ къабзагъэрэ къилъыхъуэрт. Сыт хуэдэу ар мыгугъуми, абыкIэ мылъку гуэр къэблэжьыфыну щымытми, къилъытэрт щIэныгъэм хыхьа цIыхум абы зритыну фIэкIа, нэгъуэщI лэжьэкIи щытыкIи щыIэн хуэмейуэ. МащIэкъым абы щIэныгъэм хишахэр. Абыхэм ящыщщ педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор хъуахэу Емуз Н. Гъу., Геляева А. А., Бабаева Л. А., педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат Жырыкъ Р. Ж., Таж Б. П., Жеребило Т. В., Мухьэдий Ф. П., ХьэцIыкIу Р. А., ШэнтIыкъу И. В., филологие щIэныгъэхэм я кандидат Къумыкъу Д. М.

Структурнэ щIэныпхъэр щадж ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и кIэр зыхуэкIуар

Урысей Федерацэм щIэныгъэмкIэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ езыт еджапIэхэмкIэ, техническэ политикэмкIэ министерствэм 1992 гъэм Структурнэ щIэныпхъэм зегъэужьынымкIэ щыIэ ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым хухихащ сом мин 600, щIэныпхъэр адэкIи джыным, егъэджэныгъэ лэжьыгъэм хэпща хъуным текIуэдэн хуейуэ. Ар мылъкуфI хъурти, ШэджыхьэщIэм лабораториеу блы къызэIуихат: урысыбзэмкIэ, адыгэбзэмкIэ, хьэрыпыбзэмкIэ, инджылызыбзэмкIэ, балъкъэрыбзэмкIэ, тыркубзэмкIэ, нэмыцэбзэмкIэ, франджыбзэмкIэ. Институтым гулъытэ къыхуищIащ КъБР-м и президент КIуэкIуэ В. М. Аращ щылэжьа пэшхэр къезытар. Къэралыр лъэлъэжурэ Мэзкуу къикI ахъшэри кIуэщIащ, лабораториехэм щыщу плIыр зэхуэщIыжын хуей хъуащ. 1999 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и правительствэм унафэ ищIащ ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ министерствэм илъэс къэс бюджетыр щигъэпскIэ Структурнэ щIэныпхъэм зегъэужьынымкIэ щыIэ ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым Iыхьэ хухихын хуейуэ. Iуэхум и зегъэкIуэкIэр нэхъ гугъу хъуами, Марие лэжьакIуи хэкIыпIи къигъуэтурэ зригъэубгъурт. Адыгэбзэм елэжьыныр нэхъ япэ иригъэщхэм щыщт. АбыкIэ гугъапIэ нэхъыщхьэу иIар Гуманитарнэ щIэныгъэхэмкIэ ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и щIэныгъэлI БищIо Борисщ. Марие и инвариантым нэ лейкIэ еплъын, джын, зегъэужьын зэрыхуейр къыгурыIуат БищIом. Институтым къыдигъэкI журналым мыпхуэдэу щитхат абы: «… структурнэ методикэм адыгэбзэм щиубыдынкIэ хъуну увыпIэм теухуауэ зы Iуэхугъуэ гу лъумытэу ублэкI хъунукъым. Мы методикэм, дэ къызэрытлъытэмкIэ, псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иIэнущ адыгэбзэ зымыщIэххэ е шэрыуэу зымыщIэ адыгэхэм (псалъэм папщIэ, къалэдэс сабийхэм) щрагъэджкIэ. … Адыгэбзэр мыадыгэхэм зэрырагъэджын методикэ иджыри щыIэкъым. ЩIыщымыIэри гурыIуэгъуэщ – иджыри къэс апхуэдэ хуей дыхъуакъым… Ауэ иджы апхуэдэ къалэн, гъащIэм зихъуэжри, ди пащхьэ къиуващ. Ар къалэн тыншкъым. ЕджапIэ языныкъуэхэм, университетым къыщызэIуахащ адыгэбзэ зымыщIэхэм ар егъэджынымкIэ курсхэр. Ауэ абыхэм я нэхъыбэр лъэлъэжащ, лажьэу къэна языныкъуэхэми, научнэ лъабжьэ лъэпкъ егъэджэкIэм зэримыIэм къыхэкIкIэ, къикIышхуэ щыIэкъым. Телевиденэм къызэIуихауэ щыта адыгэбзэ урокхэми мыхьэнэ лъэпкъ имыIауэ жыпIэ хъунущ. А псор щIыжытIэр мыращ: мы къалэн къытпэщытымкIэ гугъуехьым дыкъыхишыфыну къытфIощI ШэджыхьэщIэм и методикэм». БищIом зэрыжиIэмкIэ, а лъэхъэнэм институтым и адыгэбзэ къудамэм щылэжьахэр тегушхуауэ Iуэхум яужь итат структурнэ щIэныпхъэм «адыгэбзэм ехьэлIауэ фIыгъуэу къыпыкIыну псори къыпахыну» хьэзыру.

Жагъуэщ ар къызэрымыхъуар, лэжьыгъэр къызэрызэтеувыIэжар.

2004 гъэм и ноябрь мазэм Налщыч махуитхукIэ щызэхэтащ псалъэ къэхъукIэм и Инвариантымрэ абы къыпкърыкIыжа структурнэ щIэныпхъэмрэ яхэлъ лъапIэныгъэм теухуауэ Урысыейпсо конференцэ. Абы кърихьэлIащ къэралым и щIыпIэ зэщымыщхэм къикIа лIыкIуэхэр, Мэзкуурэ Бытырбыхурэ бзэм елэжьу дэт институтхэм я унафэщIхэр, лэжьакIуэхэр. ПсалъэкIэ къагъэнэхуам имызакъуэу, Урвань, Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэхэм я еджапIэхэм еблэгъахэщ, урокхэм щIэсащ, щIэныпхъэм и лэжьэкIэм кIэлъыплъахэщ. Къызэхуэса щIэныгъэлIхэм я чэнджэщхэм ипкъ иткIэ конференцэм унафэфIхэри къыщащтат: республикэм ис егъэджакIуэхэр гупурэ зэхуашэсурэ щIэныпхъэм щагъэгъуэзэну; а бгъэдыхьэкIэр зи лъабжьэ тхылъхэр курыт еджапIэм и 2-4, 5-7 классхэм папщIэ зытхын автор гупхэр къызэрагъэпэщыну; щIэныпхъэр лэжьыгъэм хэпщэныр республикэм и щIыналъэ къэс унафэщIхэм пщэрылъ ящыщIын хуейуэ; нэхъапэ ар лъэ быдэкIэ щыгъэувын хуей еджапIэхэр къыхэхын хуейуэ, абы мылъкуу текIуэдэнур егъэджакIуэхэм я Iэзагъым щыхагъахъуэ Институтым 2005 гъэм и бюджетым къыхалъытэну. А унафэм и Iэ щIэлъщ щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ КъБР-м и министру щыта Щоджэн Ахьмэд.

ФIыми, унафэр тхылъымпIэм къинэжащ, зыри гъэзэщIа хъуакъым. Конференцэр иухщ, щытхъумрэ дахэмрэ щагъэшщ, Iуэхур кIуэтэным папщIэ лэжьын хуейр къратхыхри (щIэупщIыIуэжахэ?), псори зэфIэха хъуа хуэдэу, адэкIэ гъащIэм пищащ.

Тыркубзэр моделхэм я шыбзэм зэрыщIигъэкIам хуэдэ дыдэу елэжьырт инджылызыбзэми, хьэзыр хъуа материалыр куэд дыдэт, ауэ институтым и унафэщIыр дунейм ехыжри, а лэжьыгъэшхуэр лъэужьыншэ хъуащ, зи нэIэ тетын, пызыщэн щыIакъым. КъызыдэкIуам дэкIуэдыжащ жыхуаIэм хуэдэ хъуащ езы институтри. Пушкиным и цIэкIэ щыIэ уэрамым тет унэ зэтетхэм щыщ зым и зы къат иIыгъыу лажьэу щыта институтыр, унафэщIыр щыщымыIэжым, япэ щIыкIэ яхьыжащ зэпха Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, пэшитI хухахри, Шэнтыкъуэ Иринэ унафэщIу зы лъэхъэнэ гуэр екIуэкIащ. Марие и гъусэу адыгэбзэм и лексикэр псалъэ къэхъукIэм и моделхэмрэ щIыкIэмкIэ зэхагъэкIыну ирагъэжьа лэжьыгъэм пащащ икIи мыIейуэ гъэзэщIа хъуат. Институтыр зыхагъыхьэжа университетым и унафэщIыр зыкIи абы хуэмейуэ къыщIэкIри, зэхуащIыжащ, илъэс бжыгъэкIэ цIыху гуп зэлэжьа материалышхуэр кIуэдащ. Университетым и пщIэр зэриIэтыфыну щыта институтыр хигъэкIуэдэжащ, щIэныгъэ нэгъэсар зи лъабжьэ щIэныпхъэм зригъэужьакъым. Iуэхум и кIуэкIэр зэрымыхъумыщIэм къыхэкIыу а лъэхъэнэм ректору лэжьа Къарэмырзэ Бэрэсбий зыщыхуагъэзам, жэуапу къитар мыращ: «Си щхьэкIэ щыIэ унафэщIым институтыр университетым хэбжэ къыщызжиIэкIэ, ар сымыгъэзэщIэну сыхуиттэкъыми, приказ стхыри къыхэзгъыхьащ, ауэ сэ абы зыкIи сыхуейкъым». ГурыIуэгъуэт апхуэдэу унафэщIыр зыхущыт институтыр зэрымыпсэунур, ауэ адыгэбзэм и джыкIэ хъунум ехьэлIауэ лэжьыгъэ мыIей зэтеубла хъуати, абы бгъэдэт гупыр къызэтеувыIэжыну хуейтэкъым. ЩытыкIэ гугъум иува лэжьакIуэхэм зыхуагъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым бизнесымкIэ институтым и унафэщI Хъурей Феликс. Ар философт, сыт хуэдэ Iуэхуми лъэныкъуэ куэдкIэ хэплъэрти, къыгурыIуат структурнэ щIэныпхъэм гъуэгу етын зэрыхуейр. И институтым къыщызэIуихащ Бзэхэр структурнэ щIэныпхъэм тету джынымкIэ къудамэ, Налщыч къалэми республикэм и щIыналъэхэм щылажьэ курыт еджапIэхэми структурнэ щIэныпхъэр къыщацIыхунымкIэ лэжьыгъэ пыухыкIа гъэзэщIа хъуащ, семинархэр екIуэкIащ, щIэныпхъэм и зэфIэкIыр нэрылъагъу щащIу. Хъурейм и фIыгъэщ адыгэбзэмкIи урысыбзэмкIи егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэр щIэщыгъуэ зыщIын тхылъ зыбжанэ дунейм къызэрытехьар. Мырат ШэджыхьэщIэм и щIэныпхъэр и лъабжьэу 2, 5-7 классхэм папщIэ «Адыгэ псалъэ» пособиехэр щагъэхьэзырар. Мыбдеж къыщыхэзгъэщынщ КъБКъУ-м и адыгэбзэ къудамэми Гуманитарнэ къэхутэныгъэхэмкIэ институтым я щIэныгъэлIхэми структурнэ щIэныпхъэр адыгэбзэм къимытIэсэну жаIэу тхылъхэм я лъэтеувэм къызэрыщыпсэлъар. Зытхахэм къызэралъытэри, зыIэрыхьа егъэджакIуэхэм халъэгъуари нэгъуэщIщ.

Марие и фIэщхъуныгъэр куут…

ШэджыхьэщIэм япэ дыдэу къыдигъэкIа тхылъым къыпэкIуа ахъшэмкIэ мэжджыт ухуэным пыхьащ. Сытыгу уиIэн хуейт, сыт хуэдэ тегушхуэныгъэ пхэлъын хуейт уи гуащIэ фIэкIа узыщыгугъын уимыIэу апхуэдэ пщэрылъ зыщыпщIыжыным папщIэ. ПщIыхьэпIэу и нэгу щIэкIат мэжджытыр щищIыну щIыпIэри иIэн хуей теплъэри. ЩIыпIэр Псынабэ къуажэм и дыхьэпIэрат. Прект куэдым хэплъащ зыхуейм хуэдэ хуэмызэурэ, ауэ лъыхъуэм къегъуэт, икIи къигъуэтри икIи Iуэхум кIэщIкIэ яужь ихьащ. КъыкъуэкIащ къыдэзыIыгъахэр, зыкъыщIэзыгъэкъуахэр. Мэжджытым ирихьэлIэнухэр къыщищэхукIэ, нэхъ лъапIэрэ нэхъыфIымкIэщ здэплъар, пуд къищэхуу и ахъшэм нэхъыбэ къыщIигъэкIыну пылъакъым. И фIэщ хъурт адэкIи хэкIыпIэ къызэригъуэтынур. И унэм уасэ гуэр иIэну щIэтар ищэжащ, щыгъын лъапIэ къилъыхъуакъым. И гуащIэри и пщIэнтIэпсри зыхилъхьар а мэжджытыр нигъэсыныращ. Зэи зыри псоми ещхьу зымыщI Марие ищIа мэжджытри ди щIыпIэм итхэм къащхьэщыкIт. Абы хэтщ пэшиплI, сабийхэм бзиплIкIэ щIэныгъэ щрагъэгъуэтыну зэтриублэн и гугъауэ. ТхылъхъумапIэр хэтщ, ШэджыхьэщIэм тхылъу зэрихьар абы щIэлъщ. Нэхъ пэшышхуи хухихат муслъымэн нэчыхь щатхыну. Марие щыгугъащ а Тхьэм и унэм лэжьыгъэ купщIафIэ щекIуэкIыну, сабийхэм щIэныгъэри гъэсэныгъэри нэгъэсауэ щагъуэту, гурыщIэ къабзэм зришэлIахэм унагъуэ къызэрагъэхъум и щыхьэт тхылъхэр щатхыну, щIэныгъэм хуэлажьэ цIыхухэр щызэблэкIыну. А псори къэхъуакъым, аргуэрыжьщи щIэныгъэ системэр апхуэдэ Iуэхутхьэбзэ хуэмыныкъуэу къыщIэкIати. Мэжджытыр щыIэщ, дин Iуэху щызэрахьэ, къабзэщ, екIущ, ичэзум хъуэжыпхъэр, зэхъуэкIыпхъэр къызэрагъэпэщ ШэджыхьэщIэ Марие и цIэкIэ щыIэ фондыр зыгъэлажьэхэм. Фондыр къызэрагъэпэщат Хьэлышх Хьэсэн, Сунш Ануарбий, Ахъмэт Назир, Индарокъуэ Мухьэмэд, Мамыхъу Мулид, Шакъ Хъусен, Лаговотовский Юрий сымэ. Марие дунейм ехыжа нэужь фондым и цIэр фIащыжащ. Зэи темыплъэкъукIыу мэжджытым кIэлъоплъ Хьэлышх Хьэсэн, къыкъуэкI лэжьыгъэм фондым хэтхэр полъэщ, сыт хуэдэ хэкIыпIэ къамыгъуэтамэ, ныкъусаныгъэ гуэр иIэу щагъэткъым.

Марие илъэс 15-кIэ елэжьащ ухуэныгъэм, езыр щыщымыIэжми, фондым хэтхэм мэжджытыр IэщIыб ящIакъым, ебгъэлеймэ, езы Марие зэрыхуэсэкъам къыкIэрымыхуу кIэлъыплъахэщ икIи кIэлъоплъ.

ШэджыхьэщIэр зыпэлъэщам хуэдизым пэщIэувэфынури пэлъэщынури зырызыхэщ. Зыхинакъым хьэжыщIым и псапэми. Куэдым я хъуэпсапIэ а гъуэгу мытыншыр 1996 гъэм къызэпичри, «Путевые заметки паломника» тхылъыр итхыжат. Абы итщ мыпхуэдэу: «Иджы, нэхъ жыжьэ сыплъэ, нэхъыбэ къызгурыIуэ сыхъуащи, лъэныкъуэкIэ сыщыт хуэдэу сызоплъыж, сыфхэмытыжу, си псэр джакIуэу къыфхэнауэ аркъудейуэ къызыщызгъэхъуу, нэгъуэщIым къыбгъэдэкI хуэдэу жызоIэ: «Зы напIэдэхьеигъуэкIэ фи жэрыжэр къызэтевгъэувыIэну лъаIуэу арат ар щIэтхьэджэр, Алыхьыр куэдыкIейуэ къызэретар псори, зыри мычэму, фи Iэгум ныфхурилъхьэну хунэсын папщIэ. Ауэ фэ фыпIащIэрт, фыпIащIэрт… Дэнэ?

Мы дунеишхуэм сэ сыщыхэт, сыщысыт? Сызынэпс ткIуэпсщ. Мис, къежэхащ ар – къэсат си пIалъэр, – икIи къызэдэсщтар Аращ – Фэ Къыфхуэзгъанэращ. Адрейр псори сабэрэ щарэщ».

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz