ХьэфIыцIэ Мухьэмэд: Лъэпкъым IэщIэкIар зы сщIыжынырщ сызыщIэхъуэпсыр (Сэрия 1)

0
1562

Илъэс 24-рэ хъуауэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, илъэс 21-м нэблэгъауэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и вице-президент, ДАХ-м и Хасащхьэм хэт ХьэфIыцIэ Мухьэмэд лэжьыгъэрэ Iуэхуу зэфIигъэкIыр, цIэ лъапIэрэ щIыхь дамыгъэу иIэр мащIэкъым. А псори къызэрилэжьари, дуней псом цIэрыIуэ щызыщIари къызыхэкIа лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэмрэ къызэрымыкIуэ хэкупсэу зэрыщытымрэщ, гъунэ зимыIэ гуащIэрэ жану лажьэ акъылрэ зэрыбгъэдэлъырщ.

Гугъущ Мухьэмэд хузэфIэкIа псор зы тхыгъэм къибгъэзэгъэну, къикIуа гъуэгуанэ купщIафIэр сыхьэт зыбжанэм къебгъэIуэтэну. ИтIани и махуэ лъапIэр ди щхьэусыгъуэу, упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.

 

-Мухьэмэд, сыт хуэдэ Iуэхуми къежьапIэ зэриIэм хуэдэу, цIыху гъащIэми лъабжьэ гуэр иIэщ, къэзылъхуахэм, къызыхэкIахэм я деж къыщыщIидзэу. Адэ-анэр зыщыгуфIыкIа, быныр зэрыгушхуа, лъэпкъым и щхьэр лъагэу езыгъэлъагъужа гъуэгуанэ дахэ къызэпыпчар къыщежьам ухуеплъэкIыжмэ, сыт уигу къэкIыжыр?

-Сабиигъуэращ цIыху гъащIэм щIэдзапIэ хуэхъури, гум IэфIу къинэри, узытехьэну лъагъуэр пхызышри. Сэ быным сранэхъыжьт, шыпхъуитхум срадэлъху закъуэт. Ди адэр жэщ-махуэ имыIэу колхозым щылажьэрти, мэзым пхъэхьэ кIуэнри, пщIантIэм щыIэбэнри сэрат зи пщэ къыдэхуэр. Ауэ си шыпхъухэр къэжэпхъа нэужь, лэжьыгъэм и нэхъыбэр сщхьэщахащ. Ахэр схуэузыншэщи, си щхьэкIэ сынасыпыфIэу зызобжыж.

Ди адэм и гъащIэр колхоз губгъуэм щихьащ. Бригадируи, хозяйствэ унафэщIым и къуэдзэуи лэжьащ. СощIэж, школым сыщыщIэс лъэхъэнэм, ди къуажэм цIыху цIэрыIуэ куэд накIуэрт: КъардэнгъущI Зырамыку, Шортэн Аскэрбий, Къуныжь Хьэждал, Ало ЛутIэ сымэ. Хэти IуэрыIуатэ зэхуихьэсыну, хэти уэрэд жиIэну. Ахэр ди адэм къригъэблагъэрти, абыхэм жаIэм сфIэгъэщIэгъуэну седаIуэу сыщыст. Лъэпкъ IуэрыIуатэр фIыуэ зыщIэ зыкъом ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм щыпсэуащ -Куп Исмел, Тэз Чэлимэт, Сыжажэ Къылъшыкъуэ, Щоджэн Iэсхьэд, Къазий Мамышэ сымэ, нэгъуэщIхэри. IуэрыIуатэ, хъыбарыжь гъэщIэгъуэнхэу ди адэм ищIэм хуэдиз зи гум изыубыда Зеикъуи Бахъсэн щIыналъэми сыщрихьэлIакъым.

НэхъыжьыфIхэми къаIуэтэжхэм яжь къысщIимыхункIэ Iэмал иIэтэкъым. Ауэ ди щIыналъэ дахэр фIыуэ лъагъуным, литературэм, нобэ сызыхэт Iуэхум сыдезыгъэхьэхар си егъэджакIуэ Жылау Нурбийщ. Абы къызэригъэпэща хэкудж гупым сыхыхьауэ щытащ 7-нэ классым сыщIэсу. Нурбий район, республикэ зэпеуэхэм дишэрт, мызэ-мытIэу абыхэм дыщытекIуэрт. I964 гъэм, Лермонтов Михаил илъэси I50-рэ щрикъум махуэм ирихьэлIэу, Псыхуабэ къыщызэрагъэпэщат литературнэ гупхэм я зэпеуэ. Сыжажэхэ Хьэсэнбий, Маруз, сэ Пятигорск дыкIуэри, абы япэ увыпIэр къыщытхьауэ щытащ.

 

-ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным куэдрэ егупсысахэми, IэщIагъэ къыхихынумкIэ чэнджэщахэми уащыщу къыщIэкIынкъым, Мухьэмэд. Нобэ узыпэрыт Iуэхум ущIалэ дыдэу упэрыхьащ. Куэдрэ зэхэсхащ уи студентыгъуэ илъэсхэр уигу къэбгъэкIыжу, абы щыгъуэми редактору улэжьащ, итIанэ адыгэ литературэм цIэрыIуэ щыхъуа тхакIуэ, усакIуэ куэд фызэрихьэлIэу фызэрызэдеджар гъэщIэгъуэнщ.

-Пэжщ, а илъэситхум къриубыдэу зэрихьэлIахэм я гугъу умыщIми, сыщеджа гупым зэчий зыбгъэдэлъ щIалэ хьэлэмэт зыбжанэ щIэсащ: Абдокъуэ Iэуес, Бицу Анатолэ, Гъэунэ Борис, Сонэ Абдулчэрим, Джэрыджэ Арсен сымэ. Абыхэм уахэсу умытхэн пхузэфIэ­кIынт? Арати, «Университетская жизнь» газетым си тхыгъэхэр трезгъадзэу щIэздзащ. Япэ курсым сыщIэсу арат абы и редактор Журавлев Алексей и къуэдзэу сыщагъэувам. ЕплIанэ курс сыхъуа нэужь, газетым и редактор къалэныр си пщэ къыдалъхьащ. Ар къулыкъушхуэт а зэманым -илъэс 22-рэ фIэкIа уимыныбжьу апхуэдэ IэнатIэ къуатыныр. Ректор КIэрэф Къамболэт хуит сищIат сызыхуей лекцэхэм сыщIэсыну, адрейхэр блэзгъэкIы­ну. Газетыр нэкIубгъуэ цIы­кIуитI­ фIэкIа хъуртэкъыми, ар нэкIу­бгъуи­плIу щытын хуейуэ университетым и тхьэмадэм деж щыпхыз­гъэ­кIащ. Хуэм-хуэмурэ газет цIыкIум адыгэбзи балъ­къэ­рыбзи тездзэу щIэз­дзащ. УсэкIэ къезгъажьэри, адэкIэ адыгэ, балъкъэр къудамэхэм щIэс­хэм я Iэдакъэ­щIэкI­хэр къытехуэ хъуащ.

«Университетская жизнь» газетым и ужькIэ, сэ нэ­гъуэщI IэнатIэ зыбжанэм сы­щыIащ -«Советская молодежь», «Горянка» газетхэм, «Iуэху еплъыкIэ» журналым, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм, КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм и тхылъ тедзапIэм и унафэщIуи сыщытащ. 1997 гъэ лъандэрэ «Адыгэ псалъэм» и редактор нэхъыщхьэу солажьэ.

Мыбы сыкъагъэкIуэну мурад щащIам щыгъуэ, Правительствэм щыщ къулыкъущIэшхуэ гуэр къызэупщIат: «Сыт щIэуэ газетым хэплъхьэнур?» -жиIэри. «Псом япэрауэ, газетым ады­­гэмэ щыууэ сщIынущ», -естащ жэуап.

 

-Куэд къокI абы, лъэпкъым и дежкIи уасэншэщ а псалъэхэр. Сыт хуэдэу зихъуэжа абы лъандэрэ газетым?

-«Адыгэ псалъэм» сыкъызэрыкIуэрэ дытетщ Къэзанокъуэ Жэбагъы и ущие псалъэхэм: «ФифI фымыгъэпуд, фи Iей фымыгъэп­щкIу» жыхуиIэхэм. Си къалэну собж дэтхэнэ дифIри згъэ­лъэ­­пIэну. Ди Iейри згъэпщкIуну сыхэткъым. Утыку къиплъхьэ мыхъун ныкъусаныгъи щыIэщ, ауэ лъэпкъым зэран къытхуэхъу псори сэтей къэ­щIыпхъэщ. Ар щIэтхъумэмэ, ди щхьэ къэдгъэпцIэжу аращ.

ИлъэсищэкIэ ущылажьэми, газетым и щэху псори къыпхуэщIэнукъым. Ар зы. ЕтIуанэ­ра­­уэ, «Адыгэ псалъэр» здынэсын хуей лъа­гапIэм нэсауэ, адэкIэ ебгъэ­фIэкIуэж мыхъуну жыпIэныр тэмэмкъым. Абы тет тхыгъэ псом­кIи сыщымыарэзыи къыхохуэ. Дэ дызэрыхуейм, дызэрыщIэхъуэпсым хуэдэу газетыр хъун щхьэкIэ, журналистхэм щхьэх ямыIэу лэжьэн хуейщ. Ауэ зы лъэныкъуэкIи гъэ­щIэгъуэн хъуну къыщIэкIынкъым, ди лэжьакIуэ псоми зы хъэтI яIэмэ. Ди корреспондент­хэм ятх псори мэхъу схужыIэ­ну­­къым. Абы къыхэкIыу журналистхэм ягъэхьэзыра тхыгъэхэм доджэж сэри, си къуэдзэхэри.

Дауэ щымытми, дыхущIокъу щIэджыкIакIуэхэр къызэрыдэтхьэхыным. Дэтхэнэ ныбжьми яхуэгъэза напэкIуэцI щхьэхуэхэр мазэ къэс къыдыдо­гъэкI. Псалъэм папщIэ, сабийхэм, япэ классхэм щIэсхэм щхьэ­­кIэ -«ЦIыкIураш», ныб­жьы­­­­­­щIэхэм ятеухуащ «ЩIалэгъуэ» напэкIуэцIыр, зи ныбжь хэ­кIуэ­тахэм яхуэгъэзащ «Жьыщхьэ махуэр», «Адыгэ бзылъхугъэр» -ди анэхэм, ди шыпхъухэм, «Ислъамым и нур», «IуэрыIуатэ -дыщэ пхъуантэ», «Уи хэку и мывэхэри дыщэщ», «Шыхулъагъуэ», «Малъхъэдис» къыдэкIыгъуэхэм псори дэзыхьэ­хын тхыгъэхэр тету догъэхьэзыр. КIэщIу жыпIэмэ, дэ ды­зыхущIэкъур зыщ -цIыхур зэ­джэн, игъэщIэгъуэн газет къы­дэ­гъэкIынырщ, адыгэбзэм и да­­хагъэр, и къулеягъэр щIэ­джы­­кIакIуэхэм я деж нэхьэсынырщ.

Фэри гу зэрылъыфтагъэнщи, ягу ирихь-иримыхьми, ядэ-ямыдэми иужь илъэсхэм ди бзэм псалъэ куэд хэдгъэхьэжащ. Ахэр 300 хуэдиз мэхъу. Урысыбзэм, нэгъуэщIыбзэм къахэтхыу зэддзэкIаи, псалъэм­ и купщIэм тетщIыхьаи хэтщ. Фолъагъу: мазэцIэхэри адыгэ­бзэ­кIэ тыдодзэ.

 

-ХХI лIэщIыгъуэм езым и щхьэхуэныгъэхэр иIэжу къэсащ, цIыху гъащIэми зыдихъуэжащ. Адыгэ газетыр лъэщIыхьэрэ зэманым къыздихь технологие зэхъуэкIыныгъэхэм. СыткIэ сэбэп, сыткIэ зэран иджыпсту дуней псор зэщIэзыщта Интернетыр? Ар дауэ къэгъэсэбэпа хъурэ газетым и сэбэп хэлъу?

-Интернетыр къыщежьам газетым и сайт япэу къызэIузыхахэм дащыщщ, абы къыдэкIыгъуэ псоми къытеддзэхэр къыдолъхьэ. Зэманыр абы хуэкIуэри, электрон газет къыдэдгъэкIын хуей хъуащ. «Адыгэ псалъэр» тхьэмахуэм тхуэ къыдокIри, щыр тхылъымпIэм тедзащ, тIур электроннэщ, ар чэзууэ зэблэхащ. КъищынэмыщIауэ, адыгэ газетым напэкIуэцIхэр щиIэщ Инстаграмым, Фейсбукым. АбыхэмкIэ къыкIэлъыплъ цIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэн хъыбар ялъэгъуа нэужь, сайтыр къалъыхъуэ е къыдэкIа газетыр зыIэрагъэхьэ. Абы сэбэпынагъыу къыпэкIуэхэм ящыщщ ди щIэджыкIакIуэхэм я деж ди тхыгъэхэр дакъикъэ бжыгъэм зэрынэтхьэсыфыр. Езыхэми я гупсысэр онлайн жыпхъэм иту къызэрыдахьэлIэфыр.

Интернетыр къызэIупхрэ ди газетым и цIэр иптхэмэ, Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэм ятеухуа, адыгэбзэ къабзэкIэ тха тхыгъэхэр къыпхузэIуех. Нэхъыщхьэращи, дунейпсо хъым адыгэбзэ шэрыуэ ущрихьэлIэххэмэ, ар зи фIыщIэхэм ди газетри ящыщщ.

Ди лэжьыгъэми хуабжьу къыщыдогъэсэбэп интернетыр, абы и Iэмал псори ящIэу шэрыуэу иролажьэ ди журналистхэр.

А IэмалымкIэ къэрал куэдым ипхъа ди лъэпкъэгъухэм я хъыбар къыдощIэ, дадолажьэ, тыншу зыкъытпащIэф. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, илъэс 30-м нэблэгъауэ «Адыгэ ма­къым» (Мейкъуапэ), «Черкес хэ­кум» (Черкесск), «Адыгэ псалъэм» (Налшык), «Шапсугия» газетым (Лазаревскэ) зэгъусэу номер зэхэтхэр догъэхьэзыр.

Тыркум «Жьынэпс» адыгэ газетыр къыщыдэзыгъэкIхэр абы къехъуапсэри, къытрадзэри къэкIуащ. Ди гъусэу къыдэкIыгъуэ зэхэтхэр ягъэхьэзырыну гупыж зэращIар къыщыджаIэм, дгъэщIэхъуакъым, зыхэдгъэхьащ. Ар Iуэху щхьэпэщ, ди лъэпкъэгъухэм я бзэр нэхъ шэрыуэ хъунымкIэ, хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ нэхъ зэпэгъунэгъу зэхуэхъужынымкIэ. 2020 гъэм дахэу дызэдэлэжьащ, дяпэкIи къыпытщэнущ. «Жьынэпсым» щылажьэхэр цIыху жанхэщ, къыдэкIыгъуэ зэхэтхэм папщIэ егугъуу тхыгъэхэр ягъэхьэзыр, и чэзум къытхурагъэхь, дэ едгъэхьхэр екIуу традзэ. Уеблэмэ, мазищым зэ мыхъуу, къыдэкIыгъуэ къэс ди журналистхэм зыкъыпащIэурэ зэдолажьэ.

Сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэ ди гъащIэм, лэжьыгъэм къыхыхьэми, адыгэбзэм и пщIэр тIыгъынырщ ди дежкIэ нэхъыщхьэр, ар цIыхубэм яхыхьэнырщ.

 

-Иджыпсту щIалэгъуалэм яфIэфIщ «проект» фIащауэ Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэр утыку кърахьэну. Абыхэм я «гъащIэр» здынэсми, бзэм хуэлажьэ яхэтми сыщыгъуазэкъым, ауэ илъэс 20-м щIигъукIэ узэIэбэкIыжмэ, анэдэлъхубзэм и пщIэр къэзыIэта «Си бзэ -си псэ, си дуней» проектышхуэм къызэгъэпэщакIуэ нэхъыщхьэ хуэхъуар уэрат…

-Ар къызэрыгуэкI зэпеуэм и жыпхъэм икIри, республикэпсо фестиваль-зэпеуэ хъуауэ иджыри йокIуэкI. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ зэгъусэу едгъэжьауэ щыта а зэпеуэр I999 гъэм япэу екIуэкIауэ щытащ. Адыгэбзэр хъумэным, ар щIэблэм яIурылъу къэгъэтэджыным, курыт еджапIэхэм гулъытэ нэхъыбэ щигъуэтыным теухуауэ къетхьэжьа Iуэхур илъэс къэс республикэм зыщиубгъуурэ екIуэкIащ.

Зы гъэ еджэгъуэм къриубыдэу еджакIуэ 1500-м нэблагъэ, школ 20-м щIигъу щыхэт щыIэт абы. Апхуэдэу IуэхуфIыр къыддащтащ Адыгэ Республикэми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Шапсыгъми.

Сэ жысIэркъым, «Си бзэ -си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм бзэм зригъэужьу. Ауэ сабийхэр анэдэлъхубзэм хуэгъэушынымкIэ, адыгэ къафэм, макъамэм щIэпIыкIынымкIэ, хабзэр, тхыдэр егъэщIэнымкIэ, адыгэхэм зэрахьэу щыта Iэщэ-фащэхэр, хьэпшыпхэр, Iэмэпсымэхэр егъэцIыхунымкIэ зэхьэзэхуэм иIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ.

КъищынэмыщIауэ, адыгэбзэр курыт школхэм зэрыщрагъэдж щIыкIэр егъэфIэкIуэныр, егъэджакIуэфIхэм я лэжьыгъэр гъэлъэпIэныр, ди бзэм и пщIэр къэIэтыжыныр ди мурад нэхъыщхьэти, хъарзынэу къыдэхъулIэрт. Иджыпсту ар КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм езым и пщэ дилъхьэжауэ ирегъэкIуэкI. Дэри абыхэм дадоIэпыкъу.

 

 -«Адыгэ псалъэ» газетым, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм апхуэдэ проект куэд къыхилъхьэурэ зэригъэзащIэм дыщыгъуазэщ. Газет Iуэху хъуми, Хасэ Iуэху хъуми, псоми я жэрдэмщIакIуэри зэхэублакIуэри уэращ, тхьэмадэрщ. Иджыри сыт хуэдэ проектхэм я гугъу къытхуэпщIынт уэ къызэбгъэпэщахэм ящыщу?

-«Си бзэ -си псэ, си дуней» зэпеуэм нэхърэ нэхъ цIыкIукъым икIи нэхъ купщIэншэкъым Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм илъэси 6 хъуауэ къыщызэдгъэпэщ «Адыгэ пщащэ» республикэпсо зэхьэзэхуэр. А зэманым къриубыдэу зэпеуэм хэтащ адыгэбзэмрэ щэнхабзэмрэ, гъуазджэмрэ тхыдэмрэ, IуэрыIуатэмрэ литературэмрэ фIыуэ хэзыщIыкI хъыджэбз щэныфIэу 100-м щIигъу. ДяпэкIэ едгъэкIуэкIыну ди мурадщ «Адыгэ щауэ» зэпеуэри.

Мыхэр зихуэдэ щымыIэ Iуэхугъуэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зэхьэзэхуэм зэ хэта хъыджэбзым адэкIэ и щхьэ Iуэху зэрихуэу дэувэжыркъым, атIэ республикэм къыщаIэт нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм хэтщ, адыгэм ехьэлIа пшыхьхэм и зэфIэкI щегъэлъагъуэ, нэхъыщхьэращи, адыгагъэмрэ Iэдэбагъымрэ и Iэпэгъуу дунейм тетщ.

Проект щхьэхуэу къэбгъэлъагъуэ хъунущ адыгейхэм, шэрджэсхэм, тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iус шапсыгъхэм, мэздэгу адыгэхэм, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм быдэу дапыщIауэ дазэрыдэлажьэмрэ ядедгъэкIуэкI Iуэхухэмрэ. Иужьрей илъэсхэм ди журналистхэр мызэ-мытIэу сшащ икIи езыхэр згъэкIуащ ди лъэпкъэгъухэр нэхъыбэу зэрыс къэралхэм -Тыркум, Иорданием, Израилым, Германием, абыхэм щыпсэу адыгэхэм я псэукIэм щыгъуазэ защIащ. Ахэр «Адыгэ псалъэм» къытеддзэм и мызакъуэу, телевиденэмкIэ фильмхэр къыдогъэлъэгъуэж. Апхуэдэу Тыркум, Израилым, Германием илъэс зэхуэмыдэхэм къитха нэтын гъэщIэгъуэнхэр «1 КъБР» телеканалым къитыжащ, ноби Интернетым ущеплъ хъунущ.

 

-Мухьэмэд, лэжьыгъэу ебгъэкIуэкIыр апхуэдизкIэ куэдщи, Iыхьэ-Iыхьэу зэпыбуд хъунущ. Уэ адыгэ Iуэхум хэплъхьэ гуащIэм и зы Iыхьэщ тхылъу уи Iэдакъэ къыщIэкIар. Дунейм къытехьахэмрэ дяпэкIэ къыдэбгъэкIыну уи мурадхэмрэ укъытхутепсэлъыхьамэ арат.

-Тхылъ къыдэгъэкIынми и проект нэхъ инымкIэ -«Черкесика» сериемкIэ къыщIэддзэнщ. ИлъэсипщIым щIигъу и ныбжьщ абы. А пIалъэм къриубыдэу тхылъи 9 дунейм къытехьащ. Япэ томыр ДАХ-м и япэ тхьэмадэ, лъэпкъыр зэрыгушхуэ адыгэлI Къалмыкъ Юрэ теухуащ. ЕтIуанэм итщ Лермонтов Михаил Кавказым, шэрджэсхэм ятриухуа поэми 9-р. Адыгэбзэм ахэр къригъэзэгъащ КъБР-мрэ КъШР-мрэ я цIыхубэ усакIуэ Ацкъан Руслан. Ещанэ томыр хухахащ абхъаз тхакIуэ ШинкIубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романымрэ Лохвицкий Михаил и «Уафэгъуагъуэ макъ» повестымрэ. УрысыбзэкIэщ къызэрыдэкIар Вэрокъуэ Владимир и «Амыщ къуажэ» романыр, еплIанэ тхылъым ихуар. Етхуанэ къыдэкIыгъуэр лъысащ дунейпсо литературэм и классик Хьэткъуэ Умар (Омер Сейфеддин). Новеллэ 34-р адыгэбзэм къригъэзэгъащ зэдзэкIакIуэ Iэзэ Къэрмокъуэ Хьэмид. Къаныкъуэ Анфисэ и «Хьэтхэр» тхыдэ романым хухэтхащ «Черкесика»-м и еханэ томыр. Ебланэ тхылъым итщ Лохвицкий Михаил (Аджыкъу Джэрий) и «Уафэгъуагъуэ макъыр» адыгэбзэкIэ. Ари зи фIыщIэр Къэрмокъуэ Хьэмидщ.

«Черкесика»-м хэту зэман гъунэгъум къыдэдгъэкIынущ тхылъ 20-м щIигъу.

Дунейм къытехьахэм ящыщщ «Наши знаменитости» серием хиубыда тхылъ зыбжани: адыгэр зэрыгушхуэ цIыху зэчиифIэхэу КIыщокъуэ Алим, Къэшэж Иннэ, Шемякин (Къардэн) Михаил, МэшбащIэ Исхьэкъ, Темыркъан Юрий, КIыщ Мухьэдин, нэгъуэщIхэми ятеухуахэр.

Згъэхьэзырахэм ящыщщ 2005 гъэм щегъэжьауэ къыдэкI Адыгэ махуэгъэпс-щIэнгъуазэр. Ар лъапIэ зыщIыр ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэхэр зэрыдигъэцIыхурщ, ахэр къыщалъхуа махуэхэр зэригъэбелджылырщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Шапсыгъым, Москва, Санкт-Петербург, хамэ къэралхэм щыщ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрызыгъэхьа ди къуэшхэм, шыпхъухэм я цIэхэм ущрохьэлIэ зи гугъу сщIы махуэгъэпсым. Дуней псом щыцIэрыIуэ цIыхухэм адыгэхэм щхьэкIэ жаIахэм, хэхэс шэрджэсхэм ящыщу зи цIэр жыжьэ Iуахэм, лъэпкъым и пщIэр зыIэта хэкурысхэм ятеухуауэ абы ит тхыгъэ кIэщIхэм ар нэхъри купщIафIэ, зыми емыщхь ящI. Аращ махуэгъэпсым щIэнгъуазэкIэ щIеджэри. 2020 гъэм ар адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къыдэкIащ.

 

Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ,

Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz