‘Адыгэ щыIас, ау пэсэрэй Адыгэбзэ щыIэ?’

0
1243

Билалыкъуэ Алпаслэн…

Ар япэ сыщлъэгъуар, 2010 гъэращ.

Гугъэ Театыр Гупыр (Къайсэр) дылажьэт.

Хэкум щIекIуэкI Театыр фестивалым, зэ дыкIуауэ, икIи дытхъэжауэ, етIыуанэу дыкIуэну динэр къикIт. Табыщ Мурат итха, “Гугъэм и Лъагъуэ” зицIэ песэм дэлэжьт. Ауэ, дадэ ролымкIэ сигу мызэгъауэ, Адыгэбзэр и гъэбзэрабзэну, ‘зы дэдэфI дыдээээ’ къатлъыхъуэт. Ди гупым хэт Думэныщ Фэрит зэуэ «Уэлэхьэ зыгуэр щыIэмэ, ауэ дауэ къешэжа хъуну!» Сэ, зэхэсхар си фIэщ дыдэ схуэмыщIу “А щыIэр дэнэ зыдэщыIэр, сыт иджыр къэс къыщIэдмышэжар!» жысIэщ.

Мис апхуэдэуэ дежьэри Билалыкъуэр ди ныбжьэгъу къатщIащ.

ИкIи, Адыгэ-Абхъаз Театыр Фестивальым (Мыекъуапэ-2011) дыкIуащ.
Алпаслэн, Мыекъуапэ щигъэзэщIа Дадэ ролымкIэ фIыщIэшхуэ къихьащ. Ди спектакльыр иухауэ, Iэгу еуэр зыпымыуауэ, Тут Тезадэ (Театыр Артист-Черкеск) сценем къыдэкIуери, Гугъэ гупым щхьэкIэ жиIэнур иуха нэужь, (ахэр сытым хуэдэу гур хэзгъэхъуэрт) Алпаслэн зыхуигъазэри «Уи Адыгэбзэм и къэбзагъэм дыдихьэхащ. Тэмэму ди адэжьхэр зэрыпсалъэу щытам хуэдэущ, уи псэлъэкIэр. Тхьэм уиузэнщ» жиIэуэ щытащ.

 

Билалыкъуэм ипсэлъэкIэр, Узун-яйлэ (Тыркум) псэлъэкIэт; и лъэс 150-рэ ипэ Хэкум къыраха Адыгэбзэжь!

Алпаслэн, Адыгэбзэм и Хьэтыкъуей къэпсэлъыкIэри, Къэбэрдей къэпсэлъыкIэри ещIэ. Сохъуапсапэ мыбыкIэ! :))

Гугъэ Театыр Гупыр, Алпаслэн япэ дыщIыхуэмызам ищхьэусыгъуэри, мыувыIэуэ Адыгэбзэ тхылъ еджэуэ и унэ зэрыщIэсырат. Сыту дэгъуэ ищIа зэрэджамкIей.

Нобэрей ди зэхуэзэм ищхьэусыгъуэри, ХьэдэгъэлIэ Аскэр зэхуихьэсыжа Нарт Эпосым, зэрэ мыхъууэ кIуэдрэ зэрэджар зы, етIыуанэу, Цырым Руслан зэхуихьэсыжа Нартхэм, еджэкIэ зымыщIэхэм щIакIэ, макъкIэ еджэуэ ди пащхьэ къызэрилъхьаращ.

-Алпэслэн япэщIыкIэ Жьынэпс еджэхэм закъебгъэцIыхун?
-Уэ жыпIахэм си къуэжэ цIэм фIэкIа къэнаIэу сигугъэIыми ари сэ жысанс. Си къуажэм ицIэр шэшэнаис (Beserek).

-Нартхэм сыт ущIэджар, еджэн щIыхуейри сыт?

-ЯпэщIыкIэ Нарт Эпосыр къуажэ къуажэу, къэрал къэралыу къикIухьыурэ зэхуэзыхьэсыжыу томибл хъууэ трэзгъэдза ХьэдэгъалIэ Аскэр дэтхэнэ зы Адыгэми, фIыщIэшхуэ хуищIыу, мы цIыху пэжыр, Адыгэхэм ягу имыкIыу дэтхэнэ лъэхъанэми ягъэлъэпIэныр япщэрылъс.

Нартхэм дэтхэнэ зы Адыгэри еджэн хуес. Эпосым изэхэлъхьэкIэр Адыгэ лъэпкъ псоми зэдэлажьау, яхъищэ тхыдэр зэхэлс. Абы имызакъуэу нэмыщI лъэпкъхэми я митоложими еджэн хуес (Viking, German, Yunan vb.). Абы щыгъуэм Нартхэр нэхъ зэхэхуауэ нэхъ гурыIуэгъуэ мэхъу.

Араси, цIыхухэр нэмыщхэм къаIуатэхэм иримыуэршэрхэу нартхэр нэхъ гурыIуэгъуэ хъунус. ЗырадзэкI къызрадзэкIыжхэм хэкIуадэр куэдс. Мыдеи зы щIапхъэ къэтхьынс: Сосрыкъэ икъэхъукIэр текст 25 м къыщаIуатэ. ЗэздэкIхэм, зыр е тIур е щыр зыхагъэувэ. Араси щIагъуэ гурыIуэгъуэ хъууи къысщыхъуIым.

-Нарт Эпосым и бзэм сыт хужыпIэн, джыгъуафIэ?

-ХьэдэгъалIэм Нартхэр тхыгъэм щиригъахуэм щыгъуэ Нарт хъыбархэр къэзIуэтахам къызраIуэтам хуэдэу тхыгъэм иригъэхуас. Араси дэтхэнэ зы Адыгэ псэлъэкIэми ущыхуозэ. Шапсыгъым жиар зыржиIам хуэдэу, Бэслъэнейм жиар зыржиIам хуэдэу ХъакIуцум жиIар зыржиIам хуэдэу, Еджэркъуаем жиар зыржиам хуэдэу. «мыбдэжым къэзIуатэр погуфIыкI», «мыбдэжым хьыI жиIэу тIэкIу ходэхьашхикI» хуэдэ цIыхухэр щыпсалъэм дэж фэу къатеуэм нэсыху, тхыгъэм иригъэхуас. Мыбы хуэдэу зыритхар АдыгэхэмкIэ нобэ уасэ имыIэу солъытэ. Ныджы уи упIщIэм зы щапхъэкIэ си пэIуэжыр щIэздзэнс. Адыгэхэм Адыгэбзэр зэзгъэщIа хамэхэм игугъу щащкIэ «уэр сэрыу Адыгэбзэ ещIэ» жаIэт. Уэр сэрыу Адыгэбзэ зыщIэ псоми, эпосым ит Адыгэбзэр тыншыу къагурыIуэнус. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, эпосым итхэр къэзIуэтахэм яныбжьыр хэкум къикIахэм янэхьэкъэхуэс.

Дэ тщIэ Адыгэбзэр хэкум къикIа динэхъыжхэм дей щызэдгъэщIа Адыгэбзэрас. Пэсэрэй Адыгэ щыIас, ау пэсэрэй Адыгэбзэ щыIэ? Нартхэр, ХьэдэгъалIэм зэритхар нобэ дэ тIулъ Адыгэбзэрас.

Адыгэр, хэкум къызрикIрэ 156 илъэс мэхъу. Адыгэбзэ зыщIэр, хэкум къина Адыгэхэм зий зыфIэмынэу зыгуыроIуэхэ. НэгъуэщI бзэхэм зы лIэщыгъуэрэ ныбжь, зэхъуэкIыныгъэ яIами, Адыгэбзэм иIэкъым. Зы Адыгэ псэлъэкIэр зыщIэм псори къыгурымыIуэмий къыгурымыIуам щIэупIщIэмэ, къыратыж пэIуэжыр къыгурыIуэнус. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ бзэу щыIэхэм зыкъуомым %40-45 япкъыр глагол (фийл) хэмрэ глаголхэм къатекIа филимсыхэрас (VERBALS).

Мы фийлхэмрэ филмсыхэмрэ уеIэбыфынIым, нэгъуэщI зыбзэм щыщ нэгъуэщI бзэм фIырыфI щыпI щиубыдым. Ижь ижьыж лъандэрэ мыпхудэу къырокIуэ. Мы зигугъ сщIа псалэхэр. (фиилхэмрэ фиилисихэмрэ) дэтхэнэ Адыгэ псэлъэкIэми щызэхудэкъабзэс.

Мы псалъэхэр бзэм %80-85ыр еубыд. Адрейхэр фIэщыгъэцIэс. ЦIыхухэм къагъэунэхуа амэпсымэхэм яцIэр нэгъуэщыбзэм тыншыу щIыпIэ щеубыдыфыр. Ауэ фийлхэмрэ филымсыхэмрэ зырй фырыфIыу пэлъэщынIым. Араси Адыгэбзэм и фийлхэмрэ и фиилимсхэмрэ зэблэхъуныгъэ игъуэтаIым.

Зырзыблэпхъу бзэр мэкIуэд (Псалъэм папщIэ «си къандилыр къутлэмыш кысхищIас…» худэ псалъэхэм бзэр занщIэу егъэкIуэд. Маржэ фыхусакъ). Абы щхьэкIэ эпоым иджыныр, итыр къыбгурыIуэныр зиикI гугъуIым.

Зигугъ сщIа фиилхэмрэ, фиилымсыхэмрэ дэтхэнэ адыгэ псэлэкIэми щызэхуэдэс. Адыгэхэм фэрыщыгъэ зыхамылъхьэмэ тыншыу къагурыIэнус.

-Адыгэ мифологием сыт и купIщIэр? Нэхъ зытеухуар, мифологием хэт лIыхъужьхэмрэ Тхьэхэмрэ языхущытыкIэр сыт хуэдэ?

Адыгэ мифологиери нэгъущI лъэпкъхэм ямифологием ещIхьс. Мифологиер лъэпкъ тхыдэм, лIэщIыгъуэбэм къаIуатэу къаIуатэурэ нобэ къэсас. КъэзIуэтэжахэм дагъэхуи щыIас, хагъэуви щыIас. Псалъэм папщIэ ущырохьалIэ «мэзихым мыбхуэдэт мэзихим мыбхуэдэт» жиIэу. Зилъэсыр мазэ 12 ябжыу къызрищIидзэрэ куэд щIаIым. Лъэхъэнэхэм елъытауэ, гъащIэм декIуу хъужыныгъхэр хиболъагъуэ.

Цыхуу хэтхэм дэплъмэ мыхэр псори зы сэмболс. ЯзыхэтыкIэмрэ япэукIэмрэ уеплъмэ нобэрэй псэукIэм ещхьс. Нобэ тлъагъухэр Адыгэ мифологиеми щыдолъагъу.

-ЦыхуфI хэтс, цыху ей хэтс

-ДыгъуакIуэ хэтс-пцIыупс хэтс

-Фыгъуэхэр хэтс

-СабицIынэ дыгъэхэр хэтс- Пэжыныгъэмрэ фIыщIэнымрэ пшэрыхь зыхуэзыщIахэр хэтс…

-Сыт нэхъ телъыджэуэ, нэхъ гукъинэуэ хэплъэгъуар, Нарт хъыбархэм?

-Дэтхэнэ зыпсэущхьэми гузэвэгъуитI телъс: зыр шхэн, етIыуанэр ищхьэ къиухъумэныр.
ЦIыхухэм ц Iыхугъуэр къызращIэж лъандэрэ ми тIур ягъэзэщIэныу яужь итс. Мы IуэхугъуитIыр ипэми щыIас иджыри щыIас дияпэкIеи щыIанус.

Тьэхэмрэ лIыхъужьхэмрэ язэхущытыкIэри ищхьэкIэ зыржысIам хуэдэу къысщохъу.
ИщхьэкIэ зыржытIэм хуэдэс: Цыхухэр гъащIэм къыдэкIуэу ягъащIэр ехъулIэныгъэкIэ ягъэщIэн папщIэ дэтхэнэ лъэхъэнэми ягупсысэкIэр зэтохуэ.

-Нартхэм нэхъ къыхэщ цIыхубзыщхьэхэр сыт хуэдэ?
-Нартхэм хэт цIыхубзхэри ищхьэкIэ зигугъу тщIа лIыхъужьхэм хуэдэс.
Зытэмыт щIыжыпIэн щIыIэIым.
Хэкум къыщIыдэкI «Адыгэ Псалъэ» газэтэр къыдэкIыхукIэ традзэ “дифI дывымгъэпыуд ди Iей дывымгъэпщкIу” жихуIи псалъэр цIыхухэм ягъэпэжын хуес.

-Европэ щIэныгъэлIхэм ящыщ гуэрхэм Адыгэ Мифологием гулъытэ щIыхуащIыр сыту пIэрэ?
-Эвропэм ис щIэныгъэлIхэр Нартхэм щIэджэр сэ сщIэым. Къысхуэгъэгъу.

-Нартхэр даурэ пIэрэт зэрыбжэр? Зы бжыгъэ систем яIэ?
-Нартхэм быжыгъэ, пщалъэ псалъэхэр хэтс.

1) Былымхэр щабжкIэ мыпхудэу жаIэрт: инхэр бгъу, жьабгъэхэр пщIы, зэмыфэгъухэр пщIыкIуз, зэфэгъухэр щэщI псоми щэщI – щэщI ящIэсыжс. Нобэрэй гъащIэми щэщI бжыгъэм нэс бжыгъэхэр нэхъ куэдыу цIыхухэм зэрахьэ. Зы махуэр сыхьэт 24 у, зы тхэмахуэр махуибгъуу…

2) Жыжагъыр ‹гуоугъ› псалъэмкIэ (гуогъуищкIэ, гуогъуиплкIэ…)?
Махуэ е мазэ е зымахуэ ныкъуэ е илъэс гъуэгу хуэдэ бжыгъэхэри хэтс.

3) Лъагагъыр е кууагъыр зэрапщыр “лъащхьэм къэс, лъэнкIапIэм нэс, бынжэм къэс, бгъэгум къэс” хуэдэу.

4) Iэпхъуамбэ псалъэри зырахьэт. «Iэпхъуамбэ бармыкъым ущIэзгъэпщынс».

5) Бгъуагъым щхьэкIэ «залэ, тIуалэ, щалэ, плIалэ, IэплIакIуэ, лъэбакъуэ».

6) «Тхьэ» псалъэри зырахьэт. Iалыджхэ я унэжьым тхьэ щэщI и кIыхьэгъс.

7) Хьэлъагъыр: зы цIыхуым, зы шым, зы вым зэрыхуэIэт, зэрыхушэ жаIэрт.

-Нарт хъыбарыжьхэм нэгъуэщI бзэхэм къыхэкIауэ псалъэ хэту пIэрэ?
-Нарт хъыбарыжьхэм нэгъуэщI бзэхэм къыхэкIауэ псалъэхэр хэтс.

Абы нэгъущI лъэпкъхэм зэрылъэIэсахэр къегъэлъагъуэ. Нэхъыбэу хэт псалъэхэр, нобэ дэтхэнэ зы адыгэми уэрыу зыррихьэ псалъэхэрас.

Мыхэр: мурад, хьайуан, царэ, къолай, хъатыр, хьэрчэт, изын, делэ, забит, тохът, план, хьилэ, хьалэл, хьазыр, къаплэн…

Мы псалъэхэм и Адыгэбзэр, гъащIэм къыдэкIуэу Адыгэбзэ псалъэхэр хагъэхуас.

-Утхъэжу ущыIэ Алпаслэн. И джыри куэд жыпIэфыну къыщIэкIынщ, Нартхэм теухуауэ. Ауэ нобэ щхьэкIэ мыдэж щызухынщ. Адыгэхэм щIэкIэ Iуэху куэд, Тхьэм къыуигъэлэжь.
Упсэу!

*Алпаслэн и Адыгэбзэр, Узын-яйлэ (Тыркум) къапсэлъыкIэщ (Къэбэрдей къэпсэлъыкIэри, Хьэтыкъуей къэпсэлъыкIэри зэхэухуэнауэ щыщытыр нэхъыбэщ). Мы Адыгэбзэжь дыдэр, зэрыщыту (Литературэм итлъхьэну дыхэмыту, зэрыттхыфкIэ) къэдгъэнэну яужь дитащ.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz