Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Урыс-Кавказ зауэр зэпэщIэта лъэныкъуитIым я еплъыкIэкIэ

Мазэ зыбжанэ ипэкIэ дунейм къытехьа, сурэткIэ гъэщIэрэщIа щIэнгъуазэм («Адыгэхэр: дуней псом щынэхъыжь дыдэ лъэпкъхэм ящыщ зы») напэкIуэцI 34-рэ щеубыд Урыс-Кавказ зауэм хухэха Iыхьэм.


Тхылъыр иджыри хьэзыр мыхъу щIыкIэ, абы щыщ пычыгъуэхэр адыгэбзэм къидгъэзагъэурэ «Адыгэ псалъэм» къытеддзэу дыкъекIуэкIащ, псом хуэмыдэу накъыгъэм и 21-м ирихьэлIэу. Щхьэхуэ-щхьэхуэурэ гъуэгу къытеува а жыIэгъуэ кIэщIхэм ди тхыдэм щыщ теплъэгъуэхэр нэгум къыщIагъэувэ пэтми, зы псалъащхьэм и лъабжьэм зэрыщызэмыуIуам къыхэкIыу, псори къызэщIэзыубыдэж гупсысэ яхуэчэму жыпIэ хъунут. ЩIэнгъуазэр къыдэкIыу псалъэхэмрэ сурэтхэмрэ зэгуэува нэужь, наIуэ къэхъуащ а гупсысэр: ар Урыс-Кавказ зауэм и джыкIэм зихъуэжын зэрыхуейрщ, абы дызэрыхуеплъэкIыж нэхэм иджыри зэрыпхъуакIуэм и нэгъуджэхэр зэраIулъырщ. Илъэситхукъым, илъэсипщIкъым икIи тIощIкъым адыгэр зауэ губгъуэм зэритар. Абы сабийуэ хэувар Iуэхум и кIэм иплъакъым, зауэм щ1идза къудейуэ къалъхуар ар имыухыу лIэжащ. Зы лъэхъэнэм щалъэгъуар адрейм зэрынахьэсар нэхъыбэу лъырэ лыкIэщ, абы къыхэк1ыу, тхылъымпIэм щыхъума ди тхыдэр нобэми хуэбзэмыIущ.
Ахэр ди щхьэусыгъуэу, зи гугъу тщ1ы щ1энгъуазэм и «Урыс-Кавказ зауэр (1763-1864)» 1ыхьэм щызэхуэхьэса жы1эгъуэхэм зэ дриплъэжыныр, ахэр къызэзынэк1ахэми мащ1эу я гугъу тщ1ыныр игъуэу къэтлъытащ, сыту жып1эмэ, нобэр къыздэсым зи ужь дитар адыгэхэм лей къазэрытехьар, зауэр зэрекIуэкIа къудейр пхыдгъэкIыну арамэ, иджы зэманым зэрызихъуэжам и нэщэнэхэр «бжэм къытоуIуэ». Адыгэхэм яшэча бэлыхьым теухуа псалъэ щхьэпэ къэралым зэригъэIупхъэр хуабжьу жызыIэф щIэныгъэлIхэм я макъхэр къагъэ1у хуэм-хуэмурэ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, «Вагъуэ» («Звезда») журналым и редактор нэхъыщхьэу щыта, Урыс-Кавказ зауэм и тхыдэр захуагъэм тету и тхылъхэм къыщызыгъэлъэгъуэф закъуэт1акъуэхэм яз Гордин Яков. Дэ зауэр илъэсищэрэ зы илъэскIэ екIуэкIауэ жытIэ щхьэкIэ, а нэхъыжьыфIым и еплъык1эмк1э, зауэр иджыри иухакъым. Пётр Езанэм Кавказыр Урысейм гуигъэхьэн гукъыдэж щигъуэта и «Каспий зекIуэм (1822)» деж къыщыщ1эдзауэ къебж Гординым урыс-кавказ зэпэщ1этыныгъэм и ныбжьыр, аращи, а 1уэхур къызэрежьэрэ етIанэгъэ илъэс 300 ирикъунущ.

Уи жагъуэ зэрыхъущи, адыгэхэр зытеунэхъуа гузэвэгъуэр езыхэм я лэжьэж хуэдэу дунейпсо цIыхубэм я фIэщ зыщIыну хэтхэм я бжыгъэри мэбагъуэ, я макъ ягъэIуну щхьэусыгъуэ къызэралъыхъуэр нэрылъагъуу, нэхъ уащыхуэмыхьэзыр дакъикъэм зыкъызэкъуах. А псом къегъэлъагъуэ ди тхыдэр зэфIэдгъэувэжыным хуэунэтIа етIуанэ лъэбакъуэм и чыгъуэр къызэрысар.

«Бийр нэгукIэ пцIыхун хуейщ», – жеIэ псалъэжьым. Илъэсищэ бжыгъэ зытекIа хъыбархэр мынобэрейми, тхыдэм захуагъэм тету къыхэкIа, зи лъэпкъ зыхъумэжа лIыхъужьхэмрэ абыхэм лейзехьэу зыкъезыгъэцIыхуа пащтыхь хьэмаскIэхэмрэ я IуэхущIафэр зэманым изри, ди пащхьэ кърилъхьэжащ. Зыри псэужкъым а зауэм зэдыхыхьахэм ящыщу, ауэ мыхъумыщIагъэм и лъэужьыр зэрыгъэкIуэдыжыгъуейм, захуагъэм гъуэгу зэрегъэгъуэтыжыгъуейм дэри дрищыхьэтщ. А гупсысэхэрат щIэнгъуазэр къызэIузых тхылъеджэр зыхуэтшэну дызыщIэхъуэпсыр, Урыс-Кавказ зауэм теухуа Iыхьэр щыдгъэхьэзырым, зэи зи кIэм уимыплъэфыну псалъэ шэрыуэхэм дащыхэдэм.

Лъэпкъ гуауэр псоми зэхуэдэу зыхэтщIэркъым, дауи, абы щхьэж бгъэдэтлъхьэ акъылри зэтехуэркъым. Сыт хуэдэ дэ ди еплъыкIэр? Ар тхылъым «къыщыдгъэпсэлъахэм» къыжраIэнущ абы еджэхэм. Ауэ дэ ди гупсысэр еплъыкIэ къудейуэ зэрыщымытыр, абы тхыдэ щыхьэтхэр къазэрыдежьур наIуэ къэтщIын папщIэ, дэ къэдгъэсэбэпащ лъэпкъым къыпэщIэта, Iуэхухэр зезыгъэкIуа, езы урыс генералхэм я жыIэгъуэхэри. Нобэ зи жьэр зэщIэзых «пэжырылъыхъуэхэм» пащтыхьым Кавказым къиутIыпща урысыдзэр псапащIэу къежьауэ, ямей зэхьэл1энымрэ ц1ыху ук1ынымрэ зи лъэпкъ хьэл «шэрджэс хьэIуцыдзхэм» яIэщIэкIуадэ пэта къэзакъ тхьэмыщкIэхэр кърагъэлын щхьэкIэ, ф1ы ягу илъу къытхыхьауэщ зэрагъэ1ур. НэхъеижитIу уигу хэзыгъэщIращи, ди лъэпкъэгъухэми яхэтщ адыгэхэм я мылъку къэугъуеикIэр зэрыщыту хъунщIэнымрэ фыщIэнымрэ тещIыхьауэ къекIуэкIыу къызыщыхъу.

Уи хэку зыубыда, уищI, уипс, уи хъупIэ къыптезых, уи унагъуэр зэрыбгъэшхэну ерыскъыр ппэзыубыд бийм уи зэран ебгъэкIыныр зауэм къигъэув хабзэт. «КъарууфIэм дежкIэ къарууншэр къуаншэ зэпытщ», – жыхуиIэ шыпсэм ипкъ иткIэщ а пэжыр щIэхъума зэрыхъур. Ауэ биибзэкIэ фIэкIа зыщыдымыухеижыфынукIэ, ирепсалъэ захуагъэм тету зыкъэзылъытэжхэри.

«ЩIыналъэр псынщIэу къытIэрыхьэн папщIэ, Iэмалхэм я нэхъыфIыр гъаблэм зедгъэубгъунрауэ къызолъытэ», – щетх дэфтэрхэм я зым адыгэхэм «генерал плъыжь» зыфIаща Вельяминов Алексей. Абы щыхьэт тохъуэ къэзакъ тхыдэтх Короленкэ Прокопий и псалъэхэри: «Вельяминовым къызэрилъытэмкIэ, бгырысхэм я шхыныр япэдубыду фIэкIа ди унафэм щIэдгъэувэфынукъым, аращи, адыгэхэм я зэхуаку гъаблэм зыщегъэубгъун хуейщ. ХымкIэ кърашу зыхэпсэукIыпхъэ гуэри къаIэрымыхьэн хуэдэу, Анапэрэ Гагрэрэ я зэхуакум а Iуэхум кIэлъыплъыну дзэ щхьэхуэ гъэувыпхъэщ, хы щIыIуми плъыр кхъухьхэр теутIыпщхьэн хуейщ. Бгырысхэр езыхэм гъавэ зытрасэ щIыхэм щызэщыдгуэнщи, абдежым къэзакъхэр идгъэтIысхьэнщ. Сытми, дэ ди тетыгъуэм и унафэ хэмылъу, абы кърита хуитыныгъэ ямыIэу, яшхын ямыгъуэту тщIын хуейщ ахэр».

Псалъи тхылъымпIи пхурикъунукъым адыгэхэм къытраха мылъкур къыщабжыж дэфтэрхэр зэбдзэк1ыну ухуежьэмэ. ИтIани, апхуэдэ щапхъэ зыбжани къэтхьынщ. Губгъуэри хъупIэри зыпаубыда, Iэщ, шы, мэл зехуапIэ зрамыт, гъаблэм ирахулIа адыгэм и унагъуэм иригъэшхын тIэкIу трахам къыхидыгъукIыжмэ, «хъунщIакIуэт», «хьэкIэкхъуэкIэт», «лъэпкъ мыгъасэт», имыщ1ыналъэ къиужьгъауэ хэкурысыр зыхъунщIэм 1эрыхьэ мылъкум зэреджэр «контрибуцэт», зауэбзэкIэ жыпIэмэ, «зэрыпхъуакIуэм зытекIуа бийм иригъэпшын къуэды».
«1804 гъэ. Адыгэхэр зэхакъутащ, цIыху 500-м нэс яукIащ, 4 гъэру яубыдащ. Урысыдзэм мэл 2000, Iэщышхуэу 50, гъавэрэ мэкъумылэу зыкъом зэщIикъуащ, ухуэныгъэхэр игъэсащ», – дыкъыщоджэ къэзакъ тхыдэтх Щербинэ Фёдор и гукъэкIыжхэм.

Ардыдэм 1809 гъэм ехьэлIауэ етх: «Къуажэу 18, къутыр, бжьэ хъупIэ хуэдэу бжыгъэшхуэ дгъэсащ, адыгэ 300 яукIащ, 520-рэ уIэгъэ хъуащ, гъавэрэ мэкъумылэу ягъэтIылъам мафIэ щIэддзащ».

1824 гъэм теухуа хъыбарегъащIэм къыщокIуэ: «Урысхэр хуиту адыгэ щIэпхъуэжхэм яхэуэрти, абдеж дыдэм хьэдэ 200 къыщынащ. Инжыдж цIыкIу зэпрысыкIыну хэт пэтрэ, цIыхушхуэ, псом хуэмыдэу сабийуэ, хитхьэлыхьащ. ЦIыхухъурэ цIыхубзу 370-рэ гъэр тщIащ. Шыуэ 600, Iэщышхуэу 1200-рэ, мэлу 700 къытIэрыхьащ».
Урыс-Кавказ зауэм дыщытепсэлъыхькIэ, дэ езым захуагъэм тету дымылъагъу гуэрхэри Iуэхум къыхохуэ. Тхыдэм зи цIэр щыгъэлъэпIа ди лIыхъужьхэм я гугъу щытщIкIэ, абыхэм зэрахьа лIыгъэр къызэрыхэдгъэщыным дызэрелIалIэр езы зауэм и екIуэкIыкIар зыгурыдгъэIуэным зэран хуохъу. Зи гугъу тщIыр нэхъ леишхуэ зытехьа, Шэрджэсей ц1эмк1э тхыдэм къыхэна КъухьэпIэ Кавказ лъэныкъуэм бэнэныгъэр зэрыщекIуэкIа щIыкIэрщ. Илъэс дапщэт Шэрджэсейм щызэфIэува адыгэ къэралыгъуэр зэрызэхэтар? Сыт хуэдэ зэгурыIуэныгъэ лIэужьыгъуэт къухьэпIэ адыгэхэм иращIылIар? Сыт апхуэдиз адыгэ щIыхэкIуэдар? Зауэр нэхъ пасэу къэувыIэну Iэмал щыIа? А упщIэхэм я жэуап къыщыдгъуэтыну дыхэтащ къытIэрыхьа тхылъхэм. Урыс генералхэр щыдгъэпсалъэкIэ, «адыгэгу зыкIуэцIылъ авар» зыфIэзыщыжа, къухьэп1э лъэныкъуэм щек1уэк1а зыхъумэжыныгъэр зи унафэм щ1эта Мухьэмэд-Амин-нэIибми жьэ едвгъэт:
«Ди Iуэхур зыIутар сыт жыпIэмэ, дэIэпыкъуэгъу зэрыдимыIэм къыхэкIыу, къытхуэнэр урысхэм мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэ етщылIэнырт. Ауэ сэ мы щIыналъэм (Шэрджэсейм – ред.) сыкъэзыгъэкIуар Щамил-Iимамрати, абы 1эщэ имыгъэт1ылъауэ сэ зэгурыIуэныгъэ Iуэху сыхыхьэныр сфIэемыкIу хъури, иджыри илъэсищкIэ дызэуащ. Урысхэм Дагъыстэныр къаувыхьу, Щамил зрагъэта нэужь, Iимамым Калугэ къысхуритхыкIащ урысхэм дапикIуэтыну унафэ къысхуищIу, арати, зизмылъэфыхьу мамырыгъэр къэзгъэнэIуащ».

Тхыдэм дихьэххэм папщIэ, я цIэ къитIуэнщ зэпэщIэта лъэныкъуитIым щыщу зи жыIэгъуэхэр къэдгъэщхьэпахэр. Урыс дзэзешэхэу Бутков Фёдор, Воронцов Михаил, Филипсон Григорий, Тормасов Александр, урыс генералхэу Штрандман фон Густав, Ковалевский Пётр, Новицкий Георгий, Евдокимов Николай, Вельяминов Алексей, император Александр I и шугъусэу щыта граф Де Рошешуар, щIэныгъэлI цIэрыIуэ Клапрот Юлиус, къэзакъ тхыдэджхэу Короленко Прокопий, Потто Василий, Щербинэ Фёдор, тхакIуэхэу Данилевский Николай, Фадеев Ростислав, Руновский Аполлон, урыс офицерхэу Штедер, Беклемишев Николай сымэ, шэч хэмылъу, бгырысхэми адыгэхэми я телъхьэтэкъым. ИтIани абыхэм я псалъэхэрщ щыхьэту къэдгъэувыр урысыдзэм лей зэрызэрихьамкIэ.

Бийм и лъэныкъуэм щымыщхэу зи псалъэ дигу къэдгъэкIыжахэм я гугъу тщIымэ, абыхэм яхеубыдэ лыхь офицер Лапинский Теофил, инджылыз тхыдэдж Баделли Джон, кавказ тхыдэтх 1эл-Къэрахъий Мухьэмэд ТIэхьир, дагъыстэн щIэныгъэлIхэу Эльдаров Магомед, Магомеддадаев Амырхъан, Дашлай Фазил сымэ, езы Мухьэмэд-Амин-нэIибыр, тырку офицер Уэсмэн-бей, урыс публицист Тихомиров Лев, куржы бзэ щIэныгъэлI Джанашиа Симон, адыгэ тхыдэдж бзылъхугъэ Чэучэ Анжелэ сымэ.

Дызыхэщыпыхьа тхыгъэхэм къыхэтхащ щихъ Щамил Къэбэрдейм къызэрыкIуа хъыбарым теухуа пычыгъуэхэри. Iимамым и тхыдэр зытхыжа, къыбгъэдэтыпэу зауэм къыдыхэта кавказ щIэныгъэлI телъыджэ 1эл-Къэрахьий Мухьэмэд ТIэхьир и гукъэкIыжхэм я фIыгъэкIэ дэри къэтщIащ 1846 гъэм Къэбэрдейм къыщыхъуа дыдэр. Урыс тхыдэтххэм ялъэкI къагъэнакъым езыхэм япэщIэта лIы махуэхэм я цIэр Кавказым щагъэпудын, ахэр бийм и тIасхъэщIэхыу щытауэ, пашэ зыхуэхъуа цIыхухэр ямыгъэпэжа хуэдэу ягъэIун щхьэкIэ. А гупсысэкIэ мыщхьэпэм зы лъэбакъуэкIэ нэхъ мыхъуми дыкъибэкъукIыфамэ, ари ехъулIэныгъэу къыдолъытэ.

ГурыIуэгъуэщ Урыс-Кавказ зауэм и тхыдэр щIэх дыдэу зэрызэфIэмыувэжынур, ауэ гу лъыптэу абы тепсэлъыхьхэр нэхъыбэ икIи нэхъ хуит хъуащ. Къанэр ар лъэпкъ зэныкъуэкъум хуэмыгъэкIуауэ, зэгурыIуэныгъэм, зэкъуэтыныгъэм, зыужьыныгъэм Iэмал хуэщIынырщ.

Урыс-Кавказ зауэм щытепсэлъыхькIэ, кIыфIыгъэм хитхьэлыхь бгырысхэм зыдагъэужьауэ, цивилизацэм и нэхум дыхашауэ, кIэщIу жыпIэмэ, драгъэхъулIауэ къэзыгъэлъэгъуэну хэтхэм я макъым Iэгъэбэгум ещхьу интернет губгъуэр зэриуфэбгъум псори дрищыхьэтщ. Дэ абыхэм жэуапу еттыр зэк1э псалъэк1э тхупхымыгъэк1ми, ди псэукIэм къыхощ: бийм утемыкIуэнкIи хъунщ бжыгъэкIэ, мылъкукIэ, къарукIэ. Ауэ ц1ыхум цIыхукIэ щIеджэжыр абы цIыхугъэ зэрыхэлъыпхъэрщ, ар 1эщэм ещхьу гъущ1ым къызэрыхэмыщ1ык1арщ, гущ1эгъур зэрыхуэщырщ. ЦIыхугъэ и лъэныкъуэкIэ сыт щыгъуи текIуэр лей зезымыхьэрщ. А гупсысэм ипкъ итк1э, я напэр къабзэу ахърэт 1ыхьлы хъуа ди адэжьхэр езы ухыгъэми егъэзахуэ. Джаур зауэжьым цIыхущхьэкIэ дыщыхилъэфами, цIыхугъэкIэ дызэрыщытекIуар ди хьэлрэ ди Iуэху зехьэкIэкIэ дяпэкIэ щыIэну дунейм и фIэщ тхуэщIмэ, тхыдэри и пIэ иткъым, лъэпкъыр фIым дызэрыхуэкIуэнур хьэкъщ. «Ухеймэ, улъэщщ» жызыIа адыгэра абы шэч къытезыхьэнур?!

(Адыгэ Псалъэ)

Yazarın Diğer Yazıları

Зэрагъэбагъуэ пщалъэхэмрэ есэп нагъыщэхэмрэ

Гъэ еджэгъуэщlэм щlидзакlэщ. Щlэныгъэм хуэпабгъэ сабийхэм я тхылъылъэхэр тхылъыщlэхэмрэ тетрадыщlэхэмрэ ирашэх. Къалэмхэр, къэрэндащхэр, хьэфэтегъэкlхэр – псори щlэрыпсщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ еджакlуэ цlыкlухэм нэгъуэщl зы насыпыщlи...

Ди япэ илъэсищэр

2022 гъэм жылагъуэ гъащІэм нэхъ гукъинэж дыдэу сыт къыщыхъуар жытІэу дызэупщІыжмэ, ар Къэбэрдей-Балъкъэр республикэр илъэси 100 зэрырикъуарщ. Апхуэдэ махуэшхуэ нэхъ пасэми щагъэлъэпІа къыщІэкІынщ ди...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img