Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Пшыналъэр зи дуней

2019 гъэм и кIэухым дыщызэрыцIыхуат Налшык къалэм. Ауэ апщыгъуэм ди репортажыр зытедухуар Еуаз Зуберт.
Иджы мы репортажымкIэ ди щIэджыкIакIуэхэм Апсэхэ Дианэ фэдгъэцIыхунущ. Ар «Бзабзэ» гупым хэтщ. «Абазэ-Адыгэ Къэфалъэхэр» зыфIища и тхылъыр 2021 гъэм и гъатхапэ мазэм Налшык къыщыдигъэкIащ. Абы ихуащ абазэ-адыгэ пшыналъэхэр.

 


 

-Абазэ-адыгэ къафэхэм ящыщу 91-м я нотэхэр щызыхуэпхьэсащ уи тхылъым. Абы щхьэкIэ фIыщIэ пхудощI, дынохъуэхъу! Мы къафэхэр къыщыхэпхым сыт хуэдэ щапхъэ зытебухуар?

-МахуэфI Тхьэм къыуит! Тхьэр арэзы къыпхухъу! ИкъукIэ си гуапэщ гулъытэ къызэрысхуэфщIар! Мы тхылъым елэжьын щIэздзэн ипэкIэ, а Iуэхум сызэрыхуэкIуам мащIэу сыфхутепсэлъыхьынщ. Си анэшхуэр, Тохъутэмыщхэ Лейла -пшынауэт. И макъамэхэм дедэIуэн щхьэкIэ нанэхэ я деж дыщызэхуэст, пшынэ къытхуеуэну делъэIу зэпытт. СфIэгъэщIэгъуэнт нанэ къригъэкI къафэхэр, ахэр зыщIыпIи щызыхэсхтэкъым. Апхуэдэу, япэрей пшынауэхэм я макъамэхэр, пшыналъэхэр зэхуэсхьэсын щIэздзащ.

Къэбэрдейм деж институт къыщызухыным куэд имыIэжу, Еуаз Зубер и «Бзабзэ» гупым сригъэблэгъащ. Къафалъэ зэхуэсхьэсхэр нотэкIэ стхыжурэ куэд хъуат. Иужьым ахэр тхылъу къыдэзгъэкIыжыну Зубер сытригъэгушхуащ. Зубери хуабжьу дэIэпыкъуэгъу къысхуэхъуащ, нотэ стхыжахэр тхылъу компьютеркIэ зэпэгъэувэнымкIэ, щIэрыщIэу зэгъусэу дыхэплъэжу, нотэм дыхэлэжьыхьыурэ екIуэкIащ. Ауэ тхылъыр иныIуэ, IувыIуэ хъунущ жытIэри, дызыхуей псори тхылъым ихуакъым, иджыри тхущI хуэдиз къэнащ. Абыи иджыпсту хызогъахъуэ, солэжь, хьэзыр хъумэ, Тхьэм жиIэмэ, ари къыдэдгъэкIыжынущ.

 

-Тхылъыр щызэхэплъхьэм чэнджэщэгъу къыпхуэхъуащ ХьэIупэ ДжэбрэIил, Думэныщ Iэулэдин, Апсэ ФатIимэт, Езауэ Мадинэ, Хъурэй Феликс. Дэтхэнэ зыри мы лэжьыгъэм зэрыхуэIэижьыр дощIэ. Сыт хуэдэ еплъыкIэкIэ фыбгъэдыхьа Iуэхум?

-Тхылъыр згъэхьэзыру Хъурей Феликс щызэхихым, егъэлеяуэ щыгуфIыкIащ, «Хьэзыр хъумэ сэ къыпхудэзгъэкIынущ» -жиIащ.

Нотэхэр хьэзыр щыхъуам щыгъуэ, ХьэIупэ ДжэбрэIил сечэнджэщыну, хэзгъэплъэжыну сыхуэкIуат. Лэжьыгъэр ДжэбрэIил хуабжьу игу ирихьащ. «ФIы дыдэщ» щыжиIэм, адэкIэ къафэхэм я цIэхэр, я зэкIэлъыхьыкIэр, псалъащхьэхэмкIэ ипIэм игъэзэгъэжын хуейти, а IуэхумкIэ Думэныщ Iэулэдин зыхуэзгъэзат. ИкIи, махуэ бжыгъэкIэ делэжьащ Iэулэдинрэ сэрэ, системэ гуэрым идгъэхьащ. Зэрызэщхьэщытхар: уджхэр, къафэхэр, лъапэрыфэ къафалъэхэр, абазэ -беслъэней -къэбэрдей къафалъэхэр.

Тхылъым къафэ зэмылIэужьыгъуэхэр ихуащ, къыкъуэкIыжауэ, псалъэм папщIэ, Дадагара, Къэрэшей-Черкесым щыIэ абазэхэм яхъума макъамэщ. ФIэщыгъэцIэм къикIыр сыт жыпIэмэ, ар «дадэр-дадэщ», «гарэр-гущэщ». Иджы а макъамэр абазэ къуажэ куэдым яхъумауэ йоуэ, ауэ «Дадагара» цIэр Гумлокт къуажэ закъуэщ къыздинар, ари тфIэгъэщIэгъуэн хъуащ, адэкIэ ПIэтIэлей, Нысэ гъафIэ абазэ пшыналъэ, КIапсэрыкIуэ….

Тхыгъэр хьэзыр хъуа иужькIэ адыгэбзэкIэ зэзыгъэзэхуар Езауэ Мадинэщ, абазэбзэкIэ Апсэ ФатIимэтщ.

-Уи пшынэ макъыр зэхэзыхым, къэмыфэу ипIэ итын хузэфIэкIынкъым. Уи пшынэм щIэдэIур апхуэдизу дехьэхри кIэух имыIэу седэIуащэрэт жрегъэIэ. Макъамэм дауэ ухэша хъуа? Хъунумэ иджыри тIэкIу дикIуэтыжынщи, дэнэ укъыщыхъуа?

-Ди унагъуэр цIыхуитху дохъу, си адэ, си анэ, нэхъыжьу шыпхъуитI сиIэщ. Черкесск къалэм сыкъыщыхъуащ, къуажэкIэ Къара-Пагуэ сыщыщщ, абазэ къуажэщ.

Пшынэ еуэкIэм зезгъэсэну сызэрыхуэкIуар аращи, си анэшхуэр пшынауэт, сызэрысабийрэ сфIэфIт а макъамэхэр, нанэ и Iэпэхэр зэрызэригъакIуэм сыкIэлъыплът.

ИлъэсиплIрэ ныкъуэрэ сыхъуу Къэрэшей-Черкесым япэ дыдэу пшынэкIэ класс къыщызыIуэхам иригъаджэу щIэзыдзар Гъуаджэхэ Галинэщ. Сэри абы и дежщ щезгъэжьар. Илъэсибл сыхъуу Галинэ нэIуасэ сыхуищIащ пшынауэ Iэзэ Ажбэчхэ Валерэ. ИкIи, абы и фIыгъэу къыщIэкIынщ пшынэр IэщIагъэу къыщIыхэсхыжари, япэу сызыхыхьа «Меркурий» ансамблми арат сыхэзышар.

Си еуэкIэм нэхъри зезгъэужьыну сыхущIэкъуурэ Абхъазым щыIэ колледжым сыщIэтысхьащ, пшынауэ цIэрыIуэ, композитор Хъунцария Уэтэр и деж. 2010 гъэм колледжыр къэзуха нэужь Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ, гъуазджэхэмкIэ Ищхъэрэ Кавказ институтым сыщIэтысхьащ, Кхъуэжь Мадинэ и деж.

Ауэ иджыри зы хъуэпсапIэ сиIэт, Къэбэрдейм сыщыIэху шыкIэпшынэм зезгъэсэну, абы щхьэкIэ Еуаз Зубер зыхуэзгъэзащ. Тхьэр арэзы къыхухъу, занщIэу и гупым сыхыхьэну сригъэблэгъащ. «Бзабзэ»-м сызэрыхыхьар сэбэпышхуэ къысхуэхъуащ.

ЖызмыIэу хъунукъум Зубер сигъэцIыхуауэ Амщокъуэ Сэфэрбий. Пшынауэ Iэзэщ, и пшыналъэхэр, и еуэкIэр, и гъэбзэрэбзэкIэр гъуэзэджэщ, абыи и IэщIагъэм куэду сыщигъэгъуэзащ.

 

-Тыркум, Германием ущыIащ. Хэхэс адыгэхэри плъэгъуащ. Дауэрэ къыпщыхъуа узыхэплъар, зэбгъэцIыхуахэр?

-Тыркуми, Германиеми зэкъым -тIэукъым дызэрыщыIар, иужьрейм цIыкIухэми, инхэми даригъусащ, дадэлэжьащ. Япэ дыдэу дыщыкIуам тIэкIуи сыгузавэт, ауэ дызыхыхьахэм я гуапагъэр, дахагъэр, я гу къабзагъэр, я зыхэтыкIэр, ди унагъуэм сахыхьэжа хуэдэт, апхуэдизу си псэм пэгъунэгъу хъуати. Сыт жысIэн, дыздэкIуам шыпхъу, дэлъху куэд щызгъуэтауэ сыкъэкIуэжащ.

 

-Упсэу, Дианэ! Жьынэпс еджакIуэхэм папщIэ сыт жыпIэн?

-Иджыри зэ Тхьэр арэзы къыфхухъу, вжызоIэ! Гулъытэ къызэрысхуэфщIар, сыт хуэдэ лэжьыгъэ фыпэрыувэми ехъулIэныгъэ щывиIэу, фи бынкIэ, унагъуэкIэ фыузыншэу, насыпрэ гуфIэгъуэрэ фи куэду фыпсэуну сыфхуохъуахъуэ!

Yazarın Diğer Yazıları

Фи тхыдэр зыщывмыгъэгъупщэ…

Ди ныбжьэгъу Чурей Дыжын и фlыгъэкlэ Куржы-Абхъаз зауэм и лlыхъужь Мырзей Аслъэнбэч 2024 гъэм накъыгъэ мазэм и 30-м доктор диссертацэ пхигъэкlыну утыку кърилъхьауэ къэтщIат....

Макъхэм я лъэужьымкlэ зэманым къыщыкlухьын…

Эрджиес университетым и егъэджакlуэ, филологие щlэныгъэхэм я доктор Пащты (Мыжей) Мадинэ «2023 гъэм и фокlадэ мазэм екlуэкlа щlэнзекlуэр си лэжьыгъэ нэхъ гъэщlэгъуэнхэм ящыщ зыт»...

Макьхэм я лъэужьымкlэ зэманым къыщык ухьын…

Эрджиес университетым и егъэджакlуэ, филологие щlэныгъэхэм я доктор Пащты (Мыжей) Мадинэ «2023 гъэм и фокlадэ мазэм екlуэкlа щlэнзекlуэр си лэжьыгъэ нэхъ гъэщlэгъуэнхэм ящыщ зыт»...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img