Бабыгуей (Aşağıhöyük) Къабардей къуажэщ. Къуажэр Хэкум щыIэ Сэрмакъ къуажэм кърашри кхъухькlэ Самсун къалэм къекIуэлIащ, абы икIри Амася Къазова къэтIысащ. Аргъуейр лажьэу къакIэрыхъыжьэу цIыху куэд илIыкI щыхъум, мыр дэ псэупIэ тхуэхъунукъым жаIэри, аргуэрыжу зыкъаIэтщ, тIу зращIыкIри, языныкъуэхэр Йылдызели Киремитли Бабыгуей къуажэр щаухуащ. А къуажэм и цIэр Бабыгуей пэтми, Бабыгу кIуакъым. Бабуг Асхьэд а гупым къахэкIри нобэрей псэупIэм къэтIысащ.
Нобэ къуажэм щыпсэу лъэпкъхэр и гъусэу, Есэнкъулхэ Тамбийхьэблэ щыщу иужькIэ къахэтIысхьауэ аращ.
Хьажкъасым лъэпкъри хуабжьу ефэнды лъэпкъыу Бабыгухэ я гъусэу къашащ. Бабыгуей къуажэр Сивас къалэм километр 94-кIэ, Къанкъал районым километр 40-кIэ пэжыжьэщ. Къуажэр Йукары хьойук (шэшэн) ярасар, Къушкъаясы, Иналкъуей къуажэхэмкlэ къэтIысыхьащ. Къуажэм и щIыр щIыфIщ, кIэртIоф, мэшкIэ толэжьыхьхэр, Iэщ щIагъуэ зэрахуэжкъым. Ауэ ипэм IэщкIэ (мэл) хуабжьу хуэщlауэ мэл хъушэ зыбгъупщI дэкIыу щытащ. Ауэ нобэ цIыхухэри къалэхэм ебащи, еджэн зиIэхэм я бын ирагъэджэн я щхьэусыгъуэу къалэхэм щопсэу, гъэмахуэм къуажэм къыщызэхосыж, мэшым толэжьыхь.
ЩIымахуэм къуажэм унагъуэ 15 къыдэнэу аращ. Ауэ гъэмахуэм унагъуэ 60-70 къыщызэхуос.
Къуажэм къэрал къулыкъущIэу еджауэ лIы куэд къыдэкIащ.
Къуажэм лIы цIэрыIуэ куэд дэсащ: Хьэжкъасым Зечи, Фехьми, Хьакъи, ЛэмпIэжь Нэджати, Бабуг Мэмо, япэ дигу къэкIахэр.
Къуажэр Узуняйлэ щIыналъэм тету ялъытэ. Ауэ Къанкъал районым хиубыдэу аращ. Къуажэр Узуняйлэ псэукIэм тетащ, къуажэфIу фэ ираплъу, пщIэ яIэу тхьэмадэ яхуэхъуу я гъащIэм псэуащ.