‘Хэкум щыпсэуныр къыхызох’

Нобэ ди псэлъэгъу Шыкъ (Алтынышык) Талихь Тыркум къыщалъхуащ, Истамбыл къалэм щопсэу, ауэ и гур куэд щlауэ Хэкум щыlэщ. Абы игъэзэжынуи гурылъ быдэ иlэщи, тхьэм къригъэхъулlэ.

   -Талихь, Хэкум бгъэзэжын хъуэпсапlэр дауэрэ уи гум къыщыуша? Хэт утригъэгушхуа?

-Псалъэм и пэр умыщlэмэ, и кlэри пщlэркъым жаlэ адыгэхэм. Сэ Хэкум гъэзэжын lуэхум куэд щlауэ сыщlэхъупсырт, ауэ а хъуэпсапlэр нэхъ наlуэ къэхъуу щыхуежьар си дэлъху Хъуснирэ абы и щхьэгъусэ Гупсэрэ 1994 гъэм Налшык щыпсэуну lэпхъуэжа нэужьщ. Абыхэм я къуэ Къанщауэ дунейм къыщытехьа махуэрауэ (ар къыщыхъуар 1995 гъэрщ) жыпlэ хъунущ сэ Хэкум сыхуэзышэж гъуэгум сыщытеувар. А сабийр слъагъун папщlэ Налшык кlуэрей сыхъуащ. А зэманым щегъэжьауэ иджы къэс дапщэри Налшык сыкlуэурэ сыкъэкlуэжащ. Иужькlэ абы сыщыпсэуну хуит сыкъэзыщl тхылъхэр къыдэсхыну мурад сщlащ. Абы папщlэ мазих къэс зэ зы тхьэмахуэ нэхъ мыхъуми Къэбэрдейм сыщыlэн хуейуэ къыщызжаlэм, ари насыпу къэслъытащ.

 

-Атlэ Хэкум ущыпсэуну бгъэзэжыным утригъэгушхуэну сытхэр щыплъэгъуа Къэбэрдейм? Сыт нэхъ удэзыхьэхар?

-Япэ дыдэу сыщыкlуа махуэмрэ нобэрэ я зэхуакум сыдэзыхьэхын куэд щыслъэгъуащ Хэкум, ауэ псом нэхърэ нэхъыщхьэу зыхэсщlар Тыркум къыщыхъуа адыгэхэр адэжь щlыналъэкlэ дызэджэ щlыпlэм и lэфlагъырщ. Ар зэбгъэпщэн нэгъуэщl гурыщlэ зэрыщымыlэрщ. Зэрыжысlауэ, щlэх-щlэхыурэ Къэбэрдейм сызэрыкlуэм lэмал къызитащ абы щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр къэсцlыхуну, я псэукlэм нэlуасэ зыхуэсщlыну, гуфlэгъуэр щаlэтми, гуауэ щаlэми ядэзгуэшыну къысхуихуащ. Зэрыгурыlуэгъуэщи, апхуэдэ lуэхухэм цlыхухэр псэкlэ зэпэгъунэгъу ещl. Къищынэмыщlауэ, удимыхьэхынкlэ lэмал иlэкъым щlыналъэм и дахагъэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшык гъэм и сыт хуэдэ зэманми дахэщ икlи къабзэщ, и цlыхухэри гуапэщ, нэфlэгуфlэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, ущыпсэуну хуитыныгъэ къозыт тхылъхэр ирикъуу уиlэн хуейщ. Абы и лъэныкъуэкlэ Тыркум къыщалъхуауэ Хэкум зыгъэзэжыну хуейхэм куэду къытщхьэпэнут къэралитlми (Тыркумрэ Урысеймрэ) зэхуэдэу ущыlэфыну хуит узыщl тхылъхэр.

 

-Иджыри къэс ущыпсэуа щlыпlэр, уи ныбжьэгъухэмрэ къыбдэгъуэгурыкlуахэмрэ къызэбнэкlыныр гугъуу къыпщыхъукъэ?

-Зи гугъу пщlыхэр къызэбнэкlыныр тыншкъым. Шэч хэмылъу псори сигу къэкlынущ, сахуэзэшынущ. Ауэ итlани къэлъытапхъэу зы lуэхугъуэ щыlэщ: илъэситlым нэблэгъауэ къекlуэкl уз зэрыцlалэм цlыхухэм я псэукlэм зэхъуэкlыныгъэшхуэ хилъхьащ, абы гу лъыттэми лъыдмытэми. А зэманым къриубыдэу зэlыхьлы-зэблагъэхэми зэныбжьэгъухэми дызэхуэзэну, дызэбгъэдэсыну lэмал диlакъым, телефонкlэ дызэпсалъэу, интернеткlэ дызэрылъагъуу фlэкlа. Иджырей дунейм псалъэм и кlэщlыр зэлъэгъэlэсыныр гугъужкъым, лъагъунлъагъу зэкlэлъыкlуэжи щыlэжкъым. Ущыпсэу щlыпlэмрэ укъэзыухъурейхьыр зыхуэдэмрэщ лъапlэныгъэ зиlэри, сэ Хэкум сыщыпсэуныр къыхызох.

 

-Талихь, тхьэм жиlэмэ, уи тхылъхэр дахэу зэфlэхьэнщи Хэкум бгъэзэжынщ. Абы иужькlэ сыт хуэдэ мурадхэр уиlэ? Сыт къэблэжьынур, дапхуэдэу упсэуну уи гугъэ?

-Зэрыжысlауэ си дэлъху нэхъыжь Хъусни Налшык щопсэури, ар гугъэфlу сиlэщ. Сыт хуэдэ lуэху сытелэжьыхьын, Хэкум сыт щысщlэфын жысlэу сегупсысакъым. Сызыхуеджам теухуауэ, иджыри къэс къэзлэжьа lуэхум ещхьу абдежи зыгуэр щысщlэнкlэ хъунщ. Ди псэукlэ къызэрихьщ, сызыпэщlэхуэ lуэхум зэрысхузэфlэкlын хуэдизкlэ зезыпщытыфыну сыщогугъ, улахуэм, къысхуэлэжьыну ахъшэм елъытауэ щымыту. Абы къищынэмыщlауэ къысщхьэпэнкlэ сыщогугъ си анэдэлъхубзэу адыгэбзэм хуиту сызэрырипсалъэр, “фlы дыдэщ” хужомыlэфынуми, сотхэф икlи соджэф. А lуэхум адэкlи хэзгъахъуэурэ абыи срилэжьэфыну къысщохъу. Жыпlэнуракъэ, иджыри къэс Налшык хьэщlапlэ сыкlуэурэ сыкъэкlуэжамэ, адэкlэ счыну лъэбакъуэхэр Хэкум сызэрыщыпсэунум тещlыхьауэ щытын хуейщ. Иджы зэман нэхъыбэ сиlэнущ Налшыки, ар зи къалащхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэри нэхъыфlу зэзгъэцlыхуну, абы къедзылlа нэгъуэщl щlыналъэу адыгэхэр щыпсэу щlыпlэхэр ззэзгъэлъагъуну. Япэм Налшык сыщыщыlэм, дэнэ сыкlуэми lэмал имыlэу зыгуэр си гъусэн хуейт, сыхьэщlэти. Къалэр зэзгъэлъагъуу уэрамхэр къэскlухьынуми, театрым е концерт, е нэгъуэщl нэгузегъэужьыпlэхэм зэгусэу дыкlуэрт. Иджы нэужь сыхьэщlэкъым, абы щыпсэу адрей цlыхухэм хуэдэ сыхъунущ. Псэун папщlэ цlыхум ищlэн хуей псори зэрысщlэным сыхущlэкъуу си псэукlэр зэтезублэнущ. Си дежкlэ нэхъыщхьэ дыдэу щытыр си анэдэлъхубзэр нэхъри нэхъыфlу зэрызэзгъэщlэнырщ, абы иужькlэ сэ садэlэпыкъуфынущ адыгэбзэр зэзыгъэщlэну хуей сабийхэми балигъхэми, сэ схуэдэу Тыркум икlыжу Хэкум зыгъэзэжхэм анэдэлъхубзэр зэращlэжынымкlи сакъыхуэщхьэпэнущ. И хэкужь исыжу и анэдэлъхубзэр зыхъумэж зы цlыхукlэ нэхъ мыхъуми, адыгэр нэхъыбэ ирехъу.

 

-Талихь, Хэкум ухуишэжу узытеува гъуэгур махуэ пхуэхъуну сынохъуэхъу, уи гурылъхэр къохъулlауэ, адэжь щlыналъэм уи лъэр щыувыжауэ уи гуфlэгъуэкlэ Тхьэм дызэхуигъазэ.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz