Мы гъэм илъэс еянэ хъуауэ ягъэлъап1э Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр. Гъэ къэси ц1ыху нэхъыбэ кърихьэл1эу, 1уэхугъуэ нэхъыбэ къыща1эту, щ1эщыгъуагъ халъхьэу республикэм и щ1ыналъэхэм щрагъэк1уэк1 ар. Апхуэдэ махуэшхуэм адыгэ лъэпкъым и ц1эр жыжьэ зыгъэ1уа, и хабзэм, щэнхабзэм, бзэм, тхыдэм, литературэм, псэук1эм зезыгъэужьа лъэпкъыл1 щэджащэхэр иджыри зэ ягу къагъэк1ыж, музейхэм, библиотекэхэм, курыт еджап1эхэм, Щэнхабзэмк1э унэхэм гъэщ1эгъуэн куэд щрагъэк1уэк1, псом нэхъыщхьэращи, нэхъыжьи, нэхъыщ1и къызрихьэл1э зэ1ущ1эхэр жылэхэм щызэхашэ.
Адыгэхэм я махуэм лъэпкъым дежкIэ иIэ мыхьэнэмрэ абы зэрыщыгугъымрэ теухуа я гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ ди лъэпкъэгъухэр:
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, Щ1ДАА-м и вице-президент: Адыгэм махуэ хэха иIэн хуейуэ къызолъытэ ди лъэпкъыр нэхъри зэкъуэувэн, псэкупсэ къэщIэрэщIэжыныгъэм хуэкIуэн, бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэм заужьын, анэдэлъхубзэр яIэщIэмыхун, хабзэмрэ щэнхабзэмрэ яхъумэн папщIэ. Апхуэдэ щхьэусыгъуэм къыхэкIыу а Iуэхур Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зы зэхуэсым къыщыхэслъхьауэ щытащ сэ икIи абы хэтхэм къыздаIыгъри, республикэ унафэщIым и пащхьэ итхьауэ щытащ. Фэ зэрыфщIэжщи, а зэманым, 2013 гъэм, КъБР-м и Iэтащхьэу щыта КIуэкIуэ Юрий фокIадэм и 20-р Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэу гъэлъэпIэным, ар зыгъэпсэхугъуэ махуэу гъэувыным къэрал унафэ трищIыхьри, Iэ щIидзауэ щытащ. Хуабжьу ди гуапэ хъунут, махуэшхуэм иIэ мыхьэнэри нэхъри щIигъэбыдэнут Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Адыгэ Республикэмрэ я Iэтащхьэхэми апхуэдэ унафэ ящIарэ, Iуэхум нэхъри зиубгъуамэ. Идж
Адыгэбзэм, Адыгэ бэракъым, Адыгэ фащэм, Адыгэшым, Къэзыгъэзэжахэм я махуэ хэхахэр диIэщ дэ. Апхуэдэу иужьрей илъэсхэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зэхуэсхэм унафэу къыщытхьащ Нарт эпосым и махуэ гъэувыныр. Мыхэр лъэпкъым и лъэр зыгъэбыдэщ, и пщIэр зыIэтщ. А псори къызэщIикъуэжрэ ди хъугъуэфIыгъуэ псори утыку къыщитхьэу дреIэ Адыгэхэм я махуэр.
Щоджэн Iэминат, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ: ФокIадэм и 20-м ди щIалэгъуалэр гушхуэу, ди ехъулIэныгъэхэр утыку къитхьэу, ди цIыху нэхъыфIхэр тIэту, диIэ фIыгъуэхэр дгъэлъагъуэу дызэхэтыныр я мураду ди нэхъыжьхэмрэ ди унафэщIхэмрэ кърахьэжьа Iуэхущ мыр.
Ди лъэпкъым и тхыдэ къулейм хуэдэ зиIэ, зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж щыIэкъым, махуэшхуэ имыIэу. Дэри ди беягъым къыхэхъуащ а махуэр. Пэжщ, щыIэщ «адыгэм махуэ къэси ди махуэщ, зы махуэкъым дыщыадыгэр» жызыIэ щIалэгъуалэ гупи. Апхуэдэхэм я Iуэху еплъыкIэр сэ ядэсIыгъыркъым. Пэжщ, фащэ щытщыгъын хуейри, бзэкIэ дыщыпсэлъэн хуейри, ныпыр щытIэтын хуейри зы махуэкъым. Дызэрыадыгэр тщIэжу, диIэ фIыгъуэм хуэфащэ пщIэр хуэтщIу дыкъэгъуэгурыкIуэн хуейщ махуэ къэси. Ауэ зы махуэ хэхам а псори къызэщIэткъуэрэ дызэдэгушхуэу дызэхэтмэ, сыт ягъэ кIын?!
А щIалэгъуалэ дыдэм яхэтщ, лъэпкъ Iуэху гуэрхэр къэралым къадимыIыгъыу жаIэу тхьэусыхэхэр. Мыр унафэщIхэм къытхуагъэдахэу, къэрал унафэ щытращIыхьакIэ, псэлъэмакъ къыхамыгъэкIыу ягъэлъэпIэныр нэхъ къезэгъыу къызолъытэри, абы къыхузоджэ. Къапщтэмэ, дунейм адыгэу щызэбгрыпхъам я гуапэ мэхъу мы махуэр дызэриIэр. Сэ гу лъыстащ нэгъуэщI хэгъэгухэм, къэралхэм къикIыу къэкIуэфа ди лъэпкъэгъухэм я нэм къыщIих нурымрэ къэмыкIуэфхэр къызэрыхъуапсэмрэ.
Апхуэдэу гушхуэу адыгэр зэрызэхыхьэр куэд и уасэкъэ?! Къэбгъэлъагъуэмэ, сыт хуэдэ Iуэху къепхьэжьэми занщIэу и пIэ иувэркъым. Мыр зэрыдгъэлъапIэми Iэмал гуэрхэр етхьэлIэу нэхъ щIэщыгъуэ, нэхъ ин щIын хуейщ. Зы махуэ закъуэ мыхъуу, зы тхьэмахуэкIэ фестивалхэр, концертхэр, зэпеуэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, спорт зэхьэзэхуэхэр ебгъэкIуэкI хъунущ, мис абыхэм кърикIуахэр фокIадэм и 20-м къызэщIэткъуэжрэ гъэщIэгъуэну едгъэкIуэкIыу.
КIэщIу жыпIэмэ, ди махуэр махуэ щыхъунур ди щIалэгъуалэм дызэхащIыкIрэ ди нэхъыжьхэр ди жьантIэу гуфIэгъуэр зэдэтIэтмэщ.
Аслъэн Алий, Шэрджэс Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ: Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ тхьэмадэу щыта Къалмыкъ Юрэ сытым деж жиIэу щытащ: «Щыгъуэ-щIэж махуэ диIэкIэ зэфIэкIынукъым. ДызэплъэкIыж зэпыткIэ псэуа дыхъунукъым, гуфIэгъуэ махуи диIэн хуейщ». Ар зэхэзыха дэтхэнэми, акъыл балигъкIэ гъащIэм егупсыс дэтхэнэ адыгэми игу илъ зэпытт ари, ДАХ-м и зы зэхуэсыгъуэм дыщытепсэлъыхьащ абы икIи псори зэдэарэзыуэ унафэ къызэдащтащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къэрал унафэу къызэращтам хуэдэу, Къэрэшей-Шэрджэсми Адыгейми щагъэувамэ, икъукIэ ди гуапэ хъунут. Дэ иджыпсту дызэлэжьхэм ящыщу япэ идгъэщ Iуэхухэм язщ ар. Тхьэм жиIэмэ, къэхъунущ апхуэдэ зэмани – псоми зэгъусэу къэрал махуэшхуэу щызэдэдгъэлъэпIэн. Мы махуэм фIыгъуэу хэлъыр дунейм адыгэу тетым зэрыадыгэр иджыри зэ ягу къагъэкIыжу, ди щэнхабзэм, ди хабзэм, ди хэкум пщIэ хуэтщIу дызэхэтыныр аращ. Ди щIэблэм бзэр ящIэнымкIэ, хэкупсэу къэгъэхъунымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ мыбы. Фащэр зейр зезыхьэращ жаIэ, ди пщIэмрэ ди фащэмрэ тIыгъыжу, дигъэгушхуэу куэдрэ дгъэлъэпIэн махуэ Тхьэм ищI.
Шыбзыхъуэ Юрэ, Ставрополь Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ: Дэ махуэ зыбжанэ диIэщ цIыхубэм къызэдащтауэ зэдагъэлъапIэу. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, а махуэшхуэхэм къэрал мыхьэнэ яIэкъым, къэрал унафэкIэ щIэгъэбыдакъым. Абы къыхэкIыу сэбэпышхуэ хъунут щIыналъэ псоми къэрал гуфIэгъуэу Адыгэхэм я махуэр ягъэувамэ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыхилъхьа Iуэхур Къэбэрдей-Балъкъэрым дахэу щагъэлъапIэ. А махуэшхуэр ныбжькIэ «щIалэми» адыгэ куэд зэрепх, дяпэкIэ нэхъыбэж зэпищIэну дыщогугъ.
Адыгэр нобэ хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэхэм дисщ, нэгъуэщI лъэпкъхэм дыкъаухъуреихьу, абы ипкъ иткIэ ди махуэ дызэриIэжым ди зэныбжьэгъугъэр игъэбыдэну, ди зэгурыIуэныгъэр иригъэфIэкIуэну, дызэрыгушхуэу диIэ псори адрейхэм къедгъэцIыхуфыну къысщохъу. КъищынэмыщIауэ, дызэхыхьэрэ дыкъафэу, дыджэгуу дызэбгрыкIыж къудей мыхъуу, ди гугъуехьхэм, щыщIэныгъэхэм дытепсэлъыхьрэ, ахэр къызэрызэднэкIын хэкIыпIэхэр дубзыхуу къэдгъэсэбэпыфмэ, хъарзынэщ.
Адыгэр егъэлеяуэ зэбгрыдзауэ щымытамэ, мы махуэм апхуэдиз мыхьэнэ иIэну къыщIэкIынтэкъым лъэпкъым дежкIэ. Ар хуабжьу дызыщыгугъ, дызэзыпх, дызэпызыщIэ махуэ дахэ тхуэхъуащ, дяпэкIи зэрызиужьынум шэч къытесхьэркъым.
Хьэмырзэ Ахьмэд, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр: Махуэшхуэм и мыхьэнэм и гугъу пщIымэ, лъэпкъ псом къыбгъэдэкIыу мыхъуу, си щхьэ къыбгъэдэкI си еплъыкIэр къэсIуэтэнщ. ЩыIэщ «Мы махуэр щхьэ къыхаха? ЗэрытщIынур сыт? Ар фокIадэм и 20-м щхьэ трагъэхуа?» – жызыIэхэр. Дыгъэпсыр зэзэгъ къэкIыгъи, ар зытепсэ мыхъу удзи зэрыщыIэм ещхьу, цIыхухэм я еплъыкIэхэр зэщхьэщокI. Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, дыгъэр зыфIэфI удз гъэгъам зэрызиужьым, нэхугъэм зэрызыхуишийм ещхьу, си псэкIэ, си IэпкълъэпкъкIэ, си гупсысэкIэ мы махуэм сигъэушэу, фIым, дахэм сыхуигъэпабгъэу щытщ.
ЦIыхур къалъхури, дунейм тетыху и махуэщ, ауэ зы хэха иIэщ, къехъулIахэм щыхэплъэжрэ и мурадхэр щиубзыхуу. Дауи, а зы махуэ хэхам узэрыщымыт уищIынукъым, ауэ ар къэдгъэсэбэпу къыкIэлъыкIуэ зэхыхьэгъуэр къэсыху дифI, ди фейдэ зыхэлъ Iуэхугъуэхэр длэжьын, ди щыщIэныгъэхэр дгъэзэкIуэжын хуейуэ аращ.
Ди фащэр, ди хабзэр, ди бзэр, ди къафэр махуэ къэс дгъэлъэгъуэну зыри зэран къытхуэхъуркъым, ауэ абы фIэкIа димыкъалэну, ди нэгу зедгъэужь къудейкIэ псэуа дыхъунукъыми, зыщыдгъэпсэхун, дыщыгушхуэн, дыщызэрылъагъун зы махуэ хэгъэунэхукIа дызэриIэр сэ сфIэфIщ.
ЦIыху къэс езым и дуней иIэжщ. Къыщыхъуа унагъуэм, жылэм, къэралым – цIыхум и гъащIэ Iыхьэр щекIуэкI щIыпIэм – къигъэщIауэ. Апхуэдэу сэри сиIэщ адыгэ дунейкIэ сызэджэ, си адыгэ гупсысэр щыпсэу щ1ып1э. Мис абы къыщыхъу-къыщыщIэ дэтхэнэ зы Iуэхугъуэми, адыгэ лъэпкъыр ипэкIэ игъэкIуэтэну, зригъэужьыну кърахьэжьэ сыт хуэдэ Iуэхуми и пэ симыувэмэ, иужь зыкъизгъэнэнукъым. Ар къызыхэкIыр сызыщыщ лъэпкъым хузиIэ лъагъуныгъэрщ, сэ зыщысщIыжа къалэнырщ.
Iуэху дахэ нэхъыбэ кърахьэжьэху, нэхъыбэрэ дызэхыхьэху ди мурадхэр нэхъ зэдгъэхъулIэфынущ. IитIыр зэрытхьэщIмэщ щызэрыщIэр, абы ипкъ иткIэ, цIыхубэр зэхыхьэн, я гупсысэхэмкIэ зэдэгуэшэн, я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэхъуэжэн хуейщ. Мис абы и лъэныкъуэкIи сэбэпынагъ куэд пылъщ Адыгэхэм я махуэшхуэм. Нобэ зэманым зэрызиужьым, зэрызихъуэжым – уи щхьэ закъуэ ирехъу, лъэпкъ псо ирехъу – ухуэхьэзыру, зыдебгъэкIуфу щытыпхъэщ. «Зэманым декIур лIыфIщ», – жиIакъэ Къэзанокъуэ Жэбагъы. Иджырей зэманым къыздихь зэхъуэкIыныгъэхэм фIыгъуэ гуэр къызыпэкIуэну гуэр хэтлъагъуэмэ, ар къэтщтэн хуейщ.
Си гугъэщ мы махуэшхуэр тхуэфIын хъуну, лъэпкъ псор дыщыгушхуэ махуэ угъурлы тхуэхъуну!
Хьэкъул Оксанэ, уэрэджыIакIуэ: Адыгэхэм я махуэм и дахагъри, абы цIыхубэр зэрыригушхуэри зыхэсщIэу екIуэкIащ лъэпкъ махуэшхуэр. Си дежкIи, адыгэу зыкъэзылъытэж дэтхэнэм дежкIи гурыфIыгъуэщ укъызыхэкIам хуэпщI пщIэр нэхъри пIэту, уи блэкIам уригушхуэу, уи къэкIуэнум фIыкIэ ухуэхъуахъуэу а махуэр ебгъэкIуэкIыныр. Ар къэзыгупсысахэми, а гупсысэр ядэзыIыгъа унафэщIхэми фIыщIэ ин яхуэфащэщ адыгэр зэрыпагэ хъугъуэфIыгъуэхэр иджыри зы IуэхукIэ нэхъ бей зэрытхуащIам – лъэпкъ махуэшхуэ зэрытхуагъэувам – папщIэ.
Мыр зы махуэ гуфIэгъуэкъым. АтIэ махуэ бжыгъэкIэ республикэм и щIыналъэ, къуажэ зэмылIэужьыгъуэхэм щокIуэкI дэрэжэгъуэкIэ гъэнщIа зэхыхьэхэр, дэри, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, ди гуапэу дыхэтщ абыхэм. ФокIадэм и 19-м ирагъажьэри, шыгъажи, зэпеуи, зэхыхьи къызэрагъэпэщ, цIыхубэм я нэгу зрагъэужьын, дифI ягъэлъэпIэн папщIэ.
Гуапэ лей сщохъу дэ ди къуэшу къэтлъытэу къыдбгъэдэс нэгъуэщI лъэпкъхэми ди гуфIэгъуэр къызэрыддаIыгъыр, дэнэ жыли дэс балъкъэрхэр, урысхэр къэрал махуэшхуэм жыджэру зэрыхэтыр.
(Адыгэ Псалъэ)