Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

ЩIэныгъэ куу, нэмыс дахэ

«Жыгым къыпыкIэр и уасэрщ, цIыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ», жаIэ. Шэч хэмылъу, цIыхум и гъащIэм щыпхиша лъагъуэр бгъуэ хъунуми кIыхь хъунуми зэлъытар къыхиха Iуэхум хилъхьэ псэ къаруращ, ирихьэлIэ гуащIэм и инагъращ… 

Ди тхыгъэр зытедухуа, УФ-м и Правительствэм епха Финанс университетым экономическэ лэжьыгъэм и хабзэ зэхэтыкIэхэмкIэ и Департаментым и доцент (Москва къалэ), юридическэ щIэныгъэхэм я кандидат,  ди хэкуэгъу щIэныгъэрылажьэ ныбжьыщIэ, егъэджакIуэ щыпкъэ Дыгъужь (Шыбзыхъуэ) МыIуминат нобэкIэ къызэринэкIагъэххэ гуащIэмрэ лэжьыгъэшхуэмрэ уриплъэжмэ, къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым и щIыхьыр иIэтынымкIэ абы ищI хэлъхьэныгъэр къызэрымыкIуэу инщ, куущ, купщIафIэщ.  

МыIуминат къыхиха IэщIагъэм ерыщу толажьэ, зытехьа щIэныгъэ гъуэгум хуэIэкIуэлъакIуэу ирокIуэ, лъэбакъуэу ичым щIэныгъэм и увыIэпIэ хуещI, лъагъуэщIэ хеш, и лэжьыгъэм гупсэхуу бгъэдэтщ. НэгъуэщIуи абы хуэщIэнукъым. МыIуминат зыщIапIыкIар апхуэдэ гъэсэныгъэщ, щапхъэ хуэхъуар узыфIэмыкIыжыну щIэныгъэ куурэ зэхэщIыкI лъагэрэ, зэхэтыкIэ нэс зэрылъ унагъуэ дахэщ. 

Хьэбэз районым хыхьэ Жьакуэ (Алъэсчырей) къуажэм дэс, егъэджакIуэхэу Шыбзыхъуэхэ Хьэтызэрэ Аминатрэ я унагъуэм къихъухьащ щIэныгъэр зи гъащIэ гъуэгу зыхуэхъуа я пщащэ пажэр — МыIуминат.  

Къуажэм дэт курыт еджапIэр нагъыщэфI защIэкIэ къызэзынэкIа пщащэм мурад ещI и адэ-анэм я гуащIэдэкI гъуэгуанэм ирикIуэну икIи Черкесск къалэм дэт, Совет Союзым и ЛIыхъужь Хьэбэч Умар и цIэр зезыхьэ, егъэджакIуэхэр здагъэхьэзыр педагогическэ училищэм щIохьэ. Зэрыщыгугъауи, диплом плъыжьыр IэщIэлъу ику ит IэщIагъэ еджапIэр къеух. Иужьым, щIэныгъэ куу зэгъэгъуэтыным хуэпабгъэ пщащэм мурад ещI зэ щIэхьэгъуэу ищхьэ еджапIитIым щIэтIысхьэну. Ар къыдохъу икIи МыIуминат институтитI къызэдеух, тхыдэ, юридическэ факультетхэр къызэренэкI… Аспирантурэм щIохьэри, икъукIэ фIагъ лъагэ хэлъу Москва къалэм деж щыпхегъэкI адыгэ IуэрыIуатэр зи лъабжьэ, «Правовая  охрана проявлений фольклора» зи фIэщыгъэцIэ и кандидат диссертацэр. Юридическэ щIэныгъэхэм я кандидатыцIэри къелъэщ.  

Гу зылъытапхъэщи, апщыгъуэм Шыбзыхъуэ МыIуминат пхигъэкIауэ щыта и щIэныгъэ лэжьыгъэр, лъэпкъым и IуэрыIуатэр хъумэным теухуауэ щытар, къэралым деж япэ дыдэ а лъэныкъуэмкIэ упщIэр къэзыIэта лэжьыгъэт. Псом хуэмыдэжу, а лъэныкъуэр дызэлэжьын, куууэ дызэгупсысын хуей упщIэу зэрыщытыр щIэныгъэрылажьэм ноби къыхегъэщ. 

МыIуминат и гуащIэдэкI лэжьыгъэм укъытеувыIэмэ, ар щригъэжьауэ щытащ езым къиуха къуажэ еджапIэм деж, тхыдэмкIэ и егъэджакIуэу. ИкIи, а илъэс зыбжанэр игу къигъэкIыжкIэрэ, елъытэ и IэщIагъэм хуиIэ зэхэщIыкIым абдеж икъукIэ зыщиужьауэ, и псэ къарур псыхьа хъуауэ, быдэу щызэфIэувауэ. НэгъуэщIу хъунт?! АтIэ, МыIуминат я гуащIэдэкI лэжьыгъэм и гъуэгуанэм япэ дыдэу здытеува курыт еджапIэм и унафэщIыр, егъэджакIуэ ныбжьыщIэм IэпщIэлъапщIагъ къыздихутэну здэкIуа еджапIэм и пашэр езым и адэрат, цIыху пщIэ хуэщIыпхъэу, дэтхэнэми хэлъ фIагъыр къыхэлъагъукIыпхъэу зыгъэса и нэхъыжь лъапIэрат. Жагъуэ зэрыхъущи, МыIуминат гъащIэ, лэжьыгъэ щапхъэ лъэныкъуэ куэдкIэ хуэхъуа и адэр игъуэнэмысу дунейм ехыжауэ щытащ… 

IэщIагъэрылажьэ ныбжьыщIэр арэзы техъуэтэкъым здынэса лъагапIэм, зригъэгъуэта щIэныгъэм, и лэжьыгъэкIэ зыIэригъыхьа Iуэху зэхэщIыкIым. Апхуэдэу, юрист IэщIагъэм хуеджэ ныбжьыщIэхэр егъэджэнымкIэ лэжьыгъэм МыIуминат пэрыувауэ щытащ Черкесск къалэм дэт, зи №5 IэщIагъэ лицейм деж.  

И кандидат лэжьыгъэр пхигъэкIыу, щIэныгъэцIэ лъагэр къыхуагъэфэща нэужь, МыIуминат щылэжьащ КъЧР-м и Арбитражнэ судым, хеящIэм и дэIэпыкъугъуу. Абы къыкIэлъыкIуэу, Тюмень къэрал университетым и къудамэу Ямал хытIыгуныкъуэм щыIэ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэми щIэныгъэрылажьэ ныбжьыщIэм илъэс бжыгъэкIэ и гуащIэ щигъэтIылъащ. 

— Си гъащIэм щызэзгъэгъуэта Iуэху зэхэщIыкIым, щIыуэпс щытыкIэ къызэрымыкIуэ здэщыIэ щIыпIэхэм сызэрыщылэжьам, нэгъуэщI лъэпкъхэм я щэнхабзэм сыкIэлъыплъу сыкъызэрыгъуэгурыкIуам си щIэныгъэ лэжьыгъэм хузиIэ бгъэдыхьэкIэм хуабжьу зригъэхъуэжащ. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, сыкъызыхэкIа лъэпкъым къыдекIуэкI лъэпощхьэпохэмрэ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэр къызэтенэнымкIэ, захъумэжынымкIэ зэфIахын хуей упщIэхэмрэ зэзгъапщэурэ,  адыгэ лъэпкъым фIы и лъэныкъуэкIэ дяпэкIэ зиужьыным хуэгъэзауэ гъуэгум и кIуапIэр къыхэслъагъукIащ, — къыддогуашэ щIэныгъэрылажьэр. 

ИщхьэкIэ къызэрыхэдгъэщауэ, нобэкIэ МыIуминат щолажьэ УФ-м и Правительствэм епха Финанс университетым и юридическом факультетым. Абы къыдэкIуэуи, езым къарурэ гукъыдэжрэ къыхэзылъхьэ Iуэхум — иджырей студентхэм я егъэджэныгъэм и методикэм гуащIэ ин хелъхьэ. 

МыIуминат и Iэдакъэ къыщIэкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэм я гугъу пщIымэ, ахэр узыфIэмыкIыжыну мыхьэнэшхуэ зиIэщ. ЖытIар ягъэщыпкъэ МыIуминат зытетхыхь Iуэхугъуэхэм: «Правовое регулирование сохранения нематериального культурного наследия (фольклора) в России», «Народный танец как объект охраны нематериального культурного наследия», «Некоторые правовые аспекты изучения этнической идентичности», «Неформальная экономика: актуальные проблемы правового регулирования этнического предпринимательства»,  «Правовое регулирование и коммерциализация  культурного наследия (адыгэбзэкIэ)», «Сохранения нематериального культурного наследия: юридические противоречия, критерии, риски», «On the issue of defining the essence of the object of the intangible cultural heritage: Historical retrospective and significance for the development of modern society», «The Informal Economy As A Means Of Preserving Intangible Cultural Heritage», «Transformation Of The Legislation On Culture In The Context Of Digitalization», нэгъуэщIхэми.  

Зи гугъу тщIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэм, егъэджэныгъэ Iуэхум хилъхьэ гуащIэ иным, лъэпкъым и щэнхабзэр хъумэным хуищI хэлъхьэныгъэшхуэм япкъ къикIащ МыIуминат иджы дыдэ къыхуагъэфэща щIыхь лъагэр — ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием зэрыхагъыхьар. 

— Солъытэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием хуэдэ организацэхэм я лэжьыгъэ пIалъэ зэхуэмыдэхэм къалэныщIэхэр къахуэуву щытыпхъэу. ИкIи, сызэреплъымкIэ, нобэкIэ академием лъэкIыныгъэшхуэ иIэщ дуней псом адыгэу тетым я щIэныгъэлIхэр зэдэгъэлэжьэнымкIэ, къэхутэныгъэхэр зэдрагъэкIуэкIынымкIэ, лъэпкъым ифI къызыхэкIын, лъабжьэшхуэ зиIэ щIэныгъэ лэжьыгъэхэр къагъэщIынымкIэ щIэныгъэ утыку лъэрыхь хъуну. 

Зы лъабжьэ уиIэу, зы хабзэ зепхьэу, ауэ къэрал зэхуэмыдэхэм ущыпсэукIэ, щIэныгъэ еджапIэ зэщымыщхэм ущылажьэкIэ, бзэ куэд зыцIыхухэр къыщыпхэткIэ, мыхьэнэшхуэ иIэу солъытэ щIэныгъэлI къэс нэхъри нэхъыфIу, и лэжьыгъэр ину утыкум щыдгъэIуфу зыгъэлъэгъуэным, — къыддогуашэ щIэныгъэрылажьэ ныбжьыщIэр… 

Сытемыпсэлъыхьын схузэфIэкIынукъым и лэжьыгъэм, бгъэдэлъ щIэныгъэм къадэкIуэу, МыIуминат хэлъ цIыхугъэм, нэмыс лъагэм, зэхэщIыкI куум, и щабагъым, гуапагъым, шыIэныгъэшхуэм, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэм зыщIигъэкъуэну сыт щыгъуи зэрыхьэзырым. А хьэл-щэн дахэ псори ящIыгъужщ щIэныгъэрылажьэ бзылъхугъэм хэлъ ерыщагъымрэ быдагъымрэ.  

Тхьэм  дяпэкIи и лэжьыгъэкIи хэлъ цIыхугъэмкIи и пщIэр лъагэу дунейм куэдрэ тригъэт! 

 

(Черкес хэку)

Yazarın Diğer Yazıları

Гулъытэншэ ящIкъым

Илъэс куэд хъуащи хабзэфIым тету, Хэкум къэзыгъэзэжам и Махуэм ипкъ иту, Къэрэшей-Черкес республикэ Адыгэ Хасэм Iуэху дахэхэр къызэрегъэпэщ зи адэжь щIыналъэ къихьэжа ди лъэпкъэгъухэр...

Гъуазджэр зи насып лъагъуэ

Ди хэгъуэгум, адыгэ лъэпкъым я щэнхабзэ, гъуазджэ зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIхэм ящыщщ ИлъэсыщIэм ехъулIэу «КъЧР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къызыхуагъэфэща, илъэс 43-м...

Къуажэ ФАП-хэм я лэжьыгъэр

Коронавирус уз зэрыцIалэм, дуней псор хьэлэбэлыкъ иным хэзыдза пандемием илъэсым зэрынэхьэсауэ жылагъуэм и гъащIэр зэрихъуэжар нэрылъагъущ. А зэхъуэкIыныгъэхэм дэкIуатэу, ипэкIи тыншу щымыта я лэжьыгъэ...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img