Мы мазэм таурыхъ зфlэфlхэм зы тхылъ и гугъу яхуэсщlынущ. И цlэр “Лъэlуакlуэ Нэфхэр”щ. 2021 гъ. Шыщхьэlум, Папирюс тхылъ тедзапlэм къыдигъэкlащ. Тхылъым таурыхъих итщ: “Тхылъ”, “Шейтlан”, “Къэлъыхъуэн”, “Сурэт”, “Пlыщlэ”, “Лъэlуакlуэ Нэфхэр”. Таурыхъхэм и зхэлъыкlэр, и диалогхэр лъэщу гъэпсащ; усэбзэ-псысэбзэкlэ къеlуатэр.
И зхэлъыкlэхэм ущырохьэлlэ фотограф теплъэ къыпщыхъу зыбжанэми. Таурхъхэм хэтщ и япэ рикlуэм (сатыр) щыщlэдзау узэlэпищэу; и кlэ ухым укъигъаскlэу; уи гущхьэм къегъэкl щэнымрэ цlыхугъэмрэ теухуау упlщlэхэр…
Зэмылlэужьыгъуэ щlыпlэхэм, Кавказым, Анатолиям е тхакlуэм и гущхьэм илъ зыщlыпlэм, лъэхъэнэ щхьэхуэхэм къыщыхъуахэм икlи цlыхум, гъащlэм и купщlэ къэлъыхъуэным и лъэужьыр ехур и таурыхъхэм.
Тхылъыр си ныбжьэгъу Нэгъуейхэ Барыш Гювен и lэдэкъэщlэкlщ. Жынэпсым и щlэджыкlакlуэхэм яхэту къыщlэкlынщ ар фlыдыдэу зыцlыхухэри. Зымыцlыхухэм щхьэкlэ деуэршэрылlащ Барыш. “Лъэlуакlуэ Нэфхэр” езым къедгъэlуэтэнщи дедэlуэнщ жысlащ.
-Барыш, уэ япэу дыщыпlущlар Йитик Юлке тхылъ тедзапэм къыдигъэкlа “90 гъэхэм И Тхылъыр Саби Хьэмэрэ Ныбжьыщlэ?” цlэр зфlаща антоложиращ. Абы хэдгъэхьат ди таурыхъ зыбжанэ. А илъэс дыдэхэм сыщеджат “Лъэlуакlуэ Нэфхэм” ворд напэ гуэрэм. Илъэс блэкlахэм а таурыхъым, нэмыщl таурыхъыщlэхэри щlыбгъуащ.
Уи тхьылъым и гъуазэ къыщысlэрыхьам сригуфlащ. Иджы таурыхъ еджэхэм ящыщ зы нэрыбгэу, уи таурыхъ тхылъыщlэм теухуауэ соуэршэрылlэну сыхуейщ. Япэращи уищхьэ теухуау, уи таурыхъ тхыным ещlылlау сыт къыджепlэнур?
-Упсэу! Сы lузуняйла Адыгэщ. lузуняйлащ шэсыпlэ хуэхъуар си таурыхъ тхыным. Курыт еджапlэрат сыщымыуэм. Си анэш къуажэ Хьэтэкъущыкъуэйм тхьэмахуитl щыкlэ сыщыlат. Губгъуэ лэжьыгъэхэм и чэзут; си анэш щlалэхэр щlэщlау лажьэхэрт. Сэ, къалэдэс сабийр, абыхэм щlагъуэ сащхьэпэртэкъым икlи куэду сыдэзэшыхьырт къуажэм.
Си ныбжэгъу гуэрэм и унэм, дакъэм къытенэжау, тхылъипlлl къыщыслъэгъуащ: “Зауэмрэ Мамырымрэ” Толстой. Хьэхуу къэсщтащ тхылъхэр. Си гъусэхэр хьэсэм щылажьэм сэ тракторыгум и жьауэм сщlэсу седжэн щlэздзащ. Япэу сзэджа классикыр арат. Куэду гурыхь къысщыхъуат. Апхуэдизу сдихьэху абы ипэ зейкl тхылъ сэджатэкъым. Тхылъым зы тхьэмахуэм сщlэджыкlащ. Хэкlыпlэншэу сытхэн хуейу сигу къыридзащ. Дауи ирехъу мы сигухэлъыр занщlэу схуэгъэзэщlакъым, илъэс lэджэ блэкlащ. Пычыгъуэ (параграф) кlэщlхэр, таурыхъ цlыкlухэр сытхащ куэду.
-Нытlэ “Лъэlуакlуэ Нэфхэр” тхыным даурэ ухуэкlуа? Сыт ухуезышар а тхылъым?
-Пэжым ухуеймэ илъэс lэджэкlэ сытхэу сщытами, сищхьэм ‘пlэрэ?’ упщlэр икlакъым. Тхылъ къыдэгъэкlыным щытезухуари иужь мазихыращ. Уитхыгъэхэм ныбжэгъхэр ебгъэджэнщ. Ахэми уигу зыкъыдащlын щхьэкlэ ягу ирихьауэ жаlынщи къыпхуагъэдэхэнщ.
А еплъыкlэращ хэкlыпlэнщэу “пlэрэ?” жыпlэу гурыщхъуэ уэзыгъэщlыр. Ауэ яужь лъэхъэнэхэм и еплъыкlэр сигу ирихьу ныбжьэгъу гуэрэхэм обжективу жаlахэм тезухуэри тхылъ къыдэгъэкlыным сытегушхуащ.
“Сыт мы тхылъыр утыку къыщlиплъхьар?” жаlэмэ, цlыхухэм сытхахэр ядэзугуэшу, ахэр таурыхъ дахэ езгъэджэну сыхуеяти аращ, жысlэфынущ. Тlекlуи апхуэдэу щытщ. Ауэ сэркlэ абы нэхърэ нэхъыщхьэу зыгуэрэй хэлъщ мы lуэхум. Си адэшхуэм теухуау сщlэр зы мащlэдыдэщ. Абы и адэжыр сцlыхухэркъым. Гъашкlэ (женерацион) зы тlу дэкlымэ сащымыгъупщэн щхьэкlэ сэ сысейу зыгуэрэ дунейм къытезынэну схуейщ.
-Уи гъащlэм тхэнымрэ фотограф техынымрэ щlыпlэ лей зэрыщиlыгъым сщыгъуазэщ. 2005 гъэм Мейкъуапэ дызэрыкlуар сигу къуэкlыж. Уи фото аперетыр къапщтэу, гупым утхэкlыу нэмыщl таурыхъхэм яужь узэрихьэм гу лъыстат. Мы lэщlагитlым зэбгъэщхь хэлъу ара? Сыт хуэдэ зы увыпlэ щиlыгъыр фотографым уи таурыхъхэм дэж?
-Си тхыгъэхэм lэджей къыхэлъхьэ фотографым. Псом япэращи фотографыр, сыздэщымыlа щlыпlэхэм скlуэным и щхьэусыгъуэщ. Мы еплъыкlэмкlэ таурыхъыри, сыщымыпсэуа щlыпlэхэр къэсlуэтэным и зы щхьэусыгъуэу жысlэфынущ. Фотографыр гъэщlэгъуэну зыlэщlагъэщ. Абы и техникем илъэс lэджэкlэ уелэжьын хуейщ. И зэхэлъыкlэр бгъэпсынущ. Икlэм икlэжым дэкланшёрум зэ утеlэбэжынурэ къэбгъэхъуар утыку къиплъхьэнущ. Мыбы драматикеу хэлъыр аращи, зы цlыху гуэрэр къэкlуэнурэ апхуэдизырэ яужь уиту утыку къибгэхьам сэкундитlкlэ еплъыну къудейщ. Уи лэжьыгъэ псом пщlэ щигъуэтынур а секундитlыращ. А секундитlым фотом еплъ цlыхум гу лъебгъэтэнущ, ар фотографым хэпшэнущ, уи месажыри ептынущ. Мы гугъехьышхуэр пхузэфlэкlын щхьэкlэ куэду укъэбзау, цlахуцlэу щытын хуейщ уи лъэжьыгъэ утыку илъыр. И купщlэм щымыщ зыри хэтын-хэхьэн хуейкъым фотографым. Мы еплъыкlэм тетщlыхьымэ укъэбзын, ухуэнщlын лэжыгъэщ фотографыр. Таурыхъыри арадыдэщ.
Узэlэпишэу укъыришэкlыу, къиlуэтэнур драматикеу занщlэу къыбжыlэу уи lум и lэфагъыр къырилъхьэн хуейщ.
Гугъущ ауэ икlи гу хэхъуэщ. Уитхыгъэхэм lэджэрэ уеджэжынущ. Лейхэр хэбдзынущ. Дыщэкlым хуэдэу ухэлэжьыхьынущ.
Фотографыми, таурыхъыми лей хэлъын хуейкъым. Ауэ а зэхэдзым изакъуэкъым щlапхъэр; и гъэпсыкlэр, и ухуэкlэри зэкlужу щытыпхъэщ.
-Tхыдэ ущlоджыкl. “Тхылъ” зфlэпща уи япэ таурыхъыр теухуащ 2. Дунейпсо зауэм иужь къихуэу 1950 гъэхэм Индиям; “Пэкlуэ” зицlэ уи таурыхъыр тохуэр 1840 гъэхэм, Осман империям иlыгъ Болгария къыщыхъуа гуэрэхэм топсэлъыхь. Уи “Лъыхъуэн” таурыхъым тхуешэр 1800 гъэхэм Кавказ цlыху Зэлимхъанрэ казак Андрейрэ я зэпыщlэувэм. Мы псоми уэ зкъэплъыхъуэжу аращ къыхэтхыр.
Уи щlэджыкlым е уи зекlуэм, уи таурыхъ гъэпсыкlэм, уи ухуэкlэм сыт хилъхьэр?
-“Tхыдэм къытырегъэзэж.” псалъэр сэ пэжу къэслъытэркым. Дэтхэнэ зы лъэхъэнэми езым хухэхау тез-антитез иlэщ. Мыхэм я зыжьэхэуэным цlыхум и тхыдэр егъэкlуатэр. Тхыдэ еджэным lэфlу къыхэсхыри мы зэпыщlэуэращ.
Пэжыр жысlэнщи си тхыгъэхэм и нэхъыбапlэр тхыдэм къыхэзджыкlу аращ.
Аращи, таурыхъыр тхыдэм къыхэмыкlыми и мафlэдзыр тхыдэращ. Зы лъэхъэнэ гуэрэм щlэзджыкlат Осман къэралыгъуэр 93 зауэм езыхулlа Балкан национализмым.
Мис абы къыхэсхащ “Пэкlуэ” зфlэсща таурыхъыр. Диным и тхыдэ щlэзджыкlыными “Тхылъ” таурыхъыр…
Къыхэзгъэщыпхъэу къызолъытэр, дэ къэрал еплъыкlэм игъува тхыдэращ тегъэщlапlэу диlэр. Ди еплъыкlэри абы теухуащ. А субжектив еплъыкlэм тэкlу дытекlымэ таурыхъ е характер зэмыфэгъухэм дыlущlэнущ. Абы къыхэкlыуи таурыхъым и нэхъыщхьэ характерыр адыгэ мыхъу казак гуэрэ хъуныри хэлъщ. Еджэхэр хуейщ Андрей пщэрыхь техуэну, лlену; ауэ таурыхъыр а лъэужьым токlыри, зы цlыхуу йоплъ Андрей.
-Литературэм дэтхэнэ и тхыгъэра уигум нэхъ дыхьэр? Ибзэмкlэ, итхэкlэмкlэ щапхъэу къэплъытэ тхакlуэр хэт?
-Япэращи, тхакlуэр еджакlуэу щтын хуейщ. Еджэкlэ зыщlэм, зэджэ тхылъым ипlщlэр игъувыфынущ напэкlуэцl зыбжанэм зэреджэу. Нобэ цlыхум щlиджыкlыныр гъунэжьщ, ауэ абы хухихыну зэманыр и мащlэщ.
Еджэкlэ зыщlэм, зэман къыдигъэхуэфынущ тхылъыфlхэр къыхыхыурэ. Япэращи тыркубзэм и тхакlуэхэр… Сэри дэтхэнэ зы щlэджыкlакlуэм хуэдэу соджэр. Сигу ирихь таурыхъытххэм ящыщу Боргес, Стефан Звайк, Эдгар Керет, Кемал Тахир, Муратхан Мунган, Амин Малоф, Селигер, Луиза де Берниерс, Иво Андрич къэзбжынщ.
Зхэгъэж сыщlыкъым литературе лъэужьыгъуэхэр. Ибзэр сигу ирихьамэ псоми седжэнущ сфlэфlу. -Тхылъым ущыlощlэр щыlэн-щымыlэным, нэпцl-пэжым, зэхуагъэ-пцlым, фlы-lейм я зэпыщlэтыкlэм. Къуажэдэс псэукlэми lупщlу ухэплъащ. “Къуажэм, уигъэунэхунщ икlи щыпсэм, увыпlэшхуэ щиlыгъщ къуажэдэсым и дэж” псалъэр щыжыбоlыр “Шейтlан” зыфlэпща уи таурыхъым. Шыпсэ еплъыкlэр къагъэлъагъуэр “Лъыхъуэн” таурыхъым хэт Драгана удфызым е “Сурэт” таурыхъым хэт Ова удфызым. Мыхэр уэ быфlэфlу къыхэпха? Шыпсэм сыт хуэдэ зы увыпlэ щиlыгъ уэ удэж?
-Хегел и диалектикамкlэ, псалъэм къиlуатэмрэ абы и къуенцlым къиlуатэмрэ зэгъусэн хуейщ псалъэм и купщlэр утыку къихьа хъун щхьэкlэ. Дэтхэнэ зы псалъэм, езым и къуенцlыри къегъэлъагъуэр. Япэм зэрыжысlащи, ‘укъуэдия тхыдэ еплъыкlэ’р зытещlыхьар ‘гупсысэ зэпыщlэуэ’ращ.
Цlыхум езым и щытыкlэр, цlыхумрэ щlыуэпсымрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкlэр зтещlыхьари мы зэпыщlэтыныгъэращ. Аращ цlыхур ипэкlэ згъэкlуатэри.
Икlий цlыхуращ хъим икlыу мы къэхъугъэр зауэ- банэм, зхэкъутэным хуэзыгъакlуэр. Си гуапэщ, таурыхъхэм мы зэпыщlэтыныгъэр зэрыхэтыр: цlыхур щlыуэпсым, фlыр lейым, пэжыр пцlым, захуэр пхэнджым, щlыlэр хуабэм…
Яужь ситкъым мы хьэрхуэрыгъуэм кlэ естыну. Абы зэм ипэкlэ дегъэкlуатэр, зэми зэпыщlэувэныгъэщlэхэр къегъэхъур.
Шыпсэм увыпlэшхуэ изотыр. Сыту жыпlэмэ тхыдэри литературери щыщымыlэ лъэхъэнэхэм шыпсэр цlыху гъащlэм хэтт. Илъэс мин бжыгъэ lэджэм цlыхум илъэгъуар, къигъэщlар шыпсэу зэхилъхьэжащ. Гъащlэм купщlэ хуэхъуар, щэнгъуазэр зы гъашкlэм ирихыу адырей гъашкlэм лъэзыгъэlэсар, цlыху гупсысэр ипэкlэ зыгъэкlуэтар шыпсэращ. Фlэщхъуныгъэри хилъхьащ хэкlыпэншэу дауи мыр щигъэзащlэм. Къэхъукъащlэ зэпэджэжхэр, зэпыщlэтыныгъэр, псалъэ укъэбзакlэ къэlуэтэныр шыпсэм сытым дежи хэлъащ.
Сэри таурыхъыр щызэхэслъхьэкlэ мыбы сытетщ, нэмыщlу мистик фlэщхъуныгъэ тlэкlуи хызолъхьэр.
-Тхьэ еплъыкlэмрэ, зэхуагъэм текlамрэ упщlэу къыхуощыр уи таурыхъым. Барыш Гювен тхьэ еплъыкlэр ифlэщ хъурэ?
-Мыр цlыхум езым и хэдэкlэм елъытащ. Сэ тхьэ еплъыкlэр сифlэщ хъумэ нэхъ къасщтэу абы сытетщ. Сэ си фlэщхъуныгъэм япэ изогъэщыр цlыхухэм тхьэ еплъыкlэр яфlэщ хъуурэ, дуней пщэрыхьыр хьэдрыхэм ягъэкlуэтэм нэхъ къащтэу фlэщхъуныгъэм зэрыхэтыр.
Махуэм схьэт 14 кlэ лажьэу ипщэри къызlэрымыхьэ цlыхум ищэжыну и лъыр адырей дунейм къыхуимыгъанэм дунейр хъаргъэшыргъэшхуэм хэкlыфынтэкъым. Тхьэ еплъыкlэр зепхъуакlуэ- хьэжь вакъэшххэм куэду фlыдыдэу къащхьуэпэр. Икlи ахэр зейкl хуейкъым тхьэ еплъыкlэ щыlэхэну.
-Уи гухэлъхэм хэту пlэрэ кавказым-адыгэхэм ятеухуауэ тхылъ пытхыну? Тхылъыщlэ къыдэбгъэкlыну яужь уйт?
– Иджыдыдэ яужь ситкъым таурыхъыщlэ тхыным. Ауэ иджы нэужь сымытхыжыну аракъым абы къизгъэкlыр. Иужь лъэхъэнэхэм сыщlоджыкlыр Америкамрэ, муслымэнхэмрэ ирагъэкlуэкlа унэlут зэшэн lуэхум.
Куэду гущlыхьэ къысщохъур сызэджэхэр. Дауи исламым игугъу щыпщlкlэ адыгэри хэтщ абы.
Дэ-зэрылъэпкъыу- ди жагъуэщ дауи мы lуэхур къэхутэныр, мыбы тепсэлъыхьыныр.
Ди щэнгъуазэм, ди хабзэм, диуэркъыгъэм дирипагэу даурэ хъууэ ди бынхэр унэlуту, пщылlу, зауэлlу хамэхэм зэретщар? Хэгъэгу жыжэхэм даурэ дыутlыпща д и къуэхэр?
Бибарс иужькlэ тепщэ хъуар Черкес Мемлукъхэращ. Псори зауэлlт ахэм. Яужькlэ къаралым тепщэ хуэхъуахэщ. Сытми мы щlэзыджыкхэм роман гуэрэ къыхэзгъэкlыну си гурылъщ. Дауи мыр занщlэу зфlэувэн зы лэжьыгъэкъым.
-Атlе уи тхылъхэм тхьэм къыпыуигъащэ жытlэнщ. “Лъэlуакlуэ Нэфхэм” и щlэджыкlакlуэр куэд хъункlэ дынохъуэхъу!
Зэзыджэкlар Къэрэщейхэ Себахаттин