Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Европэм и чемпионщ

Ди лъэпкъыцIэр дуней псом и спорт утыку инхэм, пщIэшхуэ зиIэ зэхьэзэхуэ лъэрыхьхэм щызыIэт, щызыгъэлъапIэ спортсмен адыгэм ди мащIэкъым.

Мис, иджы дыдэ Европэм самбо спорт лIэужьыгъуэмкIэ пашагъэр къыщыхьыным (зи ныбжьыр илъэс 18-м нэсахэр хэту) дыщэ медалкIэ, япэ увыпIэкIэ къыхэжаныкIахэм ящыщщ Къэрэшей-Черкес Республикэм хыхьэ Куэш-Хьэблэ къуажэр зи къежьапIэ, самбист ныбжьыщIэ ПIапIшу Азнаур.

Фигу къэдгъэкIыжынщ спортсмен IэпщIэлъапщIэр зыхэта, бжьыпэр здыщиубыда зэхьэзэхуэр. Ар иджыблагъэ Кипр къэралым хыхьэ Лимасоле къалэм щекIуэкIащ. Адыгэ спортсменым зыкъыщигъэлъэгъуащ зи хьэлъагъыр килограмм 79-рэ хъу самбистхэм яхэту. Техникэ дахэ къызыкъуэкIа, IэкIуэлъакIуагъ ин хэлъу зи зэпэщIэтыныгъэхэр езыгъэкIуэкIа Азнаур хузэфIэкIащ Куржымрэ (Грузия) Украинэмрэ къабгъэдэкIа самбист лъэрыхьхэм екIуу бжьыпэр къаIэщIихын.

Къапщтэмэ, Азнаур нобэ къилъэща Европей лъагапIэм ипэ къихуэу, ди лъэпкъэгъу спортсмен ныбжьыщIэм щIыхь зыхэлъ спорт гъуэгуанэ къикIуагъэххэщ, ехъулIэныгъэ лъагэхэри иIэщ. АтIэ, Азнаур самбокIэ Урысейм пашагъэр къыщыхьынымкIэ дыжьын медалыр зыIэригъыхьащ, дзюдокIэ Урысейм и командэ къыхэхам хэтащ (илъэс 18-м нэсхэм), иджыкIэ самбокIэ Урысейм и командэ къыхэхам хагъыхьащ, УФ-м спортым и мастерщ.

Апхуэдиз IэпщIэлъапщIагъ зэзыгъэгъуэта спортсменыр а лъагапIэхэм хуэзышар, Азнаур самбокIи дзюдокIи бгъэдэлъ Iуэху зэхэщIыкI иныр къыбгъэдэзылъхьар УФ-м щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ Пчелкин Вячеславрэ, УФ-м дзюдокIи самбокIи спортым и мастер АбытIэ Маратрэщ.

ЗэрыцIыкIу лъандэрэ спортым пыщIауэ къэтэджа, ехъулIэныгъэ лъагэхэм хуэкIуа, Европэм и спорт утыкум адыгэцIэр щызыIэта Азнаур иджыблагъэ Къэрэшей-Черкес Республикэм, зыщалъхуа районми, къуажэми щагъэлъэпIащ.

Yazarın Diğer Yazıları

Игу зэIухам и дунейр хуегъэдахэ


«Зэчийр цIыхум къыдалъху, хьэл-щэныр гъащIэм епсыхь» — философскэ гупсысэ куу зыщIэлъ мы жыIэгъуэр зытхар нэмыцэ усакIуэ телъыджэ Гётещ. Ауэ, зэчийр ДыкъэзыгъэщIам цIыху къызэрымыкIуэ дыдэхэм...

«Уи Хэку ущыпсэууэ ущышхэжыным нэхъыфI щыIэкъым»

-Адэжь щIыналъэм ди лъэ къызэритшэжрэ, ди къуэш – шыпхъухэр къызэрытхуэныкъуэр зыхыдагъащIэ, псом хуэмыдэу, Къэрэшей-Черкесым щыпсэу адыгэхэм я гур къытхуэмыгъуэщ. Мыбдеж щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зэрымащIэрагъэнщи,...

Хэку уиIэныр – насыпышхуэщ

КъуэкIыпIэ Гъунэгъум - Щамым къикIыу - Кавказыр, адэжь щIыналъэр екIуэлIапIэ зыхуэхъуахэм ящыщщ Хьэбэз къуажэм унагъуэ хъарзынэ щыдэхъухьыжа Къардэнхэ Данилрэ Бусейнэрэ (Уэтейхэ япхъущ).  ИлъэсипщIым зэрынэхьэсауэ унагъуэу...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img