Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Тут* Пшхын Mурадин

Мурадин, и пхъур зэрыкlуэсар и жэгъуэ уз хъуат. Зыми ямыпсалъэжу, цlыхуми яхэмыхьэжу унэм къыщlэнауэ щlэст. И ныбжьэгъухэри егупсыст; дауэ къытедгъэхьэжа хъуну мыр жари.  

Итlанэ Мурадин нэхъыфl дыдэу зыцlыхуы гуэрым, “Уэлей къэзгъуэтамэ ар къызрытезгъэхьэжынур!” жиlэс жи. 

Аурэ зы махуэ дэкlри, иныбжьэгъур Мурадин иунэ бжэщхьэум теувэри- и макъым гуфlэ нэпlцlкlэ зыригъэlэту- джащ жи, “Мурадин! Уэ Мурадин тут пшхын!?” 

Тутур зыми химылъхьэуэ фlыуэ зылъагъу Мурадин, гуфlэуэ бжэщхьэlум къытелъадэри: 

“Дэнэ lэхъу?” щыжиlэм, модрэми, “Уиlэтэми жыхуэсlэс” жиlэщ жи. 

Абы къытенэжауэ зызгъэгусэ ялъагъум, “Тут пшхын Мурадин” жаlэр. 

  

*Тут: МэракIуэ. Узыняйлэ къыщыкlтэкъым. Зэзэмызэхэкlэ ягъуэт шхыныгъуэхэм щыщт.  

  

Къазыlуэтэжар: Къэрэшей Муlэенщ, Узын-Яйлэ, Астэмырей Къуажэм щыщщ. илс. 70 мэхъу 

Yazarın Diğer Yazıları

Бейм ейс!

Зыщӏыпӏэкӏэ мэл ихууэ кӏуэт жи, Быбий мыгъуэри, зыгуэр къырихьэлӏэри, «Мы мэлыр хэт зер?» жиӏэс жи. «Бейм ейс!» жиӏэс жи. «Тэнэ пхурэ?» жиӏэти; «Сыздэгъэзапкӏэ соху!» жиӏэс жи. «Сыту пхэнджыурэ укъызэпсалъэрэ?»...

Лӏо къыщӏэвгъэфар!

Ӏэскэрт, албайыуэ. Ди гъунэгъум яблагъэти, къакӏуэт. Нэщхъеягъуэм къэкӏуэу гупым; -Лӏо мыр зэрылъыкӏауэ жыхуаӏэр! жиӏэс жи. -Къэфащэри лӏэу жаӏэ Камилбей! Сытми гупым тӏэку яхуэгузавэри; -Нытӏэ мыр мыхуэдизу, лӏо къыщӏэвгъэфар, зыгуэудыху!...

Гум Къинахэр

Цӏэ япӏытӏыр! Къуажэм къыдэхьэри, хэтыр ӏэхъуэу, хэтыр шыкӏа хъуэу, хэтыр мэлыхъуэу къырихьэлӏас! Я цӏэхэм еупӏщӏыурэ; «Казымбей, Мыхьэрбей, Нурбей!» щыжаӏэм, -Фи бей защӏэу хъуар фыӏэхъуэ щынахъуэс....

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img