Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Гум Къинахэр

Уи фыз Адыгэбзэкlэ гъэпсалъэй дыхьэшхыж! 

Хьэтlохъущыкъуей къызэрашэрэ, илъэс 70 хъуа ди нэна Баlисэ, и Адыгэбзэм сыт щыгъуэй сдехьэх. Баlисэ, Тыркубзэ зэй ищlакъым.

И лъэс 20 ипэкlэ, мы ди нанэм дэж, ди унэкъуэщ щlалэ, Хъэри, уэршэрыну къыщlохьэ. Мы тlур, куэду фlыуэ зэрылъагъу, зэхуэгушхуэу апхуэдэт.
Хъэри и унэ гуащэ Къадрие, Шэшэнт.

Къадрие, Адыгэ унагъуэм къащыхэхьэм, Адыгэбзэ зэригъэщlэну яужь итурэ, езым зыбзэ къигъэхъуа хъуат. Къадрие зэрыпсалъэр икlи Тыркубзэтэкъым, икlи Адыгэбзэтэкъым, Шэшэныбзэуи пхужыlэнутэlым.

Сытми Баlисэрэ Хъэрирэ зэдэуэршэрым Хъэри, зэуэ “кхъыlэ Баlисэ Тыркубзэкlэ псалъэй сыгъэдэхьэшх!” жэlэ.

Баlисэ, бзэ имыщlэр ауэн иригъэщlынт!

“Уэ щlалэ, удэхьэшхыну ухуемэ; уи фыз Адыгэбзэкlэ гъэпсалъей дыхьэшхыж!”

Жаlэуэ зэхэсхаращ; а махуэ нэужьым Хъэри, зей Баlисэ дэгушыlэжаlым.

*Мы хъыбарыр, мобы жиlэжащ жызlэуэ схужыlэнкъым. Ди унэкъуэщ куэдым дэж щызэхэсхащ.

Yazarın Diğer Yazıları

Лӏит зы нэкӏэ…

Шэрэфие (Астемыреи) Щыхъы, и зынэр нэфт. И къуэш нэхъыщӏэм; инитӏри нэфт. Къэрэкъуий къуэш нэхъыщӏэм и зыпхъу дэст. Я ӏэпэхэр зэрыӏыгъыу кӏуэхэт; Къэрэкъуий! Къэрэкъуийхэр къаплъэри;...

Гум Къинахэр

Цӏыху къызэрыкӏым... Цӏыху къызэрыкӏым, вы укӏа йохуэ жаӏэти; уэршэрым къыдэкӏуэу. Фызыри лъэщыджэти щылъхуэм, «Мы Цӏыхур къикӏас ауэ, выукӏар сыт щыгъэ сагъэшхыну пӏэрэ!» жиӏэс жи. Къэзыlуэтэжар: Къарэхэ Разиещ. Узын-яйлэ,...

Гум Къинахэр

Уи пащхьэ илъ мэкъу дэгъэлыр...! Щlалэмрэ хъыджэбзымрэ, еуджэхырт. Хъыджэбзым, щlалэр lеижьти къызрипэстэlым. Нэкlэ нащхьэкlэрэ зызригъэшэнум дэуэршэрти, щlалэм гу лъитэри: «Лlо дэхэ, уи пащхьэм илъ мэкъу...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img