Адыгэм и дунейр къэзыхъумэр, зыгъэдахэр гъуазджэрамэ, цIыхупсэр къахъумэ икIи къахутэ лъэпкъ макъамэхэм, уэрэдыжьхэм, хъыбарыжьхэм. Ауэ, цIыхур цIыху зыщIыжыр лъэпкъым къыхэкIаращ, бэм игу дыхьаращ, Тхьэм и нэфI зыщыхуаращ…
Апхуэдэ цIыху зэчиифIэхэм ящыщщ Къэрэшей-Черкесым хыхьэ Хьэбэз районым щыщ Хьэгъундыкъуей (Али-Бэрдыкъуэ) къуажэм 1986 гъэм дыгъэгъазэм (декабрым) и 23-м къыщалъхуа, уэрэджыIэ цIэрыIуэ, музыкант, къэфакIуэ бэлыхь ПХЪЭШ Iэзэмэт.
Iэзэмэт и адэ ЗэIудин мэкъумэш Iуэхум и гъащIэр триухуащ. И анэ Iэминат — илъэс 40-м щIигъуауэ республикэм и щэнхабзэм, гъуазджэм толажьэ, Хьэбэз къуажэм къуажэм дэт музыкэмкIэ сабий еджапIэм фортепиано классым цIыкIухэр хурегъаджэ.
Апхуэдиз илъэс бжыгъэ хъуауэ музыкэм и гуащIэ зэрыхуигъэтIылъыр къыхалъытэри, Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид къыхуигъэфэщащ «КъЧР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» къэрал нагъыщэ лъагэр…
УэрэджыIэ ныбжьыщIэр — Iэзэмэт, щэнхабзэм псэкIэ пэIэщIэну къыщIэкIынт, и анэ Iэминат мыхъуамэ. Сабий сад нэужьым Iэзэмэт къищтэжурэ здэлажьэ IуэхущIапIэм здишэт, зэран къыхуэмыхъун щхьэкIэ: «КIуэ, тIэкIу джэгу, уи зэш тегъэу» жриIэти, щIалэ цIыкIум музыкэ еджапIэм и пэшхэр къызэхикIухьт, фIэгъэщIэгъуэну кIэлъыплът: цIыкIухэр къызэрагъафэм, Iэмэпсымэ еуэкIэм зэрыхуагъасэм, я макъ зэрыхуагъэувым. Ауэрэ, и цIыкIущхьэм зыщIэдэIукIа музыкэмрэ илъэгъуа къафэхэмрэ яжь къыщIеху, псом япэрауэ игу дохьэ цIыкIухэм къащI «къафэр».
ЕтIанэгъэ, Iэзэмэт здэкIуэ сабий садым къахуокIуэ «Ашэмэз» къэфакIуэ гупым и унафэщI Тобыл Хьэрис, цIыкIухэр къафэм хуигъэсэн и мураду къыхихыну. Езанэ классым щыкIуами, музыкэкIэ еджапIэм хатхэ, макъыр здагъэув, сольфеджио, фортепиано классхэм щоджэ.
Iэзэмэт абы хуэгъэзауэ жиIащ: «Уеблэмэ къафэри, уэрэд жыIэнри, Iэмэпсымэхэм еуэнри си гъащIэм сыт щыгъуи хэтащ, ауэ класс нэхъыжьхэм сыщынэсам, уэрэдым апхуэдэу селIэлIэжакъым, укIытэныр къыстекIуэри».
Еханэ классыр къэщызэринэкIым, Хьэбэз дэт лицейм щIотIысхьэри, абдеж и еджэныр щынегъэсыж. Гъуазджэр зи Iэпэгъу хъуа щIалэр тогушхуэри еунэтI Налшык къалэм дэт, гъуазджэхэмкIэ Ищхъэрэ-Кавказ къэрал институтым «щэнхабзэмкIэ менеджмент» IэщIагъэм хуеджэну. Абы дехь къэфэнри. Пхъэш Iэзэмэт къафэм зэрымыкIуэжрэ илъэсищ иримыкъу хъуами аращ. Ар къыщыфащ «Ашэмэз» сабий ансамблым, музыкэмкIэ сабий еджапIэм деж «Ритмы планеты» эстрадэ къафакIуэ гупым яхэтащ, ебланэ классым щеджэу, уэрэдымрэ къафэмрэкIэ «Iэдииху» цIыхубэ ансамблым яхыхьащ. Апщыгъуэм ансамблым концерт куэд щитат Европэм и къэрал зыбжанэм: Франджым, Бельгием, Тыркум, нэгъуэщIхэми.
Налшык зэрыщеджэр заочнэти, КъЧР-м щыIэурэ лажьэт политик щэджащэ, хыхьэхэкIырылажьэ Дер Станислав и жэрдэмкIэ къызэIуахауэ щыта «Меркурий» ансмаблым. АрщхьэкIэ, зыри пэмыплъауэ гупыр зэбграгъэкIыжри илъэситIкIэ лэжьыгъэр зэпыуауэ щытащ. Iуэхуншэу къэна Iэзэмэт Налшык егъэзэж, и сессиер щыщIидзэм ехъулIэу…
Зы махуэ гуэрым, институтым къыдеджэ щIалэхэм трагъэгушхуэри ирагъэблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Балкария» къэрал ансамблым и унафэщI Энеев Мыхьэмэт и деж, хъужыкъуэмэ, и труппэм щылэжьэн папщIэ ирагъэпсэлъылIэну. Энеевым ар зэуэ къецIыхуж икIи къыжреIэ: «Уэ, сымыгъуащэмэ, Черкесск къалэм и «Меркурий» ансамблым укъыщофэкъэ?!» жери. «Аращ, ауэ ар зэхуащIыжащ. ЗыщIыпIи сыкъыщыфэжкъым» щыжриIэм, «Балкария» ансамблым ищтэну зэгурыIуащ». 2007 гъэм пщIондэ Iэзэмэт КъБР-м щылэжьащ, «Меркурий» ансамблыр къагъэщIыжыхукIэ.
2008 гъэм и япэ уэрэдхэр етх, ядолажьэ Ищхъэрэ Кавказым щыIэ «Звук-М» музыкэ тедзапIэ иным, Мейкъуапэ, Черкесск, Налшык къалэхэм я музыкант-аранжировщик лъэрыхьхэм. АдыгэбзэкIи урысыбзэкIи зэхэту уэрэди 120-м щIигъу итхащ. Абы къинэмыщIауэ, Пхъэш Iэзэмэт цIыхубэ артистхэу Гъуэт Хъусинрэ Мэремыкъуэ Хъусенрэ я щIалэгъуэм ягъэзащIэу щыта уэрэдхэр — 1700-м щIигъум яхоплъэ, гъащIэщIэ яритыжыным и ужь итщ.
УэрэджыIэ Пхъэш Iэзэмэт и концерт лэжьыгъэри купщIафIэу йокIуэкI. Мы зэманым абы егъэхьэзыр адыгэбзэкIэ итха уэрэдхэр зэхуихьэсыжу альбом къыдигъэкIыну. «Си уэрэдхэм нэхъыбэу едаIуэр урысыбзэ къызыгурыIуэхэращи, зэкIэлъхьэужьу лъэпкъыбзэкIэ уэрэдыщIэ къысхудэгъэкIкъым. Ауэ, Iэмал зэриIэкIэ, мазитI къэс зы-тIу къыдэзгъэкIыну иужь ситынущ», – къыддогуашэ зи юбилей махуэщIыр хзыгъэлъэпIэну уэрэджыIэр.
Дыхуейщ дехъуэхъуну Пхъэш Iэзэмэт къыщалъхуа махуэмкIэ! И творчествэм кърит насыпымрэ дэрэжэгъуэмрэ хуэбэгъуэну, и унагъуэм щыщ дэтхэнэри узыншагъэрэ гурыфIыгъуэрэ щымыщIэу, адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэр, гъуазджэ къулейр езыгъэфIакIуэ уэрэдхэмкIэ дяпэкIи дигъэгуфIэну дыхуохъуахъуэ!
Черкес Хэку