Гур здэкIуэм кIуэфыр лIыфIщ, жиIащ пасэрей адыгэм. ЛIыфIым къыщымынэу, абы насып къызэрыдэкIуэри, гупсэхугъуэрэ берычэтрэ къызэрыпэкIуэри щынэрылъагъущ Тыркум къыщалъхуа, зи адэжь щIыналъэм къэкIуэжауэ тыншу щыпсэу Къейтыкъуэ Мухьэрэм и гъащIэм. Хэхэсыныр зи натIэ хъуа адыгэ мелуанхэм ящыщт Мухьэрэм. И натIэ къритхар арами, Тхьэм фIыуэ илъэгъуахэм я бжыгъэм хэтти, хэкужьым унагъуэ щыхъужыну, и щхьэ Iуэху щызэрихуэжыну, лажьэу- шхэжу и гъащIэр щрихьэкIыну къыхуэупсэжащ.
АтIэми, адэжь щIыналъэм къызэрыкIуэжа гъуэгур тыншу икIи кIэщIу щытауэ пхужыIэнукъым. НыбжькIэ щIалэ дыдэу къыгъэзэжыну мурад ищIами, а пIалъэр къэмысу къезышэжьэжа щхьэусыгъуэшхуэ иIащ.
Езыр 1965 гъэм Тыркум и къухьэпIэ лъэныкъуэм щыIэ Эскешехир къалэм къыщалъхуащ. А лъэхъэнэм абы дэс адыгэ-хэм я насып къихьауэ къалъытэрт Эскешехир къызэрыщалъхуар, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэ нэхъыбэ зыдэс къалэу Тыркум итхэм язт. Адыгэ къуажэхэм щыпсэуа унагъуэхэм я щIэблэм къызыхэкIар ящIэжу, я анэдэлъхубзэр яIурылъу къэхъурт. ЩIыпIэр пхыдзами, уи лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр щыпхъумэжыфырти, я гур ягъэфIырт ди лъэпкъэгъухэм. Абы и лъэныкъуэкIэ я Iуэхур нэхъ гугъут къалэдэсхэм. НэгъуэщI лъэпкъхм укъаухъуреихьу уи быныр адыгэбзэкIэ псалъэу, хабзэм тету бгъэсэныр гугъут. Гугъум къыщымынэу, ар зэрыпхузэфIэмыкIынум и щыхьэту щапхъэ куэд къыпхуэхьынущ, хамэщI нэс умыIэбэми… ИтIани, укъэзылъхуар хэкупсэ, лъэпкъыпсэу щытмэ, уэри абыхэм ещхь уохъуж. Мухьэрэм и адэ-анэм щIалиплIрэ зы хъыджэбзрэ яIэт, я анэшхуэр я жьантIэм дэсти, езыхэм я адыгэ дуней яIэжу къэхъурт.
– Абы щыгъуэм диIа берычэтымрэ унагъуэм илъа хабзэмрэ зыхуэбгъадэ хъун щыIэкъым. Иджыри къыздэсми, срихьэлIакъым, – игу къегъэкIыж Къейтыкъуэм. – ЕтIуанэрауэ, Алыхьым и фIыщIэу къызолъытэ сыкъызыхэкIа лъэпкъым урибыну ущытыныр, адыгэу укъалъхуныр. Насыпу гъащIэр къызэрысхуэупсам я нэхъыщхьэр аращ. Ар къыщыбгурыIуэр балигъ ухъуа нэужькIэщ, адрей лъэпкъхэм уахэсрэ, зебгъапщэу укъыщыхъум дежщ.
Укъыщалъхуами ущапIами емылъытауэ, адыгэгу пкIуэцIылъмэ, адыгэ цIыху нэс узэрыхъур хьэкъыу уи фIэщ ещIыф Мухьэрэм. Эскешехир къалэм дэс тыркухэр и дэджэгуэгъуу къэхъу щIалэ цIыкIум зы махуи щыгъупщакъым езыр зэрыадыгэр. Апхуэдэу къагъэхъуащ ар и адэ-анэм.
«Си къуэш нэхъыжь дыдэмрэ си шыпхъумрэ адыгэбзэр фIыуэ ящIэрт. Дэ, нэхъыщIэхэр, тыркубзэм нэхъ дыхуэшэрыуэт. Илъэси 5 – 6 ди ныбжьу уэра-мым дыджэгуу дыщыдэтым, ди ныбжьэгъухэм дарещхьтэкъым дэ. Ди адэ-анэм къекIумрэ къемыкIумрэ, хабзэмрэ абы къемызэгъымрэ махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу къытхутепсэлъыхьырти, абы дызэрытетыным иужь дитт. Ауэ щыхъукIи, ди ныбжьэгъухэм сыт ящIэми хъурт, а псори къыхуадэрт. Мис ар къыдгурыIуэртэкъым абы щыгъуэм. Ауэ зы псалъэ закъуэм – «уэ уадыгэщ» жыхуиIэм – дыкъигъэувыIэрт.
Сэ сытым дежи жызоIэ, бзэракъым нэхъыщхьэр! Нэхъыщхьэр гуращ! Алыхьым апхуэдэгу, апхуэдэ щхьэ, апхуэдэ гупсысэ къыдитати, адыгэу дыкъызэтенэфащ, ди анэдэлъхубзэр зэдгъэщIэфащ, дызыхэт тыркухэм ядэтлъагъу хабзэм дытехьакъым, дэ езым ди дуней тетыкIэ диIэжащ сыт щыгъуи – дыджэгуу уэрамым дыщыдэтми, дылажьэу балигъхэм дащыхэтми.
Ди адэр губзыгъэт, бын гъэсэныгъэмкIэ ткIийт. ФэрыщIыгъэ илътэкъым ди унагъуэм. Абы дигъэтIысырти, дыкъызыхэкIа лъэпкъыр зыхуэ-дэм къытхутепсэлъыхьырт. Хъунумрэ мыхъунумрэ къыдгуригъаIуэрт. ДыпсэухукIэ фIыщIэ хуэтщIынущ абы къыд- бгъэдилъхьа псом щхьэкIэ.
Школым кIуэн щыщIэддзам ди зэхэщIыкIыр зэфIэувакIэт. Абы ущыщIэтIысхьэжкIэ, япэу еджакIуэхэр къыщызэхуэсыжым деж, зы къыхуеджэныгъэ жаIэрт: «Сэ сытыркущ, Тыркум сыхуэпэжщ!». Сэ фIыуэ седжэрт, нэхъ жыджэрхэм сащыщт, еджапIэм си къалэн псори фIыуэ щызгъэзащIэрт. Ауэ а къыхуеджэныгъэр жысIэну си гум зэи къысхуидакъым. Ар къэспсэлъын хуейуэ си чэзур къыщысам, «сэ апхуэдэу жысIэнукъым, сэ сы-тыркукъым», – жысIэри псалъэмакъ къэсIэтауэ щытащ. Си адэр ираджат школым, ауэ ар си телъхьэу дыкъэкIуэжащ. ИужькIи, тыркур апхуэдэу щыкIийм деж, сэ сигукIэ «сэ сышэрджэсщ» жысIэ зэпытт. Тыркум сыщыпсэуху тырку ныбжьэгъу сиIакъым зэи. Адыгэт си гъусэхэри, си ныбжьэгъухэри, сызыдэлажьэхэри.
1974 – 1979 гъэхэм хэкум къакIуэ-кIуэжыр нэхъыбэ хъуат, тхылъ, журналхэр нахьырт. Хэкум щыхъыбархэр, дызэджэнухэр къытIэрыхьэ хъури, дыкъызыхэкIа лъэпкъым худиIэ пщIэр, зэхэщIыкIыр нэхъри бэгъуащ.
Хасэм кIуэн щIэздзащ, илъэс 14-м ситу, ансамблым сыхыхьащ. Пасэу лэжьыгъэми сыпэрыхьащ, иджыпсту зи ужь сит хьэрычэт Iуэхур абы щыгъуэм езгъэжьащ. Ухуэныгъэ Iуэхухэм сыщыхыхьам махуэм тыркухэм пщIэкIэ сахуэлажьэрт, жэщым адыгэхэм, абхъазхэм я унэхэр пщIэншэу яхузесхьэрт. Адыгэ щIалэ гупыфI дызэныбжьэгъути, дызэгурыIуащ, ахъшэ къэдлэ-жьыр зэхэтлъхьэу, хэкум дызэрыкIуэжын автобус къэтщэхуу гъуэгу дыкъытеувэжыну. Абы щыгъуэм, 1991 гъэм, си къуэш нэхъыжь дыдэр къэкIуэжауэ щыпсэурт мыбы. ИкIи адэжь щIыналъэми дыщыпсэуфыну, дыщылэжьэфыну зэрыщытыр къызжиIэурэ сытригъэгушхуауэ сыкъыхуеIэрт.
Лъэпкъым, хэкум и пащхьэ щиIэ къалэныр игъэзащIэу, и анэдэлъхубзэмкIэ псалъэу, и лъэпкъэгъухэм яхэту, хабзэр зэрихьэу тыншу Тыркум ис пэтми, Мухьэрэм игури и псэри здэщыIэр Къэбэрдейрт. Хамэ щIыналъэм къыщилэжь ахъшэми, ухуакIуэ лъэрызехьэм къыхуащI пщIэми, бзэкIи, къэрал хабзэкIи хэзагъэми, ар а щIыпIэм зыми щиIыгътэкъым, и хэкужьыр къеджэрти.
Уэ хуэбгъэфащэми, Тхьэм зэрыхъунум хуэдэу ещI. Къейтыкъуэм Iуэхуу иIэр зэпилъытщ, зыдэлажьэхэми зэгурыIуэныгъэ ярищIылIэри, и адэжь хэку къыщигъэзэжыну пIалъэр иубзыхуащ. АрщхьэкIэ, гъащIэм арат и хабзэри, зыри зыпэмыплъа насыпыншагъэр абхъазхэм къажьэхэуащ. Куржы-абхъаз зауэр къыщыхъея пщыхьэщхьэм къытеувауэ жыпIэ хъунущ ар хэкум къэкIуэж гъуэгум. А жэщым къызэщIигъэуIащ и Iэгъуэблагъэм адыгэрэ абхъазу исыр. Гъунапкъэр къызэпиупщIын щхьэкIэ дэфтэрхэр зэригъэпэщын хуейти, зытемыуIуа бжэрэ зыхуэмыза унафэщIрэ къигъэнакъым. Езыми и ныбжьэгъухэми лъагъуэр яхухишри, и къуэш абхъазхэм я щхьэхуитыныгъэм щIэзэуну 1991 гъэм Абхъазым къэкIуащ.
– Тырку телевиденэм куржыхэр Абхъазым зэрытеуар къигъэлъагъуэу къызэрыслъагъуу сыкъыщылъэтащ, – игу къегъэкIыж абы. – Баларбаши Хасэм деж зы гуп дыщызэхуэзащ а жэщ дыдэм. А махуэ-хэм Абхъазым дынэмысыфми, Тыркум деж пэкIухэр къыщызэдгъэпэщыну дызэгурыIуат, гъуэгухэр, посольствэхэр, абы щыпсэу грузинхэр дубыдыну щIалэгъуалэр дызэрызехьэрт. Ауэ сыт хуэдэ Iуэху иужь дихьами, къытхуадакъым, тырку полицэм дигъэбэуакъым. Куэд къеткъутэкIащ а махуэхэм. Сытми, Тыркум щыпсэу адыгэ-абхъаз щIалэхэр, Сыхъум щыщу Тыркум щеджэхэр, концерт ятыну нэкIуа абхъаз артистхэр гъусэ дызэхуэхъури, шыщхьэуIум и 24-м Абхъазым дыкъэсащ, зауэм и кIэм нэси дыхэтащ.
ЗауэлIым и нэгу щIэкIа псор иIуэтэж и хабзэкъым. Гузэвэгъуэ, гущIыхьэ, нэщхъеягъуэ куэд илъэгъуащ Мухьэрэм а лъэхъэнэм. И гъусэу зауэ губгъуэм ихьа щIалэхэм ящыщ бийм къаукIри, щIилъхьэжащ. Езыри уIэгъэ хьэлъэ хъури, госпиталым щIэлъащ. Дохутырхэри сымаджэщхэри хуэхьэзыртэкъым биишэм къиуIэ щIалэхэм еIэзэнуи ягъэхъужынуи. КъыхуащIэшхуэ зэрыщымыIэм гу лъитэри, тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу бийм пэщIэувэжащ Къейтыкъуэр. ИужькIэ Санкт-Петербург къикIа зы дохутыр щIалэ пэщIэхуэри, и пащхьэм къыщыуа гранатым и къутахуэ 27-рэ къыхахыжауэ щытащ и щхьэм. УIэгъэр хьэлъэми, Мухьэрэм зауэм и кIэ хъуху я гъусащ икIи 1992 гъэм фокIадэм и 30-м пщэдджыжьым сыхьэти 7.30-м Абхъазым и бэракъыр Ингур щызыIэтар аращ.
Гъунапкъэхэр зэрыгъэбыдам къыхэкIыу, щIалэхэр занщIэу къикIыжыфакъым Абхъаз Республикэм. Къейтыкъуэр Гагрэ мазищкIэ щыпсэуащ, щылэжьащ. Апхуэдэ псэзэпылъхьэпIэм ита щIалэм хамэ хэку игъэзэжыфынутэкъым, дауэ ищIми, и хэкужь къигъэзэжын хуейти, и цIыхугъэхэр дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъури, ди лъахэм къэкIуэжащ.
– Хэкум сыкъэкIуэжа нэужь, уIэгъэшхуэ зэрыстелъым къыхэкIыу, япэу цIыхугъэ схуэхъуахэм ящыщт дохутыр цIэрыIуэу щыта Былымгъуэт Борис. Абы деж си къуэшым сишэри, си Iуэху зыIутыр жриIат. Си гум IэфIу къыхуинащ мыр: операцэм ихьыну ахъшэм дыщыщIэупщIэм, «уэ ди къуэшхэм я щхьэхуитыныгъэм уи щхьэр хэплъхьэну ухьэзыру укъэкIуащ, сэ ахъшэ абы щхьэкIэ къыпIысхыну щхьэ уи гугъэ?», – жиIат. Ауэ си адыгэбзэр ныкъуэти, «зы мазэ узот бзэр зэбгъэщIэжыну, адыгэбзэкIэ укъызэпсэлъэн щIумыдзауэ, операцэ усщIынукъым», – жери къысхуигъэуват. Тхылъ куэду седжэрт, Зеикъуэ щыщи къыздыщIэлъти, а къалэныр къызэгугъуэкIакъым, – игу къегъэкIыж Мухьэрэм.
Сыт хуэдиз гугъуехь ирихьэлIами, лъэпощхьэпо Iууами къикIуэтакъым Мухьэрэм. И узыншагъэри адэжь хэкум щызэфIигъэувэжащ, и тхылъ Iуэхухэри зэфIигъэкIащ, хьэрычэт Iуэху ин къыщызэIуихащ, игурэ и щхьэрэ зэтелъу лъэ быдэкIэ хэку гъащIэм хэувэжащ. Тыркум щызригъэгъуэта IэщIагъэмрэ хьэрычэт Iуэхум-рэ мыбдежи къыщегъэсэбэп, зы махуэ зыгъэпсэхугъуи имыIэу мэлажьэ. Нэхъыщхьэращи, унагъуэ дахэ хъуащ. Джэрмэншык щыщ ЛIупхэ я пхъур щхьэгъусэу къишэри, пщащитIи зэдагъуэтащ. Хъыджэбзхэм адыгэ пщащэ нэс къищIы- кIащ, ехъулIэныгъэфIхэр яIэу курыт еджапIэр къаухащ. Зым урысыбзэмкIэ ита ЕГЭ-мкIэ – балли 100, адрейм урысыбзэмкIи инджылызыбзэмкIи балли 100 къахьащ. Ахэр иджыпсту Тыркум и университет нэхъыфI- хэм щоджэ.
Хамэ хэку ущытхъэ нэхърэ, уи хэкужь уисыжмэ зэрынэхъыфIым и щыхьэтщ Къейтыкъуэ-хэ я унагъуэр. ПсыхэкIуадэ хъуакъым Мухьэрэм и нэхъыжьхэм къыхалъхьамрэ зэрагъэсамрэ. А псори гъащIэм дахэу хипщэфащ, нэхъыщхьэрати, езым и гур здэкIуэм и лъэр нихусыфри, къуэпс бы- дэу адэжь лъахэм щыхэкIэжащ.
(Адыгэ Псалъэ)
НэщIэпыджэ Замирэ.